2019 гъэм и гъэсакIуэ нэхъыфIыр къыхахынущ

Мэкъуауэгъуэм и 11-м Налшык къалэ дэт 75-нэ прогимназием «»019 гъэм и гъэсакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр щрагъэжьащ.

ЗэIущIэм къеблэгъат Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Ульбашев Ислам, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес, министерствэм и лэжьакIуэхэр, республикэм и щIыналъэхэм щIэныгъэмкIэ я управленэхэм я унафэщIхэр, зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтхэр, нэгъуэщIхэри.
Махуэшхуэм иращIылIа пшыхьыр къызэIуаха нэужь, къызэхуэсахэм ирагъэцIыхуащ зэпеуэм хэтыну гъэсакIуэхэр, абыхэм я къалэнхэри наIуэ къащIащ.
Япэу псалъэ зрата Къумыкъу Iэуес жиIащ зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэу щытыр гъэсакIуэ нэхъыфIхэр гъэнэIуэным и мызакъуэу, абыхэм я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп IэмалхэмкIэ нэгъуэщIхэми ядэгуэшэныр, адэкIи утыкушхуэхэм ихьэным тегъэгушхуэныр арауэ зэрыщытыр. Зэхьэзэхуэм хэт дэтхэнэми зыщыщ IуэхущIапIэм и цIэр фIыкIэ ягъэIуну, адэкIи урысейпсо утыкум я зэфIэкI щагъэлъэгъуэн хуэдэу ехъулIэныгъэ зыIэрагъэхьэну ехъуэхъуащ.
ХьэщIэхэр къэпсэлъа нэужь, зэпеуэм и япэ Iыхьэм щIимыдзэ щIыкIэ, гъэсакIуэхэм зэхьэзэхуэм зэрыхэтыну зэкIэлъыкIуэкIэр яубзыхуащ. ИужькIэ абыхэм Iэмал яIащ я творческэ лэжьыгъэм щыгъуазэ ухуэзыщI гъэлъэгъуэныгъэр утыку кърахьэну, сабийхэм зэрадэлэжьэу къагъэсэбэп Iэмалхэм, я ехъулIэныгъэхэм тепсэлъыхьыну.
Зэпеуэм и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэм гъэсакIуэхэм сабийхэр щIэсу дерсхэр ирагъэкIуэкIащ. Мэкъуауэгъуэм и 18-м, ещанэ Iыхьэу, я IэщIагъэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэр наIуэ къыщащIа дерс-кIэщIхэр ирагъэкIуэкIащ.
Iыхьэ зыбжанэу зэщхьэщыхауэ щыт а зэхьэзэхуэм кърикIуахэм ятеухуа хъыбар мыгувэу къыдигъэщIэнущ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм.

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.
Поделиться: