Зэи ящымыгъупщэну махуэщ

Прохладнэ районым и полицейхэр хэтащ «Фэеплъ шэху уэздыгъэ» урысейпсо Iуэхум.

Фэеплъымрэ щыгъуэмрэ я махуэм теухуа пэкIур щекIуэкIащ Дальний посёлкэм. Абы хэтащ Урысей МВД-м и «Прохладненский» къудамэм и Жылагъуэ советым и лIыкIуэхэу Клюй Андрей, Головко Анатолий, ветеран зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Савинов Александр, къудамэм и юрист Шрамковэ Марие, посёлкэм щыпсэухэр.
Къызэхуэсхэм ягу къагъэкIыжащ 1941 гъэм къэхъуа гузэвэгъуэшхуэр, Хэкур яхъумэу хэкIуэда я лъахэгъухэр.
- 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-р - Урысейм и тхыдэм нэхъ гузэвэгъуэшхуэу къыхэнахэм ящыщщ. Ар  Фэеплъымрэ щыгъуэмрэ я махуэщ - Хэку зауэшхуэр къыщыхъея махуэщ. Нобэ дигу къыдогъэкIыж хэкIуэдахэр, фашистхэм яубыдахэр, лэжьыгъэ хьэлъэмрэ мэжэщIалIагъэмрэ ихьахэр, - къыхигъэщащ Головко Анатолий къыщыпсалъэм.
ДакъикъэкIэ щымри, пэкIум хэтахэм Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэм я фэеплъым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.

 

КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: