Кавказ зауэр еух, е 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м

1864 гъэм накъыгъэм и 21-м дунейр уфауэ, кIагъэпшагъэу, къепсэпсауэу нэху щащ. ­Къуэбыдэ (Мзымтащхьэ, убых­хэм я лъахэм) щиувыкIа дзэм я гуфIэгъуэт: Кавказ зауэр иухат, абы и саулыкъукIэ Къуэбыдэ нобэ ­парад ще­кIуэкIынут.

Махуэр сыхьэт 11 хъуащ. Iуащхьэм къытеуващ Кавказым и тет дзэп­щышхуэр - урыс ­пащтыхьым и къуэш Михаил Нико­лаевич. Абы къыбгъэдэтт ­генералхэр, офицерхэр, Георгий орденыр зратахэр. Тхьэ елъэIуа нэужь, дзэп­щыр Iуащхьэм ­къехри, адэ-мыдэкIэ щиувыкIа полкхэм, батальонхэм, шуу­дзэхэм фIыщIэ яхуи­щIащ «мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ Iуэху хьэ­лъэр зэрызэфIагъэкIам папщIэ». Дзэп­щым жиIащ: «ГуфIэгъуэм сызэщIиIэтэу, фи лIыгъэм и пщIэр слъытэу, Кавказ армэм и дзэлI ­хахуэхэм сынывохъуэхъу… Кавказ зауэм кIэ зэригъуэтамкIэ, зауэм къыщывгъэлъэгъуа фи лIыгъэмкIэ, гугъуехьым фыпэлъэщурэ, фэ ­къулыкъу ин дыдэ хуэвлэжьащ Пащтыхьымрэ Адэ лъахэмрэ: къурш быдапIэхэми, бгырыс ­хъы­жьэхэми, уаеми, хуабэвэхми фыкъызэтрагъэувыIэфакъым фэ, псори фшэчащ, псори къызэвнэкIащ, лъы ­вгъажэ зэпытурэ икIи фи мурадым фылъэIэсащ. ФIыщIэ хузощI ди Iуэхур къыдэзыгъэхъулIа ди Тхьэшхуэм! Адэ ­хэкум пщIэрэ щIыхьрэ къыфхуещI фэ, Кавказыр къэзызэуа лIыхъужьхэм! Мы нобэрей ­гуфIэгъуэмрэ мы дакъикъэ телъыджэмрэ ямылъэгъуауэ зауэм хэкIуэда фи ныбжьэ­гъухэм я фэеп­лъыр мыкIуэдыжынщ!»
Къуэбыдэ щиувыкIа дзэр щыгъуазэ ящIащ император Александр ЕтIуанэм къигъэхьа хъуэхъуми: «Си гум къыбгъэ­дэкIыу фIыщIэ яхузощI текIуэныгъэ иныр къытхуэзыхьа дзэпщхэм, офицерхэм, зауэлIхэм. Абыхэм зэрахьа лIыгъэм срогушхуэ сэ».
Кавказ зауэм «лIыгъэ щызезыхьахэм» я пщIэр текIуэдакъым урыс пащтыхьым. Дзэпщым, Михаил Николаевич, къратащ Георгий орденым и 2-нэ классыр, налкъутналмэскIэ гъэщIэ­рэ­щIа сэшхуэ, «Кавказ зауэр зэриухам и щIыхькIэ» псалъэр тет­хауэ. Пащ­ты­хьыр «и къуэш хахуэм» къе­хъуэхъуащ «Илъэсищэрэ щэ ныкъуэрэ и пэкIэ бгырыс ­Iэлхэм зэхаубла лъыгъажэ зауэм кIэ зэры­ритам щхьэкIэ». Нобэ щыщIэдзауэ, - къехъуэхъуащ пащтыхьыр и къуэшым, - Кавказым ­зы лъэпкъ жыIэмыдаIуэ къи­нэжакъым.
Кавказ зауэм хэта псоми пащтыхь уна­фэкIэ къратащ абыхэм хуащIа жорхэмрэ медалхэмрэ - бгырысхэм я лъахэм щагъэжа лъымрэ щызэрахьа «лIыгъэмрэ» я уасэу.
Георгий орденым и 2-нэ классыр ­къратащ граф Евдокимовым. Абыи къехъуэ­хъуащ ­пащтыхьыр: «Илъэси­щэрэ щэ ныкъуэкIэ дызыхэта зауэ гуа­щIэм кIэ езытар уэращ, уэ пхузэфIэкIащ щIыналъэ дахэр бгырыс Iэлхэм къа­IэщIэпхын».
Дамыгъэ лъапIэхэмрэ фэеплъ бэ­ракъ­хэмрэ иратащ адыгэ лъахэм лъы щы­зыгъэжа полк, батальон, шуудзэ псоми.
 

Эсадзе Семён зэритхамкIэ.
Поделиться: