Налшык щыщ хъыджэбзыр урысейпсо конкурсым и финалым нэсащЩIалэгъуалэ проектхэм я урысейпсо конкурсым, «Зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр» зыфIащам, проект нэхъыбэ дыдэ - 23 - рэ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIыу, Iэрыхьащ. Абыхэм заочнэу хэплъа нэужь, къэрал псом щынэхъыфI проект 26-м ящыщу къалъытащ КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр аграрнэ университетым и аспирантурэм щеджэ Созаевэ Джамиля и лэжьыгъэр. «Зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр» щIалэгъуалэ конкурсым и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэр УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым 2019 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м щекIуэкIащ. Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэхэмкIэ захуигъэзащ ФедерацэмкIэ Советым Регламентымрэ парламент лэжьыгъэр зэгъэуIунымкIэ и комитетым и унафэщI, «Зыужьыныгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр» конкурсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и унафэщI Тимченкэ В. С. Абы къыхигъэщхьэхукIащ цIыхухэр экономикэм зегъэужьыным жыджэру хэмытмэ, щIыналъэхэмрэ муниципалитетхэмрэ зэпIэзэрыту зэрызамыужьынур, абы и лъэныкъуэкIэ мыпхуэдэ конкурсхэр сэбэпышхуэ зэрыхъур.
Поделиться:
Читать также:
25.03.2024 - 15:00 →
ЩIалэгъуалэм я унэтIакIуэ
25.03.2024 - 13:30 →
Иджырей мардэм къитIасэу
25.03.2024 - 12:30 →
Электрокъарууэ къэдлэжьым дрикъужу
25.03.2024 - 12:15 →
Къурш хъыбар
21.03.2024 - 17:55 →
ГъэшхэкIым щIэупщIэ иIэщ
|