Лъакъуэрыгъажэм дихьэххэм я махуэшхуэр ягъэлъэпIащ

А махуэм и щIыхькIэ Бахъсэн къалэм къыщызэрагъэпэща зэпеуэм цIыху 1200-м нэблагъэ хэтащ. А зэхьэзэхуэм и пашэу щытащ къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, абы и къуэдзэхэр, администрацэм и лэжьакIуэхэр, организацэхэм, предприятэхэм я унафэщIхэр, еджакIуэхэр.

ЛъакъуэрыгъажэкIэ къызэдэжэхэр Дыгулыбгъуей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къыщежьэри, къалэ псом кIуэцIрыкIащ икIи зы сыхьэт иримыкъум километри 6-7  хуэдиз къызэранэкIри, ПсыкIэху къуажэм и дыхьэпIэм деж щыт фэеплъым  нэс кIуащ.

 

 

Поделиться:

Читать также: