ЕмыкIу сыкъимыщIмэ
ЩIалэ гуэр ежьащ: «Си благъэ, си ныбжьэгъу зэзгъэлъагъунщ», - жери.
И благъи и ныбжьэгъуи зригъэлъагъури, гъуэгу къытехьэжауэ къыздэкIуэжым, зы жылэ къыблэкIыжын хуейти, дидзыхащ. Жылэм лIы цIэрыIуэ гуэр дэсти, ар зригъэцIыхун мурад ищIащ щIалэм. ЩIэупщIэри, лIы цIэрыIуэм и унэр кърагъэлъэгъуащ. Куэбжэм Iухьауэ, зы пщащэ къыIущIащ:
- Еблагъэ, ди хьэщIэ, - жери.
Пщащэр къэIэбащ, шыр Iихыну. Шыр иритакъым.
- Фи шэщыр сыгъэлъагъу, - жиIащ щIалэм.
Шыр шэщым щIигъэзагъэри, хьэщIэщым ихьащ щIалэр. Бащлъыкъыр зыщхьэрихри, пщащэм иритащ, щIакIуэри иритащ, щIопщри Iихыну къэIэбати, щIопщыр иритакъым. ЩIопщыр езым блыным фIидзащ.
Пщащэр хьэщIэщым икIыжри, и адэм деж щIыхьащ. И адэм зигъэсыма-джэти, хэлът.
- ХьэщIэ диIэщ, ди адэ, - жиIащ пщащэм.
- ХьэщIэ диIэмэ, хъарзынэкъэ, си хъыджэбз, - къыжриIащ и адэм. - ХуэпщафIэ, Iэнэ хуэхьи, гъэхьэщIэ. ЩIопщыр зэрыпилъар зэгъэлъагъуи, къызжеIэж.
ХьэщIэщым тригъазэри, щIалэм щIопщыр зэрыпилъар зригъэлъэгъуащ пщащэм.
- ЩIопщыкIыр IэнэмкIэ гъэзауэ, щIопщыщхьэр бжэмкIэ гъэзауэ пилъащ, - жери пщащэм и адэм хъыбар хуихьыжащ.
- Абы щыгъуэ ар щысын хьэщIэкъым, шхын хьэзыр диIэмэ, Iэнэ хуэхь, - къыжриIащ лIым и пхъум. - Iэнэр пхьауэ хьэщIэщым укъыщикIыжкIэ, пIэм илъ щхьэнтэр къэублэрэкI.
Iэнэр хьэщIэщым ирихьэри, къыщыщIэкIыжым, пIэм илъ щхьэнтэр иублэрэкIащ пщащэм.
- Фи унэ сымаджэ илъ? - къеупщIащ щIалэ хьэщIэр, пщащэм щхьэнтэр щIиублэрэкIар къыгурыIуэри.
- Ди адэр сымаджэу хэлъщ, - жиIащ пщащэм.
- Фи унэ сымаджэ щилъкIэ, сэ Iэнэм сыбгъэдэсынкъым. ЕмыкIу сыкъимыщIмэ, фи адэм деж сихьэнурэ сыщIэупщIэнущ, - къэтэджыжащ щIалэр.
ЩIалэм и псалъэр пщащэм и адэм хуихьыжащ.
- Ар цIыху къилъхуащ, адыгэм игъэсащ, кърекIуи, къысщIреупщIэ - емыкIу сщIыркъым, - жиIащ лIым.
ЛIы цIэрыIуэм деж ихьащ щIалэр.
- Уи ныбжь Тхьэм иригъэкъу, си щIалэ, арэзы сыкъэпщIащ, - жиIащ лIым. - ХьэщIэщым гъэзэжи, ди ерыскъым хэIэбэ.
ЛIы цIэрыIуэр зригъэлъагъущ, я ерыскъы зыIуигъахуэри, щIалэр ежьэжащ, зэман дигъэкIри, лIы цIэрыIуэм и пхъум лъыхъуащ. ЛIы цIэрыIуэм и пхъур щIалэ Iущым къритащ.
Ныш закъуэ
ЗэныбжьэгъуитI я благъэ зыдэс къуажэ хьэщIапIэ кIуащ. Щхьэж и благъэ и унэ ихьащ зэныбжьэгъуитIыр, къыщыхьэщIэри къежьэжащ. КъыздэкIуэжым, зыр адрейм йоупщI:
- Дауэ къыпIущIа уи благъэр, сыт уагъэшха?
- Сагъэтхъащ, зыкъыстрафыщIэжащ си благъэм: къэб шыпси, къэб лыбжьи, къэб гъэваи, къэб лэпси сагъэшхри, къэб жыли сагъэIункIащ. ЦIыху тхъэмэ, сагъэтхъащ! - жиIащ зым.
- Сэ къызэрызэгугъуа щыIэкъым: ныш закъуэщ ягу пыкIар, - жиIащ адрейм.
Шууэ хьэдрыхэ мэкIуэж
Зы лIыжь, и ныбжь нэсри, дунейм ехыжащ. Ар зэрылIар щызэхихым, зэман дигъэкIри, щIалэ бзаджэ гуэр къежьащ. Бысымыр щымыIэу зрыригъэхьэлIэри, щIалэ бзаджэр зи тхьэмадэ лIа унэгуащэм деж еблэгъащ:
- ХьэщIэ къихьэмэ, фи гуапэкъэ? - жери.
- ХьэщIэ зи жагъуэ щыIэ! Еблагъэ! - гуфIащ унэгуащэр, Iэни къыхуищтащ.
ЩIалэр шхэуэ здэщысым, унэгуащэр къеупщIащ:
- Дэнэ укъикIрэ, ди хьэщIэ?
- Хьэдрыхэ сыкъокI, - жиIащ щIалэм.
- Дызыхуейуэ укъэдгъуэтащ, - гуфIащ унэгуащэр. - Си тхьэмадэжьыр нэгъабэ лIащ. Хьэдрыхэ ущримыхьэлIауэ пIэрэ? И хъыбар пщIэрэ?
- СощIэ, - жиIащ щIалэм. - Махуэ къэси солъагъу.
- Сыт и хъыбар? Жэнэтым нэсакIэ си тхьэмадэжьыр?
- Жэнэтыбжэм Iутщ. Жэнэтым щIагъэхьа щIыкIэкъым, - жэуап иритыжащ щIалэм.
- Сыту пIэрэ къыдагъуэр? - гузэващ унэгуащэр.
- Дыщэ хущощIэ, нэгъуэщI къыдагъуэркъым.
- Дапщэ зыхущыщIэр?
- Мыпхуэдиз, - жери зыхущыщIэр жриIащ.
- НтIэ, щIалэфI, дыщэ тIэкIу диIэщи, хуздэхь. Си тхьэмадэжьым щхьэкIэ дызэблэн щыIэкъым, - жери унэгуащэм дыщэ къритащ щIалэм.
- Хуздэсхьынщ, Iэрызгъэхьэжынщ.
Зыхуейр зыIэригъэхьэри, щIалэр ежьэжащ.
ЩIалэр ежьэжа къудейуэ, лIыр къэсыжащ. Я дыщэр хьэдрыхэ къикIа щIалэм зэрыритар и лIым жриIащ фызым:
- Уи адэр дыщэ щхьэкIэ жэнэт бжэIупэм дауэ Iудгъэтын! - жери. - Иджыпсту езгъэжьэжа къудейщ щIалэр.
- ДэнэкIэ здигъэзар?
- МобыкIэ, - жери щIалэм здигъэзар къригъэлъэгъуащ.
Шым зридзыжри, лIыр щIалэм кIэлъежэжьащ. ЩIалэр къызэплъэкIыурэ кIуэрти, шур къилъэгъуащ. И ужь къызэрихур къыгурыIуэнтэкъэ! Зы щIалэ къуий вэуэ хэтти, абы бгъэдэлъэдащ дыщэр зыхьыр.
- Мо шур плъагъурэ?
- Солъагъу.
- Къуийм теплъэ хъуркъым ар. Дэнэ щрихьэлIэми, щIопщыр трекъутэ.
- НтIэ, лIо сщIэнур? - къэгузэващ къуийр.
Гъуэгу Iуфэм зы жыг Iутт.
- Уэ мо жыгым дэпщей, сэ пхъэIэщэкIыр субыдынщ.
Къуийр жыгым дригъэпщейри, езым пхъэIэщэкIыр иубыдащ.
Шур къэсащ.
- Лъэс гуэр блэмыкIауэ пIэрэ мыбыкIэ? - еупщIащ шур пхъэIэщэкIыр зыIыгъ щIалэм.
- БлэкIакъым: укъыщилъагъум, мо жыгым дэпщеяуэ тесщ, - жиIащ щIалэм.
Шур жыгым бгъэдэлъэдащ:
- Къех мыдэ! - жери.
- Къуийм тхьэр къеуа? Сыт си лажьэр? - жиIащ жыгым тес вакIуэ щIалэм.
- Къуий сылъыхъуэркъым сэ, къех жысIакъэ!
- Сынехынукъым.
- Укъехынукъэ?
- Хьэуэ.
- Уэ пхуэфI сыхъунщ сэ, пщафэкIэ укъеслъэфэхынщи! - жери лIыр епсыхащ, шы IумпIэр щIалэм къыIэщIилъхьэри, жыгым дэпщеящ.
Шым зридзри, щIалэр щIэпхъуэжащ.
Сыт ищIэжынт лIым: и щхьэр къыфIэхуауэ, и унэ ихьэжащ.
- Дауэ хъуа? УлъэщIыхьа? - къыпежьащ унэгуащэр.
- СылъэщIыхьащ, - жиIащ лIым. - Хьэдрыхэ нэс лъэсу дауэ згъэкIуэжынт: шым згъэшэсри, сутIыпщыжащ...
И ужь фикI
Шагуджхэ ейуэ Шумахуэ жари щIалэ лъэрызехьэ гуэр исащ Абэзэхэм. Бжьэдыгъупщым и пхъур лIы иритырти, ар зэхихри, Шумахуэ нысашэ джэгум кIуащ.
Пщым и пхъур, пхъэ вакъэм иту, нысашэ джэгум къыхашэри, пщащэхэм къыхагъэуващ. Шумахуэ джэгум щIэкIуар арати, пщым и пхъур ирихьэжьэри ежьэжащ. И пхъур зэрырахьэжьар жраIащ пщым. Пщащэр нысашэ джэгум яхэзыхыфар зэрымылIыгъэншэр къыгурыIуэнтэкъэ пщым? КIэлъыпхъэрын щыхъум, пщым къажриIащ:
- ФылъэщIыхьэнукъым. ФылъэщIыхьэми, къыIэщIэфхыжыфынукъым.
ИтIани кIэлъыпхъэращ пщащэр езыхьэжьам. Шумахуэ сэрэшым зэпрыкIри, яIэщIэкIащ. Пхъэрыр сэрэшым хэнащ, зэпрыкIыфакъым. Пщащэр ирагъэхьри, къагъэзэжащ. Я Iуэху зэрыхъуар пщым жраIащ.
- ДахэкIэ ухэмызэгъамэ, абы IейкIэ къыпыпхын щыIэкъым, и ужь фикI, - къажриIащ пщым, и пхъур лIыгъэ зыхэлъ щIалэм зэрихьар и гуапэ хъуати.
Жыг зыхухасэхэр
Зы лIыжь жыг хисэрти, щIалэхэр къыщIэнэкIащ:
- Жыг щхьэ хэпсэрэ: уи хьэдрыхэ кIуэгъуэщ, нобэ хэпсэ жыгым къыпыкIэнум щыщ пшхын уи гугъэ?
- Сэ нобэ сшхыр си адэжьым хисауэ щыта жыгым къыпыкIэращ. Си ужь къинэнум яшхынур нобэ сэ хэссэ жыгым къыпыкIэнурщ, - жиIащ лIыжьым.
ЛIыжь набгъэ
Зы пщащэ ирахьэжьащ. ЩIалэ гуп кIэлъыпхъэращ пщащэр зыхьым. ЩIыхьакъым, я щхьэр фIэхуауэ къагъэзэжащ. Жылэм зы лIыжь набгъэ дэсти, щIалэ хуэмыхухэм къажриIащ:
- Шым сывгъэшэси, гъуэгум сытевгъэхьэ.
Ягъэшэсри, лIыжь набгъэр ежьащ. Пщащэр зыхьхэр къызэплъэкIащ. Я ужьыр къэзыху шу закъуэр къыщалъагъум, пщащэр гъуэгум къытранэри, унэидзыхьэм я щхьэр щIахьащ:
- Мы шум дыIэщIэукIэнущ, - жари.
Пщащэр къихьыжри, лIыжьыр жылэм дыхьэжащ. Пщащэр зейм яритыжри, лIыжь набгъэр и унэ итIысхьэжащ.
Зыбжанэ дэкIауэ, пщащэр къэзымыхьыжыфа щIалэхэр егупсысащ:
- Iэзэ дывгъаши, лIыжьым и нэр къэдвгъэгъэплъэж, - жари.
ЛIыжьым деж Iэзэ яшащ:
- Iэзэ къодгъэплъынурэ, уи нэр къэдгъэплъэжынущ, - жари.
ЛIыжьым идакъым.
- Сыт къысхувиIуэху: си нэр къэвгъэплъэжмэ, фэракъэ слъагъунур? - къажриIащ лIыжьым щIалэ хуэмыхухэм.
Сэ сагъэшхэнщ, уэ уагъашхэ щыхъуакIэ
Пщы гуэрым зыпхъу иIэт. Пщащэр сэхъуат, щхьэхынэт, и ани и ади хэзагъэртэкъым.
ЩIалэ ахъырзэман гуэрым и хъыбар зэхихащ пщым.
Пщым щIалэр къриджащ:
- Зы шыщIэ мыгъасэ сиIэщ, схуэбгъэсэн? - жери.
- Пхуэзгъэсэнщ, - жиIащ щIалэм.
- Абы щыгъуэ мыри пхуэгъэсэнущ уэ, - жери пщым и пхъур щIалэм къритащ.
Унэ ихьа щхьэкIэ, пщым и пхъум и хьэлыр зыхинакъым: зэрыщхьэхынэщ, зэрысэхъуам тетщ. Зы махуи, махуитIи, нэхъыби дэкIащ. ЩIалэр зы пщыхьэщхьэ къыдыхьэжри, и анэм еупщIащ:
- Ди анэ, хэт ныщхьэбэ тхуэпщэфIар?
- Сэращ.
- Уэрамэ, уэ къэтIыси, дышхэнщ, - жиIащ щIалэм.
НысащIэр Iэнэм къигъэтIысакъым: зэанэзэкъуэр шхэху, плIанэпэм дагъэтащ. КъыкIэлъыкIуэ пщыхьэщхьэми ар иращIащ. МахуитI-щы дэкIри, пщым и пхъур къэдзыхащ.
- Псыхьэ сыкIуэн, нанэ? - и гуащэм зыхуигъэбзэIэфIащ итIанэ.
- КIуэ, си дахэ, - гуфIащ гуащэр.
КIуэри, псы къихьащ. Жэмыр къишащ. ПщIантIэр ипхъэнкIащ. Унэр зэлъыIуихащ. ЕувалIэри пщэфIащ.
Пщыхьэщхьэм щIалэр къыдыхьэжащ, Iэнэ къагъэувати:
- Ныщхьэбэ хэт тхуэпщэфIар? - жери щIэупщIащ щIалэр.
- ТIури дыпщэфIащ, - къыжриIащ и анэм.
- Абы щыгъуэ уи нысэри къэгъэтIыси, къыддрешхэ.
«Сахыхьэнщи, си пхъум и Iуэху зытет зэзгъэщIэнщ», - жери пщыр къежьащ. И пхъур пежьащ пщым.
- Дадэ, къэпхьIарэ? Зыгуэр къыумыхьмэ, мы унэм ущагъэшхэнукъым, - жриIащ и адэм.
Пщыр дыхьэшхащ:
- Сэ сагъэшхэнщ, уэ уагъашхэ щыхъуакIэ, - жери.
Фызыжь Iущ
Зы щIалэ пщащэ гуэр фIыуэ илъэгъуати, къишэнут, ауэ пщащэм и анэр жылэм зэрафIэбзаджэм щхьэкIэ лъыхъун тегушхуэртэкъым. Иужьым фызыжь Iущ гуэрым ечэнджэщащ:
- Мыпхуэдэ пщащэр къэсшэнущ, и анэр цIыхум яфIэбзаджэщи, и пхъур зэрыхъунур сщIэркъым, - жери.
- Зи гугъу пщIы пщащэм я гупэкIэ мей жыгитI итщ, зэбгъурытыпэу. Шууэ кIуэи, уи шыр мей жыгитIым я зэхуаку пхудэгъэкIмэ, еплъ. Абы ущелIалIэкIэ, пщащэм и анэм укъилъагъунщи, къыдэкIынщ. ЖепIэнур уэ пщIэжынщ, - къигъэIущащ фызыжь Iущым щIалэр.
Шууэ кIуэри, мей жыгитIым ирихулIащ щIалэм. Шыр жыг зэхуакум худэмыкIыурэ, зыкъомрэ елIэлIащ. Пщащэм и анэр пщIантIэм къыдэкIащ:
- Сыт узэлIалIэр? - жери.
- Мы си шым и анэр мы жыгитIым я кум дэкIауэ щытащ. Мыр схудэкIыркъыми, аращ сызэлIалIэр, - жэуап етыж щIалэм.
- И анэр дэкIамэ, мыри дэкIынщ, - къыжриIащ фызым.
Пщащэм и анэм къыжриIар фызыжь Iущым къыхуихьыжащ щIалэм.
- Абы щыгъуэ, си щIалэ, пщащэр къэзылъхуам хуэдэ хъужынщ. Иджы уэ пщIэнумкIэ ухуитщ, - къыжриIащ фызыжь Iущым.