Ди лэжьэгъур дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэщРеспубликэ телевиденэм и лэжьакIуэ нэхъыжьхэм ящыщ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист БжэныкIэ Мухьэб ипхъу Ервас (БжэныкIэ) Анисэт сымаджэ хьэлъэ хъуащ. Илъэс ещанэ хъуауэ ар пэщIэтщ лышх узыфэ шынагъуэм (острый лимфобластной лейкоз). Иджыпсту и щытыкIэр нэхъ хьэлъэ хъуащ, куцIым дохутыр IэзэгъуэкIэ зэрыхэIэбэрэ и узыншагъэр екIэкIуащ. КIэлъыплъыныгъэхэм къагъэлъэгъуащ лъымрэ куцIымрэ Iей и лъэныкъуэкIэ зызэрызэблидзар. Урысейм абы и Iэзэгъуэ зэрыщыхуамыгъуэтым къыхэкIыу, Китайм яшэн хуейуэ къыхуагъэуващ. ГугъапIэу яIэжыр CAR-T геннэ IэзэгъуэкIэ иджырей IэмалыщIэхэрщ. Абы текIуэдэнущ сом мелуани 3. Ар мылъку мащIэкъым, ауэ икIи егъэлеищакъым. ИлъэсищкIэ уз шынагъуэм пэщIэта унагъуэм я мылъкур абы текIуэдащ. Жьы хъуа адэ-анэм я унэр ящэну къагъэлъэгъуащ, ауэ зэкIэ щэхуакIуэ къыкъуэкIакъым. Карта: Олег Адальбиевич Е. 4276600035309604
Поделиться:
Читать также:
20.04.2024 - 10:01 →
Ди лъахэгъухэр кърагъэблэгъэж
19.04.2024 - 16:42 →
ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 →
Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 →
Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 →
Щыуагъэм щахъумэу
|