Къафэр зи псэм хэлъхэр

Гъуазджэ

Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта и «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Едыджщ) Музыкэ театрым концерт гукъинэж щитащ, Къафэм и дунейпсо махуэм и щIыхькIэ. Хабзэ хъуауэ, къафэр зи псэм хэлъ гупым иужьрей илъэс зэкIэлъыкIуэхэм концерт щIэщыгъуэхэр егъэлъагъуэ. Пшыхьыр иригъэкIуэкIащ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм и режиссёр нэхъыщхьэ Гумэ Маринэ.

ЩIыналъэ, урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу адрейхэм щефIэкIа, псапащIэ Iуэхуми жыджэру зыкъыщызыгъэлъагъуэ «Вагъуэ цIыкIу» ансамблым и концертым кърихьэлIахэр лъэпкъ къафэ лIэужьыгъуэхэмкIэ (къафэ, удж хэш, удж пыху, зэныбжьэгъуищым я къафэр, мэлыхъуэ къафэр, убых лъапэрышэ, ислъэмей, нэгъуэщIхэри) хагъэгъуэзащ адыгэ къафэ гъуазджэм и дахагъэм, и мыхьэнэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым хабзэхэмрэ къафэмрэ хуаIэ лъагъуныгъэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, КъБР-м и цIыхубэ артист, пшынауэ цIэрыIуэ Сэхъу Хьэсэн гупым и пшынауэ цIыкIухэр пшыхьым зэрыхуигъэхьэзырар. Къэфэным къыдэкIуэу, ахэр пшынэмрэ бэрэбанэмри зэрыхуэIэзэр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыртэкъым. Сабийхэр я фащэкIи зыIыгъыкIэкIи къызыхуэтыншэу зэрызэпэщым укIэлъыплъыну гухэхъуэт. Концертыр ягъэдэхащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым, щапхъэу къалъыта «Ассорти» (Прохладнэ къалэ), «Эльбрус» къэфакIуэ гупхэм.
Утыкур зыгъэбжьыфIа артист ныбжьыщIэхэм хъуэхъу, псалъэ гуапэхэр хужаIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондым и тхьэмадэ ЩоджэнцIыкIу Леонид, УФ-м и цIыхубэ артисткэ, Къэрал саугъэтым и лауреат Гъэсашэ Наталье, КъБР-м и цIыхубэ артистхэу Къуэдз Iэбубэчыррэ Сэхъу Хьэсэнрэ.
- Дызэрыгушхуэ къэфакIуэхэр ди гъунэжщи, фестивалхэм мыхъуу, зэхьэзэхуэхэми нэхъыбэу дызэрыхэтыным дыхущIокъу. Абы ныбжьыщIэхэм Iэмал къарет я зэфIэкIхэр къапщытэжыну, щIэхэм нэхъ тегушхуэну. Сабийхэм къафэ лIэужьыгъуэхэр нэхъ екIуу зэрагъэзэщIэным, пасэрей макъамэхэмрэ къафэхэмрэ зэрыдедгъэхьэхыным, лъэпкъ хабзэхэм зэрыщIэтпIыкIыным, ахэр тхъума зэрыхъуным дыхущIокъу, - жеIэ Къурашэ Едыдж. - Ди фIэщ мэхъу лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр ди щIэблэм гува-щIэхами къызэращтэжынур. Нэхъыбэу зи ужь дитыр цIыкIухэр Интернетым къишэ зэраныгъэхэм, мыхъумыщIагъэхэм пэIэщIэ тщIынырщ, уэрамым къыдэтшынырщ.
Къурашэ Едыдж къыхигъэщащ Шэджэм район администрацэм и Iэтащхьэ ТекIушэ Артур, сабийхэм я адэ-анэхэм фIэкIа щIэгъэкъуэн зимыIэ и гупыр къэралым и нэIэм щIэтамэ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и гулъытэ игъуэтамэ, я Iуэхур адэкIэ нэхъ кIуэтэну къызэрилъытэр. КъэфакIуэ цIыкIухэм зэпеуэхэм къыщахь ахъшэ саугъэтхэр трагъэкIуадэ утыку зэрит я фащэхэр зэрахъуэкIыным, зэхьэзэхуэхэм зыхуэгъэхьэзырыным.

 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: