Моттаевэ Светланэ

*  *  *

ИмыщIар хэт гуауэм чэф?
Чэф гуфIэгъуэм имыщIар хэт?
ГъащIэ гуэр къэзыгъэщIауэ
ЩыIэ зи нэр мыхъуа псыф?

Хэт, Iуэху ищIэу, емышар?
Тыншу улъэIэсрэ гугъэм?
Хэт зэгуэр щIемыгъуэжар,
КъищIэжауэ и щыуагъэр?

Хэт зэ къызыщымыхъуар,
Къемылыну гузэвэгъуэм?
Уафэм къыщыблэ и вагъуэм
Хэт итIани мылъыхъуар?

ЦIыхур цIыхуу дунейм теткъэ?
Гуауэм псэкIэ ар пэщIэткъэ?

*  *  *

Насып-вагъуэ жыжьэ,
Си нэр къызыхуикI.
Уэ узейр си жэщхэрщ -
Уэгум укъимыкI.

Жьыбгъэр, уэсыр, уэшхыр
ЩIым щысхузэблокI.
Гуауэм сыхуэгъэшкъым,
Къуршу сыбэшэчщ.

…Мы илъэс ежэжьми
Си фIыщIэ хуэсщIынщ.
ГъатхэщIыр жыжьэжкъым -
Кърухэм сапежьащ.

 

ЗэзыдзэкIар Бицу Анатолэщ.
Поделиться:

Читать также: