Шэрджэс

 

(ПэщIэдзэр бадзэуэгъуэм и 5 -м къыдэкIащ).

Дыгъэри ебэкъуэжакIэу къурш тхышэм,
Ди гъуэгум пытщэжащ псалъэмакъыншэу.
ПшэкIэплъ къытегъуэлъхьар ди гъуэгум,
Гъуабжэ-фIыцIафэ щIэхъукIыжт ди лъэгум.
И сыхъэ къабзэм зыкъыуигъащIэу,
КIыфIыр щигъуэлъыкIырт ауз лъащIэм.
А сыхъэ къабзэм ирибауэу,
Вагъуэхэм ялъэIэсыну хуейуэ,
ЗиIэтырт мэзым, уафэ лъащIэм щIэуэу.
Уигъэлъыхъуэнщ нэхъ щIыпIэ дэгуи!
Налым къыхидз хъуаскIэхэр шылъэгум
Щызэбгредзыр, нэсу уафэ щIагъым.
Дыгъужь ныбэ нэщIхэм я къугъым
ДжэрпэджэжкIэ къыподжэж къыр щыгур.

Къыр щIыбагъымкIэ щолыдри зыгуэр,
Бгыхэр джэрпэджэжкIэ егъэгъуагъуэ,
И кIэбзитIымкIи мэувыр шыр,
Игъэгулэзауэ шынагъуэм.
Абдежым къызэхехыр лIыжьым
Фоч уэгъуитI зэкIэлъхьэужьу.
Шыр къыжьэдекъуэ, псынщIэу къолъэ,
И сэшхуэр щхьэгум щигъэдалъэу,
Бгъэдохьэ абрэмывэ джейм.
ЩIалэщIэ къыкъуолъэтри абдей,
Къапэджэжу къуащIи лъащIи,
А тIум яублэ зауэ гуащIэр.
Мэгыз, зэтракъузэу я дзэр,
Мэкъугъхэр, ещхьу хьэIуцыдзым,
КъаIуролъэлъыр сэшхуэм хъуаскIэр.
Зэхэуэр увыIащ. ЗагъэщIагъуэу,
КъэзакъитIым къалъэфащ зыгуэр, егугъуу.
ЛIыжьыр мэщатэ. МафIэр къегъэнэхури,
Зэпеплъыхьыр гъэрыр гупсэхуу:
Таж лъагэ, набдзэ фIыцIэ кIыр,
Нэ плъыжьитI, къателъэдауэ лъыр.
И къашыргъэпэ мащIэм
IэкIуэлъакIуэу къыкIэщIоплъыр пащIэр.
А псоми теплъэкIэ екIупсу,
Хужьыбзэу и дзэхэр къыIуопсыр.
Къэзакъым и Iэ, и лъэр ещIыр:
«Мы къэтлъэфар шэрджэс къысфIощIыр!»

Шыныбэпххэр къагъэлалэ мащIэу,
Хъурейуэ йотIысэкIыр, мафIэ ящIри.
Шэрджэсыр зэпаплъыхь набдзэгубдзаплъэу,
ЯгъэщIагъуэу зэриIыгъыр и лъэм,
Зэрылыдыр тажыр дыщафэу,
Iэпкълъэпкъ уардэр зэрихузыр афэм,
КIапсэ лэрыгъукIэ япха и Iэр
Лъы къызыпхивым зэрыриIэр.
Къамэр IэщIэхуауэ удзым хэлъу,
НэщIщ кIэрыщIа и къамалъэр,
Къамэ Iэпщэр егъэлыдыр лъыпсым,
Укъуэдиящ лъы лъагъуэри кIапсэу.
И мэIури щылъщ, и назэм къыдекIуэкIыу
Зыгуэр тетхауэ пасэрей зэрыбкIэ.
ИщIэжыркъым зыми а тхыбзэр,
А хьэрфхэр яцIыхужкъым иджы зыми.
Абыхэм хуэдэу пасэрей
Къытенэжагъэнукъым дунейм.
Ину зэIуихауэ и бгъэр,
Щысщ зимыгъэхъейуэ гъэрыр, гугъэу,
Зы мащIэкIи иухыжауэ и гур
Иплъагъуэркъым шэрджэсым и нэгум.
ЩIэжыхьащ абы гужьгъэжь ерыщи,
Къэетэжын хьэзырщ дапщэщи.
АуаныщIу Iупэм щIогуфIыкIыр,
И нэхэм къащIехыр уафэхъуэпскIыр.

Щысахэщ куэдрэ даущыншэу,
ПсалъэмакъкIэ зыри къэмыхашэу.
Пагагъ ерыщым игъэгубжьау,
Япэ зыкърегъэщыр лIыжьым:

«ЖыIэт, уэри сытым укъихьа
Бгы гуэныхьлыуэ ибгынам Алыхьым,
Бгъэмрэ хьэIуцыдзымрэ щытепщэ
Лъахэу бгырыс къупщхьэхэр щыкъущым?
Ушынэркъэ, щхьэпылъэ уащIым,
Е уахумэ хьэр щыщIащIэм?»

Инату щыма шэрджэсыр,
И гупсысэр
Лэдэх налъэхэу
Къытридзэурэ натIэм,
ЛIыжьым еплъурэ,
Мыпхуэдэу къопсалъэ:
«Хъунщ, джаур, ныпхуэсIуэтэнщ си щэхур.
Солъагъур, уи гъащIэр щыпхьащ уанэгум,
Ажалми куэдрэ уиплъащ и нэгум,
Псэ лажьэншэхэр бгъэтхьэджэу,
Уи сэшхуэдзэм къыпыжащ лъы Iэджи.
Уи къулыкъум къыпхуегъэувыр къалэну
Ди лъахэр дэ зэрытхъумам ущыгъуэзэну.
Ди хэкум, ди щIыналъэм, диным папщIэ
ДыхэтыхункIэ зауэ гуащIэм,
Вгъэхьэрэму си лъэпкъым и псэр,
Псыр ивгъэжыхьыжырт ди лъапсэм.
И жэуапу апхуэдэ гулъытэм,
Фочышэр ныфкIэлъыдгъэлъатэрт.
Мылъку къамылэжьам щIэнэцIу,
Фи дзэр къызэрыхьырт мацIэу.
ЦIыху цIыкIум я псэм зевгъэхузу,
Фи бэракът емынэ узыр.
Щымыгъупщэжу нобэр къыздэсым,
А лъэхъэнэм егъэзэжыр си гупсысэм.
Фи зауэлIхэу гущIэгъу лъэпкъ зымыщIэр,
Фи топхэу мафIэ лыгъэр зыхэзыщIэр
ЩIэкъут си къуэшхэм къытрахыу Iэщэр,
ЯгъэпщылIу дэтIысхьэнхэу я пщэм.
ФыкъыттекIуами, зывэттакъым,
Хуэдгъэщхъакъым щхьэр джаурым и бжьым,
Къуршхэм я нэпсыр къиткIуэу ди лъэужьым,
Тенджыз гъуэгукIэ дахуэкIуащ хьэжрэту
Дэри дэщхьу зы диным итым.
Зэстыжащ сэ абы щыгъуэ псалъэ:
Сыту сщIыну си щхьэхуитыныгъэр,
КъыщимыкIухьыжмэ къуршым си лъэм,
Ди адэжьхэм я псэр къысщыгугъыу,
Дауэ сисыфын хамэ щIыналъэ.
ИрещIэ хьэкъыу мыр си бийм:
СытетыхункIэ мы дунейм
Щезгъэубыдынукъым си лъахэм и лъэр,
Псэр спытыху сщIэжынущ лъэпкъым и лъыр!
КъыздесхьэкIынущ сытым щыгъуи хьэзыру
ЗэрыпхъуакIуэм теслъхьэну тезырыр.
Си ныбжьэгъуми сриджат хьэжрэт гъуэгуанэм,
Ауэ тхьэ сIуакIэт, сытеIэбэри КъурIэным.

Сызэпхыплъмэ тенджызым щхьэщылъ
пшагъуэм,
НэIурыту мы сурэтыр къызолъагъур:
Тырку кхъухьыжьыр псы Iуфэм къыIуохьэ,
ЦIыхухэр ныджэм щызэрызохьэ,
Толъкъунхэм, зэхэлъадэ, заублэрэкIыу,
Кхъуафэжьейхэр къуэщIий щIыкIэу
кърахьэкIыр.
Кхъухьым итIысхьэну щIэкъурэ,
Къами ягъэдалъэу зэзэмызэ,
Гужьея цIыху цIыкIур зэрызокъуэ,
Гугъэр хахыжарэ я псэм еджэу,
Бжыгъэншэщ къытенахэр ныджэм.
Абыхэм сащыхэплъэкIэ гупсэхуу,
Къызолъагъу яхэту Iэджи сцIыхуу:
Си адэр, анэр, къуэшхэр, шыпхъухэр,
Зы къэмынэу си лъэпкъыр, си къуажэгъухэр,
КъыщIэуващ абдеж си нэгум
IэлъэщI хужь къызэпхъуха къыр щыгум
Сэлам езыхыж набдзэ къурашэу
Иужьрей дыдэу къысхуэхашэр.
КъыпхуэмыцIыхужыну фаджэ
Мэхъу, щыгъуэу псыIуфэ ныджэр.
Игъэпщауэ бырыбу я жьыхур,
Жьыми кхъухьхэр хамэ лъахэм ехур.
Я кIыргъ макъым дежьуужу гъыбзэр,
АдрыщI щрадзыхынущ хъурзэр.
Толъкъун къатеублэракIэр зэлъыIуатхъуу,
ЩхьэщосыкI тенджызым кхъухьхэр гъуахъуэу.

Мывэ гъэжауэ сытетщ къыр щыгум,
Нэпс схуэмыубыдхэм ягъэпскIыу си псэр, си гур,
СакIэлъоплъ техьахэм хьэжрэт гъуэгум.
 Шыхэм я щыщыр, цIыхухэм я гызыр
Зэхэзэрыхьу щхьэщоIукI тенджызым.
Абдеж, тенджызым щхьэщылъ пшагъуэм
Зыгуэр къыщоуэ, уафэр гъуагъуэу.
МафIэм къегъэлыд къухьэпIэ пшэплъыр,
Кхъухьыр есырт къызэрихькIэ и лъэм,
Кхъухьри цIыхури ящIауэ бий,
Толъкъунхэр зэрызехуэу къоукъубей.
А псоми хэнэIукIыу зы теплъэгъуэ,
Гум ихужыгъуейуэ къызолъагъур.
МафIэм уафэ лъащIэр егъэцIыплъыр,
Зызущэхуауэ кхъухьым сыкIэлъоплъыр.
КъелынкIэ къыхуимыгъэнэжу гугъэ,
Кхъухьыр зэщIеубыдэ мафIэ лыгъэм.
КъэмыувыIэжу, толъкъун уэрым
Ар хуехь псы Iуфэм къыIут къырым.
Псэ зыIутым къыхуигъакIуэу лъапсэрыхыр,
И дамэ фIыцIэхэр ешэщI псэхэхым.

Си къуажэм, лъэпкъым, лъахэм папщIэ
Сэ сызэфIэтт, къикIуэт сымыщIэу,
ДэIэпыкъуэгъуу къезджэу мелыIычыр,
Макъ утIыпщакIэ згъэIурт зэчырыр.
Жэнэт хадэм и дыгъэпсыр
Къапихыу мелыIычхэр къысхуоIэгъуэ,
Зэхуашэсыжри цIыху хейхэм я псэхэр,
Жэнэт гъуэгу трашэ си лъэпкъэгъухэр...
Къызохри къамэ гужьгъэжьым зэщIигъаплъэр,
Тхьэ соIуэ сщIэжыну лъэпкъым и лъыр.

Сежьащ сэ куэдрэ тепыIэншэу.
ЩIыналъэр щыхъунум цIыхуншэ,
ЩымыIужу мэзхэм макъыр,
Зыри имытыжу губгъуэм,
Жылэ ябгынахэм я уэнжакъхэм
Щхьэщумылъагъуэжу Iугъуэ.

Iэджэрэ сисауэ бгы гъуанэм,
Сыкъехмэ махуэ гуэрым тафэм,
Си фIэщ схуэщIыжыркъым илъагъур си нэм:
Зихъуэжащ мы дунеишхуэм и фэм.
ДокIей мэзыр, хуеIэу уафэ лъащIэм,
КъухьэпIэ пшэплъым и лыгъэм
IэгупIэ фIыцIэу хонэIукI къуршыбгъэр.
Адэжьхэм я кхъэхэм щыщыгъуэ сынхэр
Си закъуэ къысхуэнащ щIэину.
ГукъэкIыжхэм си гур ягъэбэгыу,
КъызэхэскIухьахэщ куэдрэ бгыхэр.
Пщэдджыжьым пщащэр кIуамэ псыхьэ,
Акъужьыр и щхьэцым къыхэпэщэщыхьу,
ГугъапIэхэм хэплъызэу и нэр
Зыщхьэщытыгъа псынэр,
Мы дунеишхуэр фIэщIэщыгъуэу,
ЗэрыкIуэгъа и псыхьэ лъагъуэр.
Хъыджэбзхэр щызэхуэсрэ нэгузыужьу
Щыджэгугъахэр ищтэжащ гъэжьужьым.
Я дыхьэшх макъи я лъэ макъи
ЗыщIыпIи къыщыIужу зэхэсхакъым.
КъызэхэскIухьри ешыхукIэ си лъэр,
СетIысэхащ лъыщIэжым къамэр хуэслъу.
Алыхьышхуэу ди Тхьэ закъуэ,
СынолъэIу, зыкъысщIэгъакъуэ
Лъэпкъ лажьэншэр зыукIа джаурым
Згъэжэным папщIэ и лъыр уэру!

Къызэхэсхащ абдежым къэблагъэу
Гъуэгум тет выгужьым и шэрхъ кIыргъыр.
ЗэщыхуэпыкIарэ къижу я нэр
АлыджитI ист выгум, кIуэжу унэм,
Япэ дыдэу ахэращ къыспэщIэхуар,
ЛъыщIэж къамэм и зэфIэкI щызгъэунэхуар:
Зым и щхьэр тыншу къыпызохыр,
Адрейри согъэджалэр пыпхэу.

Аргуэру сохур, куэдрэ зызмыIэжьэу,
ГъуэгурыкIуэ гуэрым и лъэужьыр.
Къызолъагъур: зигъэшуейуэ ермэлым
И дзапэ уэрэдыр кърегъэблыр,
Лъагэу тегъэсащ хъурыфэ пыIэр,
Дыжьын бгырыпхым тоджэгухьыр и Iэр,
IэгъуапитIыр лъэрыгъым нэсу
Зы пщащи ехь и шыплIэм дэсу.
Итхьэкъуауэ лъагъуныгъэ гуащIэм,
Дунейм нэгъуэщI тетыжуи имыщIэу.
Нэр зыпфIэтеджылэ тхьэIухудым
Ермэлыр зыIэпишат ещхьу удым,
Нэбжьыц кIырыр зытежьауэ и нэр
КъыхоцIыщхъукIыр нэкIуху дыхьэрэным.
IэлъэщI хъар кхъуакIэр акъужьым
тIэкIу щIиупскIэу,
Пщащэм и Iэблэм щепэщэщкIэ
Солъагъур зэрыхъуапсэр
Щауэм и псэр,
ТелъэщIыхьурэ пщащэм еIусэу.
Си гужьгъэжьым щишэщIым и дамэр,
КъызогъэIэгъуэр си лъыщIэж къамэр,
ТхьэIухудми, хуимыщIу дэдзых,
Си къамэдзэм я нэчыхьыр етх,
Хызодзэжхэри толъкъун зэрызехьэм,
Тенджыз лъащIэм щожеиж я пщIыхьыр...

Ауэ зэгуэрым, и мыхабзэу,
Си фочышэр щыблэукIым къэзакъыщхьэм,
ДыIуту щыхупIэ задэ нэзым,
Ди сэшхуэхэм щIэддзащ едгъэхьу мыхьыр.
Сэшхуэдзэр зууэ, зэтеткъузэу ди дзэр,
ЩыхупIэр зэрылъагэри къидмыдзэу,
Къытелъэдауэ ди нэм лъыр,
Дызэзэуащ диIыгъыхункIэ лъэм.
Алыхьыр Инщ! Лъэгуажьэмыщхьэ
Изогъауэри джаурыр, пызох и щхьэр...
И хьэдэр хэздзэжауэ толъкъуным,
Си щхьэр кIэрахъуэу щоункIыфIыкIыр си нэр.

ЗыкъыщысщIэжам, дунейр хъарпшэру
Слъагъурт, ещхьу пщIыхь нэбэнэушэм
КъысфIэщIт епэрыр зыгуэрым хуэушэу,
Лъагэу къысщхьэщытт уафэ щIыху щIэншэр.
Шылъэгум пхъафэ теплъэ щIыфэр
МыпIащIэурэ удз кIырым пхилъэфырт,
Дыхьэрэну зэщIэплъауэ Iущхьэм
И нэ закъуэмкIэ къысхуищIырт нащхьэ.
Блэми, аркъэнурэ зишыхьу,
Спэмыжыжьащэу къыщипщыхьырт.
Дунеишхуэр къысщащIу щIэщыгъуэ,
Къызатырт ахэм ину дэрэжэгъуэ.

ЩIэфагъуэкIыжу псори и дахагъэм,
А пщащэр, зэрымыщIэурэ къоблагъэ.
ГъэщIэгъуэну уIуплъэрт и фащэм,
И щхьэцым дыгъэ бзийхэр щыпэщащэрт,
Хьэрэмагъ гуэркIи гу лъумытэу,
И псэр къабзэти, къижыхьырт пкIатэ-лъатэу.
Мы дунеишхуэу щыхъуам тепщэ зауэр
КъагъэкIуагъэнут мелыIычхэм ар, щыуауэ.
Уеблэм, жэнэтым и тхъэгъуэр
ЩIэптыфынт абы и зы Iуплъэгъуэм.
Сыкъилъагъущ, икIуэтыжри мащIэу,
Къызбгъэдыхьащ итIанэ хуэдзыхьмыщIу.
КъэблэгъэхункIи нэхъ къысщыхъурт
МелыIыч дамэ къыстрипхъуэу.
И пыжьынитIыр къыщысIуплъэм,
Си пIэм сижыхьащ, щIэмыкIыу си лъэр.
Си цIэр иIэту уафэм нэс,
Хуэму къыжьэдэкIащ: «Шэрджэс», -
И Iэпэр хуехьри и Iупэм,
«Зыущэху,
Сэ хуэсIуэтэнкъым зым уи щэху,
ЗэгъащIэ, уи дзыхьыр ебгъэзым,
МелыIычым хашэу и мыхабзэ».
Си тажыр къещтэри итIанэ,
Псы къысхуихьыну макIуэ псынэм.
Зимыгъэгувэу къегъэзэж,
ИрегъэкIыр си псыхуэлIэ,
УIэгъэхэр етхьэщI, заригъэлIалIэу,
Уэрэди жеIэр: «УзэрихьэхукIэ уи лъэм,
Уи къалэнщ пщIэжыну лъэпкъым и лъыр».
А уэрэдым зэщIигъаплъэ си гум
Къыщилъэтыхьырт зауэныгуу уэгум,
Iиблис и IуэхутхьэбзащIэ бжьэ къэпщIауэ
И ужьым хьэдэджадэхэр ищIауэ.

Нэхулъэ къищIу сыносыж бгъуэнщIагъым,
Согъуэлъ, си Iэщэр щIэлъу си пIэщхьагъым.
Жыхьэнмэ мафIэу къызэщIэплъэу,
Си къамэ Iэпщэм хэлъ саутри къызоплъыр.

И гуфIэкIэр дыгъэ бзийуэ зэщIэпсыпсэу,
Ар къэкIуащ къысхуихьри щIакхъуи псыи,
Сызэрыхъужыр хъуащ и гуапэ.
Сэлам къызихыжыным и пэ
Къызэплъащ, и нитIыр къыстеплъызэу -
КъыщысцIыхужащ а плъэкIэ къабзэм
Хьэщыкъ зэгуэрым сызыщIа хъыджэбзыр.
Си IитIыр и дамащхьэм щызэрыздзэу,
Лъагъуныгъэ уэрэд гуащIэр къыхызодзэр.
Си гум кърихуэкIырт си лъыр уэру,
Iупэр игъэщIытэрт ба плъыржьэрым...
Абдеж кърехри къамэр си Iэ ижьым,
Хызохуэр пщащэм и бгъэм, зызмыIэжьэу...»

НыкъуэжыIэу зэпоудри и псалъэр,
Мэгызыр щIалэр, здыщIэщIэм и лъэр.
Гъэрым и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу, джалъэу
Исщ къэзакъ щIалэщIэр, игъэщIагъуэу
И къамэдзэм къежэхыж лъы лъагъуэр,
Лъы пщтырым къыщхьэщех тхъурымбэ гуащIэ.
Къэзакъ лIыжьым нэщхъейуэ и щхьэр ещIыр,
ЗдыщIэплъэм и нэхэм шэрджэсым,
УкIытэм зригъэшхыхьыжу и псэм,
Къэзакъ щIалэщIэм жреIэ:
«УлIыгъэншэщ,
И псэр ебгъэнащ уэ гъэр Iэщэншэм».
Шэрджэсым щхьэр къеIэтри, и псэр хэкIыу,
Къэзакъхэм еплъу, моуэ къыжьэдокIыр:

«Тхьэразэ тIуми къыфхухъу,
Ажалыр сэ езым къэслъыхъуэрт,
Абы хуэзгъэзауэ си гупэр
Си псэр хэкIмэ, къабзэт напэр.
Иджы урысым сыIэпхлъэпхыу
Сихункъым зэи напэтехыу.
Ялъ сщIэжащи, ямыIэжу гукъеуэ,
Бгым зэхахынщ си иужь дыдэ бауэр,
ЗэрысIыгъар мыужьыхыу си гужьгъэжьыр
ЩIэблэм хуаIуэтэжынщ си уIэгъэжьхэм.
КъысхуэфтIи мащэ
Мыкуущэу,
СыщIэфлъхьэж,
КъаблэмкIэ сыгъэзауэ, -
Ажалыр къыщысхьащ къэзэуат зауэм.
СыволъэIу къытефлъхьэжыну кхъащхьэ мащэм
Ныбжьэгъу пэжу сиIа Iэщэ-фащэр.
Си къамэ Iэпщэм тетха къурIэныбзэм
Кърыреджэ Iиблис, игъэгулэзу.
Иувахэм джаурым и Iумэтым
Ахърэтми къащесхынщ нэлатыр.
Си кхъащхьэмкIэ блэкIыну урысым
ИрещIэ: щIэлъщ мыбдеж шэрджэсыр,
Ахърэтым кIуэжащи, зимыту
Иджы тыншу поплъэ и къемэтым».

Къырыщхьэ щыгум щхьэрыIуа уэс пыIэр
Дыгъэпсхэм пшэплъу къыщраIэм ирихьэлIэу,
КъэзакъитIым, замыIэжьэу,
ДжатэпэкIэ зрагъэлIалIэу
КъыщатIащ кхъэ мащэр джабэ лъабжьэм.
ЯгъэзащIэри шэрджэсым и уэсятыр,
Пащэжащ аргуэру гъуэгу зытетым.

  1875 гъэ.

Сурэтхэр Побережный Игорь
(Мэздэгу къалэ) ищIащ.

 

ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ