Урысейм и махуэр ягъэлъапIэ

Ди къэралым и щIыналъэ  куэдми хуэдэу, мэкъуауэгъуэм и 12-м Урысейм и махуэр  Къэбэрдей-Балъкъэрым Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

Къэбэрдейр  Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам  и щIыхькIэ щыIэ утым  къалэдэсхэр, КъБР-м и Парламентым, Правительствэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ лъэпкъ щэнхабзэ центрхэмрэ я лIыкIуэхэр  къыщызэхуэсат.  Лъэпкъ фащэхэмкIэ хуэпарэ я ныпыр хуарзэу яIыгъыу  абы  лъэпкъ куэдым я лIыкIуэхэр щыплъагъукIэ ди щIыналъэр зэныбжьэгъугъэм и лъахэу зэрыщытыр  наIуэ пщыхъурт.
Гуп зэрыIыгъыр  утым икIри, махуэшхуэ концертым адэкIэ  щыпаща Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм нэс ирикIуащ.  Абы  и гупэм  къыщызэрагъэпэщат  сурэтыщI ныбжьыщIэхэм, прикладной гъуазджэм  хуэIэзэхэм,  сабий  сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
 Махуэшхуэ  концертыр къызэIуихащ ар зи  жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща  Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ  Берд Хьэзрэталий.
 


Сурэтхэр  Къарей Элинэ трихащ.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: