Хэкури анэри зы къуэпскIэ гум епхащ

АБЕИКЪУЭ Шухьэиб:

Урысей пащтыхьыгъуэм 1763 - 1864 гъэхэм Кавказым щригъэкIуэкIа зауэ политикэм адыгэхэм къытхуихьащ лъапсэрыхыр. Ди лъэпкъым къыкIэлъызэрахьа леймрэ залымыгъэмрэ я лъэужьщ адыгэхэм тщыщ куэд нобэ дунейм щызэбгрыдза зэрыхъуар. Лъэпкъ тхыдэм щыщ а напэкIуэцI фIыцIэм куэд-мащIэми щыгъуазэ, Хэкум теухуа хъыбархэр я адэхэм, нэхъыжьхэм я нэпсыр къекIуэу зэгуэр къызыжраIэжа щIэблэхэр, шэч хэмылъу, щIохъуэпс адэжь щIыналъэм къагъэзэжыну, абы и щIыгум тету и хьэуа къабзэмкIэ, IэфIымкIэ хуиту бэуэну.
ХамэщIыр псэупIэ зыхуэхъуа истамбылакIуэхэм къащIэхъуа бынхэу а хъуэпсапIэр зи гъащIэ джэлэсу псэуахэм икIи ар нахуа­пIэ зыщIыфахэм (Тхьэм и фIыщIэкIэ) ящыщщ Абеикъуэ Шухьэиб Мэзан и къуэр. Адэжь щIыналъэм къызэригъэзэжрэ илъэс 45-м нэсами, Шухьэиб ноби хуэнэхъуеиншэщ ди къурш уардэхэм, тафэ хуитышхуэхэм, псы уэрхэм, лъахэрысхэм - ХЭКУ псалъэм къызэщIиубыдэ псоми. Зи ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 80 ­ирикъу тхьэмадэм и гур къызэфIонэ, и нэхэм нэпсыр къафIыщIокI.
Щыпсэуа щIыпIэм елъытауэ ипэрэ иужьу зэщхьэщыха и гъащIэ гъуэгуанэм иридгъэплъэжыну, лъэпкъым и зыужьыныгъэм епха и гупсысэхэмрэ гукъеуэхэмрэ дыщIэдэIумэ тфIэигъуэу, Шухьэиб иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ.

- Шухьэиб, уэ уащыщщ илъэси 150-рэ ипэжкIэ гузэвэгъуэ къызылъэIэсу бэлыхь куэд зыгъэва ди лъэпкъым къыщIэ­хъуа щIэблэ минхэм. Зи Хэку къэзыгъэзэжыну лIыгъэ къы­зыкъуэкIа япэ адыгэхэми уахэтащ уэ. А гупсысэхэм уащы­хуэкIуар сыт хуэдэ ныбжьым уиту?
- Ди лъэпкъ уардэм и щIыфэм уIэгъэ мыкIыжу телъщ илъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым кърикIуа гузэвэгъуэхэр. ЛIэщIыгъуэ псом щIигъукIэ екIуэкIа лъапсэрыхым я псэ емыблэжу, щхьэмыгъазэу хэтащ адыгэр, лъэпкъ щхьэхуитыныгъэм щIэбэну. Зауэм и Iэужьу адыгэхэр дунейм щызэбгрыдза, лъэпкъымрэ Хэкумрэ зырыз, зэпэIэщIэ хъуами, ди адэжьхэм лIыгъэ къакъуэкIащ ди лъэпкъ хабзэр, ди адыгэбзэр фIыгъуэ инхэу тхуахъумэну, унагъуэхэм къихъуэ бынхэр абыхэм дыщIапIыкIыну.
Иорданием и къалащхьэ Амман 1936 гъэм сыкъыщалъхуащ сэ. ХамэщI дыкъыщалъхуами, дызэрыадыгэр, Къэбэрдейм дызэрыщыщыр тщIэжу дыкъагъэхъуащ нэхъыжьхэм. ЗэшыпхъуитIрэ зэкъуэшиплIрэ дыхъурти, ди адэ-анэр ди анэдэлъхубзэмкIэ фIэкIа зэи къыдэпсэлъакъым, лъэпкъ хабзэмрэ нэ­мы­сымрэ ди гъащIэ гъуазэу дыкъагъэтэджащ. Абыхэм дэ щIэмычэу къыдгурагъаIуэрт, хьэрып къэралым дыщыпсэуми, дызэрылъэпкъ щхьэхуэр.
Ерэ фIырэ щызэхагъэкI ныбжьым сызэрит лъандэрэ зы махуи сщIэжыркъым Къэбэрдейм сыкъэкIуэжыну сыщIэмыхъуэ­псауэ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, ар къызэхъулIащ. Адэжь хэкум сэ сяпэ къэзыгъэзэжаи щыIащ (я ахърэтыр Тхьэм нэху ищI), арщхьэкIэ хамэщI къиIэпхъукIыжауэ Къэбэрдейм иджыпсту щыпсэухэм сэращ я нэхъыжь дыдэр.
- Фи лъэпкъым и нэхъыжьхэм сытхэр я икIыкIэу ябгынат Хэкур? Адэжь щIыналъэм теухуа хъыбархэм хэт сымэ ущIагъэ­дэIуа?
- Си адэ Мэзан хэкужьым хыхьэ Ислъэмей къыщалъхуащ. ЛIэ­щIыгъуэ блэкIам и пэщIэдзэ дыдэхэм (нэхъ пасэнкIи хъунущ ар къыщыхъуар) си адэшхуэ Абеикъуэ Мухьэмэдрэ абы и шынэхъыщIэмрэ я унагъуэхэр я гъусэу хэкум икIащ. А лъэхъэнэм зауэр зэрыувыIэри куэд дэкIат, ауэ цIыхур иджыри гуитIщхьитIт, я къэкIуэнумрэ зэрыс хъуа къэралым щызекIуэ хабзэхэмрэ яхузэхуэмыгъакIуэу, зэрахьэ диныр зэрахъумэным тегужьеикIарэ къэзызэуа лъэпкъышхуэм и цIыхухэм яIэ фIэщхъуныгъэм залымыгъэкIэ бэр зэщIрагъэщ­тэным щыщтэу. Нэхъыжьхэм жаIэжу зэрыщытамкIэ, си адэшхуэри абы и къуэшри а щхьэусыгъуэрат хэкум щIикIар. ХьэжыщI кIуэ щIыкIэу лъахэр ябгынащ, къызэрамыгъэзэжынур хьэкъыу япхыкIауэ.
Си адэшхуэм и къуиплIыр, си адэшхуэм и къуэшым и зы къуэр, я щхьэгъусэхэр я гъусэу гъуэгу теуват ахэр. Зы илъэскъым икIи илъэситIкъым гъуэгу зэрытетар. Иорданием щынэсар 1905 гъэрщ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, хэщIыныгъэ ямыIэу, уеблэмэ ­гъуэгум иджыри зы щIалэ си адэшхуэм къыхуалъхуауэ псэу­пIэ яхуэхъуа щIыпIэм нэсащ ахэр. Абы щыгъуэ си адэм и ныбжьыр илъэс 13 - 15-хэм нэсат.
Апхуэдэу адэжь хэкур IэщIыб ящIащ Абеикъуэ зэкъуэшитIым. Тыркум ди деж щригъэкIуэкIа политикэм къытхуихьащ ар. А къэралыр бгырысхэм къыщIытхуейр гъащIэ дахэ, тынш къытпагъаплъэу, фIыуэ дыкъалъагъуу аратэкъым, атIэ хахуагъэшхуэрэ лIыгъэ инкIэ зи цIэр Iуа адыгэ щIалэхэр къагъэсэбэпурэ Балкан хытIыгуныкъуэм хиубыдэ къэралхэр лъэгущIэт ищIыну арат. Бгырысым хэкур нэгъуэщIу пхуегъэбгынэнутэкъыми, диныр зи лъабжьэ пропагандэ ин Кавказым щригъэкIуэкIащ Тыркум, «муслъымэныгъэ щытемыпщэ къэралым фыкъизэуащи, абы и цIыхухэм зэрахьэ диныр залымыгъэкIэ къывагъэщтэнущ, джаур щIыналъэр фымыбгынэмэ, жыхьэнмэ мафIэр къы­щыфпоплъэ адрей дунейм» жиIэ щIыкIэу. ЦIыху, унагъуэ куэд текIуэдащ а политикэм къыпкърыкIа Iуэхугъуэхэмрэ гуп­сысэхэмрэ.
- Хьэзабрэ бэлыхь куэдкIэ гъэнщIауэ щыта а истамбыл ­гъуэгужьым ирикIуахэм, шэч хэмылъу, яхэтагъэнкъым адэжь щIыналъэм гур икъузу къыхуемыплъэкIыжа. Уеблэмэ уэ хамэщI ущалъхуами, уи псэр мыбыкIэ къеIэн зэи щигъэтакъым. А гурыщIэр лъым хэт адэ щIэину къыпхуэнауэ къы­щIэ­кIынт, Шухьэиб…
- Щхьэщытхъугъэ хъунуми сщIэркъым, атIэми сэ къыс­щохъу адыгэпсэмрэ адыгэгумрэ адрейхэм емыщхьу: ахэр сытым дежи хуопабгъэ щалъхуа хэкум, и анэдэлъхубзэр щыхуит, и лъэпкъыр щыпсэу щIыналъэм. Аращ и купщIэр «хэкупсэ» псалъэми. Хэкури псэри зы чысэм илъщ, хэкури укъэзылъхуа анэри а зы къуэпсымкIэщ адыгэгум зэрыпыщIар. Абыхэм зэхэдз лъэпкъ яIэкъым.
Хэкужьым Iуэхур щызэтеуIэ­фIэжа хъумэ, къагъэзэжыну я мурадат куэдым, дауи. Ар­щхьэкIэ абы ежьэу зыри щысакъым: псэун, шхэн, быныр пIын хуейтэкъэ? А хъуэпсапIэр гу ­лъащIэм щагъафIэ зэпытурэ, ар щIэблэм щIэин нэхъыщхьэу къыхуагъанэурэ, илъэсхэр ­кIуащ. Си адэшхуэ Абеикъуэ Мухьэмэд и унагъуэри аращ. Быныр ипIащ, хэхэс гъащIэм ­хигъэуващ, ауэ зэи ящигъэгъупщакъым хы адрыщIымкIэ Хэкурэ лъэпкърэ зэрыщаIэр. Апхуэдэу дэри дыкъигъэхъуащ ди адэм. Быних дапIащ ди адэ-анэм: Шэрифэ, Шэхьирэ, Iэдиб, Шыхьбан, Шухьэиб, Башир. Ахэращ адэжь лъахэм и хъыбархэр къысхуэзыIуэтэжари.
Хуэмейуэ ирашат а тхьэмыщкIэр. Унагъуэм зызэщIакъуауэ, я шыгу-выгури зэщIэщIауэ ежьэн­рэ пэт, Мэзан уэбзэх-щIыбзэх ­хъуащ. Ар къалъыхъуауэ щытащ зы жэщ-зы махуэкIэ. Къызэ­рыщIэкIамкIэ, щIалэ цIыкIур и анэшым, Дыгулъыбгъуей къуа­жэм Абазэхэ, кIуэсауэ абы зыщигъэпщкIурт. Абыхэ къуэ яIэтэкъыми, я пхъум и щIалэхэм ящыщ зы къагъэнэну я мурадат, арщхьэкIэ ди адэшхуэм ар идакъым. Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, а зы адэ-анэм къалъхуахэм ящыщу Мэзант КъэбэрдеймкIэ зи псэр къыхуэпабгъэр. Абы быни 6 дриIати, псори дыщIи­пIыкIащ хэку лъагъуныгъэм, абы нэхърэ нэхъ къару лъэщ псэм зэрыхэмылъым.
Адэжь хэкум теухуауэ ищIэж псори къигубзыгъыжурэ къыд­жиIэжырт адэм. Сэри сигури си псэри етауэ сыхущIэкъурт апхуэдэ хъыбар нэхъыбэIуэ абы къызэрыпкърысхыным. Езыми ар и гуапащэ хъурти, зэман хэхаи имыIэу игу къыщыдридзей дакъикъэм иублэрт и хъыбархэр. И ныбжьым теухуауэ куэд имылъэгъуами, щIалэ цIыкIуу хэкур зрагъэбгына Мэзан и гукъэкIыжхэр мащIэтэкъым. Ар тепсэлъыхьырт Бахъсэн аузыр гъунапкъэншэу къызэрыпщы­хъум, щIымахуэм ар щыщтым деж, абы зэныбжьэгъухэм чын къыщрахуэкIыу зэрыщытам, адэкIэ-мыдэкIэ къыщыкI ­щхъуантIагъэм хуэдэ адэжь ­хэкум фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ зэрыщымыIэм, и цIыхухэм хуэдэ зэрыгъуэтыгъуейм… Апхуэдэхэм деж сэ къысщыхъурт зэи сымылъэгъуа псыхъуэшхуэм мы­вэ абрагъуэхэм сателъэ-сатепкIэу къыщызжыхьу, сыщIэ­хъуэпсырт, си адэм хуэдэу, сэри мыл гущIыIум чыныр вууэ къыщесхуэкIыну, мэракIуащхьэм сытесу ихъуреягъыр къэсплъы­хьу, къудамэхэр си хъы­ринэу сыфIэлъыну… КъысфIэщIырт си адэм зи гугъу къысхуищI Iуа­щхьэмахуэ къыщIэж псынэ щIыIэр зэнзэныпсу си джийм ежэхыу, акъужь къабзэмкIэ тхьэмбылым щызу сыбауэу… Си щхьэм гупсысэрэ хъуэпсапIэу щызэблэжым щIэи гъуни яIэтэкъым. Абдеж си гум къыщыушыпащ Хэкум Iэмал имыIэу къэзгъэзэн мурадыр. Иджы сызэрыадыгэр сщIэ къудей мыхъуу, ар си гумрэ си псэмрэ, си Iэпкълъэпкъым и лъынтхуэ псоми щыгъэбыдауэ хэлъ лъы налъэт си дежкIэ. А псоми ­къадэкIуэу гушхуэныгъэ ин къысхилъхьэрт спкърылъ хэкупсэ гурыщIэ лъэщым.
Ди адэр езыри апхуэдизкIэ щIэхъуэпсырт хэкум къигъэ­зэжынуи, «лъэс мыгъуэми, сыкIуэжынт», жиIэрт. Абы зэи къызжиIакъым хэкум гъэзэж жиIэу. Ар щыгъуазэтэкъым абы щекIуэкI Iуэхугъуэхэм, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, щыщтэу къыщIэкIынут абы щытепщэу жыхуаIэ Iиманыншагъэм. ИтIани, Къэбэрдейм щытепсэ­лъыхькIэ, абы и нэгум ислъа­гъуэрт зэи зылъэмыIэсыжыну фIыгъуэшхуэ гуэрым пэIэщIэ зэрыхъуам къытригъэуа мыхъур хьэлъэм и лъэужьыр. Сэ сыкъэкIуэжыну сызэрыхуейр нахуэу къыздимыIыгъми, шэч хэлътэкъым: ар щэхуу абы иригуфIэрт, иригушхуэрт. Хэт ищIэрэ, «силъ зыщIэт гуэр адэжь щIыналъэм щеувэхми, ари куэд и уасэщ си дежкIэ», жиIэу пIэрэт?..
А псоми нэхъ быдэж ящIащ си хъуэпсапIэр. Ди адэшхуэ-анэшхуэр, си адэр дунейм ехыжа нэужь, сэ си гугъащ ди анэр къыздэсщтэу хэкужьым сыкъэкIуэжыну. Ар Насыпхэ япхъут. И цIэр Муслъимэтт. ЛъэпкъкIэ ахэр Анзорей щыщт. Си ныбжьыр нэсами (илъэс 30-м сынэблэгъат), унагъуэ сухуэнуи сыхущIэкъуртэкъым: сыхуейт ­гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ а Iуэхугъуэр си лъахэм сису, си лъэпкъым сахэсу къесхьэжьэну.
Хэкум сыкъызэрыкIуэжын Iэмалхэр къэзугъуейуэрэ хэнейрэ яужь сихьащ а Iуэхум - къызэ­хъулIэртэкъым. Ауэрэ си анэр ­нэхъ сымаджэ къэхъуащ икIи къызэлъэIуащ езыр псэу щIыкIэ щхьэгъусэ зэзгъэгъуэтыну. А тхьэмыщкIэм и лъэIур згъэ­зэщIащ. Ар зригъэлъагъуу и псэр тыншыжыным ежьэ хуэдэ, мазищ къудейщ ар абы и ужькIэ зэрысхуэпсэужар…
- Апхуэдизрэ зяужь уита Iуэхугъуэр дауэ къохъулIа-тIэ? Хэт сэбэп къыпхуэхъуар?
- Курыт школыр къэзуха нэужь, электроникэмрэ электротехникэмрэ сыхуеджащ сэ. Политикэ Iуэхуми сыдихьэхащ. Коммунистхэр фIыуэ слъагъуу, а партым хэтхэм я Iуэху еплъыкIэхэр сфIэтэмэму щытти, Иорданием щызэхэт а партым сыхыхьауэ щытащ. Ар нахуэу лэжьэну хуит­тэкъыми, гъэпщкIуауэт Iуэхухэр зэрызэфIахыр. СССР-м а лъэхъэнэм коммунистхэм я теты­гъуэ дахэти, абы нрахауэ парт ­литературэ гуэрхэр къытIэ­рыхьэмэ, щэхуу зэIэпытхыурэ щIэдджыкIырт. Совет Союзым, псом хуэмыдэу Кавказым никIыу зыгуэр Иорданием нэкIуамэ, абы нэхърэ нэхъ хьэщIэ лъапIэ ди щIыгум нимыхьауэ къытщыхъурт. Хэхэс гъащIэр зи натIэ ­хъуа адыгэхэм гугъапIэуи ­хъуэпсапIэуи дапщэщи яIэр хэкурысхэращ. Дэри арат. «ХэкужьымкIэ къикIащ ар», - зы­хужаIэм абы щыщ Iыхьэ гуэр къытхуихьа фIэкIа умыщIэну, дигури ди псэри къыхузэIутхырт.
1972 гъэм и бжьыхьэр екIуэ­кIырт. СССР-м никIа гупышхуэм яхэту Иорданием нэкIуат хэкупсэ нэс, жэнэтыр дунейкIэ къэзы­лэжьа ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. ХьэщIэхэр едгъэблэгъат Иорданием щызэхэт Адыгэ ФIыщIэ Хасэм. Iуэхур хъунумэ, аракъэ… Сэ сыпэрытIысхьа хъуащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ СССР-м и къэрал консулу Иордание пащтыхьыгъуэм а лъэхъэнэм щыIамрэ зыпэрыс Iэнэм. Хэкум ехьэлIауэ сиIэ гурылъхэмрэ гу­къе­уэхэмрэ си нэгум къищ къыщIэкIынти, «Фи Iуэхухэр дауэ щыт?» - жиIэу Мухьэмэд къызэрызэупщIу, жесIащ си адэжьхэм я лъахэм згъэзэжыну илъэси 6 лъандэрэ яужь сызэритыр икIи ар къызэрызэмы­хъу­лIэр, щхьэусыгъуэ хэхаи къызжамыIэу. Си тхьэусыхафэр къыбгъэдэс лIыкIуэм жриIэжащ ХьэфIыцIэм икIи елъэIуащ ху­зэ­фIэкIымкIэ ар къыздэIэпыкъу­ну. Консулым абдеж сыкъыщигъэгугъащ мазищым къриу­быдэу жэуап къысIэригъэхьэну: хуит сыкъащIми е лъэпощхьэпо щыIэми щхьэусыгъуэр къызжиIэну.
А мазэхэр сэ зэрызгъэкIуар зыщIэр Тхьэшхуэм и закъуэщ. Зи псэр дзапэкIэ зыIыгъым сы­хуэдэт. Хъыбарым сежьэрти, си гур тепыIэртэкъым…
Абы сыщраджа махуэр зэи сщыгъупщэжынукъым. Консу­лым и деж пщэдджыжьым сыкIуэн хуейуэ пщыхьэщхьэм хъыбар къысIэрыхьат. А жэщым сыту куэд зэзгъэзэхуат сэ. Уо-о-о! Си гъащIэр адэкIэ зэрыхъунур щызэхэкIыну махуэр къэсат: е си хъуэпсапIэм сылъэIэсынурэ дунейкIэ жэнэтым сыкъыщыхутэнут, е гъащIэр схуэзыгъэнэхуу си гум къридз хъуаскIэ закъуэр уфIынкIынут…
Нэху схуэмыгъэщу сыIухьащ консульствэм и бжэIупэм. Куэд дэмыкIыуи сыIуагъэщIащ сы­зыхуэкIуа къулыкъущIэм. Абы и нэгум кърих нурымкIэ сэ занщIэу къызгурыIуат си Iуэхур фIы гуэр зэрыхъуар, арщхьэкIэ си гур темыпыIэу бгъэгум икIэзы­зыхьырт. «Абеикъуэ Шухьэиб Мэзан и къуэ. Нобэ къыщыщIэ­дзауэ хуитыныгъэ уиIэщ СССР-м ухуеймэ ущыпсэуну, ухуейми пIалъэ гуэркIэ ущыIэу Иорданием къэбгъэзэжыну», - къызжиIащ абы тхылъ гуэрхэр къысхуишийри.
Уо-о-о! Сыт хуэдизрэ сежьат сэ а псалъэхэм! Си нэр нэпс шыугъэхэм ягъаплъэртэкъыми, ­слъагъу щыIэтэкъым, ауэ си тхьэкIумэм зэхахат куэд лъандэрэ сызэжьэу си гущIэм щызгъэфIа псалъэ IэфIыщэхэр! Сэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэ дунейм темыту, си адэ-анэр къэтэджыжауэ къысщыхъуат а дакъикъэм!
- Къоджаи къожьи щымыIэу, къыщыппэплъэ-ри умыщIэу, жэуаплыныгъэ щIэпхь уна­гъуэри пкIэрыщIауэ адэжь щIыналъэм къытебдзэу укъэ­кIуэ­жыныр дзыхьщIы­гъуэ­джэтэкъэ-тIэ, Шухьэиб? Дауэ къыппежьа хэкужьыр, абы и цIыхухэр?
- Дауи, гугъуехьи лъэпощхьэпо куэди цIыхур хуозэ къэрал дэнэ къэна, фэтэр, лэжьапIэ IэнатIэ щихъуэжкIэ. Абыхэм ящыщ зыгуэри си дежкIэ гугъуехьтэкъым. Нэхъыщхьэр - си Хэку сыщыпсэуну хуитыныгъэ зэрызиIэрт, си адэми, сэри, дэ тхуэдэ хэхэс минхэми диIа хъуэпсапIэр нахуапIэ зэрысхуэхъурт.
Консулым мазитI хуэдизкIэ хьэзыр сыхъуну жесIами, си щIыбагъ къыдэлъ Iуэху псори мазэм къриубыдэу зэIубз сщIащ. А лъэхъэнэм сэ згъэлажьэрт электроникэ, электротехникэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр щащэ тыкуэн. Ди Iуэхур хъарзынэу зэтеувати, щэхуакIуэхэр ди куэдт. Ахъшэ хьэзыр зи мащIэ щэ­хуакIуэхэм кредиту естырт хьэпшыпхэр. КъыслъыкъуэкIа Iуэхум ипкъ иткIэ, щIыхуэ зы­телъхэм захуэзгъэзащ икIи процентхэри яхуэзгъэгъуурэ ахъшэ къызэзытыжыфхэм къызатыжащ, сыкъамыгъэщIэхъуу.
А щIымахуэр мыбыкIэ щыткIийт абы щыгъуэ. ЩIыIэр градус 30-м нэсырт. Сызэрежьэжынум и хъыбар зыхэзыххэм «гъатхэм укIуэжынщ, мы уаем хыу­мышэ абы емыса сабийри балигъри», жаIэрт, ауэ гъэм и зы зэман дэнэ къэна, зы махуэ лейуэ хамэщI сызэрисыфын щыIэтэкъым, адэжь лъахэм сыкъэкIуэжыну Iэмал къыкъуэкIауэ. Си Къэбэрдейм и щIыIэри и хуабэри, и гъурри и щабэри - псори сысейт сэри, гуэхыпIэ имыIэу…
«Сежьэжыну сыхьэзырщ», - жыс­Iэу консулым деж сы­щы­кIуэм, Тхьэм и фIыщIэкIэ, абы къызжиIащ кхъухьлъатэм езым и щхьэкIэ сызэрыригъэтIыс­хьэжынур. Апхуэдэуи ищIащ: Иорданием и паспортымкIэ ­кхъухьлъатэм дыкъригъэтIыс­хьэжщ, езыри трапым къыткIэлъыдэкIуейри СССР-м дызэ­рихьэжыну тхылъхэр къыдитыжащ щыми: сэри, си щхьэгъусэми, илъэси 3 зи ныбжь ди хъыджэбз цIыкIу Тамарэ сымэ.
Кхъухьлъатэм уафэгум зэ­рызыщиIэтым къыдэкIуэу, сигури хэхъуэу къысщыхъурт, си бгъэчым имыхуэжу. Сэр нэхърэ нэхъ насыпыфIэ уафэмрэ щIылъэмрэ яку къызэрыщамылъхуами шэч лъэпкъ хэлътэкъым!
Ереван деж дыкъыщетIысэхри, адэкIэ Минводы дыкъэсыжащ. Сэ сяпэ иту къэкIуэжахэм яхэтт си ныбжьэгъуи, абы дыкъригъэблэгъэжащ, Ислъэмей дэса ди нэхъыжьым и дежи дыкъишэжащ. ИужькIэ республикэм и унафэщIхэр къызэупщIат дэнэ жылэ сыщыпсэуну нэхъ къасщ­тэми, сыт хуэдэ IэнатIэ къысхуа­лъыхъуэну сыхуейми. «Уэсрэ уэшхрэ къыщыттемышхэнрэ быным езгъэшхын щIакхъуэ Iыхьэ къыщызлэжьыфын IэнатIэрэ сиIэмэ, нэгъуэщI зыри сыхуейкъым», - арат си жэуапыр. Си дежкIэ куэд и уасэт адыгэщIым сытету, абы и ­хьэуамкIэ сыбауэу, си лъэпкъым сахэту, адыгэбзэр зэхэсхыу сы­псэуныр.
Тхьэм и фIыщIэкIэ, лэжьапIэ IэнатIи къысхуагъуэтащ, псэупIэ уни къыдатащ. Ахэри иужькIэ едгъэфIэкIуащ. СощIэж: Хьэ­фIы­цIэ Мухьэмэд дзэм къулыкъу щищIэу, лъагъунлъагъу къэкIуэжати, я деж мыкIуэжу си унэм ­къеблэгъауэ щытащ. Абы и фIыгъэкIэ аргуэру ди Iуэхур ефIэ­кIуауэ щытащ. Ди псэупIэри нэхъыфI хъуат, Бахъсэн дэта Лимб заводми IэнатIэщIэ къыщыс­хуагъуэтауэ щытащ. Абы сы­щылэжьащ илъэс куэдкIэ. ИужькIэ пенсэ сыкIуащ.
Хъарзынэу сопсэу. ХъыджэбзитI къытщIэхъуащ унагъуэм: Тамарэрэ Муслъимэтрэ (си анэм и фэеплъу фIэсщащ). Абыхэм я щIэбли, Тхьэм и фIыщIэкIэ, тлъэгъуащ.
- Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ гъэнщIа гъащIэ гъуэгуа­нэ зэпыпчащ, Шухьэиб. Уи илъэс 80-м уриплъэжмэ, сытыт абы нэхъыщхьэ дыдэу хэлъауэ, и купщIэу щытауэ къэплъытэр?
- ЩIалэгъуэ ныбжьым сызэрит лъандэрэ зихъуэжакъым абыкIэ сиIа еплъыкIэм: Хэку уиIэнырщ гъащIэм щынэхъыщхьэ дыдэр! Сабийр зеиншэкъым, адэ имы­Iэжми. Абы зеиншафэ къыщытеуэр и анэр къыщыщхьэ­щы­мытыжым дежщ. Хэкури анэри зыщ цIыхум и дежкIэ. Уи анэм и куэщI щабэ уису узэрипIым хуэдэ дыдэу, IэфIщ уи адэжь лъахэ ущыпсэунри. Балигъ ухъуа нэужь, укъэзылъхуа уи анэм узэрыхуэсакъым хуэдэу, укъы­щхьэщыжыфын хуейщ уи Хэкуми. Узыхуей гуэр нобэ зэрумы­гъуэтым щхьэкIэ Хэкур бгъэпудыну зыми хуит укъищIакъым. Нэхъыщхьэр лъэпкъ, къупщхьэ уиIэу, уи бзэ, уи хабзэ, уи нэмыс пIыгъыжу дунейм утетынырщ. «Мылъкур уэсэпсщ», - жиIащ пасэрейм. Абы гъащIэр теп­щIыхь хъунукъым.
ЖыпIэнурамэ, сынасыпыфIэщ нобэ. Си хэку згъуэтыжащ, си анэдэлъхубзэмкIэ хуиту со­псалъэ, си щIэблэми Iэмал ­естыфащ адэжь хэкукIэ гуны­къуэгъуэ ямыIэу, я щхьэр лъагэу Iэтауэ, хамэм зыхуамыгъэщхъыу псэуну. Сэ си ныбжьыр здынэсам, ноби срикъуакъым ди лъахэм сызэрыщыпсэуамкIэ, абы щыслъагъу псори: цIыхухэри, щIыуэ­псри, ди уафэри, ди щIылъэри - нобэ япэу слъагъум хуэдэу си псэм къыщохъу. Адыгэм и дежкIэ ахэр фIыгъуэ мылъытэщ!
- Упсэу, Шухьэиб. Уи быным куэдрэ Тхьэм уащхьэщигъэт! Адэжь хэкум Тхьэм гу щыуи­гъахуэ.

Хэкупсэ  нэс

Абеикъуэ Шухьэиб сэ щысцІыхуар япэ дыдэу ди Хэкужьым дыкъыщыкІуа 1978 гъэр аращ.  Ар зи фІыщІэр си къуэш нэхъыжь лъапІэу ­Хъуажь Мухьэмэд-Хъер тхьэмыщкІэрт. Шу­хьэиб дэрэ ди гупсысэхэри, ди дуней еплъыкІэри, ди Хэку зыхэщІэри хуабжьу зэтохуэ.

ХЭХЭС адыгэр хэкум къэкІуэжын-къэшэжын Іуэхум и япэ лъагъуэхэш адыгэ хэкупсэ нэсхэм ящыщщ Абеикъуэ Шухьэиб.  «Хэкум зыгуэр къысхуищІэнщ» жиІэу, абы щыгугъыу къэкІуэ­жакъым ар. «Си адэжь щІыналъэщи, адыгэр ­дыкъызэрыхъухьа ди щІыпІэжьщи, Іэмал иІэу щытмэ, дыкІуэжынщ, дыщыпсэунщ, зэрытхузэфІэкІкІэ зэрызедгъэужьыным иужь дитынщ», - жыхуиIэ апхуэдэ гупсысэ иІэу аращ.  Иорданиеми и Iуэху щыдэкIырт, езым и уней Іуэху хъарзыни щиІэт, тэмэму зиужьу. Апхуэдэу щыт пэтми, Шухьэиб и псэр хамэщІым щытыншакъым. Абы дапщэщи къилъыхъуэрт и Хэкужьым къы­зэрекІуэлІэжын Iэмалхэр, мыбы щыпсэун зэры­хуейри псэкІэ зыхищІэрт.
Адэжь лъахэм къэкIуэжу Бахъсэн дэтІысхьэжа нэужь, къызыхыхьэжахэми хъарзынэу яхэзэгъэжащ ар.
Адыгэ лъэпкъ гупсысэ куу зиІэ  си ныбжьэ­гъушхуэм сохъуэхъу и илъэс 80-мкIэ. Тхьэм узыншэу куэдрэ утхуигъэпсэу. ХэкущIым зи псэр къизыхьэжа Абеикъуэ Шухьэиб, АфІэунэ Абдул, Тхьэбысым Сэмихь, Хъуажь Мухьэмэд-Хъер, Кхъуэжь Яшар, Нартокъуэ Инал хуэдэхэм хаша лъагъуэр гъуэгубгъуэ хъунуи Тхьэшхуэм солъэIу.

ХЪУАЖЬ  Фахъри,
«Адыгэ псалъэ» газетым и обозреватель.

Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Шухьэиб и къуэшым ипхъу Селинэрэ абы и щхьэгъусэ Нэхущ  Ахьмэдрэ. 2014 гъэ


Шухьэибрэ и къуэш нэхъыжьым ипхъу Марлинрэ.


Ипхъу Муслъимэтрэ Шухьэиб и пхъурылъхухэу Амирэрэ Динэрэ. 2015 гъэ

 

Епсэлъар ЖЫЛАСЭ Маритэщ.
Поделиться: