ПIалъэкIэ щаIыгъын папщIэ

Шэрэдж щIыналъэм щыIэ Къэщкъэтау жылагъуэм къыщызэIуахащ КъБР-мкIэ МВД-м хамэ къэралхэм я цIыхухэр пIалъэкIэ щаIыгъын папщIэ иIэ центрым и унэщIэр.

Абы егъэщIылIа дауэдапщэхэм хэтащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Ромашкин Игорь, езы IуэхущIапIэм и унафэщIхэр. Апхуэдэу ирагъэблэгъащ «Трес Ай-Би-Си Промстрой», «Аруан гъуэгу ремонт-ухуакIуэ управленэ» ООО-хэм я унафэщIхэу Войтов Алексейрэ Мер Артуррэ.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщхьэхукIащ УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэр и щIэгъэкъуэну КъБР-м ди зэманым сыт и лъэныкъуэкIи екIу  ведомствэ унэхэр зэрыщаухуэр.
- Хабзэр ягъэзэщIэн, нэгъуэщI къэралхэм я цIыхухэм я хуитыныгъэхэр яхъумэн папщIэ мы IуэхущIапIэр зэфIагъэуващ. УхуакIуэ зэгухьэныгъэхэм я Iэтащхьэхэм фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ лэжьыгъэ псори и чэзум икIи фIагъ хэлъу зэрызэфIагъэкIам папщIэ. Мы IуэхущIапIэр сыт хуэдэ иджырей пщалъэми йозэгъ, - жиIащ Ромашкин Игорь.
НэгъуэщI къэралхэм я цIыхухэр пIалъэкIэ щаIыгъ IуэхущIапIэм зэуэ цIыху 35-рэ щыпсэуфынущ.

 

 

КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: