Гъунапкъэ зимыIэИджыблагъэ Налшык щекIуэкIащ «Кинокавказ 2019» Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалым и етIуанэ зэхыхьэр. Ар щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым (СКГИИ). Урысей Федерацэм щыпсэухэм я лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнымрэ я хабзэ дахэхэм нэгъуэщIхэр щыгъэгъуэзэнымрэ, КИФЩI-м и щIыналъэхэм я кинематографистхэр зэгъэцIыхунымрэ зыр адрейм и зэфIэкIым щыгъэгъуэзэнымрэ зи къалэн нэхъыщхьэу щыта фестивалыр Iэтауэ, дахэу махуитIкIэ екIуэкIащ. Абы хэтащ ди щIыналъэми нэгъуэщI къэралхэми щыщ кинематографист ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэр. Псалъэм папщIэ, Кавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэ федеральнэ щIыналъэмрэ я хэгъэгухэм, Кърымым, Тэтэрстанымрэ Башкортостанымрэ, Латвиемрэ Франджымрэ, Саха Республикэм, Москва, Санкт-Петербург къалэхэм, Абхъазым, Къэзахъстаным, Армением. Фестивалым и къызэгъэпэщакIуэхэм къаIэрыхьа лэжьыгъи 169-м щыщу нэхъыфIу къалъытэу 42-рэ (художественнэ фильму щы, художественнэ фильм кIэщIу 22-рэ, документальнэ телевизионнэ фильму 9, жылагъуэм и гъащIэм ехьэлIа видеороликыу 8) къыхахри, налшыкдэсхэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ ирагъэлъэгъуащ. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
29.03.2024 - 12:39 →
Адыгэ пшынэбзэр зыгъэбзэрабзэ
29.03.2024 - 12:31 →
Дыгъэбзийуэ зи макъамэр псынэм хэпсэ
27.03.2024 - 18:39 →
Африкэ Ищхъэрэм япэу зыкъыщагъэлъэгъуат
27.03.2024 - 14:00 →
Лъагъуэхэш
22.03.2024 - 16:35 →
Зи вагъуэр ноби блэ
|