Къалэ щIыбхэм мафIэгукIэ щызекIуэхэм лъакъуэрыгъа­жэхэр пщIэншэу къыздрашэкI хъунущ

«Кавказ Ищхъэрэ къалэ щIыб пассажир компание» акционер зэгухьэныгъэм зэрихьэ щIыпIэм щызекIуэ къалэ щIыб мафIэгухэм 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ фокIадэм и 30-м нэсыху пассажирхэм пщIэншэу лъакъуэрыгъажэхэр къыщыздрашэкI хъунущ. Апхуэдэ унафэ компанием къищтащ лъакъуэрыгъажэр фIыуэ зылъагъухэм накъыгъэм и 26-м къызэрагъэпэща урысейпсо зэпеуэм хэтахэм я лъэIукIэ.

Апхуэдэ зэхьэзэхуэу Ростов, Пятигорск къалэхэм щекIуэкIахэр къызэгъэпэщынымкIэ 2019 гъэм официальнэ дэIэпыкъуэгъуу щытащ «Кавказ Ищхъэрэ къалэ щIыб компаниер» икIи а махуэм псори хуит ищIащ мафIэгухэр къэзыгъэсэбэпхэм лъакъуэрыгъажэхэр пщIэншэу къыздрашэкIыну.
ЦIыхухэр мы спорт лIэужьыгъуэм драгъэхьэхын мурадкIэ а Iуэхум пащащ икIи къащта унафэм ипкъ иткIэ а Iуэхутхьэбзэр псоми пщIэншэу хуащIэнущ гъэмахуэ мазищымрэ фокIадэ мазэмрэ. А зэманым къриубыдэу дэтхэнэ зы цIыхуми пщIэншэу къыздришэкI хъунущ зэпкърымыхауэ зы лъакъуэрыгъажэ.

 

Кавказ Ищхъэрэ гъущI гъуэгум и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: