ЖысIэнур, гъащIэ, жызмыIа,
УифI жысIэу тIэкIу сыгъэгушыIэ…
Хь. Дж.
Урысей Федерацэм, Адыгэ Республикэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист, УФ-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм Шостакович Дмитрий и цIэр зэрихьэу ит саугъэтым и лауреат, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща ХьэIупэ ДжэбрэIил лъэпкъыр зэрыгушхуэщ, лъэпкъыр зыгъэгушхуэщ. Ар и ехъулIэныгъэхэм хуэкIуэн папщIэ и лъым хэлъ талантыр щIэныгъэмкIэ щIигъэбыдащ.
- Советхэм я тетыгъуэм цIыхум дежкIэ нэхъыщхьэу ябжу щытар щIэныгъэрщ. Ар зимыIэм и Iуэхур Iэнкунщ. ЩIэныгъэ зиIэ цIыхур щIэныгъэншэм епшалIэ хъунукъым. ЩIэмыхъунури? Я дунейхэр зэшэлIэгъуейщи.
«Многие мои стихи произошли от тоски», - жиIащ Пушкиным. Ар сэ фIыуэ къызгуроIуэ. Зэш гуэр къыптоуэ: е хьэ зэрапIытIара, е лъаIуэу уэрамым тет фызыжьра, е зи нэм имылъагъуу башкIэ Iэбэрабэу уэрамым тетра, е мы уэсыр щыткIужра? СщIэркъым сэ зэшыр къызыхэкIынкIэ хъунур, ауэ ар зыхэзымыщIэ цIыхум «творчество» жыхуэтIэм и купщIэр къищIэнукъым. Тютчевыр щышынэу щытащ зэгупсысыр тхылъымпIэм тритхэну. Уи гупсысэр тхылъымпIэм тептхэну ущыхуежьэкIэ, и кIапэлъапэр пфIэкIуэдурэ гупсысэр щыпIэщIэкI къохъу, - щыжеIэ ДжэбрэIил 2012 гъэм Ширдий Маринэ абы дищIа интервьюм.
Музыкэм хэзыщIыкIхэм фIыуэ къагуроIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил и зэфIэкIыр зыхуэдэр. Совет композитор Баласанян Сергей итхауэ щытащ ХьэIупэм щхьэкIэ: «Сыт а композиторым узэрызыIэпишэр? Лъэпкъ уэрэдым хуиIэ лъагъуныгъэмкIэ, езым ар зэрызыхищIэмкIэ, и лъэпкъ щэнхабзэм хуабжу фIыуэ зэрыщыгъуазэмкIэ…»
Псэ къабзэу, и гур цIыхухэм яхузэIухауэ зэрыщытыр къыщежьар и сабиигъуэ гугъур арагъэнщ. А гугъуехьыр армырауэ пIэрэ ДжэбрэIил зыпсыхьар? Ерыщу зыхуейм зэрыхущIэкъуар, къызыхуигъэщIар ищIэжу езым и гъуэгур къызэрыхихар, лэжьыгъэр фIыуэ илъагъуу, цIыху пэжу, гу хьэлэл иIэу дунейм зэрытетыр…
ДжэбрэIил и адыгэбзэмрэ и псэм и къулеигъэмрэ ар зыцIыху псори щыгъуазэщ. АбыкIэ фIыщIэ зыхуэщIыпхъэр абы и анэ, цIыхубэ усакIуэ цIэрыIуэ ПащIэ Бэчмырзэ ипхъу Локъанщ. Абы щIалэ цIыкIум и гум къыщигъэушыфащ лъэпкъ гъуазджэм ехьэлIа лъагъуныгъэр. ДжэбрэIил и сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ Локъан къиIуэтэжу зэхихащ и адэшхуэм и уэрэдхэр, хъыбарыжьхэр, таурыхъхэр, аращ, шэч хэмылъу, IуэрыIуатэм пасэу дезыгъэхьэхари.
1959 гъэм ар щIэтIысхьащ Налшык дэт Музыкэ училищэм и дирижёр-хор къудамэм. Ещанэ курсым щеджэу абы уэрэд итхын щIидзащ. 1962 гъэм дунейм къытехьащ Тхьэгъэзит Зубер и псалъэхэр зыщIэлъ «Си гъатхэ» уэрэдыр. Ар занщIэу цIэрыIуэ хъуащ. Училищэм щIэсыху ДжэбрэIил уэрэдипщIым щIигъу итхати, псори цIыхухэм япхъуэтащ, радиокIэ къату, концертхэм щыжаIэу хуежьащ.
Зэгуэрым ХьэIупэм жиIауэ щытащ сытым дежи ныбжьэгъу пэжхэмрэ егъэджакIуэ нэсхэмрэ и насып зэрыхэлъар. Аращ и ехъулIэныгъэ нэхъ ин дыдэуи къилъытэр. Музыкэ училищэм щыщеджэм, абы и унафэщI Хьэсанэ Мусэ, иужькIэ илъэс куэдкIэ Композиторхэм я союзым и правленэм зыщыдэлэжьа композитор цIэрыIуэ Къардэн Хьэсэн сымэ нэхъыжьыфIу къыщхьэщытауэ жыпIэ хъунущ. Адэ лъагъуныгъэр къыхуаIэу яущийрт, и лэжьыгъэм трагъэгушхуэрт.
- «Си университетыр», - жеIэ ХьэIупэм, - музыкант цIэрыIуэ Клюзнер Борис сыщыдэгъуэгурыкIуа илъэсхэрщ. Сызыщымыгъуэза куэд музыкэм ехьэлIауэ къызэрысщIар аращ зи фIыгъэр… Шаверзашвилирэ Клюзнеррэ си дамитIщ, нобэр къыздэсым сызэрыпсэури абыхэм къысхалъхьа къарурщ.
Езы Клюзнер ДжэбрэIил жриIэрт: «ХьэIупэ, уэ псэ хьэлэл уиIэщ, уи псэм усыгъэр щоушэ, къэнэжыр - улэжьэнырщ».
Тбилиси консерваторэр къыщиухщ, Налшык къигъэзэжри, ДжэбрэIил Музыкэ училищэм щригъаджэу щIидзащ. Зыр адрейм кIэлъыкIуэу и къалэмыпэм къыщIокI инструментальнэ, симфоние макъамэхэр.
1970 гъэм ХьэIупэ ДжэбрэIил СССР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ. А илъэс дыдэм дунейм къытехьащ и егъэджакIуэ Клюзнер Борис хуитха «Сказка седых гор» симфониер.
1975 гъэм Урысейм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и зэIущIэ екIуэкIам хиубыдэу ар щагъэзэщIат Чайковскэм и цIэр зезыхьэ концерт тыпIэм. «Апхуэдэ макъамэр европей концерт тыпIэхэм я нэхъ цIэрыIуэхэм симфоническэ оркестр нэхъыфI дыдэхэм щагъэзащIэ хъунущ», - жиIэгъат композитор Щедрин Родион.
ЖыпIэнурамэ, 70 гъэхэр композиторым лэжьыгъэшхуэхэр къыщехъулIа зэманщ. Абыхэм ящыщщ «Адыгская увертюра», «Молодежная увертюра», «Торжественная увертюра» IэдакъэщIэкIхэр, «Сказание о нартах» симфоние-поэмэр, 1975 гъэм Межелайтис Эдуард и псалъэхэр щIэлъу итха симфоние №2-р.
1980 гъэхэм итхахэм наIуэ къащIащ лъэпкъ музыкэм симфониемкIэ зэфIэкIышхуэ зиIэ композитор иIэ зэрыхъуар. Абы етх лэжьыгъэшхуэхэр: оркестрым скрипкэр и гъусэу игъэзэщIэну япэ концертыр, адыгэ пшынэм папщIэ классикэ жыпхъэм ит япэ лэжьыгъэр, пшынэм хуитха сонатэр, пшынауэ Iэзэ Кхъуэжь Мадинэ концертхэм гъэщIэгъуэныщэу щигъэзащIэр…
ХьэIупэ ДжэбрэIил куэд щIащ утыкушхуэм зэрихьэрэ, урысейпсо макъамэ щэнхабзэм увыпIэшхуэ зэрыщиубыдрэ. Абы и талантымкIэ къигъэщIа псори адыгэм и щэнхабзэ гъэтIылъыгъэхэм ящыщ хъуагъэххэщ.
ДжэбрэIил и гъащIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ усакIуэ, уэрэджыIакIуэ, музыкант цIэрыIуэхэу Тхьэгъэзит Зубер, Бицу Анатолэ, АфIэунэ Лиуан, Бещтокъуэ Хьэбас, Къэшэж Иннэ, Тут Заур, Бэгъуэтыж Светланэ, Гъэсашэ Наталье, Уэтэр Анатолэ, ПащIэ Ахьмэд, Шэрджэс Iэсият, Кхъуэжь Мадинэ, ГъукIэ Мадинэ, Тепловэ Верэ, Бэрсокъуэ Еленэ, Анисимов Евгений, Нестеренкэ Ольгэ сымэ.
Лектор-музыкэдж ХьэIупэ ДжэбрэIил илъэс куэд хъуауэ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ лекцэ-концертхэр Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щрегъэкIуэкI, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал филармонием и симфоние оркестрым и гъусэу. Республикэм и школхэмрэ сабий садхэмрэ я гуапэу щIэх-щIэхыурэ ирагъэблагъэ, и псалъэ щIэблэм зэхрагъэхын папщIэ. Апхуэдэ лэжьыгъэр псыхэкIуадэ хъуакъым, ДжэбрэIил музыкэм хуригъэджам я бжыгъэм тепщIыхьмэ.
- СызэрыегъэджакIуэм нэхъ тезгъащIэу жысIэмэ, насыпышхуэу къызолъытэ си гъэсэн Къэбэрдокъуэ Мурат жыжьэ нэсыфын композитор зэрыхъуар. Шэч къытесхьэркъым, IэщIагъэ хуэхъуамкIэ лъэпкъыр зыгъэгушхуэн цIыху абы къызэрыхэкIынум, - жеIэ ДжэбрэIил.
Ацкъан Руслан ДжэбрэIил зыщытхъу усакIуэ закъуэтIакъуэм ящыщщ. Езы Руслани ар зыхилъхьэ щыIэкъым. «ДжэбрэIил и талантым хуэфэщэжу дунейм тетщ, абы кIэрымыпщIэн лъэпкъ кIэримыгъапщIэу. И псэм ещхьу, и макъамэри къабзэщ. Дэ гъащIэ къызэдэткIуащ, ди зэхуэдэ ныбжьэгъуфIхэри ди гъусэу. Ди гъащIэм хэтащ гуфIэгъуэ махуэ куэди, ди гур хэзыгъэщIа Iэджи. ДыщигуфIэгъуэм - дызэдэгуфIащ, гуауэ щыдиIэм, ари зэдэдгуэшащ. Аращ ныбжьэгъу- гъэ жыхуаIэжыр. «Ныбжьэгъугъэ нэсыр гъэщIэгъуэныщэщ: абы гуфIэгъуэр тIукIэ егъэбагъуэ, гуауэр тIу ирещIыкI», - жиIащ цIыхушхуэ гуэрым. А псалъэхэр си фIэщ зыщIахэм ящыщщ си ныбжьэгъу пэж ХьэIупэ ДжэбрэIил», - жеIэ Ацкъан Руслан.
Музыкэм и мызакъуэу, литературэмкIи, сурэт гъуазджэмкIи, лъэпкъхэм я тхыдэмкIи, IуэрыIуатэмкIи щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ ХьэIупэм жиIэрейщ: «Срогушхуэ сызэрыадыгэм. Сэ адыгэм и фIыпIэ слъэгъуащ. Сэ сропагэ сызэрыадыгэм, ауэ зыми сепэгэкIыркъым».
Узыншагъэ уиIэну, ди нэхъыжьыфI!