Алэрыбгъум щыпащтыхь

СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер,Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ щIыхь зиIэ я тренер Хьэпай Арамбий самбэмрэ дзюдомрэ ехъулIэныгъэ ин дыдэхэр щызыIэригъэхьащ. А спорт лIэужьыгъуитIыр куэдкIэ зэтохуэ икIи зым къыхэкIыурэ адрейм хыхьэр е тIури къызэдэзы-гъэгъуэгурыкIуэр мащIэкъым. Иужьхэм ящыщщ Арамбий. Ар самбэкIэ СССР-м, Европэм, дуней псом куэдрэ я чемпион хъуащ, дзюдомкIэ Совет Союзым и кубокыр къихьащ, къэралым щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр щиубыдащ. И ныбжьыр нэсу спортым хэкIыжа иужькIи, зэпеуэхэм жыджэру зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи ветеранхэм я деж ЩIы хъурейм и чемпион щыхъуащ. Арамбий и гъэсэнхэми куэд къахэкIащ европэпсо, дунейпсо утыкур ягъэбжьыфIауэ, текIуэныгъэ инхэр зыIэрагъэхьауэ.

Мы Iуэхугъуэр къыщыхъуар 1976 гъэращ. Зыгъэсэныгъэхэр щекIуэкI пэшым зэрызехьэмрэ псалъэмакъымрэ щыкуэдт. Тренер цIэрыIуэ Куэблэ Екъуб и макъым зыщригъэIэтым, псори зэщIэщымащ:
- Иджыпсту Арамбий и бэнэкIэм фыщигъэгъуэзэнущ. Алэрыбгъум фыкъетIысэкIи, набдзэгубдзаплъэу фыкIэлъыплъ, - жиIащ абы.
Адыгейм хыхьэ Теучэж щIыналъэм и Таухьэблэм 1953 гъэм къыщалъхуа щIалэщIэм и ныбжьыр абы щыгъуэм илъэс пщыкIущ хъуа къудейуэ арат, ауэ и зэфIэкIымкIэ цIэрыIуэ хъуакIэт. Алэрыбгъум мыпIащIэу къытехьа Iэбыдэ-лъэбыдэ бэнакIуэм зэуэ и хьэрхуэрэгъур ипхъуатэри, тридзащ.
- Иджы, ар дыдэм хуэмурэ къытегъэзэжыт, - зыхуигъэзащ абы Екъуб икIи, щысхэмкIэ къеплъэкIыжри, къыпищащ: - Фэри феплъыт Арамбий и лъакъуэхэр зэригъэувымрэ и Iэхэр здишиймрэ.
…Арамбий и адэ Хьэпай Исуф зэрылэжьакIуэш­хуэр зымыщIэ Теучэж щIыпIэм, уеблэмэ Адыгей псом ису къыщIэкIынтэкъым. Я къуажэм щызэхэт «Октябрь» колхозым ар и механизатор пашэт. Абы и лэжьыгъэр я гум дыхьэрт и къуэхэми икIи щысабийм щегъэжьауэ зыхащIащ щIакхъуэ Iыхьэр тыншу къызэрыпIэрымыхьэр. Дэнэ щIыпIэ щыIэми, щIалэхэр гъавэ Iухыжыгъуэм кърихьэлIэжырти, колхоз губгъуэм итт пщэдджыжь нэмэзым къыщыщIэдзауэ жэщыбг хъухукIэ. Исуф и IэщIагъэм япэу хуигъэса бынхэм я нэхъыжь Аслъэн иригъэджэжат Арамбий, мыдрейм и шынэхъыщIэ Хьэмид (иужькIэ самбэмкIэ Совет Союзми Европэми я чемпион, дунейпсо классымкIэ спортым и мастер, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер хъуар) Iуэхум хуэIэижь ищIыжат. ЗэадэзэкъуиплIым зэгъусэу комбайнхэр щагъэлъащэм и деж уеплъыну гухэхъуэт. Ахэр щIыналъэм щынэхъыфIхэт икIи псори зэрыгушхуэт. Мис апхуэдэу зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдэпсэурт, зэдэлажьэрт Хьэпай Исуф и унагъуэр - зэкъуэшиплIрэ зэшыпхъуищрэ къызыщIэхъуэр. Къыщыхъуа щыIэкъым бынхэм адэ-анэр щагъэукIыта, хуэмыфащэ къыщыжрагъэIа. Уеблэмэ зыхэтхэм фIы илъэныкъуэкIэ сыт щыгъуи къахэщырт.
Гукъинэжщ зэгуэрым Урысей Федерацэм и самбистхэм я зэпеуэ Мейкъуапэ зэрыщекIуэкIар. Зы хьэлъагъым щыбанэрт Хьэпай зэкъуэшхэу Ас-лъэнрэ Арамбийрэ. Я хьэрхуэрэгъу псори хагъащIауэ, ахэр финалым щызэIущIэн хуейт. Арамбий нэхъыщIэми, и ехъулIэныгъэхэр нэхъ инт. Аслъэн спортым и мастер хъун папщIэ зы текIуэныгъэ закъуэ зыIэригъэхьэжын хуейуэ арат, и къуэш нэхъыщIэр хигъащIэу. ТIуми ар ящIэрт. АрщхьэкIэ Арамбий зыхригъэгуакъым. Аслъэни текIуэныгъэ нэпцI хуейтэкъым.
Зэкъуэшхэр самбэм пасэу дихьэхат. Ахэр щысабийм хуабжьу ехъуапсэрт «СССР-м спортымкIэ и мастер» бгъэхэIур зыхэлъ я къуажэгъу Мэшлокъуэ Рэмэзан уэрамым щрикIуэкIэ икIи абы и Iэпкълъэпкъ зэкIужымрэ и зыIыгъыкIэ уардэмрэ зрагъэщхьыну хущIэкъурт. Куэблэ Екъуб и япэ гъэсэнхэм ар ящыщт. ИужькIэ Iэщын Алий Таухьэблэ къигъэзэжащ. Ари спортым и мастерт икIи и гъэсэнхэр зэхуишэсу щIидзащ. Хьэпайхэ я зэкъуэш нэхъыжьищыр зэуэ абы кIуащ. Iэщыным и деж зыщызыгъэсэну хуейхэр куэдыкIейт. Уеблэмэ ахэр гъунэгъу къуажэхэми къикIырт, гъуэгуанэ кIыхьхэр зэпачурэ. Абыхэм ящыщ куэд самбэм цIэрыIуэ ищIащ. Пэжщ, иужькIэ Хьэпай Арамбий Куэблэ Екъуб зришэлIащ, япэу зэрилъагъуу игу ирихьри.
Псыжь (Кубань) Iуфэ Iусхэм ящыщу Арамбийщ япэ дыдэу самбэмкIэ дунейпсо чемпион хъуар. Ар къызэрыхъуа щIыкIэр куэдрэ и нэгу къыщIохьэж, ауэ зэи щымыгъупщэжынур япэ лъэбакъуэхэр спортым зэрыщичаращ.
1970 гъэм, и ныбжьыр илъэс пщыкIубл фIэкIа мыхъуауэ, Хьэпай Арамбий спортым и мастерым и мардэр игъэзэщIащ. А илъэс дыдэм жэз медалыр къыщихьащ Совет Союзым и чемпионатым. КъыкIэлъыкIуэ илъэсиплIым «Урожай» обществэм и къэралпсо зэхьэзэхуэм щыпашащ.
Самбэмрэ дзюдомрэ я федерацэр абы щыгъуэм зыуэ щытащ икIи тIумкIи зэпеуэхэм ухэт хъурт. Арати, дзюдоми и зэфIэкIхэм щеплъу хуежьащ Арамбий. Абыи ехъулIэныгъэфIхэр къыщихьу иригъэжьат, арщхьэкIэ спортым хэзыша самбэр япэ фIищыжащ.
ЕхъулIэныгъэшхуэхэр къыхуихьащ Хьэпайм 1973 гъэм. ЯпэщIыкIэ ар щытекIуащ Урысей Федерацэм и самбист щIалэщIэхэм я зэпеуэм, къыкIэлъыкIуэу дыщэ медалыр къыщихьащ Совет Союзым.
А лъэхъэнэр игу къыщигъэкIыжкIэ, Арамбий щIэх-щIэхыурэ и гугъу ещI и хьэрхуэрэгъуу щыта Козленковым. Ахэр куэд дыдэрэ финалым щызэIущIэрт, ауэ сыт щыгъуи текIуэр адыгэ щIалэрат. Iуэхур щымыхъум, Козленковым и хьэлъагъыр ихъуэжащ.
1973 гъэм къэралпсо зэхьэзэхуэм щIидзэным и пэ къихуэу ахэр зэхуэзащ. Зэхуэгуапэу зэщIэупщIащ.
- Дауэ дыхъуну аргуэру, дыщэ медалыр зыщ зэрыхъур? - гушыIащ Арамбий.
- Уэ уи хьэлъагъым ущытекIуэнщ, сэ сызыхыхьагъащIэм пашэ сыщыхъунщи, зэфIэкIащ, - къитащ жэуап Козленковым.
- Сэри си хьэлъагъым хэзгъэхъуащ…
А псалъэхэр щызэхихым Козленковым и фэр пыкIри, и тренерым дежкIэ зричащ.
Хьэпайм зыхуимыгъэзэн папщIэ зы жэщым къриубыдэу килограммитху кIэригъэхури, Козленковым нэхъапэм зыхэта гупым игъэзэжащ. Арамбий аргуэрыжьти, дыщэ медалыр къихьащ. Козленковми и нэр къызыхуикIыр икIэм-икIэжым зыIэригъэхьащ, абы папщIэ хуабжьу гугъу зригъэхьын хуей хъуа пэтми.
Гум имыхужщ Литвам и къалащхьэ Каунас 1974 гъэм щекIуэкIа, Совет Союзым и чемпионатым кърикIуари. Зым адрейр къыкIэлъыкIуэурэ и хьэрхуэрэгъухэр хигъащIэурэ Арамбий финалым хуэкIуэрт. Абы нэсын папщIэ самбист цIэрыIуэ Рудман Давид фIэкIын хуейт. Ауэ ар дауэ зригъэхъулIэну?
А тIур финал ныкъуэм зэхуишащ. Рудман лъагэт, гъурт, пащIэ фIыцIэ Iуву тетт. Хьэпайр абы елъытауэ лъахъшэт, ауэ зэIэщIэлът. Хэт текIуэми, дыщэм щIэбэнынут.
Мыбы ипэкIэ Рудман Хьэпайр къыхигъэщIат. Абы лъандэрэ илъэсым нэблагъэ дэкIат. ТIуми ерыщу зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзырат. Куэдым я гугъат апхуэдиз текIуэныгъэр къихьа иужькIэ Давид спортым хэкIыжыну. АрщхьэкIэ тепщэгъуэр иутIыпщыну ар хуейтэкъым. Арамбии зыхущIэкъур текIуэныгъэрат. Совет Союзым и чемпионатым щытекIуэмэ, Европэмрэ дуней псомрэ щыбэнэну Iэмал иIэнут. Абы елъытауэт Куэблэм Хьэпайр мы зэхьэзэхуэм зэрыхуигъэхьэзырар. Екъуб ищIэрт Рудман зы мэскъалкIи ухуэбэлэрыгъ зэрымыхъунур икIи сыт щыгъуи зэреныкъуэкъупхъэр, зы тэлайкIэ нэхъ мыхъуми япэ зэрищыпхъэр.
Судьям зэIущIэм щIригъэдзащ. Арамбий и хьэрхуэрэгъур зэуэ епхъуатэри, едз. Адыгэ щIалэм къыдэщIхэм я дэрэжэгъуэр инщ. АрщхьэкIэ гурыIуэгъуэркъым, Давид къитыну жэуапыр сыт хуэдэми. Абы нимыгъэсу Арамбий и ныкъуэкъуэгъур алэрыбгъум треубыдэ…
ЗэIущIэр иухыным дакъикъитI щиIэжым Хьэпайр 3:0-у япэ ищат.
- Арамбий, умыбэлэрыгъ, еныкъуэкъу, - тригъэгушхуэрт и гъэсэныр Екъуб. - Къэнэжар мащIэ дыдэщ, умыутIыпщ. Плъагъуркъэ ар зэрешар?!
И тренерым и псалъэхэр Хьэпайм IупщIу зэхех икIи и жыIэм тетщ. Иужь секундхэр макIуэ. И нэхэр щыункIыфIыкIыным хуэдэу ешащи, и Iэхэр поху, и лъэм ерагъкIэ иIыгъыжу аращ. И хьэрхуэрэгъуми хузэфIэкIыж щыIэкъым. Зыр адрейм щIэгъэкъуауэ абыхэм зэIущIэр яухащ.
Къаруушхуэ тригъэкIуадэу къэралым и чемпион Рудман Давид хэзыгъэщIа Арамбий адэкIэ финалыр къыпэщылът. Дауэ ирихьэлIа ар кIэух зэIущIэм? ЗэфIэувэжауэ пIэрэ и къарур?
Дыщэ медалым щIэбэныну Авдонинымрэ Хьэпаймрэ алэрыбгъум техьащ. Арамбий и хьэрхуэрэгъур тридзэну щыхущIэкъум и Iэр фIэцIэфтри, и лъабжьэм къыщIэхутащ. Модрейм ар къигъэсэбэпри, идзащ икIи очкоиплI зэуэ хуатхащ.
Хьэпайм къыдэщIхэм ящыщ куэд, ялъагъур яхуэмышэчу, зэхьэзэхуэр щекIуэкI пэшым щIокI. Мыгувэу абыхэм дикторым и макъыр зэхах: «ТекIуэныгъэр къабзэу ихьащ Авдонин Сергей, Мэзкуу къалэм щыщым».
Куэблэ Екъуб Арамбий бгъэдыхьэщ, и Iэ ижьыр и дамэм трилъхьэри, зэпIэзэрыту жриIащ: «Iуэхукъым. Фэ иджыри фызэхуэзэнщ».
Апхуэдэуи къэхъуащ. Хьэпаймрэ Авдонинымрэ мызэ-мытIэу зэхьэзэхуэхэм щызэIущIащ икIи адыгэ щIалэр сыт щыгъуи адэкIэ текIуащ. ИужькIэ Арамбийщ дунейпсо утыкур Iэджэрэ зыгъэбжьыфIар. ЩIы хъурейм и чемпион Улан-Баторрэ Минскрэ 1974, 1975 гъэхэм тIэунейрэ щыхъуами, абы зэи зыкъыфIэщIыжакъым. Ар сыт щыгъуи къызэрыгуэкI адыгэ щIалэу щытщ.
Тщыгъупщэжыркъым Хьэпайм и иужьрей зэхьэзэхуэхэм ящыщ зыр. Фэбжь игъуэтар ерагъкIэ игъэхъужарэ СССР-м и чемпионатым кIуэну зигъэхьэзыру, зыгъэсэныгъэхэм ящыщ зым и Iэр аргуэру щигъэузыжащ. Дохутырхэм чэнджэщ къратащ а зэхьэзэхуэр блигъэкIыну. Ар хъункIэ Iэмал зимыIэт. Апхуэдиз гугъуехьыр псыхэкIуадэ хъунуи?!
Зэпеуэм щIидзэным къэнэжа мазитIым Арамбий етIысэхакъым. Къижыхьырт, зигъасэрт. ИкIэм-икIэжым и Iэр гипсым къыдахыжащ. АрщхьэкIэ, чемпионатым кIуэным тхьэмахуэ фIэкIа имыIэжу, а Iэ дыдэм фэбжь игъуэтыжащ. Псалъэмакъ ежьащ Хьэпайм самбэм щищIэнур къиухауэ. Абы къыхэхъуэжащ зи ныбжьыр илъэс мыхъуа и пхъур дунейм зэрехыжам ехьэлIа гуауэшхуэр.
ГъащIэм къигъэдзыхэхэм, ириудхэм ящыщкъым Хьэпай Арамбий. СССР-м и чемпионату Ташкент щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ар екIуу хэтащ икIи дыщэ медалыр иIыгъыу къигъэзэжащ. КъищынэмыщIауэ, абы Адыгейм къыздишащ и Iэзагъымрэ текIуэныгъэм ерыщу зэрыщIэбэнамрэ папщIэ саугъэт щхьэхуэхэр. Ауэ сыт хуэдиз уасэ щIита а псоми Арамбий? Ар зыщIэр фIыуэ къэзыцIыхухэрщ.
Спортсмен нэхъ лъэщ дыдэми зэгуэр утыкур ебгынэ. 1983 гъэм ар къыпэщылъащ Хьэпай Арамбий. АрщхьэкIэ зы махуи Iуэхуншэу щысакъым. Къызэригъэпэщри, и унафэм щIигъэуващ Адыгейм СамбэмкIэ и федерацэр, республикэм самбэмкIэ и тренер советым и Iэтащхьэ хъуащ. И Iэзагъым щIэблэр хуигъасэуи хуежьащ. Аращ зи фIыгъэр Мэрэтыкъуэ Сэхьид, Аулъэ Айдэмыр, Аджырэ Роберт сымэ дунейпсо чемпион зэрыхъуар. СамбэмкIэ къэралым 19-рэ щытекIуа, 11-рэ дуней псом и чемпион хъуа, Европэм блэнейрэ щыпаша, Дунейпсо кубокыу 8 къэзыхьа Хьэсанэ Мурати зи гъэсэныр Арамбийщ. Аращ Совет Союзми Урысей Федерацэми щIыхь зиIэ я тренер цIэ лъапIэхэр къыщIыфIащари, ЩIыхьым и орденыр къэралым къыщIыхуигъэфэщари.
Лъэпкъым и къэкIуэнуми ирипIейтей цIыхущ Хьэпай Арамбий. Адыгей Хасэм и тхьэмадэу 2008 - 2012 гъэхэм ар щытащ икIи лэжьыгъэфI куэд а лъэхъэнэм зэфIихащ.


Краснодар крайм и гуп къыхэхар. 1985 гъэ

И гъэсэнхэм яхэсу.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: