Къалэмым къуэш зэхуищIахэр

Нобэ зи гугъу сщIыну Кърым-Джэрий СулътIан тхакIуэт, журналистт икIи щIэныгъэлIт. Адыгэ лъэпкъхэм яIа псэу­кIэм­рэ я тхыдэмрэ ятеухуауэ абы и Iэдакъэм къыщIэкIа тхыгъэ щIэщыгъуэхэр тедзэн зэры­щIа­дзэрэ илъэси 110-м щIигъуащ. Пушкин, Лермонтов, Белинский сымэ я лъэхъэнэгъу Инэт Кърым-Джэрий къыщIэна ­тхыгъэхэм куэд яхэтщ иджыри я пщIэр мыкIуэдауэ, ди нобэрей тхылъеджэхэм къахуэщ­хьэпэну.

АДЫГЭ еджагъэшхуэ ХьэдэгъэлI Аскэр зэрыжиIэмкIэ, Кърым-Джэрий тхакIуэ, этнограф цIэрыIуэ Хъан-Джэрий и ­къуэш нэхъыщIэщ. Ар Шэрджэсым щыIэ Къудакъуэ къуа­жэм къыщыхъуащ. Къыщалъхуа илъэсыр 1805 гъэм худогъакIуэ. А зэманым щхьэ тедубыдэрэ? Езым и ныбжьэгъу Муравьёв А. Н. 1847 гъэм фокIадэм и 2-м хуитха тхыгъэм деж улъэпхъэ­щэн щыщIыдодзэри, къыщалъ­хуа гъэр къонаIуэ. АтIэ а письмом Кърым-Джэрий къыщегъэ­лъагъуэ илъэс 18 хъуауэ ­къулыкъу зэрищIэр.
Иджы, япэ дищынщи, дигу къэдгъэкIыжынщ зы зэман Кърым-Джэрий Бытырбыху щы­Iэу Кавказ-Бгырыс эскадрон ­ныкъуэм зэрыхэтар. Къэралым и архив нэхъыщхьэм хэлъ тхыгъэхэмрэ Петин Сергей и тхы­лъымрэ къызэрагъэлъагъуэмкIэ, анэмэту урысхэм ирата бгы­рыс щIалэхэр пэщIэдзэ еджапIэхэм щIашу къулыкъум щыхагъэхьэу щытар я ныбжьыр илъэс 23 - 25-м нэсауэщ. Бытырбыху щагъэкIуам Кърым-Джэрий илъэс 24-м итауэ къыдощтэри, къулыкъу зэрищIа илъэс пщы­кIуийр абы хыдолъхьэж. Илъэс 42-рэ мэхъу.
Кърым-Джэрий яхэтащ Урысейм щрагъэджэну япэу ягъэкIуа адыгэхэм. И Iыхьлы Къаз-Джэ­рий щIыгъуу еджащ. 1829 гъэм хагъэхьащ Кавказ-Бгырыс эс­кадрон ныкъуэм. Зи гуращэр зэтехуэхэр нэхъ зэкIуэгъужэгъу хъу хабзэщ. Кърым-Джэрийрэ Нэгумэ Шорэрэ щIэх зэрыцIыхуу я дзыхь зэрагъэзам шэч хэлъкъым. Ар нэрылъагъущ иужькIэ тIури адыгэ IуэрыIуатэм елэжьу, ар хэIущIыIу ящIу зэрыщытамкIэ.
1830 гъэм пащтыхьым и «щхьэхъумэ» бгырыс гупыр зэуэну ­Польшэм ягъакIуэ. Адыгэ шууейхэм пащтыхьым хуагъэшащ батэр, а зауэм кIуахэм яхэтакъым дамыгъэ зрамыта е и къулыкъу­кIэ драмыгъэкIуэтея. Кърым-Джэрий абы къикIыжащ урядникыу.
1832 гъэм хуэпхь хъунущ тха­кIуэ Муравьёв Андрейрэ абырэ щызэрыцIыхуар. Къаз-Джэрийщ а тIур зэзышэлIар.
ПлIыщI гъэхэм я пэщIэдзэм Кърым-Джэрий, хорунжэ хъуауэ, Кавказым ягъэкIуэжри, Кубань къэзакъыдзэм и Iэтащхьэм и канцелярием къулыкъу щещIэ. Абы иритхыкIри, зи гугъу тщIа тхыгъэр Муравьёв хуитхащ. Езы тхакIуэм къыщIэнахэм къыхахыжа а тхыгъэр зытеухуам куэд ­щыгъуазэкъым.
Мыращ абы итыр: «ПщIэ зы­хуэсщI зиусхьэн Андрей Николаевич! ЗыкIи къэзмылэжьа хабзэмрэ нэмысымрэ къыскIэ­лъызепхьауэ сщIэж пэтми, Бытырбыху Моховойм сынэтхэну укъы­зэрызгъэгугъар япэ зэманым зэрысхуэмыгъэзэщIамкIэ сэ уи деж хуабжьу сыщыкъуан­шэщ. Иджыблагъэ Антонович къызжиIэжащ абы хуэптха письмом сэ стеухуауэ псалъэ зыбжанэ зэритыр, атIэ уигу сызэримыхужар апхуэдизкIэ си гуапэ хъуащи, си фIыщIэр къызэрыс­Iуэтэн псалъэ къысхуэгъуэтыркъым. Уи фIэщ щIы: уэ къыс­хуэпщI гулъытэм, сэ абы сыхуэ­мыфащэ пэтми, егъэлеяуэ сы­зэрыщыгуфIыкIыр. Апхуэдэу фIы­уэ сыкъыщIэплъагъури укъыс­хуэзэну ущIигуапэри къызгурыIуэркъым. Хэт ищIэн, жы­зоIэ, ар тхьэ Iэмырщ; си гъащIэр иузэщIыну, си Iуэхур иунэтIыну абы уэ укъысхуигъэунэхуами ярейщ.
Сыббгъэдэту зэ бжесIауэ щытащ, абы иджыри зэ къытызогъэзэж, генерал Александр Иванович (пщы Барятинскэращ зы­тепсэлъыхьыр, 1847 гъэм мазаем и 27-м къыщыщIэдзауэ Къэ­бэрдей егерь полкым и уна­фэщIу щытащ - Хь. М.) ди унафэщIу щытыху, си гъащIэм щыщу илъэс 18 зэста дзэ къулыкъум сыкъыпыкIыныр щыуагъэ хъунт; ауэ арыншэу дыкъанэ ­хъужыкъуэмэ, сэри адэкIэ си ­гъащIэр зэрыхъунум сегупсысын хуейщ, мис абы щыгъуэ япэу си Iуэху зэсхьэлIэнури уэращ, сыту жыпIэмэ, уэ зы закъуэращ полкым къыщыздэIэпыкъуфыну сы­зыщыгугъыну щыIэр.
СщIэркъым щIэх уэрэ сэрэ дызэхуэзэжыфынуми, ауэ, уи фIэщ сыщI, а си гугъапIэр къызэхъулIэмэ, игъащIэкIэ къалэмым къуэш дызэхуищIауэ слъытэнущ, си гур пхуэкъабзэщ, фIыщIэшхуи пхузощI мы дунейм куэдрэ ­узыщримыхьэлIэж гулъытэр сэ, уэ уи хамэ цIыхум, къызэрыслъыбгъэсамкIэ».
Адыгэ щIэныгъэлIыр илъэс куэдкIэ Муравьёвым пыщIауэ зэрыщытар щыдолъагъу мы ­тхыгъэм. Езы Муравьёвым Лермонтовыр фIыуэ ицIыхурт. Пушкиныр зэраукIам теухуауэ итха усэм и иужьрей сатыр 16-м щхьэкIэ Лермонтовыр бэлыхь хэхуэну къезыгъэлари а Муравьёв дыдэращ, езым и благъэ, Ещанэ Отделенэм и унафэщI Мордвиновым елъэIури, а Iуэхур зэман гуэркIэ зэтрауIэфIат. Пушкиным и щыкъу щIалэм къригъэцIыхуауэ, Мордвиновым и нэIуасэт езы Александр Сер­геевичри. Муравьёвыр щыгъуа­зэт бгырысхэм я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу ирагъэкIуэкI бэ­нэныгъэр урыс усакIуэшхуэхэм зэрыдаIыгъым, бгырыс лъэпкъ­хэр жагъуэу зэрамылъагъум, пащ­тыхьымрэ абы и пыхъуэ­пы­шэхэмрэ Кавказым щызэрахьэ залымыгъэр ямыдэу я макъ зэрагъэIум. Езыми фIэзахуэтэкъым бгырысхэр зэрыдакъузэр, ахэр Iисраф зэращIыр. Кърым-Джэрий хуигъэхь тхыгъэхэм мызэ-мытIэу щыщIэупщIэрт зауэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм, и ныбжьэгъум щелъэIурт зыщы­гъуазэ псори хуитхыну. Абы къы­дэкIуэуи, Муравьёвым и нэIэ ­тригъэту щытащ Кърым-Джэрий щIэ­ныгъэм хилэжьыхьхэм, адыгэ щIалэр нэхъыфIу тхэ ­хъунымкIи дэIэпыкъуащ. А зэ­рызэхуэтхэм нэмыщI, ахэр зэ­кIэлъыкIуэу щытами дэ тщIэркъым, ауэ ари хуэбгъэфащэ хъунущ.
ЕхыщIанэ гъэхэм Кърым-Джэрий щыпсэуащ Бжьэды­гъу­къалэмрэ (Екатериноградрэ) ЦIэ­мэзрэ (Новороссийскрэ), щылэжьащ «Кубаныдзэ хъыбархэр» газетым. Журналист IэщIагъэм ар тхэкIэм хуэIэзэ ищIащ. Урысейм щыщыIам Iуэху еплъы­кIэщIэхэм яжь къыщIихуати, ар Iущ мэхъу, гъащIэм и екIуэкIы­кIэр къыгурыIуэу, и дуней еп­лъыкIэми фIыкIэ зеузэщI икIи, Кавказым къигъэзэжа нэужь, зи акъыл зэтеува, зыхущIэкъури къыпэщытри зэзылъытыжыф лIы абы къищIыкIат. Пэжщ, Кърым-Джэрий «гъащIэм зэреплъу щытар мыпхуэдэущ: ар ­лIакъуэлIэшхэм я бийт, лъху­къуэлIхэм нэхъ я телъхьэт» жыт­Iэу тхуэукъуэдиинукъым, ауэ, и напэм къызэрыригъэзэгъым хуэдэу, цIыху къызэрыгуэкIхэми яхущытащ.
ДЗЭ ТIЫСЫПIЭХЭР къыздызэхикIухьым, къызыхэкIа лъэп­къым и щэнхабзэмрэ и псэу­кIэмрэ куууэ здиджым, Кърым-Джэрий къыгурыIуэу щIедзэ япэщIыкIэ политическэ хуиты­ныгъэр къэзэун зэрыхуейр. Кавказ псор пащтыхьым и бжьым къыщIэгъэкIынымкIэ ар япэ ­лъэбакъуэт. Псом япэ Iуэхуу абы къилъытэрт щIыр тэмэму гуэ­шыныр къызыдэкIуэну зэхъуэ­кIыныгъэхэмрэ цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтыныр къызэгъэпэ­щынымрэ зэгъэхъулIэныр. И ­лъахэр зыгъэунэхъууи жыхуиIэр пащтыхьым бгырысхэм ядригъэкIуэкI зауэ емынэрат. И щхьэ течауэ ар газетым тридзэу къызэрыхуамыдэнур ищIэрти, Кърым-Джэрий хуотхэ Кавказым дзэуэ исым я Iэтащхьэ пщы ­Барятинский Александр. А тхыгъэм Кърым-Джэрий щылъа­Iуэрт зауэр гъэувыIауэ, езыхэм яфIэфIу бгырысхэр Урысейм гуа­гъэхьэну, щIыпIэм щыщыIэ кIы­фIыгъэр ягъэкIуэдыну. Тхыгъэр губзыгъэу тхащ, фIэгъэнапIэ ящIын ямыгъуэтын, «адыгэхэм нэхъ уакъыдощI» къыхужамыIэн хуэдэу. И лъэIум, Iуэхур зэры­щытым и щапхъэхэр куэду къихьурэ, къыщегъэлъагъуэ политикэ и лъэныкъуэкIэ Iущыгъэшхуэ зэрыхэлъыр, зытепсэлъыхьым фIыуэ зэрыщыгъуазэр. Арын­шауи наIуэ пхуэщIынутэкъым а зэманым Кавказым щыщыIэ ­хъуа щытыкIэр. Хуитыныгъэмрэ мамыр гъащIэмрэ яIэу, зэгуры­Iуэ-зэдэIуэжу бгырысхэр псэу ­хъуауэ илъагъуныр Кърым-Джэрий и хъуэпсапIэт.
Хьэуэ, псори зыщыгъуазэм ириу­жьгъэ жыIэзыфIэщтэкъым икIи уанэншэ шутэкъым адыгэ тхакIуэр - къиIэт Iуэхухэм игурэ и щхьэрэ хузэтелът. Зауэм теплъэ мыхъу щхьэкIэ, абы «хеящIэ ­зауэхэр» щыIэн хуейуэ къилъытэрт, сыту жыпIэмэ, апхуэдэ­хэр къытехъеикIырт залымыгъэм, къыщIагъэхъейри хуиты­ны­гъэр я хэкум ирагъэгъуэтын, цIыхухэр зэхуагъэдэн мурадкIэт.
1861 гъэм и пэщIэдзэм Кърым-Джэрий щыIащ Мэзкуу. Абы и щIэ­ныгъэм щыхигъэхъуащ, литературэмрэ гъуазджэмрэ я лэ­жьакIуэхэр щызригъэцIыхуащ. Кавказым къэкIуэжри, куэд мы­щIэу абы газетым трыригъэдзащ «Сэфар-пэщэ шапсыгъыпщыр» зыфIища тхыгъэр. Дэ зэрытщIэмкIэ, ар публицистикэу тха и япэ лэжьыгъэщ, зытеухуари шап­сыгъ лъэпкъ цIэрыIуэ Зэнхэ ­къахэкIа Зэнокъуэ Сэфарбий и гъащIэмрэ игъэхъа Iуэхухэмрэщ.
1830 гъэм Анапэ урысыдзэхэр къыщытеуам, щIалэ цIыкIуу ­Сэфарбий гъэру яубыд. Одессэ щеджащ, иужькIэ хы ФIыцIэм  Iут къэзакъыдзэм хохьэ. Мазэ зыбжанэкIэ фIэкIа къулыкъу имы­щIауэ, щIопхъуэж. ИужькIэ Сэфарбий адыгэ лIыкIуэхэм я ­нэхъыщхьэу Истамбыл ягъакIуэ, Тыркур зыдагъэIэпыкъун мурадкIэ. Абы здэщыIэм Iэщэрэ гынрэ Шэрджэсым кърегъашэ. Пащты­хьыдзэм пэщIэтыфын къару ­зригъэуIун папщIэ адыгэ лъэпкъ­хэр зэгуигъэхьэныр и гуращэу къегъэзэж и хэкум. Абы щIыгъуу Кавказым къэкIуат Мэжэрым, Польшэм, Алыджым, нэгъуэщI къэралхэми ящыщ зауэлIхэр. Абыхэм я щхьэр щхьэузыхь хуа­щIырт лIыхъужьыгъэшхуэ яхэлъу зи щхьэхуитыныгъэр зыхъумэж­хэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм. Ауэ Зэнокъуэм адыгэ лъэпкъхэм я зэхущIэуэныр яригъэухын лъэ­кIакъым. Щамил и Iимам Му­хьэмэд-Iэмини зэран къыхуэ­хъуащ. Ар ДагъыстэнымкIэ ­екъурт, Щамил гухьэн хуейуэ ­къигъэуву. Сэфарбий дунейм ехыжащ 1859 гъэм. Абы и къуэ Къарэбэтыр и адэр зыхущIэ­къуахэр и кIэм нигъэсыну хэтащ, ауэ къехъулIакъым.
Бгырысхэм ирагъэкIуэкIа бэ­нэныгъэм щыщ къэхъугъэ гъэ­щIэгъуэнхэр удихьэхыу къиIуэтэжурэ, Кърым-Джэрий и тхыгъэр щIэщыгъуэ ещI. Апхуэдэу и до­кументальнэ лэжьыгъэр зытеу­хуам здытепсэлъыхьым, ди нэгу къыщIегъэувэф адыгэхэм я дуней тетыкIэр, я шыфэлIыфэр, лIэнкъэнэну бийм пэщIэува и лъэпкъым хуэмурэ и «куцIыр» зэрыткIур, итIани, «лIэн, е лIын» жиIэу, къызэрымыланджэр…
Кърым-Джэрий и очеркхэм, щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм, и адрей тхыгъэхэми къыщиIэт Iуэху­хэр ауэ сытми къритхэкI ­къудейкъым, къэхъуа-къэщIахэр ­куууэ щызэпкърех, а зытеп­сэлъыхьым и мыхьэнэр гурыIуэгъуэу щыдегъэлъагъу. Сыт имытх­ми, гу къабзэщхьэ къабзэщ, икIи къэхъугъэхэр зи­щIы­сыр, абыхэм къежьапIэ яхуэ­хъуамрэ кърикIуэнкIэ хъунумрэ         я щхьэу­сыгъуэхэр къихутэфу и къалэ­мыр егъэшэрыуэ.
1865 гъэм накъыгъэм и 29-м «Кубаныдзэ хъыбархэм» абы трырегъадзэ «Ди пасэрей гъащIэм теухуауэ псалъэ зытIущ» зыфIища тхыгъэр. Адыгэ Iуэры­Iуатэр къигъэсэбэпурэ, Кърым-Джэрий абы щызэфIигъэувэ­жыну хэтщ адыгэхэм я дыгъуасэм къэхъуа Iуэхугъуэхэр. Дэнэ кърихрэт а къиIуэтэжхэр? Япэ­рауэ, нартхэм ятеухуауэ абы куэд къыщищIат джэгуакIуэхэм я деж. ЕтIуанэрауэ, зэгуэрым дунейм къытехьа тхыгъэхэр - Нэгу­мэ Шорэ, Хъан-Джэрий, Хьэ­тIохъущокъуэ Къазий сымэ я ­къалэмым къыщIэкIахэр - зэ­хуихьэсыжурэ щIиджыкIыжащ икIи зэпкърихащ. АтIэ нартхэм ятеухуа хъыбархэр урысыбзэкIэ дунейм къытехьат блэкIа еп­щыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и еплIыщIанэ, етхущIанэ гъэхэм. Ахэри зэхуэхьэсыжауэ зы щхьэ акъылкIэ узэщIын хуейт. А къалэныр Кърым-Джэрий игъэ­зэ­щIащ.
Зи гугъу тщIы тхыгъэмкIэ Кърым-Джэрий журналист, этнограф Iэзэу зыкъигъэлъэгъуа къудейкъым, атIэ тхыдэм елэжь еджагъэшхуэуи тхылъеджэхэм       я пащхьэ къиуващ. Тхыгъэр дунейм къытехьэн ипэкIэ екIуэкIа илъэс зыбжанэм ар куэдрэ щIэныгъэ IуэхукIэ гъуэгу техьащ - хъымыщхэм, натхъуейхэм, абазэхэхэм, кIэмыргуейхэм, шап­сыгъхэм я деж щыIащ. Щежьа зэманым зригъэхъулIахэр къи­Iуэтэжын мурадкIэ итха хуэдэщ «Ди пасэрей гъащIэм теухуауэ псалъэ зытIущыр». Ар тIэу тедзэгъуэу тетащ газетым, мазэ зыбжанэ я зэхуакуу.
Ди зэманми кIуэдакъым а тхыгъэм и мыхьэнэр, абы хэт хъыбархэмрэ шыпсэхэмрэ икъукIэ къахуэсэбэпынущ «Нарт» эпо­сым елэжь еджагъэшхуэхэм. Тха­кIуэм а хъыбархэр, зэрызэхихам хуэдэу, къиIуэтэжу и Iэр ­итхьэщIыжыркъым, езыр Iуэхум зэреплъыр къыхегъэщ. Пса-лъэм папщIэ, Iуащхьэмахуэ кIэ­раIулIауэ зыхужаIэж адыгэ Прометей - Джэдал и хъыбарыр къызэрежьар еубзыху. Адыгэ нарт эпосым зи гугъу тщIы лIы­хъужьым зэрыщеджэр Нэсрэн ЖьакIэщ. Кърым-Джэрий Джэдалрэ Прометейрэ бгым щIраIу­лIам я щхьэусыгъуэр зэрызэтехуэр къелъытэ. Эсхилрэ Гесиодрэ мафIэхьхэр щраIулIауэ ­къагъэлъагъуэр зэры-Кавказыр къыжеIэ икIи абыкIэ наIуэ ещI алыдж мифологиеми тхыдэми къагъэщIа лIыхъужьу ахэр зэ­ры­щымытыр, атIэ адыгэ хъыбарыр алыджхэм я мифым лъабжьэ зэрыхуэхъуагъэнур.
А тхыгъэ дыдэм Кърым-Джэрий къыщеIуэтэж Абрагъуэ жылэшхуэм къыщыщIам теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн. А къуажэр дэсащ тенджыз ФIыцIэм еуалIэ ЦIухьэб аузым. Абы щыпсэухэр адыгэт. Псори ягъуэту зэрыпсэум щхьэкIэ закъыфIэщIыжри, хасэ джэгухэр къыщызэIуахкIэ мы­вэджейр къамыгъэсэбэпыж ­хъуащ («Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ» жаIэу адыгэхэм тхьэрыIуэ яIэт. Мывэми тхьэм и фэ ираплъу щытагъэнщ - Хь. М.). Абы тхьэр къигъэгубжьащ, нэхущым зэкIэ­щIигъэкIуэтщ аузри, ер къы­зэ­рыкIа къуажэр, абы дэсхэри ­щIыгъуу, кIуэцIригъэхуащ, а щIы­пIэми гуэлышхуэ иригъэ­лъэ­дэ­жащ. Диныншэ хъуа и къуажэгъу­хэм ебийуэ щыта зы бгырыс цIыхуфIщ, и унагъуэр щIыгъуу, къэнар псэууэ. Абрагъуэ теухуа хъыбарыжьыр зыгуэркIэ поджэж Содомрэ Гоморрэрэ зэрыкIуэдам теухуауэ Библием ит хъыбарым, ауэ адыгэхэм я деж щызекIуэр куэдкIэ нэхъ гъэщIэ­гъуэнщ. Тенджыз ФIыцIэм и ­Iуфэм щыпсэу шапсыгъхэрат а хъыбарыжьыр къэзыIуэтэжар…
Тхыгъэм адэкIэ щыжеIэ хъыбарыжьхэр адыгэ пшыналъэхэм япэ къежьауэ.
Къэхутэныгъэ куу езыгъэ­кIуэ­кIыф щIэныгъэлI Iэзэу Кърым-Джэрий зыкъегъэлъагъуэ, Сос­рыкъуэ и цIыху щIыкIэр щы­-          зэп­къ­рихкIэ. Усэбзэу зэхэлъхьа, уэрэ­дым хуэдэу укъуэдия «Сосрыкъуэ и пшыналъэр» зытеу­хуам щытепсэлъыхькIэ тха-          кIуэм дегъэгупсысэ: «Тхылъеджэм тын­шу гу лъитэнщ Георгий щихъым (Джаурджий) теу­хуа чристэн IуэрыIуатэмрэ дыдеймрэ зэрызэщхьым. Дауи, тIум щыгъуэми, Iуэхур зэлъытыжар къыщыхъу щIыпIэмрэ зи ­гъащIэр Iэджэ щIауэ къэзыгъэщIа ЛIыхъужьхэмрэщ. Ап­хуэ­дэу щыт пэтми, иджыпсту къэтхьа уэрэдымрэ Георгий щихъым теухуа IуэрыIуатэмрэ хэт лIы­хъужьитIри псэущхьэ шына­гъуэжьхэм - абыхэм блэ, иныжь е цIыху яфIэщ - ятокIуэ».
Мы щапхъэм нэрылъагъу ­щохъу Кърым-Джэрий хуигъэфащэр итхыж е пшыналъэм тепсэлъыхьыж къудейкIэ и Iуэ-хур зэрызэфIимыгъэкIыр, атIэ нарт Сосрыкъуэ теухуа пшыналъэм и мыхьэнэр къитIэщIыну зэрыхэтыр. Тхыдэм къыхих щапхъэр урысхэм я IуэрыIуатэм ­иригъапщэкIэрэ, ди эпосым и лIы­хъужьым и цIыху щIыкIэр ­дегъэлъагъу. Ауэ дэ арэзы дытохъуэ адыгэ щIэныгъэлI ХьэдэгъэлI Аскэр Кърым-Джэрий и Iуэху еплъыкIэ языныкъуэхэр зэ­римыдэм. Псалъэм папщIэ, арэ­зы утехъуэныр щыуагъэщ Георгий Победоносецыр «Нарт лъэпкъ­хэм… къахэкIа лIыхъу­жьу» Кърым-Джэрий зэрыжи-Iэм, генуэзцхэм япэгъунэгъуу ар (Георгий) къызыхэкIа лъэпкъыр Геленджик (ХьэфIыцIей) пэмы­жыжьэу псэуа хуэдэу къызэри­Iуатэм. Пэжым ухуеймэ, «мафIэр къэхьыжыным» теухуа хъыба-рыр къежьэри, зэман Iэджэ дэ­кIауэщ генуэзцхэр Кавказым ­къакIуэу адыгэхэм пэшэгъу къащыхуэхъуар. Апхуэдэу тэмэмкъым мафIэр къэзыхьыжа Джэдал теухуа хъыбарри генуэзцхэм алыджхэм я деж нахьэсауэ зэ­рыжиIэр. Генуэзцхэм куэдкIэ япэ иту алыджхэр Кавказым щы-Iащ, адыгэхэми илъэсищэ зыбжанэкIэ пыщIэныгъэ къыхуаIащ икIи езы алыджхэм адыгэ Iуэ­рыIуатэр ящIэу щытагъэнущ.
Мыбдежым дигу къыщыдгъэ­кIыжынщ къэбэрдей усакIуэ ­КIуащ БетIал къызэригъэлъэ-           гъуар «Генуе», «генуэзец» псалъэхэр адыгэбзэм зэрихъумар, абыхэм къатепщIыкIащ Жануэс, Жанусэ цIыхубзыцIэхэр, Жынус цIыхухъуцIэр.
«Ди пасэрей гъащIэм теухуауэ псалъэ зытIущ» тхыгъэр щIэ­ныгъэм елэжьхэми газетым еджэхэми икъукIэ гунэс ящы­хъуат. Ди лъэпкъыр къызыте­хъукIыжа пасэрей нартхэр зы­хуэдэу щытар къэIуэта хъуат. Ди зэманми мыхьэнэшхуэ иIэщ а тхыгъэм. Абы фIагъыу хэлъыр литературэм ехьэлIа къудейкъым. Адыгэ лъэпкъым и эпо-сыр къызыхуэтыншэу зэфIэгъэувэжын щыхуей мы лъэхъэнэм ар къагъэсэбэп хъунущ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым щыIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтхэм.
ТХАКIУЭУ, журналисту, къэхутакIуэу щытащ Кърым-Джэрий, адыгэ IуэрыIуатэр ауэ къыщищ­тэкIэ, тхыдэ Iуэхут нэхъыбэу зэ­рихуэр. Апхуэдэу щыт пэтми, абы и IэдакъэщIэкIхэр        художественнэ тхыгъэ щапхъэм тету, гуп­сысэри куууэ къащы­щIигъалъэу узэщIащ.
Кърым-Джэрий сыт щыгъуи ­гукъыдэж иIэт зыщалъхуа Шэрджэсым хуэлэжьэну, къызыхэ-кIа лъэпкъым и блэкIар зригъащIэу абы и пщэдейми зы фIы­гъуэ гуэрхэр прихьэжьэну, нэ­гъуэщIу жыпIэмэ, псэуху ар щIэбэнащ и лъэпкъэгъухэр щIэ­ныгъэм къыхуэгъэушыным, мамыру псэуныр къахузэгъэпэ­щы­ным.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дэтхэнэ тхакIуэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ гъащIэм и дурэшплIэрэшхэми дэплъэным, дунейм и екIуэ­кIыкIэмрэ цIыхухэм я зэхэ­ты­кIэмрэ и нэкIэ зригъэлъагъуным. Арат 1862 гъэм Кърым-Джэрий зекIуэ щIежьар. Урыс офицер фащэ зыщыгъым дежкIэ, езыр адыгэми, шынагъуэншэтэкъым бгырыс лъэпкъхэм я лъахэм ­уихьэныр. Ар Iуэху дзыхьщIы­гъуэджэт, шапсыгъхэм ухагъэ­бэгэнкIэ тIэу еплъынутэкъым, итIани, дзыхакъым адыгэ щIэныгъэлIыр.
1866 гъэм «Кубаныдзэ хъы­бархэм» Кърым-Джэрий тры­ре­гъа­дзэ удэзыхьэх тхыгъэ зыбжанэ. КъыщикIухьам и нэгу ­щIэ­кIахэм, зыIууа Iуэхугъуэхэм ят­ритхыхьат ахэр. ТхакIуэр на­бдзэ­губдзаплъэщ, бгырысхэм я дуней тетыкIэр, я псэукIэр ­тлъагъу хуэдэу нэгум къыщIегъэувэ. ПсыфI, Къудакъуэ, Атэкъуей, ­КъуакIэпсынэ, Мэзкхъахэ, нэ­гъуэщI къуажэхэми цIыхухэр зэрыщыпсэур дегъэлъагъу. Зэ­ры­щыту къапщтэмэ, тхыгъэхэм куэду яхэлъхьащ Кърым-Джэ­-рий гъащIэм гъэщIэгъуэну къыхилъагъукIа Iуэхугъуэхэр, IуэхущIафэхэр. ЦIыхур зыкъуэпсэукI псори, зэрыжаIэу, дзыгъуэ гъуа­нэ дихьа къимыгъанэу къиулъэпхъэщурэ, къиIуатэр пэж хуэIу-хуэ­щIэу зэщIегъэбыдэ, абы и сэ­бэпкIи сыт хуэдэ гъащIэми и узэщIыкIэ хъур абы щызекIуэ ­хабзэхэм къапкърыкIыжу зэ­рыщытым ирепх.
«Гъуэгуанэ тхыгъэхэм», я узэ­щIыкIэкIи, зытеухуакIи, щапхъэ нэхъыфIыр я мардэщ, куэд дагъэлъагъу, куэдми гу лъыдагъатэ, гур ягъэпIейтейуэ Iуэхугъуэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм дыхашэ, цIыху зэмыщхьхэм нэIуасэ ды­хуащI. ФIымрэ Iеймрэ, дахэмрэ нэджэIуджэмрэ, хеймрэ мы­сэмрэ IупщIу щызэхэгъэкIащ абыхэм. Языныкъуэхэм деж уэ езым тхыгъэхэм къыщыхъу­хэм уахэту зыкъыпщохъуж, апхуэ-дизкIэ гумрэ псэмрэ ялъэIэс ­теплъэгъуэхэр екIуу абыхэм щыу­зэщIащи. Апхуэдэ Iэзагъ хэлъу тхам и ныбжьыр икIауэ къэп­лъытэныр щыуагъэщ. Нобэрей тхылъеджэм дэзыхьэхыни, зыгъэпIейтеини, зыщымыгъуази къы­щигъуэтынщ абыхэм. Псом хуэмыдэу тхакIуэм къехъулIащ адыгэ хабзэр, дин хуэIухуэщIэ-хэр зэрырагъэкIуэкIым ятеухуа Iыхьэ­хэр. ХьэщIагъэм, гуфIэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрырагъэ­кIуэкIыу, лъы щIэжыныр къы­зэрыхъеикIыу щытам ятегъэп­сыхьа пычыгъуэхэр гум къонэж.
Кърым-Джэрий гу лъетэ адыгэ лъэпкъхэр я бзэкIэ, я псэукIэкIэ зыри зэрызэмыщхьым. Абы и щапхъи къехь: «Натыхъуейхэм, адрей бгырыс псоми хуэдэу, я ­къуажэхэм унэхэр Iуву щызэхагъэувэркъым тафэтес жылэхэм, псалъэм папщIэ, бжьэдыгъухэм зэращIым ещхьу».
Кърым-Джэрий гъуэгум щрихьэлIащ гуемыIурэ мыхъумыщIагъэ куэдрэ - и нэгу щIэкIащ ­пащтыхьым и Iужажэхэм, пщы­хэмрэ уэркъхэмрэ я залымыгъэр, гущIэгъуэншагъэр; илъэ­гъуащ къэрэхьэлъкъ цIыхубэм я гъащIэм щыщ теплъэгъуэ нэху­хэри, зи щхьэхуитыныгъэр зы­хъумэж бгырысхэм зэрахьэ лIыхъужьыгъэри.
ТхакIуэм и псалъэр нэхъ щIэгъэщхъуа, нэхъ дыдж мэхъу зи хьэмтетыгъуэхэмрэ абы дакъу­зэхэмрэ зэрызэпэщIэтыр къыщигъэлъагъуэкIэ; кIэщIу, шэры­уэу зыхуейр жеIэ.
Дэ дызэреплъымкIэ, языны­къуэ щIыпIэхэм деж Кърым-Джэрий щыжиIэну зыхуеям и ­нэхъыбэр ебзыщI, къиIуэтэн дзыхь ищIыркъым. Мысакъыу зэрымыхъур наIуэщ. АтIэ ар щIэшынэни щыIэт. Пащтыхьым, е абы и блыгущIэтхэм ятеухуауэ зы Iей гуэр жиIамэ, и тхыгъэ зэ­рытрадзэжынуми, и къулыкъуми кIэ иIэт.
Апхуэдэу щыт пэтми, хабзэншагъэрэ емыкIуу и хэкум щалэжьыр щилъагъукIэ, и гур къезауэрт, а псори и псэм хутегъахуэмэ, и напэр зэрымыкъабзэжыр къыгурыIуэрти, игурэ и щхьэрэ зэтелътэкъым. Арагъэнщ къызыхэкIари япэкIэ зи гугъу тщIа письмор пщы Барятинскэм хуитхыныр. Абы щибзыщIакъым и лъэпкъэгъухэм къазэры­щхьэ­щыжыр. Езы тхыгъэр зэпIэзэрыту тха пэтми, абы гуныкъуэгъуэ къыхощ.
Псалъэм и купщIэр, дэ уткIэпщIам хуэдэу, тхылъеджэм зэрабгъэдилъхьэным хуэIэзэщ тхакIуэр. КъиIуатэ гупсысэмрэ здэбгъэув щIыпIэмрэ язэгъыу къэбгъэсэбэп псалъэр шабзэшэм хуэдэщ. Ар къыгурыIуэрт Кърым-Джэрий. Псалъэр егъэ­шэрыуэфри, гъэхуащ, гуры­Iуэ­гъуафIэщ и тхыгъэхэр.
«Стилым мыкIуэдыжын ещI литературнэ тхыгъэр», - жиIэ­гъащ франджы тхакIуэ Альфонс Доде. А жыIэгъуэр сыткIи хуокIуэ Кърым-Джэрий и бзэ гъэп­сыкIэм. И тхыгъэхэр Iэзэу зэригъэпсыным езыри егугъуу щытащ. ЗанщIэуи къехъулIакъым и мурадыр, ауэ «Гъуэгуанэ тхыгъэхэр» щитхым ар нэрылъагъу къыщыхъуащ. Абыхэм къахэтхынщ и тхыгъэр зэриузэщIым и зы щапхъэ: «ПсыфI дикIри, сэ сыкъыщалъхуа Къудакъуэ къуа­жэм дыкIуащ. А жылэм дапщэщи цIыхур куэду дэст, и щIыри фIыт. Абы щызагъэлъэгъуащ сыкъыщалъхуа унэр; гупсысэм сызэщIиIыгъэу абдеж сыхьэт ­ныкъуэкIэ сыщытащ».
КъызэрыпIейтеяр зыхэпщIэу Кърым-Джэрий къеIуэтэж ЦIэ­мэз нэсыжу и адэм зэрыхуэзэжа щIыкIэр:
«Сэ унэм сыкъыщысыжам дыгъэм и иужьрей бзийхэр, упIэрапIэурэ, уафэ фIыцIафэм щыункIыфIыжхэрт. Япэу пщIантIэм къыщысхуэзащ си адэр. Абы занщIэу сыкъыхуэцIыхужакъым - сыту жыпIэмэ, екIуу хуэпауэ пщIантIэм дэкIар, иджыпсту абрэдж зэхэфыщIам срещхьт - икIи, зэхэпх къудейуэ мыр жиIэри:
- Унеблэгъэну си гуапэщ, хьэщIэ!
Ауэ, сыкъыщицIыхужым, къэуIэбжьащ: «Напэ уиIэщ, си мэзкуу­дэс!»
«Зэрыфлъагъущи, лIыжьым игу ирихьащ щыгъыныр зэрыс­хъуэжар, - етх адэкIэ Кърым-Джэрий, - ди адэм зэригугъэмкIэ, ар щыхьэт техъуэрт ди дежкIэ зэ сыкъекъужыну Iэджэ щIауэ зыщIэ­хъуэпсыр, куэд щIауи зыпэплъэр къехъулIэнкIэ зэрыхъунум, къэсщта урыс хьэлми сызэрыщыужынум».

А ИЛЪЭС ДЫДЭМ, 1866 гъэм, Кърым-Джэрий «Кубаныдзэ хъыбархэм» тридзащ «Тыркухэр Кавказым и тепщэу зэрыщытамрэ Шрыхъукъуэ Дыгъужь и уэрэдымрэ ятеухуа псалъитI» тхыгъэр. Тыркухэмрэ адыгэхэмрэ зэрызэхущытам теухуауэ тхакIуэм гъэщIэгъуэн куэдым щыгъуазэ дещI. Апхуэдэу щIэныгъэ Iуэху елэжьхэм я дежкIэ сэбэп хъуну абы тридзащ нэгъуэщI зы тхыгъэшхуи, ­мэ­къумэш выставкэ Iуэхум и гугъу ищIу.
1860 - 1870 гъэхэми Кърым-Джэрий Псыжь къэзакъыдзэм и канцелярием щолажьэ. Иджы зи унафэ щIэтыр генерал-адъютант, атаман цIэри зезыхьэ граф Сумароков-Эльзстонщ. Кърым-Джэрий адъютант нэхъыжьым и къуэдзэщ, газетым и лэжьакIуэщ, профессор Венгеров Сергей зэритхымкIи, «Кавказым и тхыдэтхщ».
1869 гъэм жэпуэгъуэ мазэм и 26-м, Псыжь къэзакъыдзэм къыщыдэкIа унафэм ипкъ иткIэ, Кърым-Джэрий и къулыкъукIэ драгъэкIуэтейри, сотник ящI.
И гъащIэм и иужьрей илъэсхэм адыгэ щIэныгъэлIым тхэн щегъэтыжыпэ, ЦIэмэз йокIри, Бжьэдыгъукъалэ мэIэпхъуэ. Псыжь и гуэж гуэл шыугъэхэр зыхуэдэр къэзыгъэлъагъуэ лэжьыгъэшхуэ мыбы щетх. Ар къытехуащ «Кубань областым и фэеплъ тхылъ цIыкIум» и напэкIуэцIхэм.
Кърым-Джэрий СулътIан 1882 гъэм дунейм ехыжащ. И къу­лыкъукIэ ар майорым нэсат.
Кърым-Джэрий и тхыгъэхэр ди лъэпкъ литературэм къе­хьэлIэжын, адыгэбзэкIэ зэдзэкIын хуейщ. Абыхэм я мыхьэнэр ноби кIуэдакъым, сыту жыпIэмэ, тхакIуэр куууэ хэIэбащ адыгэ тхыдэм, хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ IуэрыIуатэм, къигъэлъэгъуэфащ Кавказым иса и лъэхъэнэгъухэм я Iуэху дауэ щытами, сыт ягъэхъами. А псор къыдогъанэри, нобэрей тхылъеджэм дерс къызыхихын щигъуэтынущ тхакIуэм и къалэмым къыщIэкIахэм. УрысыбзэкIэ тхэуэ щыта адыгэр и щIыгум блэхъуэпсыкIыртэкъым, и лъэр зытета и лъахэр игъэлъапIэу абы къигъэщIащ тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр.

(КъыкIэлъыкIуэнущ)

Кърым-Джэрий СулътIан.
Сурэтыр  Адам  Вильгельм  ищIащ.  1839 гъэ

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ