Адыгэ щэнхабзэм и пхъуантэдэлъ

Дуней псом зы адыгэ тету къыщIэкIынкъым КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зэхэзымыхарэ ар фIыуэ зымылъагъурэ. Зырамыку хуэдэ лIы щэджащэхэр илъэсищэ къэс зэ къызыщIэхъуэ лъэпкъым и насыпщ. Къызыхуалъхуар лъэпкъыр игъэгуфIэну, игъэбжьыфIэну арати, а къалэн лъапIэр гъэзэщIэ­ныр пасэу, щIалэ дыдэу щIэзыдза Зырамыку щIыхуэ къытехуауэ жызыIэфын адыгэ уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум къыдэбгъуэтэну къыщIэкIынкъым.

 

ИЛЪЭС куэд дыдэкIэ адыгэлI щыпкъэ Къардэн­гъущI Зырамыку гурэ псэкIэ хуэлэжьащ адыгэ щэнхабзэмрэ ­гъуазджэмрэ. Ауэ сытми хуэлажьэ къудейкъым - ищIэр хъууэ, абы ищIам ущIытеIэзэщIыхьыжын щымыIэущ ар сытым дежи зэрылажьэр. И художественнэ тхыгъэхэми и хъыбар къэIуэтэжыкIэхэми «КъардэнгъущI» дамыгъэр ятелъщи, а лъэпкъ дамыгъэр зыхэбгъэгъуэщэн щыIэкъым. Ар зейр Зырамыкущ! ЩIэныгъэлI Къар­дэнгъущIым зэхуихьэсыжа хъыбарыжь, уэрэдыжь ­къомыр-щэ! Ахэр адыгэ щэнхабзэм и пхъуантэдэлъ мыкIуэды­жыну игъащIэ псокIэ ди лъэпкъым бгъэдэ­лъыну мылъкушхуэщ.
Абы адыгэ уэрэдыжьхэр уахътыншэ зэрищIар-щэ! Зырамыку ахэр зэригъэзащIэм хуэдэу жызыIэфын диIауи диIэнуи фIэщщIыгъуейщ. Ар уэрэджыIакIуэ ­къудейтэкъым - уэрэдхэм езым и псэр яхилъхьэрт, и бзэр яIурилъхьэрти, ахэр тхыдэIуатэ псэлъэгъу телъыджэ къытхуищIырт. А IуэхумкIэ Зырамыку зебгъэщхьыну ухуе­жьэныр щхьэгъэпцIэжщ. А цIыху хьэлэмэтым ещхьу уэрэд пхужыIэн щхьэкIэ… етIуанэу мыхъуу, езы КъардэнгъущI Зырамыкуу ущытын хуейщ - абы и псэр пIуту, и гур, и макъыр уиIэу. Апхуэдэ къэхъу щымыхабзэкIэ, зы Зырамыкущ дэ зэкIэ диIэр. Мис а Зыр дыхуэсакъыу тхъумэу, абы хуэмыфащэ пщIэрэ щIыхьрэ щыIэтэкъыми, ахэр лъыдгъэсащ, зыхуей хуэдгъэзащ, дяпэ идгъэтыну ­къилэжьырти.
Зырамыку КъардэнгъущIтэкъым, атIэ нартхэ я гъукIэ Лъэпкъ и кIыщым щапсыхьа Къардэн-жыр къы­зэфIэмыщIэжт. Алыхьым къызэрихъумамрэ зэрыжыр быдэмрэщ ар куэдрэ зыгъэпсэуар.

ЕЛГЪЭР Кашиф, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ.
Поделиться: