ЛIэщIыгъуэм и цIыху

Адыгэм ди гъащIэм зэхъуэ­кIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ: бгъэныщхьэ унэм щIэкIри унэ зэтетхэм Iэпхъуахэщ, фэтыджэн уэздыгъэр электрокъарукIэ яхъуэжащ, пхъэгъэсын жаIэжыркъым - газкIэ мэпщафIэ, дамащхьэкIэ псы къахьыжыркъым, выгу-шыгу зезыхуэу щытахэр «Мерседес»-м итIысхьащ. Телефон, телевизор къызэрыгуэкIхэр зэрамыпэсыжу, жып телефонымрэ спутник телевиденэмрэ зрапщыт, Iэпэ шоты­жьыр ягъэтIылъауэ, компьютер лъэщхэм бгъэдэсщ. Ауэ Iуэхуракъэ, дызыхуэмей гуэрхэри къыздахь, адыгэ хьэл-щэныр ягъэу­жьых, ди анэдэлъхубзэр къытфIызэIащIэ.

 

ДИ ЖАГЪУЭ-ди гуапэми, адыгэ Iэнэм уэрэдыжьрэ хъыбарыжьу щызэпадзыжыр мащIэ дыдэщ. Нобэ къытщIэхъуэ ди щIэб­лэм я дежкIэ телевизор экраным къи­лъадэ персонажу «Черепашки-нин­дзя»-хэр, «Человек-паук», «Бэтмэн» сымэ нэхъ нэIурытщ нарт Сосры­къуэ, Бэдынокъуэ сымэ нэхъ­рэ. Пэжщ, а Iуэхум ди мызакъуэу, лъэпкъышхуэхэри егъэгузавэ, зэрызахъумэжын Iэмалхэр къалъы­хъуэ. Дэри, лъэпкъыу дыкъызэте­нэну ды­хуеймэ, дунейпсо цивилизацэм ды­зэрыдэгъуэгурыкIуэн Iэмалрэ хэ­кIы­пIэрэ къэдгъуэтын хуейщ.
Адыгэм ди IуэрыIуатэр зэхуэ­хьэ­сыжын, джын, ар цIыхубэм я пащ­хьэм екIуу илъхьэжын я лъэны­къуэкIэ, ХХ лIэщIыгъуэм Зырамыку нэхърэ нэхъыбэ зылэжьа гъуэты­гъуейщ. XIX лIэщIыгъуэм апхуэдэу диIащ Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ. КъардэнгъущI Зырамыкуи, абыхэм хуэ­дэу, и гъащIэр зытеухуауэ щытыр лъэпкъ тхыдэр, IуэрыIуатэр хъумэ­нырщ. Тхьэм жимыIэкIэ, ауэ, итIани, шынагъуэ щыIэщ дызыхуэкIуэ лIэщIыгъуэм Зырамыку хуэдэу Iуэ­рыIуатэкIэ Iэзэ лъэпкъым къыщIэ­мыхъуэжынкIэ. Псалъэм къыдэ­кIуэу жытIэнщи, сабийр къэгъэнауэ, егъэ­джакIуэ дапщэ бгъуэтыну «уэкъулэр» зищIысыр ящIэу, е «Суншыжь гущэм и тобылыгъур пщы дадэм и зэпэбашт», е «Пы­лыжьым и пкъыр зи убыдакъ» жы­хуиIэ псалъэхэр тэмэму зэпкърихыу къыбгуригъэIуэфыну? АтIэ ахэр къыбгурымыIуэмэ, бзэм и IэфIыр умыщIэу аращи, абы щыгъуэм уи адыгэнри нэхъ кIэщI мэхъу.
Зырамыку и цIэр зэхэзымыха адыгэ гъуэтыгъуафIэкъым, тхылъ­кIэ, уэрэдкIэ ирехъу, псоми ялъэIэсащ. Хэкум къыхуэпабгъэу хэхэс ­хъуауэ хамэ щIыналъэхэм щыпсэу адыгэхэр нарт пшыналъи, адыгэ уэрэди, адыгэ хъыбарыжьи, адыгэ таурыхъи хуабжьу хуэныкъуэт. Сыту жыпIэмэ, зэпыщIэныгъэ щыIэтэкъым, къэралым цIыхухэр икъу­зырт. Мис а лъэхъэнэм «и чэзу дыдэу» Зырамыку абыхэм ялъэ­Iэсащ. И макъ дахэмкIэ къихьэ­хуащ.
КъардэнгъущIыр адыгэ псоми фIыуэ тцIыху къудейм къыщымынэу, фIыуэ долъагъу. Апхуэдизу ар гупсэгъу тхуэзыщIым и щхьэусы­гъуэ нэхъыщхьэр дэ фIыуэ тлъагъу ди лъэпкъ IуэрыIуатэр Зырамыку фIыуэ зэрищIэрщ. Ар ноби гукIэ къе­джэфынущ «Нарт» эпосым и Iыхьэ нэхъыфIхэу Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Ашэмэз, Мэлэчыпхъу сымэ я пшыналъэхэм. Жьыми щIэми уэрэдищэ бжыгъэ, хъыбархэри и гъу­сэжу, къыбжиIэфынущ. «КхъыIэ, Зырамыку, умысымаджэ. Щэбэтым фылажьэу сщIамэ, сынэкIуэнут, ­адрей махуэхэм хьэ епхам сы­хуэ­дэщ. Узыншагъэ дахэ Алыхьым ­къуит, уэрэдыжьхэм я тхьэу ди Зы­рамыку», - къетх Къубэ-Тэбэ щыщ Къэзан Толэ. Зырамыку и ныб­жьэгъу, тхакIуэ, щIэныгъэлI цIэ­рыIуэ Нало Заур и фIэщу, жиIэр фIэмащIэу, Къар­дэнгъущIым и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ зэпкърыхауэ щIытетхыхьари, абы и теплъэр скульптор ТхьэкIумашэ Михаил мывэм къы­щIыхиIущIыкIыфари, Бгъэжьно­къуэ Заурбэч, Црым Руслан, КIыщ Мухьэдин сымэ абы и сурэт щIат­хари, Жылау Нурбий, IутIыж Борис, Щоджэн Леонид сымэ хъуэхъу усэкIэ зыкъыщIы­хуагъэзари ады­гэлI­ щэджащэм лъэпкъым хуилэ­жьар арщ.
Быдэу си фIэщ мэхъу дэ ди яужь къиувэну щIэныгъэлIхэмрэ тхакIуэ­хэмрэ дяпэкIи Зырамыку и гъащIэмрэ гуащIэмрэ мызэ-мытIэу зэрытетхыхьынур.
Зырамыку къызэралъху махуэрэ и щхьэм кърикIуар зэрыщыту тхы­дэщ, драмэщ, тхыдэм къыхуалъхуа дэтхэнэ зы лIы Iущми хуэдэу. Абы и щыхьэтщ тхыгъэ хьэлэмэт хъуа Зырамыку и «Гукъинэжхэр». Ди адыгэ щэнхабзэм и тхыдэм увыпIэ хэха щиубыдын хьэзыру къалъхуа Зырамыку, ар езым пасэу къыгурыIуэжа хуэдэ, сакъыу, зыкIэ­лъыплъыжу, зыхущIегъуэжын лъэпкъ имылэжьу мэпсэу, зыхалъ­хуа зэманыр «цIантхъуэрыгъуэу» екIуэкIа пэтми. Илэжьри зыхуилэжьри ищIэжу гъащIэр ирехьэкI. Ар насыпышхуэкъэ?!
Зырамыку щалъхуа жылэр ­пщыш­хуэ жылэщ, Жанхъуэт и къуэ Кушыку и къуажэ Жанхъуэтхьэб­лэкIэ зэ­джэу щытарщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, абы тхыдэм, хабзэм, лIыгъэм пщIэ лей щыхуащIу къогъуэгу­ры­кIуэ. Арагъэнщ лъэп­къыр зэ­ры­гушхуэ лIыфI куэд - Акъсырэ Залымхъан, Сонэ Башир, Болэ Мурат, Яхэгуауэ Михаил, Мысачэ Пётр, Мысостыш­хуэ Пщызэбий, Црым ­Руслан, Жа­нэ Мурат, Мэкъуауэ ­Мурат сымэ хуэ­дэхэр - Псыгуэнсум къыщIы­дэкIыр.

Сурэтым: Шортэн Аскэрбийрэ Зырамыкурэ. 1962 гъэ

СОКЪУР Валерэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат.
Поделиться: