МЭРЕМ ПШЫХЬХЭР

Прозэу тха усэхэр
«Еплъ Къызбрун»

А тIур унагъуэу зэрытIысрэ илъэс ирикъуатэкъым. Зауэ мыгъуэжьыр къэхъейри…
И упщIэ пыIэр къищтэри, цIыхухъур дэкIащ бийм пэувыну…
ЩыдэкIым, нысащIэм къыхуигъэнащ:
- Уигу сыкъихьэ хъумэ, Къызбрун еплъ, Къызбрун си фэеплъщ.
Я унэр Къызбрун и дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэмкIэ бгы лъапэ дыдэм кIэщIэтт.
Мазих докI.
ЦIыхухъур хъыбарыншэщ.
Ауэ къуэ къыхуалъхуащ.
«Къызбрун еплъ…»
Илъэс дэкIащ, хъыбар зэрыщымыIэщ; зауэр нэхъри зэщIоплъэ.
ЦIыхухъум хуэдэу зэщIэкъузауэ, фызыжь нэхъей гъуабжэлъабжэу хуэпауэ, и бын епIыж нысащIэм, езым и къалэнри, лIым и къалэнри зэдихьу…
Зауэр еух, ауэ цIыхухъур хъыбарыншэщ.
«Къызбрун еплъ…»
ЖэмкIэ щывэ зэманти, нысащIэр мэлажьэ, ибг щIэкъузауэ, белкIэ колхозыщIыр итIу, фIанэр игъэтIылъмэ, шэмэдж къищтэу; махуэ псор губгъуэм щигъакIуэу, хьэлIамэпсыр езым ирифрэ хьэлIамэр и сабийм къыхуихьу, махуэм колхоз хьэсэр зэрихьэрэ жэщкIэрэ и унэ хадэр зыхуей хуигъазэу.
«Къызбрун еплъ…»
Ауэрэ унэжь тIэкIум къауэу щIедзэ.
Сыту жыжьащэу IукIуэтат Бахъсэныжьи! Псыхьэ щыкIуэкIэ - зэ зы мывэ къыздехь, зэ етIуанэр. ПэгунышхуитI зыщIэуа пхъэхьыр и дамащхьэм телъу, мывэр и блэгущIэм кIэщIэлъу… Ари дэгъэзеигъуэ кIыхьым…
Апхуэдэ защIэурэ мывэ пыпхъуэфI зэригъэпэщауэ щалъагъум, хьэблэр зэхолъадэри, хэт ятIагъуэ къехь, хэт хьэуазэ къешэ, хэти мэз макIуэри пхъащхьэ хухех… Арати, пщIантIэм унэщIэ къыдагъэувэ.
Абы хэтурэ и сабий закъуэри балигъ мэхъу. Кърегъашэри и лэгъунэ щIегъэтIысхьэж.
АпщIондэхукIэ езыри къыпхуэмыцIыхужыну жьы мэхъу…
Еплъ, Къызбрун, еплъ а цIыхубзым…

Пэплъа

УнэщIэ ящIри щIэтIысхьэжати, анэр жейм емызэгъыу нэху къекIащ. Пщэдджыжьым и къуэр къыщIохьэри:
- Дауэ нэху укъекIа, ди анэ?
- Сыгупсысэу сыхэлъащ, тIасэ.
- Сыт ди анэ апхуэдизу узэгупсысар?
- Зауэм зэрыдэкIрэ къэт уи адэр ныжэбэ къэкIуэжрэ и пщIантIэр къимыцIыхужу IуигъэзыкIыжмэ жысIэри, сыгузавэурэ си нэбдзыпэ зэтеслъхьакъым.

Къэжэр Хьэмид.

ГушыIэ
Псэууэ сыкъызэрелам папщIэ

Былымым мэкъу яриту Хъуэжэ Iуэм итт. Асыхьэтым жыжьэу фочауэ макъ къыщыIуащ.
А махуэм Хъуэжэ и пыIэр фызым ижьыщIри, игъэгъущыжыну бжыхьыпэм фIидзауэ фIэлъти, шэ цIывар абы къытехуэри, пыIэ купсэр пхихащ. Ар щилъагъум, Хъуэжэ псынщIэу унэм щIэлъэдэжри, и щхьэгъусэм жриIащ:
- Фызабэу укъэнэным зы тIэкIунитIэщ иIэжар, псэууэ сыкъызэрынам щхьэкIэ псынщIэу тхьэлъэIу схуэщIыж!
- Ана-а, сыт мыгъуэр къэухъу? - жиIэри и нэпсым къызэпижыхьауэ фызыр къыпежьащ.
Ар щIыбым къыщIишри, шэм пхиха и пыIэ купсэр Хъуэжэ абы иригъэлъэгъуащ:
- Асыхьэтым мы пыIэр сэ сщхьэрыгъауэ щытатэмэ, шэм си щхьэр фIихатэкъэ? - жиIэри.

Мылъку нэхърэ - ныбжьэгъу

ЗэкъуэшитI зэхэкIырти, я мылъкур яхузэрыгъэгуэшыртэкъым. Абы щхьэкIэ зи лъэ вакъэ изылъхьэу къуажэм дэсыр къызэхуэсауэ зэхэтт. Махуибл-жэщиблкIэ къуажэр зэхэтащ, зэкъуэшитIыр яхузэгурымыгъаIуэу.
- Сэращ мылъкур зэхуэзыхьэсари, си къуэш нэхъыщIэм зыри естынукъым, - жиIэрт нэхъыжь нэпсейм.
- Хъуэжэ зы Iэмал гуэр къытхимылъхьэмэ, дэ зыри тхузэфIэкIыжыркъыми, фыкIуи ар къевджэ! - жаIэри нэхъыжьхэм ар кърагъэшащ.
Хъуэжэ Iуэхур зыIутым зыщигъэгъуазэри, нэхъыжьым жриIащ:
- Уи мылъкур зы Iыхьэу, дэ къызэхуэса цIыху къомыр зы Iыхьэу згъэуващ. Хэдэ, шынэхъыжь!
Нэхъыжь нэпсейр куэдрэ мыгупсысэу хэдэри, мылъкур къыхихащ.
- Къуажэ махуэ хъун, къулейсызу къэна мы щIалэм щхьэж игу пыкI хузэхэдвгъадзэ! - жиIэри Хъуэжэ и пыIэр щхьэрихри игъэтIылъащ, и жыпым тумэн кърихри абы ирилъхьащ.
Къызэхуэсахэм нэхъыщIэм мылъкузэхэдзэ хуащIри, и къуэш нэхъыжьым щхьэпрагъэкIыжащ икIи псори къыкIэлъыкIуэу ныбжьэгъу хуэхъури, фIыуэ псэууэ ежьэжащ.
Адрей къуэш нэпсейр цIыхухэм зэрабгынэу, и мылъку тIэкIури фIэкIуэдыжащ.

КъардэнгъущI Зырамыку.

ЦIыхубэ Iущыгъэхэр
ХамэщIым насып щыIэкъым

Дунейр къэкIухьи, уи унэ ихьэж
ФIыуэ плъагъу щIыпIэм укIуэжыныр жыжьэкъым.
Дыщэ унэ нэхърэ - уи унэжь.
Дзыгъуэ пэтрэ и гъуэ щылIыхъужьщ.
Зауэм хэту джатэ хьэху яткъым.
Хьэрэ пэт и къуажэр ибгынэркъым.
Япэ умыуэ, къауэм ущымысхь.
«Акъыл уэстын, хьэмэрэ былым уэстын?» - щыжаIэм, «Акъыл къызэти, былым сэ къэзгъуэтыжынщ», - жиIащ.
Акъылыр жыжьэу маплъэ, нэр абы и лъагъуэм ирокIуэ.
Вы хъунур шкIэ щIыкIэ ящIэ
ХамэщIым насып щыIэкъым.
ХамэщI гъэмахуэрэ хэкужь щIымахуэрэ я хуабагъ зыщ.
ХамэщI дыщэ кIанэ нэхърэ - хэкужь дэп.
ХамэщIым цIыхур щыпудщи, хьэпшыпыр щылъапIэщ.
ЦIыхубэм я жьэр зыми хуэубыдынукъым.
Гур зыхуеIэм, Iэр лъоIэс.
ГуфIэгъуэри гуIэгъуэри къызэдокIуэ.
Делагъэм уритепщэ нэхърэ, акъылым урипщылIмэ нэхъыфIщ.

Фэ фщIэрэ?
ТхьэIухудхэм я зэпеуэр къызэрежьар

«Дуней псом щынэхъ тхьэIухуд» зэпеуэ япэ дыдэу XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм Лондон щызэхаублащ.
Абы щыгъуэ хъыджэбз нэхъ дахэ дыдэу къалъытар илъэс 18 зи ныбжь инджылыз пщащэщ. Абы и цIэр Хайден Элисщ. А бзылъхугъэм зэрыжиIэмкIэ, абы щыгъуэ зыхэта зэпеуэм пщащэ мини 8-м щIигъу щызэхьэзэхуэрт. Абыхэм ягъэлъэгъуэн хуейр я дахагъэмрэ гуакIуагъэмрэ я закъуэтэкъым, атIэ я Iэпкълъэпкъым и жанагъыр, яхэлъ жыджэрагъыр, спорт зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыхэзагъэр утыку кърахьэн хуейт. Апхуэдэу зэпеуэм хыхьэрт лъэпкъ къафэхэр гъэзэщIэныр, цIыхубэ уэрэдхэр жыIэныр, макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэныр, нэгъуэщIхэри.
Япэ дыдэу «Дуней псом щынэхъ тхьэIухуд» цIэр зыхуагъэфэщам ирата саугъэтыр иджырей ахъшэмкIэ доллар 250-м хуэкIуэу аращ.

Тхьэхущынэ Ланэ.

ПкIауэ
Таурыхъ

Зы лIыжь цIыкIу ежьащ: «Зыгуэр къэзгъэхьэрычэтынщ», - жери. И цIэр пкIауэти, пкIэм-лъэурэ, зы Iуащхьэ нэсащ лIыжь цIыкIур. «Сыбэуэнщ, гъуэмылэми сыхэIэбэнщ», - жери лIыжь цIыкIур Iуащхьэм тетIысхьащ. Плъэмэ, шу гуп мэзым къыхэкIри, къаунэтIащ. «Ягу илъыр сыткIэ пщIэн?» - жери лIыжь цIыкIум и гъуэмылэр зэщIикъуэжащ, Iуащхьэм къехыжри, пабжьэм зыхидзащ.
Iуащхьэм къэсри, шу гупыр епсыхащ, гъуэгу тетати, уанэр трахри, шыхэр хъуным хаутIыпщхьащ, езыхэр зэхэтIысхьэжри, гъуэмылэр яшхащ, щIакIуэ яубгъури гъуэлъащ. Хъуным хаутIыпщхьа шыхэр гъудэбадзэм къыщыхагъэзыхьым, псыхъуэм дыхьэри, зы бгъуэнщIагъ щIэуващ. ЛIыжь цIыкIум илъэгъуащ шыхэр бгъуэнщIагъым зэрыщIэувар.
«Мы гупыр къызэщыужыху, саIэщIэкIынщ», - жери лIыжь цIыкIур и гъуэгу техьэжащ.
Шу гупыр къызэщыужащ, къажыхьащ-нажыхьащ - шыхэр ягъуэтыжакъым.
«Дыщхьэукъуэри, шыхэр едгъэхуащ», - жари гупыр ежьэжащ, щхьэж и уанэ и плIэ ирилъхьэжри. ЗдэкIуэм лIыжь цIыкIум лъэщIыхьащ лIы гупыр.
- Дишхэр бзэхащ, уэри щIыри догъэзри, дгъуэтыркъым. Уанэр ди дамащхьэм тетлъхьэри дыкъежьащ, - жаIащ лIы гупым. - КъыпIэщIэмылъэгъуауэ пIэрэ?
- Слъэгъуакъым, - жиIащ лIыжь цIыкIум, - сэ сыджэшыдзщ, джэш фхуэздзынщ.
- Зыш уэттынт, шыхэр къытхуэбгъуэтыжатэмэ, - гуфIащ гупыр.
ГъуэгунапщIэ удзым хэтIысхьэри, лIыжь цIыкIум джэш идзащ.
- Шыхэр бгъуэнщIагъым щIэтщ, аращ джэшым къикIыр, - жиIащ лIыжь цIыкIум, джэшыр зэщIикъуэжри.
КIэлъагъазэри, шыхэр бгъуэнщIагъым къыщIахужащ.
- Уанэ махуэр тезылъхьэн, уджэшыдзыр пэжи! - жаIащ гупым. - Зыш удот. Ди жылэ дыкъэблэгъэжащ, ди пщым деж утшэнщ. Узэрыджэшыдзыр илъагъумэ, пщым нэхъыбэж къуитынщ.
ЛIыжь цIыкIур пщым деж яшащ:
- Мыр джэшыдз Iэзэщ, имыщIэ щыIэкъым, - жари.
- АтIэ, - жиIащ пщым, - си пхъум и дыщэ Iэлъыныр кIуэдащи, дунейм тхутегъуатэркъым, къытхуэбгъуэтыжмэ, узгъэфIэнщ.
Сыт ищIэнт лIыжь цIыкIум - утыкум къинащ: зэрымыджэшыдзыр езым ищIэжыртэкъэ! «Сыджэшыдзщ жысIэмэ, сафIэкIынщ», - жери шу гупым пцIы яхуиупсауэ арат.
Утыкум къыщинэм, лIыжь цIыкIум нэгъуэщI Iэмал игъуэтыжакъым:
- Дыщэ Iэлъыным и кIуэдыкIэ хъуар къэсщIэн щхьэкIэ, хьэщIэщым жэщищ-махуищкIэ сисын хуейщ, бжэ-щхьэгъубжэр къегъэбыдэкIауэ. ХьэщIэщым ситIысхьэмэ, бжэр ныIувмых, цIыхуи ныщIэвмыгъэхьэ, жэщищ-махуищ дэкIыху, - жиIащ лIыжь цIыкIум.
«АпщIондэху зыгуэр хъунщ: е махъшэр лIэнщ, е махъшахъур лIэнщ», - жери арат лIыжь цIыкIур зыщыгугъыр.
ХьэщIэщым итIысхьащ лIыжь цIыкIур, бжэ-щхьэгъубжэр кърагъэбыдэкIащ. Гузэвэгъуэм хэхуауэ, жэщитI-махуитI игъэкIуащ. Ещанэ жэщым, жэщыбг хъуауэ, бжэм зыгуэр къытеуIуащ.
- Хэт ар къэскIащ? - лIыжь цIыкIур.
- Тхьэм и нэфI зыщыхуэн, бжэр Iух, - зэхихащ лIыжь цIыкIум.
- Жэщищ-махуищкIэ мыбы зыри къыщIыхьэ зэрымыхъунур пщIэркъэ? - жиIащ лIыжь цIыкIум, и псэр IукIауэ.
- Сумыгъэунэхъу: бжэр Iух!
Бжэр Iуихри, «унэхъунур» къыщIигъэхьащ. КъыщIыхьар фыз цIыкIут, IэлъэщIкIэ щIэуфауэ.
- Сэ пщым срикъазыхъуэщ, - жиIащ фыз цIыкIум. - Дыщэ Iэлъыныр сэращ зыIэщIэкIуэдар.
- Аращ си джэшми къикIыр, - жиIащ лIыжь цIыкIум, игу къызэрыгъуэтыжри. - Дауэ зэрыхъуар?
- Къаз хъушэм зы къазыхъу щIакъуэ яхэтщ, абы и хулъэм илъщ дыщэ Iэлъыныр, езгъэшхауэ. КIэщуэщ хъужмэ, къазыр сукIыу дыщэ Iэлъыныр хулъэм къисхыжын мурад сиIэт. ГущIэгъу къысхуэщI, сумыIуатэ, - къелъэIуащ фыз цIыкIур.
- Хъунщ, гущIэгъу пхуэсщIынщ, - жери фыз цIыкIур щIигъэкIыжащ.
Нэху щыри, пщым деж кIуащ лIыжь цIыкIур.
- Къаз хъушэм зы къазыхъу щIакъуэ хэтщ. Къазыхъу щIакъуэм и хулъэм илъщ уи пхъум и дыщэ Iэлъыныр, - жиIащ лIыжь цIыкIум. - ЩыIэрыхьар Тхьэм ищIэнщ, дяпэкIэ иремыбэлэрыгъ уи пхъур.
Къазыхъу щIакъуэр яукIри, и хулъэм дыщэ Iэлъыныр кърахыжащ.
- УзэрыIэзэр си фIэщ хъуащ, - жиIащ пщым. ЛIыжь цIыкIум зы выгу из гъавэ къритащ.
«Сыкъамыумыс щIыкIэ сежьэжынщ», - жери лIыжь цIыкIум зигъэхьэзырыжауэ, пщым хьэщIэ къыхуепсыхащ.
Пщым и хьэщIэм лIыжь цIыкIум и хъыбар жраIащ:
- Нэхъ Iэзэ срихьэлIакъым! - жаIэри.
- Мыдэ сэ къысхуэфшэ, - жиIащ пщым и хьэщIэм. - Сэ къэсщIэнщ ар Iэзэрэ мыIэзэрэ.
ЛIыжь цIыкIур пщым и хьэщIэм деж яшащ.
- УIэзэр пэжщ, си Iэгум илъыр къапщIэмэ, - жиIащ пщым и хьэщIэм, и Iэр зэтрипIэри. - КъапщIэмэ, шы-уанэ зэтелъ узот. КъыумыщIэмэ, утхьэгъэпцIщи, уи щхьэр пезгъэупщIынщ.
ЛIыжь цIыкIум и фэр пыкIащ, и гур икIри, и цIэр щыгъупщэж пэтащ. ЗыкъыщищIэжым, и цIэр игу къэкIыжащ.
- Ей, ПкIауэ! ПкIауэ! Зэ упкIэри - уаIэщIэкIщ. ТIэу упкIэри - уаIэщIэкIщ. Ещанэм Iэгум укъинакъэ!
- Зи унагъуэр бэгъуэн, сыпхьакIэ Тхьэ соIуэ!
Пщым и хьэщIэм и Iэгур зэтрихмэ - пкIауэт иIыгъыр. Пщым и хьэщIэми зыш къритащ лIыжь цIыкIум.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр