АкъылыфIэхэм я XIX зэхыхьэ

Хабзэ хъуауэ, Бахъсэн щIыналъэм щIэныгъэмкIэ и управленэм гъэ еджэгъуэм и кIэм деж къепщытэж зэфIагъэкIахэр. Мы гъэми абы папщIэ къызэрагъэпэща «АкъылыфIэхэм я XIX зэхыхьэр» Куба къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIащ.

Махуэшхуэм кърагъэблэгъат урысей псом, республикэм, щIыналъэм щекIуэкIа зэпеуэхэм, олимпиадэхэм, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ конференцхэм, спорт зэхьэзэхуэхэм щытекIуа, къыщыхэжаныкIа еджакIуэхэр. ХьэщIэу къеблэгъахэт Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Заур, щIыпIэ самоуправленэм и советымдепутат Абазокъуэ Хьэутий, Бахъсэн районым щIэныгъэмкIэ управленэм и унафэщI Абрэдж Тамарэ, Бахъсэн щIыналъэм и хэхакIуэ комиссэм и унафэщI Бештокъуэ Хьэмибди, щIыпIэм щыIэ щIэныгъэм и лэжьакIуэхэм я щIыналъэ профсоюз комитетым и унафэщI Молэ Хьэсен, администрацэм спортымрэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Гъут Резуан, «Баксанский вестник» газетым и редактор нэхъыщхьэ Доткъул Сэфарбий сымэ.
ЗэIущIэр къыщызэIуахым япэу псалъэ зрата Къэзан Заур пэшым щIэсхэм ехъуэхъуа нэужь жиIащ: «Зэхьэзэхуэм, текIуэныгъэм я IэфIхэр зыхэзыщIа, емызэш фэ фхуэдэ сабий зэчиифIэхэр диIэу ди щIыналъэми, республикэми ди къэкIуэнум щхьэкIэ дыщIэгузэвэн щымыIэу къызолъытэ. Дэ куэдкIэ дыфщогугъ!».
Къызэхуэсахэм псалъэ дахэхэмкIэ захуэзыгъэза Абрэдж Тамарэ жиIащ: «ФыщIалэщ, фи къару илъыгъуэщ, фыхъуэпсэгъуэщ! ЕхъулIэныгъэщIэхэм фыщытегушхуэ хъуну зэман дахэм фыхопсэукIри, гугъуехьым фыщымышынэу, лъагэу зыфIэту, къару зытевгъэкIуадэ Iуэхухэм пщIэ къыпэкIуэу фыпсэуну, адэкIи фи адэ-анэхэр, фи егъэджакIуэхэр вгъэгуфIэну, вгъэгушхуэну сынывохъуэхъу!»
Хабзэ зэрыхъуауэ, «Олимпиадэ», «Зэпеуэ», «ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ конференц», «Спорт» унэтIыныгъэхэмкIэ ехъулIэныгъэ нэхъыбэ зыIэрызыгъэхьа курыт еджапIэ нэхъыфIхэр къыхагъэщащ. школ унафэщIхэр утыкум ирашэурэ гъэ еджэгъуэм къриубыдэу я еджакIуэхэм къахьа фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр иратыжащ.
Апхуэдэу «2019 гъэм пашэ хъуа еджапIэ» цIэр лъапIэр хуагъэфэщащ ХьэтIохъущыкъуей дэт 3-нэ курыт еджапIэм. А унэтIыныгъэмкIэ япэ увыпIэр кьихьащ Къубэ-Тэбэ дэт 1-нэ курыт школым. ЕтIуанэ увыпIэр иратащ Кыщпэк къуажэм дэт курыт еджапIэм, ещанэ хъуащ Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт 3-нэ курыт школыр.
«2019 гъэм и еджакIуэ нэхъыфI» цIэр фIащащ ХьэтIохъущыкъуей къуажэ дэт 3-нэ курыт школым щIэс ДыщэкI Къанщобий. А унэтIыныгъэмкIэ япэ увыпIэр иратащ Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт 3-нэ курыт еджапIэм щIэс Уэркъуасэ Алим. ЕтIуанэ хъуащ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт 3-нэ курыт школым и еджакIуэ Нэхущ Иннэ. Ещанэ увыпIэр хуагъэфэщащ Ислъэмей къуажэ дэт 4-нэ курыт школым щеджэ Къундет Миланэ.
«2019 гъэм и ныбжьыщIэм акъылыфIэ» цIэр фIащащ ХьэтIохъущыкъуей къуажэ дэт 3-нэ курыт школым щеджэ Шыбзыхъуэ Атланэ. Япэ увыпIэр иратащ ХьэтIохъущыкъуей дэт прогимназием щIэс Архэст Эвелинэ. ЕтIуанэ хъуащ Бахъсэненок къуажэм дэт 1-нэ курыт школым щыщ Нартокъуэ Ренат. Ещанэ увыпIр хуагъэфэщащ Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт 3-нэ курыт еджапIэм щеджэ Степановэ Элинэ.
АдэкIэ утыкум кърашащ «2019 гъэм и спорстмен» унэтIыныгъэмкIэ пашэ хъуахэр. Бахъсэн щIыналъэм щеджэ еджакIуэхэм спорт и лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэ нэхъыбэ иIэу къалъытащ Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт 3-нэ курыт еджапIэм щIэс ПщыхьэщIэ Къаплъэн. Япэ увыпIэр хуагъэфэщащ ПсыкIэху къуажэм дэт курыт школым щIэс Къамбий Тамерлан. ЕтIуанэ увыпIэр зыIэригъэхьащ Кыщпэк къуажэм и курыт еджапIэм и еджакIуэ Гъуэщокъуэ Нур-Мухьэмэд. Ещанэ хъуащ Бахъсэненок къуажэм дэт 3-нэ школым щеджэ Дадэхъу Темыркъан.
ГъэлъэпIэныр зэфIэкIа нэужь къызэхуэсахэр ирагъэплъащ махуэшхуэм хуагъэхьэзыра концертым. Абы хэтащ щIыналъэм ЩэнхабзэмкIэ и унэхэм я гъэсэн цIыкIухэр. Утыку кърахьат еджэныгъэм пыщIа теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэр, къафэхэр, уэрэдхэр. Апхуэдэу утыкур ягъэдэхащ Тырку щIыналъэм уэрэд жыIэнымкIэ щекIуэкIа зэпеуэм пэшэныгъэр щызыубыдахэу Шурдым Миленрэ Къуршэ Арианэрэ.

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.
Поделиться: