ГъащIэщIэм лъэбакъуэ хачэ

Курыт школыр къэзыух ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ гуфIэгъуэ пшыхьхэр, дэнэкIи хуэдэу, ди республикэми мы махуэхэм щекIуэкIащ.
Ику ит щIэныгъэ зэрызырагъэгъуэтамкIэ дэфтэрхэр иратыжащ Къулкъужын Ищхъэрэ къуажэм дэт 3-нэ курыт еджапIэр къэзыух цIыкIухэми.
Пшыхьыр къафэ дахэкIэ къызэIуаха нэужь къызэхуэсахэм ирагъэцIыхуащ гуфIэгъуэ зэIущIэм хьэщIэу къеблэгъахэр. Ахэр: Къулкъужын Ищхъэрэ къуажэм и Iэтащхьэ ПщыхьэщIэ Руслан, Бахъсэн щIыналъэм щIэныгъэмкIэ управленэм и лэжьакIуэ Тхьэмокъуэ Лидэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспондент Хьэрэдурэ Аллэ сымэ.
Япэу псалъэ зрата ПщыхьэщIэ Руслан жиIащ:
- Ди республикэм и школ нэхъыфIхэм ящыщщ къызэвнэкIыр. Мы школым фэ щIэныгъэ щызэвгъэгъуэтащ, текIуэныгъэхэр щызыIэрывгъэхьащ, ныбжьэгъу пэжхэр щывиIащ. Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу, еджапIэр къэвухами фи егъэджакIуэхэмрэ фи еджапIэмрэ зэрыщымыгъупщэнур. Нобэ фэ фызрикIуэну гъуэгур фыубзыхуауэ балигъ гъащIэм фыхобакъуэри Тхьэм фи мурадхэр къывигъэхъулIэ. Дэ дыхуейщ фи адэ-анэм ямызакъуэу къэралым хуэфэщэн цIыху къыфхэкIыну.
Сабийхэр гъэсэным, егъэджэным къаруушхуэ езыхьэлIа адэ-анэхэми егъэджакIуэхэми фIыщIэ яхуищIащ ПщыхьэщIэм.
ХьэщIэхэр къэпсэлъа нэужь дэфтэр лъапIэр, атестатыр, гуфIэгъуэ щытыкIэм тету щIалэгъуалэм иритыжыну утыкум кърагъэблэгъащ курыт школым и унафэщI Нартокъуэ Беслъэн. Ар цIыкIухэм щехъуэхъум къыхигъэщащ: «Фи мурадхэр гъэзэщIа зэрыхъуныр зэлъытар фи закъуэщ. Фхэлъ жыджэрагъыр, тегушхуэныгъэр япэкIэ фыкIуэтэнымкIэ сэбэп фхуэхъунущ. Фи псэкIэ нэхъ фызыхущIэкъу гъуэгур къыхэфхыну икIи фи зэфIэкIымрэ зэхэщIыкIымрэ нэгъэсауэ абы къыщывгъэнаIуэу фрикIуэну си гуапэщ».
Атестатыр зритыж ныбжьыщIэхэм я гъусэу Нартокъуэм утыкум къригъэблагъэрт абыхэм я адэ-анэхэри. Илъэс II-м къриубыдэу еджакIуэ къэскIэ ядилъэгъуа IуэхуфIхэр, яхилъэгъуа хьэл дахэхэр къызыхэщ щытхъу псалъэхэр яхужиIэурэ дэфтэрыр яритыжащ.
ГуфIэгъуэ Iуэхур я уэрэдхэмкIэ, къафэхэмкIэ, теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ ягъэдэхащ еджапIэм щIэс ныбжьыщIэ цIыкIухэм.

 

КУРПЫГЪУ Синэ.
Поделиться:

Читать также: