«Адыгэ идэ»

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм гъэ кIуам и кIэуххэм дунейм къыщытехьа «Адыгэ идэ» тхылъыр а илъэсым лъэпкъ гъуазджэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ нэхъыфIхэм ящыщщ.

Иванокъуэ (Дохъушокъуэ) Мадинэ и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэ иныр лъэпкъ тхыдэм, IэпщIэлъапщIагъэм, зэфIэкIым, къэухьым, зэхэщIыкIым и щыхьэт нэсщ. Тхылъыр къызэрызэIупхыу нэрылъагъущ ар и гурэ и псэрэ хилъхьэу зэрелэжьар. НапэкIуэцI къэс зытепсэлъыхьыр щIэджыкIуакIуэм нэхъ гурыIуэгъуэу, екIуу зэрыбгъэдалъхьэнум яужь итщ. Мадинэ а тхылъыр къехъулIэну къыщIэкIынтэкъым, езыр илъэс куэд щIауэ хэдыкI Iуэхум дихьэхыу, абы хуэIэижьу щымытамэ. А унэтIыныгъэм бзылъхугъэ IэпщэлъапщIэр ди къэралым и мызакъуэу Франджым, Тыркум, Швейцарием, Грузием щыхуеджащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр къэрал куэдым щекIуэкIащ. Илъэс 30-м нэблагъэкIэ зэхуихьэсащ Мадинэ а тхылъым итхэр. Ар щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Краснодар щIыналъэм я дэфтэр хъумапIэхэм.
Къыхэгъэщыпхъэщ мы унэтIыныгъэмкIэ Мадинэ иджы тхылъ етIуанэ къызэрыдигъэкIыр. Япэр - «Адыгские (черкесские) золотошвеи из Причерноморской Шапсугии» фIэщыгъэм щIэту 2012 гъэм дунейм къытехьауэ щытащ. Абы авторым нэхъыбэу зи гугъу щищIыр Шапсыгъым щыщ бзылъхугъэ IэпщIэлъапщIэхэу 1913 гъэм екIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэхэм хэтахэрщ. КъищынэмыщIауэ, тхылъым къыщыхьа пасэрей сурэтыжьхэмкIэ абы тхыпхъэхэм я щIыкIэм, дыщэидэм къыщагъэсэбэпу щыта Iэмалхэр зэпкърех. Ар лъабжьэ хуэхуауэ къэплъытэ хъунущ иджырейм. «ХэдыкI», «Зэгуэухуанэ», «ЗэIущэныгъэ» IыхьэхэмкIэ зэпыуда тхылъым адыгэ бзылъхугъэ IэщIагъэм и зы Iыхьи гулъытэншэу къигъанэркъым, нэхъ гурыIуэгъуафIэ зыщIын сурэтхэри дэщIыгъужащ. Псори зэхэту сурэт миным щIигъу щызэхуэхьэсащ абы, къызэрымыкIуэу лъапIэщ, нэхъ пасэкIэ куэдым ямылъэгъуа сурэтыжьхэр, дэфтэр хъумапIэхэм я сурэт гъэтIылъыгъэхэр. Ахэр тхылъым игъэувэным хуэзыгъэхьэзырар сурэтыщI Щоджэн Жаннэщ.
«Адыгэ идэр» IуэрыIуатэм щыщ теплъэгъуэ кIэщIкIэ щIэджыкIакIуэм пожьэ. Сэтэней гуащэ нартхэм я фащIэ Iэзэм едауэри, жриIащ зы махуэм тхыпхъэкIэ гъэщIэрэщIа адыгэ фащэ екIуу хуэдыну къызэригъэгугъэр. Мыдрейри абы пикIуэтакъым, уанэ зэгъэпэща а пIалъэм ищIыну псалъэ иритащ нарт гуащэм. АбыкIэ зэгурыIуэри, щхьэж и Iуэху яужь ихьащ. Дыгъэ къухьэгъуэр къыщыблагъэм фащIэм зэрыжиIауэ уанэр ищIат. Ауэ Сэтэней ейр иджыри нигъэсатэкъыми, дыгъэм зыхуигъазэри, нэхъ хуэму къухьэну елъэIуащ. Гуащэм и IэрыкI дахэр зылъэгъуа дыгъэр къызэтеувыIащ, апщIондэху абы бостейр нигъэсри ар щыгъыу щIэкIати, нарт щIалэр зэ IуплъэгъуэкIэ итхьэкъуат. «ЗэраIуатэм нэхърэ унэхъ дахэжи», - жиIат абы зыхуэмыIыгъыу. Алъандэрэ дыгъэ къухьэгъуэм мащIэу зиIэжьэ хъуауэ яIуэтэж.
Тхылъым и фIыпIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ дыщэидэм и псалъалъэ цIыкIу зэрыщIыгъужыр. Мадинэ а псалъэхэр илъэс куэдкIэ зэхуихьэсыжри къэбэрдей, адыгей диалектхэмкIэ щIэджыкIакIуэм я пащхьэ ирилъхьащ.
Иванокъуэ Мадинэ и лэжьыгъэм дыщэ идэм и дуней телъыджэм ухешэри абы и щIагъыбзэр, щэхур, и щхьэхуэныгъэхэм нэIуасэ ухуещI. А IэщIагъэр къызэрыгуэкIыу къэзылъытэ дэтхэнэми и еплъыкIэр иригъэхъуэжынущ тхылъым еджэм. Сыт хуэдэ IэщIагъэми хуэдэуи абыи бзылъхугъэхэм езым я «хъэтI» зэрыщызэрагъэпэщыжыр, налъэ налъэурэ абыхэм лъэпкъ гъуазджэр зэрызэIуащар, Iэмал гъэщIэгъуэну къагъэсэбэпар, телъыджэ фщыхъун нэгъуэщI куэдми фыщрихьэлIэнущ абы.
Мадинэ зэрыжиIэмкIэ а тхылъхэр къыдигъэкIынымкIэ ар тезыгъэгушхуар абы и адэ, КъБР-м и къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэ Дохъушокъуэ Мусэщ. Шэч лъэпкъ хэмылъу пхужыIэнущ а къыдэкIыгъуэр ди зэманым и Iэужь нэхъыфIхэм халъытэу лъэпкъыр щыIэху зэрызэрихьэнур.

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: