Лыкъуэжь Нелли и усэбзэ къабзэр

Адыгэ усакIуэ, драматург, журналист цIэрыIуэ Лыкъуэжь Нелли и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ.

Джылахъстэнейм хыхьэ Ислъэмей къуажэм Лыкъуэжь Нелли 1959 гъэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, ар щеджащ Витебск къалэм (Белоруссие) и индустриальнэ-педагогикэ техникумым. ИужькIэ Налшык къалэм КъБКъУ-р къыщиухащ.
Лыкъуэжь Нелли адыгэ литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуещI. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ усэхэр, Iуэтэжхэр, пьесэхэр, балетхэм папщIэ либреттэхэр. И прозэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Щхъыщхъ ­макъ» тхылъыр 1997 гъэм, и усэхэр зэрыт ­«КъапщIийхэр» къыдэкIыгъуэр 2001 гъэм дунейм къытехьащ. Апхуэдэу абы и усэхэр хагъэхьащ усакIуэ зыбжанэм я тхыгъэхэр къызэщIэзыубыдэ «Шыхулъагъуэ» къыдэкIыгъуэм. Сабийхэм папщIэ итхахэр - «Жьымрэ Жьуджалэмрэ», либреттэхэр - «Псэхэм бзийм зыхаухуэнэж» тхылъхэм ихуащ. Иджыблагъэ Нелли игъэхьэзыращ «МыщIэвагъуэ» драмэ-таурыхъу зэхэлъ пьесэр.
Лыкъуэжьым и тхыгъэхэм гупсысэ куу, гъэщIэгъуэн ящIэлъщ. «Усэр мэгъу къару зыхэлъ гупсысэщ», - жиIат зэгуэр Нало Заур. Нелли и усэхэр къабзэщ, и бзэр мэгъу къару ящIэлъым хуэдэу узыIэпызышэщ. Аращ ахэр куэдым ягу щIыдыхьэр, щIэщыгъуэ щIащыхъур, и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр щIызэIэпахыр.
УсакIуэ Iэзэм и тхыгъэхэр урысыбзэкIи хамэ къэралыбзэхэмкIи зэрадзэкIащ. Нелли и Iэдакъэ къыщIэкIахэр зи лъабжьэ телевиденэ фильмхэр трахащ, спектаклхэр ягъэуващ. Лыкъуэжьым и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр ятеухуащ хэкум, лъагъуныгъэм, щIыуэпсым и дахагъэм, уафэгум ит дыгъэмрэ абы къыпкърыкI хуабагъэмрэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

Лыкъуэжь Нелли и усэхэр

Бзэ

Уи бзэр бзууэ пIэщIэкIамэ,
КIэлъылъати къэпхъуэтэж.
Ар уи щIэблэм Iурыпчамэ,
КъэтIи мащэ, итIысхьэж.

Си бзэ

Умыгъ, си тIасэ, умыгъ, си щIасэ,
Уи анэр лIакъым, къигъэзэжынщ.
Дауэ уишэнт-тIэ сондэджэракIуэ,
Хамэм уахуишэм, уфIэкIуэдынт.

Узэщымыджэ, си бзэ дахащэ,
Зеиншэу, кхъыIэ зумылъытэж.
АнэнэпIэсым и гупкIэ дзакIэм
Удадзэжами, зысхуэхъумэж…

Умыгъ, си тIасэ, усIыгъщ, си щIасэ,
Ди анэ-лъэпкъым къигъэзэжынщ.
Хъуэж-щIэж сымыщIэу, дзыхь къысхуэщI за­къуи,
Си налъэ къэскIэ ущыпсэунщ.

Мазэ

Уафэ джабэм мазэр исщ
Дыщэ плъыжь тебзауэ.
И сурэтыр псышхуэм хэсщ
Зыхиудыгъуауэ.

Мазэм дахэу зелъагъуж
Псы-гъуджэм иплъауэ.
Псым хэс ныбжьми тхьэ щеIуэж
Мазэр езырауэ.

Мазэр уэгум хокIуэтэж,
Плъырын иухауэ.
Вагъуэ быныр зэщIекъуэж
ЩIэжьей къащIэхъуауэ.

***
Мэбзэрабзэ бзур, мэбзэрабзэ,
Макъамэ и псэм къысхуреш,
Бзэрабзэ бзур къызэбзэрабзэм,
Адыгэбзэ хэжеяр къоуш.

Себзэрабзэм бзум, къызобзэрабзэ,
ГущIэ лъащIэм ди бзэр и тхьэгъушщ.
Къызэбзэрабзэ бзум сегъэбзэрабзэ,
Щхьэхуит уэрэдкIэ тIури дыемышщ.

***
Си усыгъэ, си усыгъэ,
Си усыгъэ нэкъуэлэн,
Уэ къысхуэщIыт усэ тыгъэ,
Уэ къысхуэхъут щIэгъэстэн.

Си усыгъэ, уи мыгугъэ,
ГъуэрыгъуапщкIуэ сыбдэджэгу,
Зэ къыхэкIи агъэбыгъэм,
Ныздытехьэ гъащIэ гъуэгу.

Си усыгъэ, си усыгъэ,
Си усыгъэ, нэкъуэлэн.
Дыгъэ бзийм упысщIэм щыгъэу,
Тхьэгъуш щабэ усхуеуэн?

***
Къалэ щхьэгуэжьым хэпхъэрауэ,
СфIызэбгрожыр си гупсысэр.
Псэм къилъыхъуэжыр уэрмырауэ
Щхьэм шыпсэ нэпцIхэр къегупсысыр.

ГъатхэщIэм Iуэху сыкъищIыпауэ
Дыгъэпс къудамэ къысхеухуанэ.
ГъащIэм джэгункIэ зимыгъэнщIарэ,
Гухэлъ аргуэру къысщIегъанэ.

Дуней насыпыр къылъысауэ
Гур къилъэтыну къызодауэ,
Абы къыхуэтыр уэрмырамэ,
КъошэрэшыкIри псэ макъамэ.

***
Бжьамийр зыгъаджэр япэ иту
Псыхэгъэ ещIыр си лъэпкъ мащIэм.
Хы ФIыцIэм къыIунауэ Iутым
ЗэхащIэ и блэкIар псы-мащэм.

Гупсысэ ин абы къыдитыр
ЛIэщIыгъуэ бжанэм зэIэпах.
Псэ «зэгъэжауэ» уэгум итым,
Зэм-зэм къысщохъур ар зэхах.

Псэхэгъэр ноби Iутщи нэпкъым,
Жьым щыщигъэтым, щIэм къыщIедзэ.
Зэхэзедзэн ящIа си лъэпкъым
И гущэ нэщIхэр псым зэредзэ…

***
КъысщыбощIыр си дунейр щIэщыгъуэ,
Къысхыболъхьэ къару, согъэгугъэ.
АпхуэдизкIэ хъунт атIэ ущыуэ:
Сэ къысщыхъут щымыIэу лъагъуныгъэ.

Къыслъысыну хэт ищIэнт а фIыгъуэр,
Мы зэм сыкъебгъэлтэмэ… нэ фыгъуэм.
АпхуэдизкIэ хъунт атIэ удахэ,
ЗэщIэлындэ пщIыфу псэм и лъахэр.

Псоми тщIэлъщи зы дуней гъэкIуэгъуэ,
Къыдет Тхьэшхуэм щхьэж и гурыфIыгъуэ.
Мазэу уемыIэж, си дэрэжэгъуэ,
Дыгъэу укъуэмыхьэж, си лъагъуныгъэ.

***
Зэманым зэманыр щIокIуатэ,
Зэманым гъащIэр щоятэ,
ГъащIэр щIы закъуэ Iэужькъым.
Псырэ хьэуакIэ зиужьми,
Уэгурщ здэщыIэр псэ жылэ…

Бзийуэ абы къежэбзэхыр
Псэуэ зы куэщI къокIыкIыжри,
Уэгум аргуэру йохьэж.
Бзийуэ ди щIыгум къосыжри,
Псэуэ и дыщ егъэзэж.

Зэманым зэманыр щIокIуатэ,
Зэманым гъащIэр щоятэ…
Дыгъэр къысщохъур псэ матэ!..

***
Нэ гъэгуфIэу щIымахуэкIэр
Уагъэ-щыгъэу зэролъэлъ,
Къишыну гъатхэм дыгъэ
Къауц-уэс зыхегъэлъэлъ.

***
Шы лъэ макъыр сыту дахэ,
Ар макъамэу зэхызох, -
Тхыдэ пшагъуэм хыхьэжауэ
Сэ шы гуартэ сфIаху.

Шы лъэ макъыр сыту дахэ,
Ар иджыри зэхызох, -
Мы дунейр кIэрахъуэр пэжмэ,
Сишхэр къэкIуэжын къысщохъу.

Шы лъэ макъыр сыту дахэ,
Уафэм ар щызэхызох, -
ШыщIэ цIыкIу къысхуагъэнащи,
ГъащIэр плъыру сохь.

***
ГъащIэ мину зэIуща
ЩIы хъурей, си дуней,
Дауэ сыкъыпхэгъуэща,
КъэсIуэтэну сыт ухуей?

ГъащIэ мащIэу къызэптам
Уэ ухуей, сэ сыхуей?
ФIыщIэ жыгыу псэ хэпсам
КъыпыкIэну сыт ухуей?

ГъащIэр IэфIу жызымыIа
Къэмыхъуа, щымыIа,
Уэ уи дыджым емыIуба
Къыумыгъэна, къыумыгъэщIа.

КъыдохьэлIэ псоми уэ
Хущхъуэ, щхъухь,
Зи кIэр зи пэм дэухуэна,
Усыт Таурыхъ?..

***
Ей, дунеижьурэ дыгъужь нэщIа…
Агънокъуэ Лашэ

Ей, дунеижьурэ дыгъужь нэщIа,
И нэфI зыщыхуэр зэзышэлIэж,
И ней зылъысыр зэщIэзыкъуэж,
Адыгэ нэпскIэ зызэщIумышхэ,
Адыгэ бынкIэ ухэмыщхьэж,
Зэш-зэлъэпкъэгъухэр зэрумыгъэшх,
Зишх къытхэмылъыр къыдумыушт,
Акъыл зэхэдзэ нобэ ямыщIу,
НэрыуфIыцIу удын зэзыдзхэр
КъэзгъэувыIэну я кум дызодзэ
Си псэ гумащIэу лъахэм хуэсхъумэр…

Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ