Бабаев Ибрэхьим

* * *

Сэ си гуапэ мэхъур дыгъэм
щытрихукIэ пшэхэр уафэм.
Хэти хуэдэу, хуабэр сфIэфIщи -
зыри пэсщIкъым махуэ уэфIым.
Ауэ мэхъу си жагъуэ, дыгъэм
щрисхьэжкIэ гъавэр губгъуэм.
Сэ апхуэдэ махуэ уэфIым
собгыр, зыкIи сигу щIэмыгъуу.

Сэ хузощIыр пщIэшхуэ уэшхым,
мэхъу си фIэщ зэрысэбэпри.
ЩIылъэм щхъуантIэу зыщихуапэм,
ар, быдзышэм хуэдэу, лъапIэщ,
Ауэ уэшхым уэр щыщIэтыр,
псыдзэкIэ дунейр щикъутэм,
Дэ къыдокIыр и зэрани -
слъэкIыркъым нэмыплъ езымыту.

Мо къырыжьым жьапщэ куэдым
сакъригъэлащ, сощIэжыр.
Iэджэрэ сефащ, сфIэфIу
псы, абы и щIагъ къыщIэжым.
Ауэ – къэхъуркъэ апхуэдэ?!-
Слъагъу хъужыкъуэм, цIыху щыхуауэ;
СщIынщ хьэрэм сэ а къырыжьыр,
щIым тетынщ си ней щыхуауэ!

СощIэ мывэр сэ зищIысыр,
щыпщIкIэ унэ - сыт и уасэ!
И быдагъыр, бэшэчагъыр
щапхъэу къыщыдохьыр усэм,
Ауэ елъэпауэу хуищIэу,
гъымэ сабий гуэр гухэщIу, -
Шийуэ гъуэгущхьэм телъ мывэм
ину сэ губгъэн хузощIыр.

Псэр етхьэкъу удз гъэгъа дахэм.
И дэлэлщи лъагъуныгъэм -
ЗэIэпах ар щIалэгъуалэм,
зэбгъэдишэу нэхъ гъунэгъуу.
Ауэ фIыуэ зэрылъагъухэм
дилъхьэм хьэргъэшыргъэ я кум, -
ФэфI есплъыжкъым удз гъэгъам сэ.
СыхуохъущIэ абы сигукIэ…

ЩыIэщ Iейри, щыIэщ фIыри.
ГъащIэр гъащIэщ. Ауэ цIыхур
Хуейщ дунейм тетыну гуфIэу.
Iейри аращ игу щIытемыхуэр.

ЗэзыдзэкIар Бицу Анатолэщ.
Поделиться:

Читать также: