НыбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ

Каратэ

Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ илъэси 10-11, 12-13 зи ныбжьхэм каратэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Медалхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 48-м къикIа спортсмен 754-рэ.

МахуитIкIэ екIуэкIа зэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм нэхъ лъэщхэр наIуэ щыхъуащ. КуэдкIэ адрейхэм япэ ищащ Саратов областым и командэ къыхэхам щыщхэр. Псори зэхэту абыхэм къахьащ медаль 15 (ар хуэдитIкIэ нэхъыбэщ абы къыкIэлъыкIуэхэм зыIэрагъэхьахэм елъытауэ). Липецк областым и каратистхэр етIуанэщ. Абыхэм къакIэлъокIуэ Тверь областым къикIахэр. ЗэфIэкI хъарзынэхэр къагъэлъэгъуащ Мэзкуу къалэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Ростов, Новосибирск, Самарэ областхэм я командэхэм.
Щхьэзакъуэ зэпэщIэтыныгъэхэм япкъ иткIэ «кумитэ» лIэужьыгъуэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Гуэбэшы Арнеллэрэ (кг 32-рэ) Атмурзаевэ Зухърарэ (кг 36-рэ). Залиханов Къуанч (кг 42-рэ) етIуанэ увыпIэр иубыдащ. ТекIуий Алий (кг 30) жэз медалыр лъысащ.
Зэхьэзэхуэм хэтахэмрэ командэхэм я унафэщIхэмрэ къыхагъэщащ Налшык щекIуэкIа зэпеуэр фIы дыдэу къызэгъэпэща зэрыхъуамрэ сытым дежи хуэдэу, КъБР-м щыпсэухэм я гуапагъэмрэ.

ЖЫЛАСЭ Замир.
Поделиться: