Къалэхэр зэIузэпэщ щIынымкIэ проектхэм я къэралпсо зэпеуэм щытекIуащ

Бахъсэн къалэм и паркыр зэIузэпэщ щIынымкIэ проектыр урысейпсо конкурсым хэтащ икIи абы зэрыщытекIуам папщIэ сом мелуан 85-рэ къыхуагъэфэщащ.

Урысейпсо конкурсым кърикIуахэр накъыгъэм и 31-м къыщапщытэжащ Воронеж и концерт гъэлъэгъуапIэм. А Iуэхум кърихьэлIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мутко Виталий, Воронеж областым и губернатор Гусев Александр сымэ.
2019 гъэм къалэ мыинхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ жылагъуэхэмрэ зэIузэпэщ щIынымкIэ проектхэм я конкурсым хэтын папщIэ Урысей Федерацэм и щIыналъэу 77-м заявкэ 330-рэ кърагъэхат. Абыхэм я фIагъыр къапщытащ архитектурэмкIэ, къалэхэр ухуэнымкIэ, тхыдэ-щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ, социологиемкIэ, экономикэмкIэ эксперту 62-м. Абыхэм я нэхъыбэм Iэ зэраIэтам ипкъ иткIэ конкурсым щытекIуа проект 80-м хэхуащ Бахъсэн къалэм и паркыр зэIузэпэщ щIынымкIэ проектыр.

БАЛЪКЪЫЗ Аминэ.
Поделиться: