Iулъхьэ хьэмэрэ тегъэгушхуэныгъэ?

Зым и дежкIи щэхукъым – дунейр зэтезыIыгъэхэм ящыщ зыщ Iулъхьэ тын-къеIыхыныр. ГъащIэм и дэнэ щIыпIи абы ущрохьэлIэ, арщхьэкIэ зэрыщыIэр ябзыщIмэ псоми нэхъ къащтэ. Iулъхьэм зэщIиIулIахэм ящыщщ спортри, ауэ ар къэпхутэну хуабжьу гугъущ, куэд дыдэр хуэIэижь хъуащи. Апхуэдэу щыт пэтми, «Спартак-Налшыкыр» зыхэт Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым хабзэм къемызэгъ щызылэжьахэр къыщыщIагъэщащ. Ар къыщыхъуар зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызыIыгъ «Чайка»-м Песчанокопскэ къуажэм щиIэ стадионым Новороссийск и «Черноморец»-р къыщригъэблэгъа накъыгъэм (майм) и 13-ращ.

Зэпеуэр и кIэм щынэблэгъам и деж командэхэм зэIэрагъэхьэ очкохэм я уасэри хуабжьу доуей. Гъэ псом зыхунэмысар зэуэ зрагъэгъуэтыжыну куэд хущIокъу. Дауи, я мурадхэр зрагъэхъулIэн папщIэ языныкъуэхэр сыт хуэдэ Iэмалми хуэкIуэфынущ. Ар яфIэдурысу къыщIэкIащ мыгъэрей зэхьэзэхуэм зым адрейм къыпимыкIуэту бжьыпэм къыщызэдэгъуэгурыкIуа цIыху мин тIощIым фIэкIа щымыпсэу Песчанокопскэ къуажэм и «Чайка»-мрэ мелуаным щIигъу зыдэс Краснодар къалэм и «Урожай»-мрэ.
Нэгъабэ и гъэмахуэм щIэзыдза зэхьэзэхуэр щиух мазэр хуабжьу гуащIэу щытащ пашэхэм я дежкIэ. ИмыщIэххэу, мафIэр къызэщIигъэплъащ «Спартак-Налшыкым». ЯпэщIыкIэ, мэлыжьыхьым (апрелым) и кIэухым Краснодар щыIэу ди щIалэхэм, зыми хуамыгъэфэщауэ, щIыпIэ «Урожай»-р ягъэлъэпэрэпащ. Куэдым къащыхъуауэ къыщIэкIынущ ди лъахэгъу зыбжанэ (Къалмыкъ Амур, Жылэ Ислъам, Абазэ Астемыр сымэ, нэгъуэщIхэри) зыхэт хэгъэрейхэм налшыкдэсхэр псалъэмакъыншэу къыпикIуэтыну икIи я очко бжыгъэм хагъэхъуэнымкIэ зэран мыхъуну. АрщхьэкIэ Трубицын Сергей и гъэсэнхэр къэгъэIурыщIэгъуафIэ хъуакъым икIи текIуэныгъэр зи Iэрылъхьэу пасэIуэу къэзылъыта краснодардэсхэр щIылъэм кърагъэувэхыжащ. «Урожай»-р хуабжьу ерыщу икIи къаруушхуэкIэ ебгъэрыкIуа пэтми, гъуащхьэтет икIи гупым и капитан Щоджэн Борис зи пашэ «Спартак-Налшыкым» зыкърыхигъэгъэщIакъым. ЗэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ иухащ икIи пашэныгъэм щIэбэн хэгъэрейхэм, ямыщIэххэу, очкоитI яфIэкIуэдащ.
ЩIыхуэм щIигъанэу зэхуащIыжа «Кубань»-м и пIэкIэ урысейпсо утыкушхуэм «Урожай»-р къизыгъэхьэну мурад зыщIа Краснодар къалэм и унафэщIхэм я хъуэпсапIэр зэраIэщIэкIыр абы иужькIэ нахуэу къагурыIуащ. Зэхьэзэхуэр иухыным къэнэжар джэгугъуитху къудейт икIи зыгуэрхэр къэгупсысын хуейт. Къэнэжыр, яIэщэкI я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ «Чайка»-р къызэтегъэувыIэнырт, дяпэкIэ абы къыпэщIэувэнухэр мылъкукIэ тегъэгушхуауэ.
Накъыгъэм и пэщIэдзэм Песчанокопскэм и командэр Налшык къэкIуащ. Ар Iэмал хъарзынэт къуажэдэсхэр къызэтрагъэувыIэну. Къэнэжа я хьэрхуэрэгъухэм ящыщу «Чайка»-м очко бжыгъэ гуэр фIэзыгъэкIуэдыфынур «Спартак-Налшыкымрэ» Новороссийск и «Черноморец»-мрэт. Апхуэдэу къэхъуатэмэ, «Урожай»-м и насып къикIынут икIи, бжьыпэр иубыдынурэ, зыщIэхъуэпс япэ дивизионым кIуэну Iэмал игъуэтынут.
«Чайка»-ми налшыкдэсхэр ерыщу япэщIэтащ. Уеблэмэ ар хагъэщIэфынуи щытащ, ауэ зэрытемыгъакIуэу очкоитI зэрыфIагъэкIуэдари «Урожай»-м и дежкIэ Iуэхутхьэбзэшхуэт.
А махуэ дыдэм, накъыгъэм и 4-м, Налшык нэхърэ сыхьэт ныкъуэкIэ щынэхъ кIасэу джэгун щрагъэжьащ Ставрополь къалэм. Абы щIыпIэ командэм къыщригъэблэгъат Краснодар и «Урожай»-р. КъыкIэрыхухэм иджыри къэс яхэта хэгъэрейхэр а зэIущIэм очко бжыгъэ гуэр щыхуэныкъуэтэкъым икIи хьэщIэхэм Iэмал псори яIэт текIуэныгъэр яхьыну. Налшык щыIэу «Чайка»-м очкоитI а махуэм зэрыфIэкIуэдар къэзыщIа «Урожай»-м и футболистхэм иджыри сыхьэт ныкъуэ яIэт я мурадыр зрагъэхъулIэну. Бжыгъэр абы ирихьэлIэу 1:1-ти, зы топ закъуэ «Динамо-Ставрополь»-м худагъэкIыжын хуейуэ арат. Краснодардэсхэм, дауи, ипэкIэ зрачащ. АрщхьэкIэ текIуэн и пIэкIэ къыхагъэщIащ - хэгъэрейхэм Iэзэу къагъэсэбэпащ «Урожай»-м и зыхъумэжыныгъэр зэрагъэкIэщхъар. Арати, 1:2-уэ къыхагъащIэри, краснодардэсхэр щытыкIэ гугъу дыдэм ихуащ. ГугъапIэу къэнэжыр «Черноморец»-м «Чайка»-р Песчанокопскэ къуажэм щыхигъэщIэнырт. Ар тынштэкъым, ауэ яхузэфIэмыкIынуи щыттэкъым. АдэкIэ къэхъуаращ бэлыхьышхуэ къызэрыкIар.
Урысей футболым щыхабзэщ, икIи ар къемызэгъыу къалъытэркъым, лъэныкъуитIыр щызэпэщIэувэкIэ зи сэбэп хэлъ ещанэм зыхуейр мылъкукIэ тригъэгушхуэу. ЗэрыжаIэмкIэ, «Урожай»-м и унафэщIхэм «Черноморец»-м и футболист нэхъыфI зыбжанэ къагъэгугъащ «Чайка»-р хагъащIэмэ, сом мелуан ныкъуэкIэ ягъэфIэжыну.
2019 гъэм накъыгъэм и 13-р урысей футболым и тхыдэм хыхьэфынущ Iулъхьэ щата зэIущIэр япэу къыщыщIагъэщауэ. Хабзэм и хъумакIуэхэр Iуэхум иджыри йолэжь икIи пыухыкIауэ зыми тебгъэчыныхьыфынукъым, ауэ абы кърикIуа япэ унафэхэм зыкъом къыбгурагъаIуэ.
Арати, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и 27-нэ джэгугъуэм хыхьэ «Чайка» - «Черноморец» зэIущIэр блыщхьэм, накъыгъэм и 13-м, зэхагъэтащ, адрейхэр щэбэтым зэдэджэгуа пэтми. ГурыIуэгъуэт абы псори набдзэгубдзаплъэу зэрыхущытынур. Сыти жыIи, зэхэкIыфынут зэпеуэм пашэныгъэр щызыубыду япэ дивизионым кIуэну хуитыныгъэр къэзыхьынур хэтми.
Джэгум гуащIэ дыдэу ирагъэжьащ. ДакъикъиплI дэкIауэ арат Нороссийск къикIа «Черноморец»-м бжыгъэр къызэIуихыу япэ щищам. Абы хэгъэрейхэр арэзы къищIынкIэ Iэмал иIэтэкъым - къыхагъащIэмэ, «Урожай»-м бжьыпэр яфIиубыдынут.
«Чайка»-м и футболистхэр къаруушхуэкIэ ипэкIэ кIуэтащ. АрщхьэкIэ яхузэфIэкIар, загъэпсэхуну имыкI щIыкIэ, бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжынырщ. Нэрылъагъут хэгъэрейхэм тыншу текIуэныгъэр къазэрыIэрымыхьэнур. Абы щыгъуэми ящIэрт «Урожай»-м и унафэщIхэм «Черноморец»-р мылъкукIэ зэрытрагъэгушхуар. ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм зыгуэр щIэн хуейт икIи хэкIыпIэр ахъшэ нэхъыбэж етауэ новороссийскдэсхэр къыдэхьэхынырт, армырамэ зэхьэзэхуэм бжьыпэр щаIэщIэкIынут, абы и гъусэуи къуажэ командэр япэ дивизионым хуэзышэ гъуэгури зэхуэщIа хъунут.
Командэхэм загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ къэхъуар нобэр къыздэсым зэхагъэкI икIи абы щIэх кIэ иIэну къыщIэкIынукъым. «Черноморец»-м и футболистхэм къызэрымыкIуэ щыуагъэхэр яIэщIэкI хъуащ. Апхуэдэхэм ящыщ зым и зэранкIэ 62-нэ дакъикъэм судьям метр пщыкIузым и деж игъэлъэгъуащ. «Чайка»-м и гъуащхьауэ нэхъыфI Подбельцевым ар игъэзэщIэну дзыхь хуащIат, арщхьэкIэ топыр гъуэм дигъэкIыфакъым.
Хэгъэрейхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэр нэхъ гуащIэж мэхъу, хьэщIэхэм яфIэмыфIыщэурэ захъумэж. Арати, 74-нэ, 81-нэ дакъикъэхэм сытми топитI дагъэкIри, Новороссийск и командэр 3:1-уэ хагъащIэ. Абы къокI пашэныгъэр къахуэнауэ икIи къыкIэлъыкIуэ зэхьэзэхуэр япэ дивизионым щыщIадзэну.
Iуэхум хилъэфауэ зыкъэзылъытэжа Краснодар и «Урожай»-м и генеральнэ директор Градиленкэ Дмитрий Инстаграмым щиIэ и напэкIуэцIым а пщыхьэщхьэ дыдэм щитхащ «Чайка»-мрэ «Черноморец»-мрэ я зэIущIэм кърикIуа бжыгъэм хьэрэмыгъэ хэлъауэ гурыщхъуэшхуэ зэрыуигъэщIыр. Ар щIэдзапIэ яхуэхъури, къэралым и спорт газет нэхъыщхьэхэмрэ интернет-сайтхэмрэ ярыз хъуащ Песчанокопскэм къыщыхъуар куууэ щызэпкърах тхыгъэхэр. Дауи, Iуэхур нэсащ унафэщIхэми я деж. Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм (РФС) и Iэтащхьэу ягъэувагъащIэ Дюков Александр къыкIэлъыкIуэ махуэм жиIащ «Чайка» - «Черноморец» зэIущIэм кърикIуар спорт зэпеуэныгъэм пэжыжьэу гурыщхъуэ зэрыщыIэр икIи Iуэхур зэхигъэкIыну МВД-м и пщэ зэрыралъхьар. ПсынщIэ дыдэу къызэрагъэпэщащ РФС-м и лэжьакIуэ гуп, нэхъапэм топджэгу цIэрыIуэу щытахэу Симонян Никитэ, Гершкович Михаил, Мирзоян Александр, Лексаков Андрей, Власов Андрей, Старцев Александр сымэ хэту. Къраджэурэ ахэр еупщIащ зэIущIэм щыджэгуа футболистхэм, абыхэм я тренерхэм, судьяхэм. КъищынэмыщIауэ, къытрагъэзэжурэ еплъыжащ зэIущIэр зэрекIуэкIа, топхэр зэрыдагъэкIа щIыкIэм. Комиссэр зэакъылэгъуу арэзы техъуащ «Чайка» - «Черноморец» зэпэщIэтыныгъэр спорт зэныкъуэкъуныгъэм зэрыпэжыжьамкIэ.
Бэлыхь хэхуа командэхэми я Iуэху еплъыкIэр псынщIэу утыку кърахьащ. «Чайка»-р зи мылъкукIэ къэпсэу хьэрычэтыщIэ Чайкэ Андрей «Спорт-Экспресс» газетым и корреспондентым щепсалъэм къыхигъэщащ я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ Краснодар и «Урожай»-р, джэгупIэ губгъуэм къазэрыщыпэмылъэщам къыхэкIыу, административнэ Iэмалхэм зэрыхуэкIуар, апхуэдэ щIыкIэкIэ «Чайка»-р лъэныкъуэ ирагъэзу езыр япэ дивизионым кIуэн папщIэ.
«Черноморец»-ми зытригъэхьэн идакъым икIи «Урожай»-м и хьэгъэщагъэу а псори къилъытащ. «Делагъэщ ар. Зэрытрах камерэхэмкIэ сыт и лъэныкъуэкIи узэда стадионым зыгуэр къыщыдбгъэдыхьэу ахъшэ къыдитауэ жыхуаIэм сытепсэлъхьыххэну сыхуейкъым, - пиупщIащ новороссийскдэсхэм я тренер нэхъыщхьэ, ди лъахэгъу ДыщэкI Хьэзрэт. – Фэ езыр фегупсыс апхуэдэ хъыбархэм хэт и фейдэ хэлъми. СызэригугъэмкIэ, «Урожай»-ращ».
АрщхьэкIэ, Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм а псалъэхэм щыщIэдэIуакъым. Я Iэтащхьэ Дюковым пасэу жиIахэр гъуазэ зыхуэхъуа гупым къэхъуа псори «езым зэхигъэкIмэ» нэхъ къищтащ. Арати, тхьэмахуищ нэхъ дэмыкIыу, Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм и Къэзыпщытэ-тезыр тезылъхьэ комиссэм и унафэр мэкъуауэгъуэм и 7-м хэIущIыIу къэхъуащ. Абы ипкъ иткIэ, Новороссийск и «Черноморец»-м и тренер нэхъыщхьэ ДыщэкI Хьэзрэт футбол Iуэху илъэскIэ зэрихуэну хуимыту ягъэуващ. КъищынэмыщIауэ, а командэм и гъуащхьэхъумэхэу Юдин Иван, Пуляев Анатолий, гъуащхьэхъумэныкъуэ Резников Станислав сымэ илъэсищкIэ топ ягъэджэгунукъым. А псом ищIыIужкIэ, Краснодар и «Урожай»-м и генеральнэ директор Градиленкэ Дмитрий (зэрыфщIэжщи, абы Инстаграмым щитхахэращ псалъэмакъым и къежьапIэ хъуар) илъэскIэ футболым пэIэщIэ ящIащ, «Черноморец»-м хэтхэр мылъкукIэ нэхъапэжкIэ къыдихьэхыу зыхуей бжыгъэр зэIущIэм къыщыщIригъэдзыну зэрыхэтам папщIэ.
Гурыщхъуэ зыхуащIхэм тезыр тралъхьэн папщIэ тегъэщIапIэ лъэщ хуейт. Апхуэдэ хъуащ «Черноморец»-м и футболистхэм ящыщ зыр. Абы мылъкукIэ трагъэгушхуахэми ар къызыбгъэдэкIахэми я цIэ-унэцIэр къриIуащ икIи жиIащ «Чайка» - «Черноморец» зэIущIэм и япэ Iыхьэр иухыу загъэпсэхуну икIа иужькIэ, хэгъэрейхэм сом мелуанитI къызэрыхуагъэлъэгъуар. Ар «Урожай»-м къритынум хуэдиплIкIэ щIигъурт.
Тезырхэр ткIийщ, ауэ ахэр щIэдзапIэу аращ. КъыкIэлъыкIуэнухэр нэхъ гуащIэжщ. Ар къыщыхъунур Урысей Футбол Зэгухьэныгъэмрэ МВД-мрэ я къэпщытэныгъэхэр зэфIэкIа иужькIэщ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, удын нэхъыщхьэр зытехуэнур Песчанокопскэм и «Чайка»-ращ. Урысей футболым Iулъхьэм ерыщу зэрыщебэныр дуней псом щрагъэлъагъун папщIэ Ростов областым хыхьэ Песчанокопскэ къуажэм щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэ Чайкэ Андрей и мылъкукIэ къыщызэрагъэпэща командэр хьэIупс ящIыфынущ. Ар и зэфIэкIкIи, мыхьэнэкIи, дауи, «Газпром»-р, «Роснефть»-р, «Башнефть»-р, «ВТБ-Банк»-р, нэгъуэщIхэр къызыкъуэт адрей гуп нэхъ лъэрызехьэхэм ящыщкъым.
Iуэхум и пэжыпIэр, дауи, зэхагъэкIынурэ, хабзэр къызэпызыудахэм тезыр тралъхьэнущ. Ауэ дауэ зэрызэхэбгъэкIынур зы командэм адрейр мылъкукIэ тригъэгушхуэну хуит ящIауэ къызэрекIуэкIым тетхэмрэ Iулъхьэ езытхэмрэ. ТIум щыгъуэми къикIыр зыщ - спорт зэныкъуэкъуныгъэр лъэныкъуэ езауэ мылъку зэлъэфэлIэныр япэ ищу аращ. Хьэмэрэ ягу къыщихьэм Iуэху къаIэту, адрейхэм гу лъамытэу дяпэкIи екIуэкIыну ара? Апхуэдэфэ тетщ.
Дауэ щымытми, накъыгъэ мазэм Песчанокопскэ къуажэм къыщыхъуам зыми фэфI къытригъауэркъым. Арауэ къыщIэкIынщ «Урожай»-м хъыбар щIызэбгригъэхар мазэ дэкIмэ щIэзыдзэну урысейпсо зэхьэзэхуэщIэм абырэ топджэгум дихьэххэм я мылъкукIэ къызэрагъэпэщыжауэ Краснодар крайм и чемпионатым щыджэгу «Кубань»-мрэ зы гупу зэхыхьэжыну.
Деплъынщ адэкIэ зэрыхъум.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться: