Япэ адыгэ скульптор Къалмыкъ Фёдор

 Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ адыгэ скульптор Къалмыкъ Фёдор Батырбэч и къуэр псэужамэ,  мазаем  и 15-м илъэс 87-рэ ирикъу­нут. Ар ­Бахъсэн ­районым хыхьэ Куба къуажэм 1932 гъэм къыщалъ­хуащ. ЗэрыцIыкIурэ дэзыхьэх сурэт щIыным Налшык къэIэпхъуа иужькIэ зыщыхуигъэсащ Сабий творчествэмкIэ унэм. Курыт школыр къиух­ри, Фёдор 1947 гъэм щIэтIысхьащ Саратов щыIэ художественнэ училищэм ­скульптурэмкIэ и къудамэм. Ар къиухри, Налшык къигъэзэжащ.

Колхозхэт Къал­мыкъ Батырбэчрэ  Ленинс­кэ еджапIэ къалэ цIыкIур къэзыуха абы и щхьэгъусэ Алъхъэс Назифэрэ уна­гъуэ насыпыфIэ яухуауэ Куба къуажэм щыпсэурт. Зэщхьэгъусэхэм бынищ къащIэхъуат: Тамарэ (1924), Iэхьед (1928), Фёдор (1932). Иужьыр дунейм къыщытехьа гъэ дыдэм бынунэм ажал гущIэгъуншэр къахэIэбэри, адэр ящхьэщихащ.
Анэм сабиищыр ипIу, 1936 гъэ пщIондэ Куба къуа­жэм дэсащ. Зэманыр гугъут, сату щIэныр зи лэжьыгъэ Назифэ къуа­жэм IэнатIэ щигъуэтыр-тэ­къым. Бынищ зыпIыну къызыпэщылъ анэ дэ­Iэпыкъуэгъуншэм Нал­­шык фэтэр къыщищ­тэри, тыкуэнтету лэжьэн щIи­дзащ. Зыгъэлажьэхэр къы­­дэIэ­пыкъури, и быни­щыр «Партизан плъыжь» Сабий унэм иратащ. Iэхьедрэ Фёдоррэ сурэт щIынымкIэ къызэрыхэжаныкIым егъэджа­кIуэ­хэм гу щы­лъа­тэм, Са­бий творчест­вэмкIэ унэм щагъа­сэ су­рэ­тыщI ныб­жьы­щIэ­хэм я гу­пым хагъэхьащ. Зэ­къуэ­ши­тIым я кIэн къикIат - ахэр зыхэ­хуар РСФСР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI цIэрыIуэ,  ­КъБАССР-м гъуа­зджэ­хэм­кIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ Гусаченкэ Николай и гупырт.
Тхыдэм къызэры­хэ­щыж­­щи, ВКП (б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретару лэжьа, къэрал псом къыщацIыху Къалмыкъ БетIал 1938 гъэм ягъэтIысащ, «лъэпкъым и бий» цIэр къыфIащри. Батырбэч и адэ къуэшым и ­къуэ Къалмыкъ БетIал тралъ­хьа пцIым и зэранкIэ, Тамарэ, Iэхьед, Фёдор сымэ Сабий унэм къыщIагъэкIыжащ. Сабий творчествэмкIэ унэм екIуалIэ сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я гупми къыхагъэкIыжащ зэкъуэшитIыр. Нази­фэ щыпсэу фэтэрым и бынищыр къишэжащ. Къал­мыкъ БетIал дунейм ­ехыжа нэужьщ Iэхьедрэ Фёдоррэ сурэтыщI ныб­жьы­­щIэхэм я гупым щы­­хагъэхьэжар.
Я егъэджакIуэ Гусаченкэ Николай сурэтыщI Iэзэ  хъуну щIэхъуэпс зэкъуэшитIым гущIэгъу яхуищIу нэхъ нэ лейкIэ еплъырт, зи адэ зыщхьэщымытыж ныб­жьыщIэхэм хузэ­фIэ­кIымкIэ ядэIэпыкъурт. «СурэтыщI Iэзэ къы­ф­хэ­кIынущ», - жиIэурэ тригъэгушхуэрт.
1938 гъэм къыщыщIэ­дзауэ 1941 гъэ пщIондэ ныб­жьыщIэхэр егугъуу еджащ. Зауэм зэрыщIидзэу, илъэс 16 фIэкIа зи мыныбжь я шыпхъу Тамарэ, медсестра лэ­жьыгъэм зэман кIэщIкIэ зы­щыхагъэгъуазэ курсыр къиухри, езым и фIэ­фIыныгъэкIэ фронтым кIуащ, Хэкум зэримыбийр, атIэ абы хуиIэ лъа­гъуныгъэр къигъэлъэ­гъуэн щхьэкIэ.
Тамарэ и псалъэхэм еп­цIыжакъым, бийм хахуэу, къикIуэт имыIэу пэ­­щIэтащ. Бзылъхугъэр зэрыхахуэм и хъыбарыр япэ дыдэу щызэхахар зыхэт гупым и унафэщIым къыбгъэдэкI письмо и анэ Назифэ къы­хуэкIуа нэужьщ, хэкупсэ нэс зэригъэсам папщIэ абы фIыщIэ къыхуищIу. А хъыбарыр Шэджэм Езанэм щынэсым, Назифэ и дэлъху Щхьэболэт Брамтэ къуажэм кIуэри, и шыпхъумрэ абы и щIа­литIымрэ зришэлIэжащ икIи хузэфIэкIымкIэ ядэIэпыкъуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ-зэрыпхъуа­кIуэ­хэм къыIэщIагъэкIыжа нэужь, Тамарэ къэкIуэжащ. Зауэм и мафIэ лыгъейм ар гъущIым хуэдэу ипсыхьат. И дэлъхуитIым ар яхуэхъуапсэрт еджапIэ щIэтIысхьэу гъуа­з­д­жэмкIэ яIэ щIэныгъэм пащэну, я Iэзагъэм хагъэ­хъуэну,  су­рэтыщI нэс  къа­хэкIыну. Апхуэдэ еджапIэ Шэджэм дэттэкъыми, Налшык Iэп­хъуэжын ­хуейт, ауэ щып­сэун яIэтэкъым. Тама­рэ Налшык къалэ испол­комым зы­хуигъэзащ икIи, зауэм зэрыIутар къа­­лъы­тэри, а зэманым Клиничес­кэ уэраму щыта, иджы Мечиевым и цIэр  зезыхьэм  хуэзэу щIы къыщратащ, псэуа­лъапхъэхэмкIи къыдэIэпы­къуащ. Ап­хуэ­дэу яухуащ Къалмыкъхэ я лъапсэ нобэми щытыр.
1957 гъэм, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум ирихьэлIэу, КъБАССР-м и сурэтыщIхэм я гъэлъэгъуэныгъэу Москва ще­кIуэкIам абы и лэжьыгъэхэри хэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым Совет властыр зэрыщыуврэ илъэс щэ ныкъуэ зэ­ры­рикъум и щIыхькIэ къы­зэрагъэпэща «Совет Ипщэ» гъэлъэгъуэныгъэм нэхъы­фIу къыщалъытат абы и лэжьыгъэр. А гъэ дыдэм ­СССР-м и СурэтыщIхэм я зэгу­хьэ­ны­гъэм хагъэхьащ. Зэман дэкIри, КъБАССР-м и СурэтыщI­хэм я зэгухьэныгъэм и п­равленэм и япэ секретару хахауэ щытащ.
Республикэм и гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къалъытэри, «Лэ­жьыгъэм щиIэ ехъу­лIэ­ныгъэм папщIэ» ме­далыр къыхуагъэфэщащ. ­КъБАССР-м и сурэ­ты­щI­хэм ящыщу апхуэдэ дамыгъэ япэу зратар аращ.
Къалмыкъ Фё­д­ор лэ­жьы­гъэ 40-м щIигъу и Iэдакъэ къы­щIэ­кIащ. Ахэр нэхъыбэу зыт­риу­хуари республи­кэм и цIыху цIэ­рыIуэхэрщ: дирижёр АфIэунэ Хьэмид, механизатор Джантуев Тамушай, жэмыш Атэбий ФатIимэт, шыхъуэ пэрыт, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Къал­мыкъ Хьэжмурат сымэ, нэ­гъуэщIхэми. Фёдорщ зи лэжьыгъэр Орджоникидзе Сергорэ Къал­мыкъ БетIалрэ я фэеплъхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и скульпторхэм ящыщу Нарт эпосым япэу зы­хуэзыгъэзар аращ. Iуэ­рыIуатэм теухуа лэ­жьыгъэ зыбжанэ игъэ­хьэзыращ абы.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм и хэлъ­хьэ­ныгъэфIу ялъытэ Зей (Кизиловка) лъагапIэм тет Сосрыкъуэ и скульптурэр. А бгыщхьэм тхыдэ-этнографие музей къыщызэIуахыну Къалмыкъ Фёдор къыхилъхьат. Архитектор Палагашвилирэ Фёдоррэ яубзыхуат республикэм нобэр къыздэсым имыIэ, абы щыгъуэ къызэIуахыну я мурада музейм хухахыну щIыпIэри, абы игъуэ­тын хуей теплъэри. Ауэ Фёдор дунейм ехыжри, а Iуэхури езым дэкIуэдыжащ. Иджы а щIыпIэр шхапIэ-ефапIэщ.
1968 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыдигъэкIащ «Къалмыкъ Батырбэч и къуэ Фёдор» тхылъыр, скульпторым и лэжьыгъэхэр щызэхуэ-хьэсар. Сабийхэм я дунейм, я гупсысэкIэм фIыуэ щы­гъуазэ Фёдор ейщ «ПщафIэ ныбжьы­щIэ», «Турист ныб­жьы­щIэ­­хэр», «Лъахэхутэ ныбжьы­щIэхэр», «Тхылъ зы­IэщIэлъ школакIуэ», Пуш­киным и ­«Бдзэжьеящэмрэ дыщэ бдзэжьеймрэ», Бажовым и «Мывэ удз гъэгъа», Шарль Пьерро и «ПыIэ плъыжь цIыкIу», Крыловым и «Дыгъужьымрэ щынэмрэ» ятриухуа скуль­птурэхэр.
КъищынэмыщIауэ, Къал­мыкъ Фёдор и Iэдакъэм къыщIэкIащ тхы­дэм пэджэж лэжьыгъэ зыбжанэ. Апхуэдэхэщ Дзэ­­лыкъуэ хъупIэхэм щхьэ­кIэ зыкъэзыIэта мэкъумэшыщIэхэм ятриу­хуа скульптурэр (Дзэлы­къуэкъуажэм и дыхьэ-пIэм и деж щагъэуващ), Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зауэлI­хэм, къэрал къу­лыкъущIэхэм, дзэзешэ­хэм, щэнхабзэмрэ гъуа­зджэмрэ я лэжьакIуэхэм ехьэлIахэр. Дахэна­гъуэ - насыпым и дамыгъэ къэ­зыгъэлъагъуэ скульптурэ Налшык къалэ щигъэувыну и мурадащ Къал­мыкъ Фёдор. Ауэ ари къемыхъулIа и хъуэпсапIэхэм ящыщ зыуэ къэнэжащ.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, Фёдор и лэжьыгъэхэм иджыри яхэтщ цIыхубэр нобэр къыздэсым зы-щы­­мыгъуазэхэри. Куэ­дым ящIэркъым Хэку зауэшхуэм щы­гъуэ ди лъэпкъэгъухэм къагъэ­лъэгъуа лIыхъужьыгъэм­рэ хахуагъэмрэ хуи­гъэпса, Прохладнэ къа­лэм щагъэува метри 4,5-рэ зи лъагагъ монументальнэ скульптурэр Къалмыкъ Фёдор зэриIэдакъэщIэкIыр.
СурэтыщI Iэзэ Дубровс­кий Николай жиIэ­гъащ: «Дэри дылIэжынущ, ауэ ди яужь къихъуэну щIэблэм къахуэдгъэнэну Iэужьырщ ди фэеплъ хъунур. ИтIанэщ фIыкIэ ягу дыкъыщыкIыжынур». Къалмыкъыр куэдым я гум фIыкIэ къинэжащ, псом хуэмыдэу къыдеджахэм, къыдэлэжьахэм, зыцIыхуу щытахэм. Абы къигъэна фэеплъым пщIэшхуэ хуащI, ирогушхуэ.
- Фёдор дигу къинэжащ шыIэ зыхэлъ щIалэ зэпIэзэрыту, псэ­лъэгъу хьэлэмэту, ныбжьэгъу пэжу, нэхъыщхьэращи, цIыху гу къабзэрэ псэ хьэлэлу. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэ имылэжьми, зы­хуей хуэзэу зэрызэфIихыным къарурэ зэфIэ-кIыу иIэр ирихьэлIэрт, - жеIэ абы къыдеджа Головницкий Лев. -  Саратов щыIэ художественнэ училищэм Фёдоррэ сэрэ илъэситхукIэ дыщызэдеджащ. Гупыр цIы­хуипщI дыхъурти, хуабжьу дызэкъуэтт. Дылажьэми, зыдгъэпсэхуми, махуэшхуэхэр дгъэлъа­пIэ­ми дызэгъусэт. Ар адрейхэм къащхьэ­щы­кIырт гъэсэныгъэ дахэ зэ­­рыхэлъымкIэ, зэрыу­кIытэхымкIэ, дэп­лъагъу гуапагъэмкIэ. Мурад гуэр ищIамэ, къимыкIуэтыжу зэфIигъэкIынут. Кавказым щыщхэм я «лъы пщтырагъыр» абы хэлътэкъым, ауэ ныбжьэ­гъухэм сыт щыгъуи гу лъыттэрт Фёдор нэхъыжьхэм пщIэ зэрахуищIым, уечэнджэ­щынуи нэхъыфI къэп­­лъыхъуэнтэкъым. Ап­хуэ­дэу гупым я щапхъэгъэ­лъагъуэу ар къытхэтт.  
- Фёдор щы­ла­жьэ пэ­шым зыщысплъыхьыну зэгуэр сыщIыхьат. Гуа­щэ зы­Iыгъ хъыджэбз цIыкIум и скульптурэ нимыгъэсам IэпэкIэ сыщеIусэм, Фёдор и фэм зихъуэжат. И скулъптурэм ап­хуэдэу сызэреIусар абы зыкIэ игу щIыхьати! Ауэ, къызэшхыдэным и пIэкIэ, гъуазджэр зыхызигъэщIэну, абы гъу­нэгъу сыхуищIыну иужь ихьащ. Ленинград Эрмитажым сишэри,  зыщыдигъэп­лъы­хьат, - игу къе­гъэ­кIыж и щхьэгъусэ Верэ. - Фёдор псэуну пIащIэрт, дахагъэм хуэнэхъуеиншэт. Сыт щы­гъуи нэжэгужэу, гушыIэжу ап­хуэдэт. Арауэ къыщIэкIынщ цIыху кIуапIэу ди унагъуэр щIыщытар. ФIэфI дыдэт щIэх-щIэ­хыу­рэ кино гъэщIэгъуэнхэм дигъэкIуэну. Щхьэгъусэ зиIэ цIыхухъухэм ар къащхьэщыкIырт си къэухьым хигъэхъуэну зэрегугъумкIэ. Ди сабийхэр цIыкIуу къиублэри, зы илъэси къэмынэу ­Ан­а­пэ дигъэкIуащ. ЩIэ куэд зэрызигъэлъа­гъуным ху­щIэ­къуу, музейуэ къилъытэ Ленинград и дэтхэнэ плIанэпэми зыщыдигъэплъыхьащ. Фёдоррэ сэрэ щэху зэхудимыIэу, ди акъыл зэтехуэу ды­зэ­дэпсэуащ, щIалэрэ  хъы­джэбзрэ къытщIэ­хъуащ. Абы си псэм зэ­рыз­ри­гъэ­у­зэщIаращ нобэр къыздэсым си къу­леигъэ нэхъыщхьэр, цIыхухэм с­а­зэрыхэтыр, сызэ­рып­сэур.
1967 гъэм автомобиль зэжьэхэуэм хэкIуэда щIалэм и ныбжьыр илъэс 35-рэт зэрыхъур.
Зи фэеплъ нэхум пщIэ хуэфащэ япэ адыгэ скульптор Къалмыкъ Фёдор и IэужьыфIхэр ноби псэущ, цIыхухэм я псэр игъэгуфIэу, я гукъыдэжыр къиIэту.

Фёдор и унагъуэр.


И благъэхэм я гъусэу зегъэпсэху.  1962 гъэ

 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: