Анэдэлъхубзэрщ зэрыгупсысэр

Быным адэ-анэм хуаIэ гурыщIэхэр къа­Iуэтэну адыгэ хабзэм къызэремызэгъым къыхэкIыу, сэри си адэм сытепсэлъыхьыну мащIэу соукIытэ.

Шэч хэмылъу, сэ срогушхуэ ХьэIупэ лъэпкъым сызэрыщыщым, а гушхуэныгъэри нэхъыбэу зи фIыщIэр си адэращ. Апхуэдэу щыхъукIи, сэ фIыуэ къызгуроIуэ ар ди унагъуэм, ХьэIупэ лIакъуэм я мызакъуэу, адыгэ лъэпкъым ейуэ зэрыщытыр. Си адэм и гъащIэри и гуащIэри и лъэпкъращ зыт­риухуар, абы и щэнхабзэм хуэлэжьащ, нобэми хуолажьэ. Си жагъуэ зэрыхъунщи, сэ си адэм хуэдэу адыгэбзэ къабзэ, пасэрей адыгэбзэжь сIурылъкъым, ар зэрыгуп­сысэри зэрыпсэури и анэдэлъхубзэрщ, псэущхьэхэм нэгъунэ адыгэбзэщ зэрепсалъэр. Псом хуэмыдэу сабийхэр фIыуэ елъагъу си адэм, гулъытэ хуимыщIу зыри блэкIынукъым, арагъэнщ абы цIыкIухэм папщIэ уэрэд тхылъитI щIыхуэтхари.
Езым и сабиигъуэм, ди адэшхуэм, гъащIэм теухуауэ жиIэж хъыбархэм зэманыр зэрыкIуэр къыумыщIэу уедэIуэфынущ, зым хуэдэжкъым абы хэкум, лъэпкъым теухуа и усэхэр.
Узыншагъэ и бэу, гукъыдэжрэ дэрэжэ­гъуэрэ щымыщIэу фIыуэ илъагъу и лъэп­къым иджыри илъэс куэдкIэ хуэлэжьэну Тхьэм жиIэ!


 Адыгэ композиторхэр (ижьымкIэ къыщыщIэдзауэ): ХьэIупэ ДжэбрэIил, Темыркъан Борис, Молэ Владимир, ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр, Къардэн Хьэсэн, Къэзан Аслъэнджэрий. 1996 гъэ

ХьэIупэ Анзор, композитор
Поделиться: