Мэрем пшыхь

Гупсысэ кIэщIхэр

Ныбжьрэ ныбжьэгъурэ

ФIыуэ ялъагъу, пэжу зыхущыт, я нахуэри я щэхури зрахьэлIэ, Iуэху гуэр къалъыкъуэкIамэ, япэ дыдэу зэпхъуэ, я гуауэр къадэзыгъэгуауэ, я гуфIэр яхуэзыгъэдахэ цIыхум адыгэхэр зэреджэр ныбжьэгъущ.
Ныбжьэгъу… Ныбжьым хуэдэу пкIэрымыкIыу уи гъусэм ныбжьэгъу фIащащ.
Дыгъэр пшэм зэрыщIилъафэу, ныбжьри мэкIуэдыж, къызэрыщIэкIыжу - дэнэкIэ бгъазэми, къыпкIэрымыхуу ныбжьри нокIуэ.
Ныбжьэгъур уи дыгъэр къыщепсым уи гъусэрэ уи дыгъэр щыкъухьэм кIуэдыжыр аракъым. ЦIыхубэм игъэлъапIэр аракъым, атIэ уи дунейр кIыфI хъуауэ уи нэм зыри щимылъагъужым и деж дыгъэ нэбзийуэ къыпхуэунэхурщ, дыгъэм хуэдэу укъэзыгъэхуабэрщ, ущещIэкIэ, жыр пкъоуэ къыпщIэувэрщ ныбжьэгъур.

И пIэм щитыжым…

ЯтIэ зыкIэрыпщIа е сабэ зытрихьа налкъутналмэсым и пщIыпщIыр мэкIуэд. ФIейр абы зэрытебгъэкъэбзыкIыу, ар зэщIэпщIыпщIэжу, зэщIэлыдэжу хуожьэ. Псалъэхэри абы ещхьыркъабзэщ. Зыхуэфащэ и пIэм псалъэхэр иумыгъэувэмэ, сабэ зытрищIа налкъутналмэсу, абы и нурыр мэкIуэд. Ар и пIэм щитым, адрей псалъэхэм егъэкIуауэ ар щагъэувым, сыт хуэдиз къару, сыт хуэдиз лъэщагъ, сыт хуэдэ дахагъ абы иIэ хъурэ!

Жьэгумрэ уэнжакъымрэ

Унэм и псэр жьэгумрэ уэнжакъымрэщ. Пэжкъым жыпIэрэ?! АтIэ зы тхьэмахуэ къудей мафIэ умыщIи, уи унэр псыIэ зэрыхъум, нэщIыфэ абы къызэрытеуэм, зеиншафи ар зэрыхъум еплъыт.
Моуэ дымэжэлIауэ дыкъыщIыхьэжым, ди ныбэ из зыщI ерыскъыр къызыпэрахыжри, дыпIыщIауэ дыкъэкIуэжым дызыгъэхуэбэжри е гуныкъуэгъуэ диIэу къэдгъэзэжамэ, ди пIэ дизыгъэувэжри жьэгужьыращ.
МафIэс къэхъурэ унэ псор исами, иувыкIауэ зэхэмыщэщауэ къанэр жьэгумрэ уэнжакъымрэщ.
Жьэгужьыр диIэу ди мафIэр ункIыфIынкъым. Сысейр зыгуэркIэ ункIыфIрэ - уи деж сынэкIуэнщ, ууейр ункIыфIмэ, си деж укъэкIуэнщ. МафIэ щыIэу, нэхурэ хуабэрэ дыщыщIэнкъым.

ЗыгъэкIуэдыфын щыIэкъым

ГъащIэр гъэщIэгъуэнщ! Дауэ хъуми, дауэ щIэми, гъащIэм хэкIыпIэ къегъуэт. Ар зыгъэкIуэдыфын къару щыIэкъым. Муслъымэн диным емызэгъыу зэрилъытэм къыхэкIкIэ, адыгэхэм сурэт ящIу щытакъым. Ауэ я гурылъхэмрэ я мурадхэмрэ мыкIуэдыжу дунейм къытрагъэнэн щхьэкIэ, алэрыбгъухэм, арджэнхэм, упщIэхэм сыт хуэдэ тхыпхъэ гъуэзэджэхэр хащIыхьу щыта! ДыщэрыдэкIэ сыт хуэдэ хэдыкI гъуэзэджэхэр ящIу щыта! Тэрэфарэ дахэу, зэщIэпщIыпщIэжу, зэщIэлыдэжу дарий бостейхэмрэ дыщэ пыIэхэмрэ хадыкIырт. Шылэхъархэм сыт хуэдэ тхыпхъэ дахэ хащIыхьрэт. Кистрэ краскэкIэ ящIыну зыхуимытыр мастэрэ IуданэкIэ хадыкIырт.

Гъуджэм къищым…

ЦIыхум и теплъэу гъуджэм къищым узэрыфIэфIу зыхуэщI - ухуеймэ зыхузэкIэщIэш, ухуеймэ ешхыдэ. АбыкIэ уигу мызагъэмэ, кIэрахъуэкIэ еуапэ. Абы хэкIуадэм хэкIуэдэнур гъуджэрщ. Ауэ гъуджэм къищ цIыху сурэтым зэрызыхуэпщIым хуэдэу езы цIыхум зыхуэпщIыныр икIагъэщ, хьэкIэкхъуэкIагъэщ. ЦIыхум гуапагъэрэ IэфIыгъэрэ кIэлъызепхьэныр, абы гукъэкI хууиIэныр, удэIэпыкъуныр уи къалэнщ. Апхуэдэу уэ ущытыфу пIэрэ?
Теунэ Хьэчим.

Нэщэнэхэр

Мазэм ит «мэлыхъуэр»
нэхъ IупщI хъумэ…

♦Жэм лъхуам и бзаджэр ишхыжмэ, гъэшым кIэреч жаIэрт.
♦КъэблэмкIэ къикIыу жьы къепщэмэ, уэфI нэщэнэу къалъытэрт.
♦ЦIыхуитIым лъахъш зэIэпахыртэкъым.
♦Мазэм ит «мэлыхъуэр» нэхъ IупщI хъумэ, мэлыр мэбагъуэ жаIэрт.
♦МафIэм гъавэ пэрыбдзэу ебгъэсыну фIыкъым, ар гуэныхьышхуэу къалъытэ.
♦ГъавэкIэ къулей бжьыхьэрэ уэсыбэ щIымахуэрэ.
♦Удзыжьым дежкIэ бжьыхьэри гъатхэщ.
♦Джэджьейр щабжыр бжыхьэращ.
♦Гъатхэ уэшхым уегъатхъэри, бжьыхьэ уэшхым уеуфэнщI.
♦Бжьыхьэ жэщыр уэс къесыхукIэ кIыфIщ.
♦Бжьыхьэ мафIэр гуапэщ.
♦Бжьыхьэм къуалэбзум лъахъшэу къалъэтыхьмэ - щIымахуэр ткIиинущ, лъагэу къалъэтыхьмэ - хуэбэнущ.
♦Уежьауэ къэбгъэзэжмэ, уи Iуэху къохъулIэнукъым жаIэрт.
♦Уи бзэгу зыгуэр къыхэкIмэ, бзаджэ къыбжаIэну къалъытэрт.
♦Уи набдзэр шхэмэ, зыгуэрым сэлам епхынущ.
♦Уи Iэр уи щхьэщыгум щызэрыбдзэну фIыкъым жаIэрт.
♦Унэм цIыв къыщIыхьэну фIыщ.

ГушыIэхэр

ЩIалэ Iейхэр дыкIуэж хъуну?

- Iэпщэрылажьэ лэжьыгъэм сэбэпынагъ ин пылъщ, - жеIэ класс унафэщIым, сыхьэтихкIэ еджа щIалэ цIыкIухэр къыщIинауэ здахэпсэлъыхьым. - Спортым хуэдэ къабзэу, абы Iэпкълъэпкъыр жырым хуэдэу епсыхь, щхьэ ешам зрегъэгъэпсэхуж, курорт ущыIэм хуэдэу. Жейр абы IэфI зэрищIыр-щэ?! Топ дэнэ къыщына, лагъым Iэтэ ягъэуакIэ уакъыхуэгъэушынукъым.
А псор, си псэр зышхын цIыкIухэ, фэ вгъэунэхуащ, зымахуэ фысшэу, си хадэ зэщIэкIэжар щысхуэвгъэкъэбзам… ФыщIалэфIщ фэ псори! Нэсри къэсыжауэ фыщIалэфIщ!..
- Уэ сыт ухуейт, Угъурлыжь? - егъэджакIуэр щIоупщIэ, зи Iэр къэзыIэта щIалэ цIыкIум гу щылъитэм. - ЖыIэт…
- ЩIалэ Iейхэр дыкIуэж хъуну? - жиIащ Угъурлыжь, егъэджакIуэр къыщеуэр (хадэ яригъэтIыну зэримурадыр) занщIэу къыгурыIуэри…

НэхъыфIу илъагъур

Я деж уэршэракIуэ къекIуэкIа гъунэгъу фызыр щIалэ цIыкIум йоупщI:
- Хэт, Емынэжь цIыкIу, нэхъыфIу плъагъур? Мамэ?
- АIэ.
- НтIэ, папэ?
- Хьэуэ.
- Хэт-тIэ?
- Уипхъу Мадинэ цIыкIущ!..
ЛIыгъур Чэрим.

Адыгэ хъыбарыжь

Пэжыгъэ

Къуажэ гуэрым зэныбжьэгъуитI дэст. «Я псэр зы чысэм илъщ» жаIэрт абыхэм щхьэкIэ. Зэгъусэу гъуэгуанэм зэдытехьэрт, зэгъусэуи къагъэзэжырт. Ауэрэ тIуми зы хъыджэбз гуэр фIыуэ ялъэгъуащ. ТIури толIэ хъыджэбзым, итIани зым адрейм щебзыщI. Хъыджэбзми къыхихынур ищIэркъым: тIури щIалэ екIущ, цIыху Iэдэбхэщ. Iей хъууэ хуежьащ хъыджэбзыр. И дэлъхум гу къылъитэри къыхигъэзыхьащ:
- Сыт Iей ущIэхъур? Уи жагъуэ къэзыщI щыIэ?
- Хэт къищIын си жагъуэ зыми къыщIыркъым…
- АтIэ уигу къеуэр сыт?
Щыхигъэзыхьым, хъыджэбзым зиумысыжащ:
- Ди къуажэм зэныбжьэгъуитI дэсщ, тIуми фIыуэ сыкъалъагъу, ауэ зыр зым къищIэркъым. Си зэранкIэ я ныбжьэгъугъэр къутэнущ. Аращ сигу къеуэр…
- АтIэ ар Iуэху, - жиIащ и дэлъхум. – Махъсымэ чей гъэхьэзыри, тIури къегъэблагъэ. Сэ бжьэ ястынщи, Iуэхур зытетыр ясIуэкIынщ. АдэкIэ щIапхъэми сеплъынщ…
ЗэрызэгурыIуам хуэдэу ящIащ. ЩIалитIыр хъыджэбзым и дэлъхум къриджащ, бжьэ зырыз яритри яжриIащ:
- Си шыпхъур тIуми фIыуэ фолъагъу. Дэтхэнэр малъхъэ схуэхъуми сэ зытезгъэгусэркъым. Пщэдей жэщ нэхъ фIэмыкIыу си шэщым шы къарапцIэ, натIэ гъуджэу, къыщIэзыгъэувэм си шыпхъур изот…
ЗэгурыIуэри зэбгрыкIыжащ. Зы дакъикъи зимыIэжьэу зыр гъуэгу техьащ. Адрейр, КъантемыркIэ зэджэ щIалэр, егупсысащ:
- ЗанщIэу сежажьэкIэ, шы къарапцIэ натIэ гъуджэ дэнэ къисхын? ЛIыжь Iущ гуэр деж сыкIуэнщи, сечэнджэщынщ…
ХьэжмырзэкIэ еджэу къуажэм лIыжь Iущ гуэр дэсти, кIуэри ечэнджэщащ:
- Сэ хъыджэбз гуэрым сылъыхъуащ. Хъыджэбзым и дэлъхум мыр къыдиухылIащ, - жери и Iуэхур хуиIуэтащ.
- Шы къарапцIэ натIэ гъуджэ мы хэкум щыб­гъуэтынукъым, - къыжриIащ лIыжьым. - Апхуэдэш къыпхуэзыгъуэтыфынур псы тIуащIэм дэс Етэчщ. Абы и деж си пщIэгъуалэм уихьынщ.
Хьэжмырзэ и пщIэгъуалэм шэсри Къантемыр псы тIуащIэм кIуащ. Жэщыбгым фIэкIауэ, Етэч и пщIантIэм дыхьэри джащ. Етэч унэм къыщIэкIри, щIалэр иригъэпсыхащ.
- Сытым укъысхуихьа? - къеупщIащ щIалэм еблэгъэн щимыдэм.
- Хъыджэбз гуэрым сылъыхъуащи, шы къарапцIэ натIэ гъуджэ къыспаубыд. Уэр фIэкIа апхуэдэш зыгъуэтын щымыIэу жаIэ. СынолъэIу: си хьэтыр къэлъагъу.
- Хъунщ, - жиIащ Етэч. - УзгъэщIэхъункъым. Шыр уэтэрым тетщи, сэ сыкIуэнщ. Уэ сэ сыкъызыщIэкIа пэшым щIыхьи, си пIэм гъуэлъ.
- Ар дауэ хъун, абы уи щхьэгъусэр щожей! - идакъым щIалэм.
- Укъыспэрымыуэ, сэ зэрыбжесIам хуэдэу щIы!
Сыт ищIэнт: пэшым щIыхьэри цIыхубзым бгъурыгъуэлъхьащ, и къамэр кърихри я зэхуаку дилъхьащ. Нэхущым деж къэсыжащ Етэчыр. Шы къарапцIэр къритри къиутIыпщыжащ. Езыр и пэшым щIыхьэжащ. ПIэм нэсыжа хъунтэкъым цIыхубзыр гъынанэу къыщызэфIэтIысхьам.
- Сыт ущIэгъыр? - игъэщIэгъуащ Етэч.
- СыткIэ сымыгъынрэ: ухуеймэ, ущIокI, ухуеймэ укъыщIохьэж, уздэкIуэр сщIэркъым, ущыхэтыр сщIэркъым. УкъыщIохьэжри, къамэ къызбгъурыболъхьэ. СыткIэ уигу зэзгъэбгъа?
ЛIыр гуфIащ жэщ хьэщIэм цIыхугъэ хэлъу къызэрыщIэкIам щхьэкIэ. И щхьэгъусэми зыри жриIакъым…
Къантемыр зылъыхъуа хъыджэбзым и дэлъхур нэхущым деж шы щыщ макъым къыдэушащ. Зихуапэри шэщым кIуащ: шэщым къарапцIэ дахэ щIэтт, натIэ гъуджэу.
- Малъхъэ къэзгъуэтащ, - жери гуфIащ хъыджэбзым и дэлъхур, етIуанэ махуэм и шыпхъур Къантемыр иритащ, нысашэ дахэкIэ дригъэшащ.
Илъэс хуэдэ дэкIагъэнщ. Етэч и щхьэгъусэр дунейм ехыжащ. ПIалъэр икIыху щыгъуэри, Етэч щхьэгъусэ лъыхъуэу хыхьащ. Куэдым щыщIэупщIащ: игу ирихьын игъуэтакъым. «Си къарапцIэр зэста щIалэм деж сыщыщIэупщIэнщи сеплъынщ», - жери Къантемыр деж кIуащ. ГуфIэу иригъэблэгъэнтэкъэ, иригъэблагъэри хьэщIагъэшхуэ кърихащ, къзытекIухьамкIэ еупщIащ…
ТIури шэсщ, ежьэри тхьэмахуэ хуэдэкIэ заплъыхьащ - ягъуэтакъым Етэч хуэфэщэн цIыхубз. Ямыгъуэту къагъэзэжащ. «НакIуэ, псым дыдыхьэнщи зыдгъэщIыIэтыIэнщ», - жери Къантемыр и хьэщIэр псыхъуэм дишащ. Абы хэту Къантемыр и щхьэгъусэр пхъэхь иIыгъыу псыхъуэм дыхьащ. Ар щилъагъум, Етэч жеIэ:
- Мо цIыхубзыр къэсшэнт, хэтхэ ящыщми…
Етэчым дэнэ щищIэнт ар Къантемыр зэрищхьэгъусэр?..
- Дэгъуэщ, - жиIащ Къантемыр. - Ар си благъэщ. Улъызгъэхъунщ…
Къантемыр и щхьэгъусэр Етэч иритщ, шу гъуси яхуищIри иутIыпщыжащ. ЦIыхубзыр лэгъунэм щIашащ, жэщ хъури лIыри кIэлъыщIыхьэжащ.
ЛIыр зэрыщIыхьэжу цIыхубзыр къэдыхьэшхащ.
- Сыт ущIэдыхьэшхыр? - игъэщIэгъуащ Етэч.
- Шы къарапцIэр щIэпту щхьэгъусэ къызэбгъэша щIалэм и щхьэгъусэм фIэкIа фыз пхуэхъун зэрумыгъуэтаращ сыщIэдыхьэшхыр…
- ЗэрымыщIагъэкIэ емыкIу злэжь пэтащ, - жери Етэч гур къызэщIищIэри, цIыхубзыр зейм хуишэжащ, тыгъэ лъапIи трилъхьэри.
Зытхыжар
Къэрмокъуэ Хьэмидщ.

Усыгъэхэр

Иуан  Владимир

*    *   *
Си гукъеуэхэм сыхэту
Сыпсэуну сыхуэмей.
Узыншагъэм сыкъыхуэту
Хэт мы щIылъэм къыщысхуей?
Ауэ щыхъукIэ, зыхэслъхьэнщи
Нэхъри лIыгъэр, сытэджынщ.
Сэ узыфэр щхьэщысхунщи,
Мы си гущIэр згъэхъужынщ.

«Зэран къыхуэхъур хэт си гъащIэм?» -
ЖысIэу мы си гум соупщIыж.
Дунейм щызлэжьыр щысфIэмащIэу,
Мы си псэм щэхуу зешхыхьыж.

Зэран ухуохъур, пщIэм си гъащIэм?
Къэралми цIыхуми уедыгъуам.
Пэж къызжумыIэу, къэзлэжь мащIэм,
Щыщ мылъку уи жыпым иплъхьэ хъуам.

*    *   *

Ехъумэ жьэгур, лъэпкъым и Iэнэу,
ХьэщIэм пщIэ хуэзымыщIыр и ауану.
Ди нэхъыжьыфIхэм къащIэнащ хабзэу,
И бийуэ щытми, къригъэблэгъэну.

Зы хъуаскIэ фIэкIа абы къыщымыблэжми,
Зы цIыху фIэкIа абы дэмысыжми,
Сыт хуэдэ IуэхукIэ уэ абы дыхьэф.
Адыгэм жьэгум урегъэблэгъэф.

*    *   *
Си зэманыр къебж сыхьэтым,
И макъ жэщым къыхоIукI.
Сигу псэхупIэ зримытым,
ГъащIэ блэжыр къреIуэкI.
Си гугъапIэщ сыпсэуну,
Мы ди гъащIэр сигу пымыкI.
ЖаIэ ар адэ щIэину
Сэ а псалъэр сигу схуимыкI.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ