РАН-м, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, Мэкъумэш ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием я академик, биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор цIэрыIуэ Щоджэн Iэсхьэд хуэдэу щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэ куэд зи къалэмыпэм къыпыкIа цIыху адыгэхэм къытхэмыкIами ярейщ. И гъащIэм къриубыдэу ар здынэсыфа лъагапIэхэм, зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм хуэдэ яхузэфIэкIакъым Урысейм и зы биологми, физиологми, мэкъумэш IэщIагъэлIми.
Биологиемрэ агрохимиемрэ зи лъабжьэ и лэжьыгъэхэм я закъуэ том 40-м нос. Абыхэм яхэтщ монографие щхьэхуэу пщIы бжыгъэхэр, УФ-м и студентхэр зэреджэ тхылъ куэд. Къэралым, ди щIыналъэм я тхыдэ пэжыр зэфIэгъэувэжынымкIэ мыхьэнэшхуэ яIащ Iэсхьэд и тхылъхэу «Адыгэхэм я щIыгу», «Сталин», нэгъуэщIхэми. Апхуэдэу ар мызэ-мытIэу тетхыхьащ лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщI IэщIагъэлIхэм, щIым хъер нэхъыбэ къитыным зи зэфIэкIхэр езыхьэлIэ къэхутакIуэхэм.
Дэтхэнэ зы IэщIагъэлIри зыгъэлъапIэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ и Iуэхур адэкIэ зыгъэкIуэтэн щIэблэ игъасэмэ. АпхуэдэхэмкIи къулейщ Щоджэныр. Абы и нэIэм щIэту кандидат, доктор диссертацэхэр ягъэхьэзыращ, ехъулIэныгъэ яIэу пхагъэкIащ щIэныгъэлI ныбжьыщIэ куэдым. Ахэр ирогушхуэ я егъэджакIуэ щыпкъэм, унэтIакIуэ IэкIуэлъакIуэм, гъащIэм, лэжьыгъэм хуаIэ жыджэрагъымкIэ нэхъыжьыфIыр щапхъэ яхуэхъуу.
Iэсхьэд зэчий лъагэ зыбгъэдэлъ, гъащIэм лъэныкъуэ куэдкIэ щыгъуазэ, еш имыщIэу ар зыдж щIэныгъэлI-къэхутакIуэщ. Ар адыгэ лъэпкъыр фIыуэ зылъагъу, абы и блэкIам щыгъуазэ, къэкIуэну дахэм хуэлажьэ, иджырей гъащIэр езыгъэфIакIуэ тхыдэдж Iэзэщ. ЖыпIэнурамэ, Щоджэным и фэгъу хэкупсэ куэд щыIэу ди фIэщ хъуркъым.
Дэ дрогушхуэ икIи дропагэ ди ныбжьэгъу пэж, ди къуэш Щоджэн Iэсхьэд ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и академик адыгэхэм тщыщу япэу зэрыхъуам. Тхьэм фIыщIэ худощI апхуэдэ цIыху телъыджэм, хьэлэмэтым гъащIэм дызэрыщыхуигъэзам папщIэ.
ЩОДЖЭН Аслъэнбэч,
техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ
Академием и академик,
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ
Академием и вице-президент.
Щэхур наIуэ къэзыщI
Iуащхьэмахуэ и щыгу лъэщитIым хуэбгъадэ хъунущ профессор Щоджэн Iэсхьэд и къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэхэу «Биогеохимия», «Прунжыр къэгъэкIыным и агрохимиемрэ физиологиемрэ» жыхуиIэхэр. Абыхэм яхуэбгъадэ хъун монографие иджыри къыхэхуакъым дунейпсо щIэныгъэ литературэм. Тхылъхэм къыщыгъэлъэгъуащ къэкIыгъэ щхьэхуэхэмрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр, а щэхухэри наIуэ къыщыщIащ.
ЩIэныгъэлIхэр куэд лъандэрэ щыгъуазэщ Менделеевым и таблицэ цIэрыIуэм ит химие элементхэм ящыщ псори къэкIыгъэхэм зэрахэлъым. А Iуэхум куэд лъандэрэ гулъытэ хуащIырт химикхэми, физиологхэми, биохимикхэми, арщхьэкIэ абы теухуауэ щыIэ щIэныгъэр апхуэдизу зэпэщхьэхуэт икIи гъуэтыгъуейти, дэтхэнэ щIэныгъэлIми ар къигъэсэбэпыфыртэкъым. А псори къэлъыхъуэжыныр, джыныр, зэIубз щIыжыныр - ар биохимикхэм куэд лъандэрэ къапэщылъ къалэнышхуэт. Абы хунэ-сащ щIэныгъэлI щэджащэ Щоджэн Iэсхьэд. Абы и къалэмыпэм къыпыкIа «Биогеохимия» монографиер хъуащ а IуэхумкIэ нобэр къыздэсым иримыкъуу щыта щIэныгъэр зыгъэтэмэмыжа лэжьыгъэ ин.
Ижь зэманым псэуа философхэм яIа гупсысэкIэм къыщыщIедзэри, Щоджэныр хуокIуэ химие элементхэр къызэрызэIуаха щIыкIэм. АдэкIэ къэхутакIуэм дыкIэлъегъэплъ химие щIэныгъэр зэрызэтеувамрэ абы къикIуа гъуэгуанэ кIыхьымрэ. Химие элементхэм ящыщ дэтхэнэми щхьэхуэу къытеувыIэурэ, Щоджэным къехь ахэр гуп-гупу зэрыгуэшауэ щIэныгъэ дунейм щызекIуэ бзыпхъэхэм. Апхуэдэу Iэсхьэд къехь абыкIэ езым и Iуэху еплъыкIэ щхьэхуэри, дэтхэнэ элементми и къэхъукIэмрэ щыIэкIэмрэ иубзыхуу. ЩIэныгъэлIым къегъэлъагъуэ химие элементхэм щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, цIыхухэм, псэущхьэ псоми я гъащIэм щаубыд увыпIэхэр. Лэжьыгъэ купщIафIэм и кIэухыу Щоджэныр топсэлъыхь къэкIыгъэхэм я къэхъукIэм, зыужьыкIэм, ахэр зэлъыта Iуэхугъуэхэри гулъытэншэ имыщIу.
«Биогеохимия» тхылъыр хъуащ щIэныгъэ куэд: агрохимиер, щIыгулъыр джыныр, экологиер, физиологиер, биохимиер - зэпызыщIэ къэхутэныгъэ. Щоджэным пищащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Вернадский В. ирихьэжьауэ щыта къэхутэныгъэхэм. И къалэмыпэм къыпыкIа тхылъри хъуащ биогеохимиемкIэ иджыри къэс щыIа щIэныгъэ псори щызэхуэхьэса щIэнгъуазэ. А монографие цIэрыIуэм папщIэ Щоджэным етIуанэу къратащ щIыхь тхылърэ «Кубаным и щIэныгъэр зэрыгушхуэ» дыщэ медалымрэ.
ЩIэныгъэ дунейм пщIэшхуэ щиIэщ Щоджэным и «Прунжыр къэгъэкIыным и агрохимиемрэ физиологиемрэ» тхылъым. Тхылъым шэщIауэ къыщыгъэлъэгъуащ прунж къэкIыгъэм и тхыдэмрэ абы и хэщIэкIэм епха щхьэхуэныгъэхэмрэ. А къэкIыгъэм ехьэлIауэ илъэс куэдкIэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр лъабжьэ хуищIащ Щоджэным и тхылъым. Прунжыр гъэкIынымкIэ Урысей щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и IэщIагъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, Щоджэным и къалэмыпэм къыпыкIа лэжьыгъэм хуэдэ а къэкIыгъэм теухуауэ иджыри къэс диIакъым. Абы къанэ щымыIэу къыщыгъэлъэгъуащ прунжыр хэщIэным, абы къит гъавэм хэгъэхъуэным епха лэжьыгъэ псори. Апхуэдэу прунж лIэужьыгъуэхэр, абыхэм ящыщу дэтхэнэми иIэ щхьэхуэныгъэхэр, зэрелэжьыпхъэхэр, щIыгъэпшэрхэр зэретыпхъэхэр наIуэ къыпщещI тхылъым. Ар хъуащ лъэпкъ щIэныгъэр ипэкIэ зыгъэкIуатэ хэлъхьэныгъэ ин.
IЭЩЫН Юнус,
биологие щIэныгъэхэм я доктор.
«ЩIэныгъэм и олимп» зэпеуэм щытекIуахэм яхэтщ. 2008 гъэ