Узыхуимытыр дауэ птын?

«Сэлэтым  и  щIыхь» романым щыщ  пычыгъуэ

Хьэжы Бэрзэдж, шу ­гъу­сэхэр щIы­гъуу, шэджа­гъуэ нэужьым нэсащ генерал Раевскэм деж. Шым епсыхри, пщым сэлам итащ, ауэ етIысэхакъым: зигъэгувэн мурад зэримыIэр абыкIэ гуригъэ­Iуащ генералым. Бгы­рысхэм я дзэпщ цIэры­Iуэр къыщыбгъэдыхьэм, генералым зыкъиIэтащ. КIэщIт генералым и псалъэр - дзэпщыр къыщI­ригъэблэгъар. Тэрмэшыр зы­бгъэ­дишэри, Раевскэм жиIащ:
- ГурыгъаIуэ Хьэжы Бэ­р­зэдж: уи цIыхухэри уи лъахэри Урысейм къритащ тыр­ку пащтыхьым. Уэ ар фIыуэ уощIэ, атIэ сыт Iэщэр щIумыгъэтIы­лъыр?
Дзэпшым и жэуапыр тэрмэшым зэридзэкIащ:
- Хьэжым жиIэращ: урыс пащтыхьыр къулей дыдэу жывоIэ, генерал. Ар пэж­мэ, фи пащтыхьыр щхьэ къытлъихьа? Уи дзэм ди жылагъуэхэр щIызэхифы­щIэр сыт? Хьэжым жеIэ: нэпсей хъунщ фи пащты­хьыр, дэ­рыншэу щы­мып­сэуфкIэ…
Раевскэм и нэщхъыр зэхилъхьащ, Хьэжы Бэрзэдж къемыплъу, тэрмэшым жриIащ:
- ЖеIэ абы: ди пащтыхьми тырку пащтыхьми ящIэ бгырысхэм я сэбэп зы­хэ­лъри зыхэмылъри. Де­лэм дэIуэн ямыдэмэ, къарукIэ хагъэзыхь. Бгы­рысхэр ди пащтыхьым къезауэ­мэ, сулъ­тIанми и унафэр якъу­тэу аращ. Фи унафэр ищIакIэщ сулътIаным: фэ абы урыс пащтыхьым ­фыкъритащ.
А псалъэр зыуи къыщыхъуакъым Хьэжы Бэрзэдж, генералым еплъа фIэкIа.
- Тырку сулътIаным дэ урыс пащтыхьым дритынкIэ Iэмал иIэкъым: абы и IэмыщIэ дилъакъым игъащIэм, и унафи къытхэлъкъым, - жиIащ Хьэжы Бэрзэдж. - Узыхуимытыр дауэ птын? Уэ ухахуэщ, инэрал, узэрыхахуэм щхьэ­кIэ узот мо жыгыщхьэм ис бзу цIыкIур - плъэкI­мэ, къэубыд!
Раевскэр жыгым дэп­лъеящ. Абы и щхьэр къыщиIэтым, жыгыщхьэм иса бзу цIыкIур, и дамэр ишэщIри, лъэтэжащ…
Генералым и нэгур нэ­хъ­ри зэхэуащ.
- Уэ уцIыху губзыгъэщ, Хьэжы Бэрзэдж, ауэ ущыгъупщэхщ, - жиIащ абы ­макъыхъукIэ. - Уи къуиплI зауэм хэкIуэдащ - ар зыщумыгъэ­гъупщэ. Егуп­сыс - зы къуэщ къыпхуэнэжар. Шэчи  къытумыхьэ: тыгъэ къысхуэп­щIа бзур къэ­зубыдын и пэ, уи къуэ за­къуэр пфIэкIуэ-дынщ…

* * *
Мы пычыгъуэр къызы­хэтхар урыс тхакIуэ цIэ­рыIуэ Голубов Сергей и «Сэлэтым и щIыхь» романырщ. Пы­чыгъуэ мащIэмкIи гурыIуэгъуэ зэ­рыхъущи, романыр зытеухуар адыгэ куэдым я щхьэр зыхалъхьа Урыс-Кавказ зауэрщ. А зауэм и тхыдэ псор игъэбэтэн мурад иIакъым тхакIуэм - ар зы тхыгъэкIэ зэрып­хузэ­фIэмыкIы­нур гурыIуэ­гъуэщ. Абы и му­радар ­нэ­гъуэщIщ: я щхьэ­хуи­ты­ны­гъэм щIэ­зэууэ, бэ­нэ­ны­гъэ гуащIэм илъэсищэкIэ хэта бгырысхэр ­зыхадза мафIэмрэ залымыгъэмрэ я пэжыпIэр, зымащIэкIэ ­нэхъ мыхъуми, хэIущIыIу щIынырщ. Дигу къэдгъэ­кIы­жынщ Голубовым и рома­ныр дунейм къы­щы­техьа зэманыр - 1940 гъэрщ ар япэу къыщыдэкIар. Урыс-Кавказ зауэм и пэ­жыпIэр щабзыщI зэмант ар, абы и хъыбар пэжыр ­зыгъэIум и щхьэр щыхрагъалъхьэри мащIэтэкъым. ЯбзыщIын хуейуэ унафэ зытращIы­хьа темэм зэ­рыз­рипщытар хуагъэгъуа­къым тхакIуэм: лъэ­ныкъуэ ирагъэзри, и цIэ ­къудей ираIуэжакъым щIэх.

Поделиться:

Читать также: