Гъатхэ щIэращIэ

«Жан» литературэ хасэм къызэригъэпэщ адыгэ усэ пшыхьхэм я къыкIэлъыкIуэр, гъатхэм теухуар, иджыблагъэ щыIащ Сэралъпхэ я уардэунэм. Ар иригъэкIуэкIащ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ и унэм и режиссёр нэхъыщхьэ Гумэ Маринэ.

Сыт щыгъуи хуэдэу, пшыхьым къызэхуишэсат лъэпкъ усыгъэр фIыуэ зылъагъу цIыху гупцIанэхэр, ахэр пэшым щIэзу зэрыщIэсым уигъэгуфIэрт. Псоми фIэхъус псалъэ яжриIэу я нэгу зиужьмэ, гукъыдэж ягъуэтмэ зэригуапэр Гумэ Маринэ къыхигъэща иужь, абы япэу утыкур хуит хуищIащ нэхъ цIыкIу дыдэхэм - илъэсих зи ныбжь Мэсей Iэдэмрэ илъэсиплI хъу Блий Дамиррэ. Ахэр къеджащ Джэрыджэ Арсенрэ Мэз Iэниуаррэ я сабий усэ цIыкIухэм. Сабийхэр игъэгушхуащ «Адыгэ унэр» зей IутIыж Мэжид - сабиитIым яхуэупсащ ХьэIупэ ДжэбрэIил и усэ тхылъ телъыджэмкIэ.
Ди лъэпкъ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм адэкIэ къеджащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэу Къардэн Зауррэ ХьэхъупащIэ ФатIимэрэ, «Бзабзэ» гупым хэт Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэ, джэгуакIуэ Нэхущ Тимур сымэ, нэгъуэщIхэри. Пшыхьыр щIэщыгъуэ, нэгузыужь макъамэ дахэхэмкIэ ящIащ пшынауэ Iэзэхэу Иуан БетIалрэ Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэрэ.
Гумэ Маринэ пшыхь иригъэкIуэкIыу хэт зымылъэгъуар?! Хэт зымыщIэр абы цIыхухэр къызэрыдихьэхыфыр, бадзэ щыдыммэ зэхэпхыу ахэр зэрыхуэIыгъыр?! Апхуэдэ зы пщыхьэщхьэт мыри. Къызэхуэсахэм яжриIащ гъатхэм, абы и щэхухэм, щIалэгъуалэм, дахагъэм ятеухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр. Псом хуэмыдэу къызэхуэсахэм яфIэхьэлэмэтащ утыку ихьэн ипэ ныбжьыщIэхэм гупсэхуу загъасэу зэрыщытар, пщащэхэм щхьэкIэ шэщэн къафэ зэрыщыIар, шэ пэгунитIыр ирамыкIуту къэфэн хуейуэ. Зэман гъунэгъум апхуэдэ теплъэгъуэ ди пащхьэ кърахьэну зэрамурадми дыщигъэгъуэзащ.
Абыхэм я щапхъэу щIалэгъуалэр екIуу къэфащ, жыг къэтIэпIам и къудамэхэм дэнлъэчхэр хащIащ, гурылъ щэхухэр къазэрехъулIэнум и шэсыпIэу. ЖыпIэнурамэ, усэр, пшынэр, къа­фэр щызэщIэжьыуэ пщыхьэщхьэр псоми гунэс ящыхъуат. Ар уджкIэ зэхуащIыжащ, гъэмахуэр дызэхуипIалъэу.

Сурэтхэр  КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: