Илъэс пщыкIутху зи кIыхьагъ гъуэгуанэ

Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм щагъэлъэпIащ Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ ГъуазджэхэмкIэ сабий школыр къызэрызэIуахрэ илъэс 15 зэрырикъур.

ГуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и рескомым, Бахъсэн район администрацэм я унафэщIхэр, Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым и лIыкIуэхэр, Къып Мухьэмэд и благъэхэр, и лэжьэгъухэр, и цIэр зезыхьэ школым щеджахэр.
Махуэшхуэм и программэм хыхьэу, ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и гъэсэнхэм папщIэ, гъунэгъу республикэм и лIыкIуэ я лэжьэгъухэм мастер-классхэр ятащ. Пшыхь гуапэм хэтащ мы еджапIэр къэзыуха пшынауэ цIэрыIуэ Жыгун Эдуард.
Зэхыхьэр ирагъэжьащ школым и гъэсэнхэм я зэфIэкIхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ ятеухуа фильмкIэ. ХьэщIэхэмрэ зэIущIэм хэтхэмрэ я пащхьэм щагъэлъэгъуащ къафэм, макъамэм, уэрэд жыIэным щыхуагъасэ къудамэхэм щIэсхэм я ехъулIэныгъэхэр, декортаивно-прикладной гъуазджэм и лэжьыгъэ нэхъыфIхэм я выставкэ.
ГуфIэгъуэ зэхуэсым зыкърезыгъэхьэлIа хьэщIэ­хэм я хъуэхъу гуапэхэм мызэ-мытIэу къыхагъэщащ ГъуазджэхэмкIэ сабий школым и унафэщI КIуж Ритэ и зэфIэкIхэр. «Урысейм и школ нэхъыфI 50» урысейпсо зэпеуэм 2018 гъэм еджапIэр пашэ зэрыщыхъуар аращ зи фIыгъэу къалъытэр. Министр Къумахуэ Мухьэдин «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къызэрыхуагъэфэщамкIэ тхылъыр КIуж Ритэ иритыжащ, республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр къыхигъэщри. Ар абы ехъуэхъуащ адэкIи и творческэ ехъулIэныгъэхэм хигъэхъуэ­ну.
Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и рескомым и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марьянэ и псалъэ гуапэхэм къыхигъэщащ школым и егъэджакIуэхэр я IэщIагъэм зэрыхуэIэзэр, абыхэм я гъэсэнхэми зэфIэкI зэрабгъэдэлъыр.
Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур жиIащ Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ ГъуазджэмкIэ сабий школыр зэрыIуэхущIапIэ телъыджэр, ныбжьыщIэхэр абы дахагъэм зэрыщыщIапIыкIыр, я зэфIэкIхэр нэхъри къызэкъуахынымкIэ зэрыщыдэIэпыкъур, нэхъыжьхэм я щэнхабзэ щIэинхэр хъумэным икIи гъэбэгъуэным зэрыхуагъэлажьэр. Абы и щыхьэтщ зэпеуэ куэдым ахэр къызэрыщыхэжаныкIар, школыр къэзыухахэм ехъулIэныгъэ куэд къызэрахьар, адэ-анэхэр я щIэблэм я зэфIэкIым зэрыригушхуэр. Балъкъыз Артур Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым и лIыкIуэхэм щIыхь тхылърэ фIыщIэ тхылърэ яритащ, илъэс зыбжанэ хъуауэ школым зэрыдэлажьэм папщIэ.
- Республикэм и къуажэхэм щылажьэ IуэхущIапIэхэм ящыщу Къулъкъужын Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и сабий школым и закъуэщ «Урысейм и школ нэхъыфI 50» зэпеуэм пашэ щыхъуар, - къыхигъэщащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министерствэм и методикэ къудамэм и унафэщI Бэрбэч Беслъэн и псалъэм.
Къыхэгъэщыпхъэщ къафэмкIэ, лъэпкъ пшы­нэм­кIэ, шыкIэпшынэмкIэ, уэрэд жыIэнымкIэ унэтIыныгъэ­хэр, художественнэ къудамэ зиIэ зи гугъу тщIы школым нобэ ирихьэлIэу еджакIуи 175-рэ зэрекIуалIэр.
 

ЧЫЛАР Аринэ.
Поделиться: