Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызэрагъэпэщ

КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ, министерствэм, балигъ мыхъуахэр кIэлъыплъыныгъэншэу къэмынэным, хабзэр къыщызэпауд къэмыгъэхъуным кIэлъыплъ IэнатIэхэм ящIыгъуу, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэм илъэс ещанэ хъуауэ къыщызэрегъэпэщ я учётым щыт, зыхуей хуэмызэ ныбжьыщIэхэм загъэпсэхуныр. Къапщтэмэ, «Лидер» зыфIаща сменэм нэгъабэ щыIащ республикэм и район зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ сабий 70.

МВД-м иджыблагъэ щекIуэкIащ а Iуэху дыдэр къызэзыгъэпэщыну лэжьакIуэ гупым и зэIущIэ.
Абы хыхьащ балигъ мыхъуахэр кIэлъыплъыныгъэншэу къэмынэным, хабзэр къызэпыудыныр къэмыгъэхъуным зи нэIэ тет IэнатIэ псоми я лIыкIуэхэр: КъБР-м и Жылагъуэ палатэм, КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, СпортымкIэ, ЩэнхабзэмкIэ, Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ, Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэхэм, Урысей МЧС-м и Упрвленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ УФСИН-м, Урысей ФЧВНГ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм щыщхэр, Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэм и лIыкIуэр.
Хабзэ зэрыхъуауэ, сабийхэм зыщагъэпсэхунущ Налшык къалэ дэт «Вершина» санаторэ» ООО-м.
КъБР-м щыIэ МВД-м полицэм и участковэ уполномоченнэхэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымрэ балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Ащхъуэт Аслъэн къыхигъэщащ а лэжьыгъэр балигъ мыхъуахэм хабзэр къызэпаудыныр гъэмэщIэнымкIэ сэбэп зэры­хъунур.
ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ зэщIыгъуу ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм: абыхэм ящыщщ спорт зэпеуэхэр, психологхэр сабийхэм ядэгъэлэжьэныр, концерт зэмылIэужьыгъуэхэр.

 

КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: