Псыжь и Iуфэр зыгъэбжьыфIа ЛIыс Артур

Щалъхуа лъахэм зыщаужьыну Iэмал щамыIэу хамэ щIыпIэхэм я цIэкIэ зыкъэзыгъэлъэгъуа ди лъэпкъэгъу куэдым спортым лъэужь дахэ къыщагъэнащ. Абыхэм ящыщщ Мэзкуу и ЦСКА-м хэту 2003 гъэм къэралым футболымкIэ и чемпион хъуа, Краснодар и «Кубань»-м щыджэгуу Урысей Федерацэм и Кубокым и финалым илъэсиплI и пэкIэ нэса спортым и мастер ЛIыс Артур.

Дэ сыт щыгъуи набдзэгубдзаплъэу дахущытщ дэнэ щIыпIи къыщыхэжаныкI ди лъэпкъэгъухэм икIи абыхэм я ехъулIэныгъэхэм газетеджэхэр щIэх-щIэхыурэ щыдгъэгъуазэ зэпытщ. Дауи, тщIэрт Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм зэфIэкI лъагэ иIэу ЛIыс Артур 2001 гъэ лъандэрэ зэрыхэтыр. АрщхьэкIэ нэхъ гъунэгъуу къыщытцIыхуар, и щхьэкIэ щызэдгъэлъэгъуар «Спартак-Налшыкыр» къэралым и командэ нэхъыфIхэм 2006 гъэм и пэщIэдзэм яхыхьа иужькIэщ. Пэжщ, абы щыгъуэм ар зыхэта Краснодар и «Кубань»-м а лъэхъэнэм «лифт» цIэр фIащауэ щытащ, илъэситхукIэ зэкIэлъхьэужьу премьер-лигэмрэ япэ дивизионымрэ я зэхуакум зэритам къыхэкIыу. Ар 2006, 2008, 2010 гъэхэм япэ дивизионым щытекIуэурэ къэралым и гуп нэхъыщхьэм хыхьэрт, ауэ къыкIэлъыкIуэ илъэсым абы зыщимыгъэбыдэфу, кIэух увыпIитIым языр иубыдырти, къыхагъэкIыжырт. Дауи, 2006-2012 гъэхэм уей-уей жезыгъэIа ди командэми зэпэбжу щымыт илъэсхэм (премьер-лигэм щыхэтхэм) тIэунейрэ къыщыхуэзэрт. Апхуэдэхэм ящыщ зыр хуабжьу гум къинащ.
ИлъэсипщI ипэкIэ, 2009 гъэм бадзэуэгъуэм и 12-м, адыгэ щIалэ ЛIыс Артур зыхэт «Кубань»-р Краснодар къалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыщхьэм щыджэгурт. Дауи, «Спартак-Налшыкым» дызэрыдэщIым къыдэкIуэу, дыпIейтейуэ дыкIэлъыплъырт ди лъэпкъэгъур хамэ гупым къызэрыхэщымрэ абы щиIэ зэфIэкIхэмрэ. ИкIи къэхъун хуейтэкъэ, краснодардэсхэм я футбол тхыдэм хыхьэну Iуэхугъуэ ЛIысым ди деж щилэжьыну?! «Спартак-Налшыкым» а пщыхьэщхьэм абы къыхудихуар Краснодар и «Кубань»-м дежкIэ къызэрыунэхурэ зыхэта зэхьэзэхуэ псоми щыдигъэкIа топ мин ещанэу къыщIэкIащ. Нэхъ зыубгъуауэ ар дигу къэдгъэкIыжынти…
 Джэгум и 44-нэ дакъикъэм хэгъэрейхэр штрафной еуэну къащыхукъуэкIым, ар дзыхь хуащIащ я гъуащхьэхъумэныкъуэ ЛIыс Артур. «Кубань»-м хэт адыгэ щIалэ закъуэм пщэрылъыр Iэзэу игъэзэщIащ икIи дахэ дыдэу топыр дигъэкIащ. Ди жагъуэ хъуат, ар зыдэкIар «Спартак-Налшыкым» и гъуэрати, ауэ Артур щхьэкIи хуабжьу дыгушхуэрт. Дапхуэдэу щытми, ЛIысым и зи чэзу ехъулIэныгъэм дыщыгуфIыкIат. Ар иджы Краснодар и «Кубань»-м и тхыдэм етIуанэу хыхьат. Нэхъапэу Артур апхуэдэ пщIэ игъуэтащ 2007 гъэм. Абы щыгъуэм «Москва»-м и гъуэм дигъэкIа топыр а илъэсым и топ нэхъ дахэ дыдэу премьер-лигэм къыщалъытащ. Армырауи хъунутэкъым – и гъуэм пэмыжыжьэу къыIэрыхьа топыр иIыгъыу ар и хьэрхуэрэгъухэм я гъуащхьэхъумэ зытхухым яIэщIэкIащ икIи, гъуащхьэтетри къызэринэкIри, бжыгъэр къызэIуихащ. ИужькIэ а топыр къэралым и телеканал куэдым къыщагъэлъэгъуэжащ икIи, сыт и лъэныкъуэкIи адрейхэм ирагъэпща иужькIэ, хуэдэ щымыIэу къалъытащ. А ехъулIэныгъэр Артур тыгъэ хуищIащ а махуэм зи ныбжьыр илъэс ирикъуа и пхъум.
«Кубань»-м и топ мини 3-р ЛIыс Артур зэрыдигъэкIар гулъытэншэу къэнакъым. А командэм дэщIхэм къабгъэдэкIыу адыгэ щIалэм кубок дахэрэ 3000 бжыгъэм и унэцIэр дэщIыгъуу зытратха футболкэмрэ абы къратащ.
Иджы и чэзу хъуащ ЛIыс Артур нэхъ гъунэгъуу фэдгъэцIыхуну. 1982 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 10-м ар Черкесск къалэм къыщалъхуащ. Абы топджэгум зыщигъэсащ икIи щIыпIэ «Нартым» хэту етIуанэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм щригъэжьащ. Мыгувэу и джэгукIэфIым гу къылъатэри, и ныбжьыр илъэс 19 фIэкIа мыхъуауэ, къэралым и дивизион нэхъыщхьэм а лъэхъэнэм щыджэгу Новороссийск и «Черноморец»-м ирагъэблэгъащ. Абы хэту зэIущIэ 22-рэ иригъэкIуэкIри, зы топ и хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIащ.
АрщхьэкIэ, «Черноморец»-м Артур зэрыхагъэтар а зы илъэсырщ. КъыкIэлъыкIуэ гъэм ар къэралым и командэ нэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщ зы Мэзкуу и ЦСКА-м яшащ. Абы зэIущIих фIэкIа щримыгъэкIуэкIами, къыщыхэжаныкIыну хузэфэкIащ икIи а командэм и гъусэу 2003 гъэм Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ.
ЕхъулIэныгъэхэр иIэ пэтми, ЛIыс Артур и унэм нэхъ пэгъунэгъуу къекIуэлIэжмэ нэхъ къищтащ икIи 2004 гъэм «Кубань»-р къыщыщIэупщIэм хыхьэри, илъэс пщыкIутIкIэ зэкIэлъхьэужьу абы щыджэгуащ, и пщIэр лъагэу иIэтрэ гуимыхуж текIуэныгъэхэр къыхуихьу.
Зэхьэзэхуэм топ нэхъ дахэ дыдэ зэрыщыдигъэкIамрэ краснодардэсхэм я топ 3000-р къызэрехъулIамрэ къищынэмыщIауэ, иджыри зы Iуэхугъуэ инкIэ адыгэ щIалэр «Кубань»-м и тхыдэм хыхьащ - ЛIыс Артур нэхъыбэрэ абы и фащэр щыгъыу зыри зэи джэгупIэ губгъуэм къихьакъым! 2013 гъэм мэлыжьыхьым (апрелым) и 28-м Санкт-Петербург и «Зенит»-м дригъэкIуэкIамкIэ псоми ящхьэщыкIащ, зэIущIэ 284-м нигъэсри. ИужькIи а бжыгъэм хигъэхъуащ, зэи зыри къылъэщIэмыхьэжыфын хуэдэу. КъыщызэтеувыIар зэIущIэ 333-м нэсауэщ. Абыхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ топ 26-рэ щыдигъэкIащ.
ЛIыс Артур джэгупIэ губгъуэми гъащIэми щы­п­сын­щIэт, щыIэзэт, щыIэкIуэлъакIуэт. Псом ящ­хьэращи, зыхэтхэм фIыуэ къалъагъурт, пщIэ къыхуащIырт. Арат гупым и капитану щIыхахауэ щытари.
Мылъкур щытепщэ ди лъэхъэнэм ижь къыщIихуащ ЛIыс Артур и гуащIэ куэд зыхилъхьа Краснодар и «Кубань»-ми. 2015 гъэм адыгэ щIалэр абы хэкIыжащ къыхуагъэлъэгъуа зэгурыIуэныгъэм арэзы къимыщIу. Мыгувэу езы командэри зэхуащIыжащ, яхуэмыпшыныжын щIыхуэшхуэ зэтрагъэхьауэ къыщIэкIри. Иджы абы и пIэкIэ Краснодар и «Урожай» командэр къызэрагъэпэщауэ Iуэхур ягъэзэкIуэж икIи ар етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щыпашэхэм ящыщ зыщ, зэкIэ япэ дивизионыр я плъапIэу. ГупыщIэм ноби и джэлэсыр адыгэ щIалэхэращ. Ди лъахэгъухэу Абазэ Астемыр, Жылэ Ислъам, Къалмыкъ Амур сымэщ абы и ехъулIэныгъэхэм я къежьапIэр. Уеблэмэ Амур зэхьэзэхуэм и гъуащхьауэ нэхъыфI дыдэщ, топ пщыкIуий я хьэрхуэрэгъухэм яхудигъэкIауэ.
ЩытыкIэ гугъум ихуа «Кубань»-м и щIыб хуигъэзакъым апхуэдиз абы хуэзыщIа ЛIыс Артур. Нэгъабэ лъандэрэ щоджэгу зэхьэзэхуэхэм я лъабжьэ дыдэхэм къыщагъэщIэрэщIэж зэгуэрым цIэрыIуэу щыта гупым. И фIэщ мэхъу зэгуэрым ар къэрал уты­ку къихьэжыну икIи абы папщIэ лъэкI къигъанэркъым.
УнагъуэкIи насыпыфIэщ Артур. Абырэ и щхьэгъусэмрэ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу бынитI зэдапI икIи ахэр лъэ быдэкIэ гъащIэм зэрыхашэным хущIокъу.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: