Газетеджэхэр щыгъуазэ тщIыну ди гуапэщ Истамбыл къыщыдэкI «Кавказыджхэм я лэжьыгъэхэр» журналым и зи чэзу номерыр дунейм къызэрытехьам. БзищкIэ (тыркубзэ, урысыбзэ, инджылызыбзэ) зэхэгъэува тхылъхэм адыгэ тхыдэм тетхыхь щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэщIэхэр ихуащ.
Гу лъывэдгъэтэну дыхуейт гъатхэпэм къыдэкIа номерым къытехуа, тхыдэдж цIэрыIуэ Сокъур Валерэ и тхыгъэу «Политикэ Iуэхум хэкIыжын хьэлыр адыгэ тхыдэм къызэрыхэщ щIыкIэр» («Феномен политического отчуждения в исторических судьбах черкесского народа») зыфIищам. «Политикэ Iуэхум хэкIыжын» псалъэхэмкIэ адыгэбзэм къидгъэзэгъэну дызыхэт жыIэгъуэм щытепсэлъыхькIэ, щIэныгъэлIым гурыIуэгъуэ ещI ар зи пIэ идгъэувэну ди мурад «политическое отчуждение» урыс терминым къригъэкIыр. «Ар политикэ и лъэныкъуэкIэ бжьыпэр зыIыгъ цIыхухэм щIыб яхуэгъэзэн, зэращыгугъауэ къэмылъытэжын е къыфIэмыIуэхужын, тепщэгъуэми езы политикэ зэхэтыкIэми арэзы темыхъуэн» хьэлращ. Апхуэдэ щапхъэхэм языхэзу Сокъурым къехь адыгэхэр урыс тепщэгъуэм пыщIа хъунымкIэ япэ лъэбакъуэр зыча Къанокъуэ Мэхъэшокъуэ и гъащIэм щыщ пычыгъуэ. Къызэрыхъуа щIыкIэм нэгъэсауэ дыщымыгъуазэу, дэ илъэс щиплIым щIигъуауэ дытопсэлъыхь Грозный Иван адыгэхэм къызэрацIыхуа щIыкIэм. А хъыбарым и Iыхьэ гуэрхэм мызэ-мытIэу газетым и напэкIуэцIхэми дыщытепсэлъыхьащ, ауэ тхыгъэр зи IэдакъэщIэкI щIэныгъэлI къызэрымыкIуэм Iуэхугъуэр, тхыдэ пэжым зэрыхуэфащэу, IуэрыIуатэбзэ тыншкIэ къеIуэтэжри, нэхъыбэ къэпщIэнми утрегъэгушхуэ.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Къанокъуэ Мэхъэшокъуэрэ Сулеймэн Телъыджэмрэ
1950 щегъэжьауэ зэфIэува совет тхыдэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, адыгэпщхэу Мэхъэшокъуэрэ Елбэздыкъуэрэ 1552 гъэм лъэпкъыр кърым-тэтэрхэм кърагъэлыну лъаIуэу Мэзкуу зэрыкIуар урыс пащтыхьыгъуэм хуэгъэза япэ адыгэ дипломат гупыжщ. Щхьэусыгъуэ зэтемыхуэхэм къыхэкIыу, нэхъыбэм политикэм епхауэ, урыс-адыгэ зэхущытыкIэр нобэми пхэнжу къэзыгъэлъагъуэ тхыдэджхэр щыIэщ.
А зэманым зекIуэу щыта къэрал Iуэху зэфIэхыкIэм тепщIыхьмэ, абыхэм къыхалъхьэ «я гукъыдэжкIэ гухьэн», «хыхьэн», «политикэ-зауэ зэгухьэныгъэ» жыхуаIэ фIэщыгъэхэр а Iуэхум уритепсэлъыхьыну къезэгъыххэркъым. «ПщылIу къэщтэн» («взять в холопы») жыхуиIэ псалъэхэр къызэрыбгурыIуэн хуейр «дамэгъу щIын» («взять в подданство») мыхьэнэмкIэщ, армыхъумэ псалъэм къикI дыдэм тещIыхьауэкъым. Пасэрей урысыбзэм и псалъалъэм деплъмэ, долъагъу: «пщылIыгъэ» («холопство») - пIалъэкIэ къэщтэн; лэжьыгъэ, къулыкъу.
1552 гъэм Сулеймэн Телъыджэм и пащтыхь сэрейм къулыкъу щызыхь адыгэпщ Къанокъуэ Мэхъэшокъуэ Иван ЕплIанэ (Грознэм) и лъэныкъуэ къызэрищтар политикэ и щхьэусыгъуэкIэ щIэпхъуэжыныгъэ жыхуаIэм хуэдэщ, политикэ Iуэхум хэкIыжын жыхуаIэм и щапхъэу. Тхылъхэр сэбэп мэхъу а епцIыжыныгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар къэтщIэну. Мэхъэшокъуэ и шыпхъу, Сулеймэн и япэ щхьэгъусэ Махидевран сулътIан гуащэр, пащтыхьым адрейхэм фIыуэ яхилъагъукIа Хурем (Роксоланэ) сулътIан гуащэм и хьэгъэщагъэхэм япкъ иткIэ IуагъэкIуэтри, иужькIэ щIыпIэ пхыдзам ирагъэшат. Абдеж щыщIэдзауэ Мэхъэшокъуэ Истамбыл щищIэн щыIэжтэкъым, и шыпхъум къыщхьэщыжу и пщIэр ихъумэжынуи зы Iэмал иIэтэкъым. Куэд дэмыкIыу, абы и шыпхъум и къуэ Мустэфа, илъэс 38-рэ ныбжьым ит, пащтыхь тахътэр зыпагъаплъэ щIалэр, къэралым епцIыжауэ ягъэIури, езы сулътIаным и унафэкIэ яукIащ. ХамэщIым щекIуэкI гъащIэр фIыкIэ иухыркъым. Сыт щыгъуи уи щхьэкIэ хэкIыпIэ къэбгъуэтын, уэр-уэру унафэ къэпщтэн хуей мэхъу. ИтIани, хабзэми дуней зэхэтыкIэми елъэпауэу Мэхъэшокъуэм ищIар Уэсмэн къэралыгъуэм, езы муслъымэн дунейм и хъалифу ялъытэ сулътIаным бзаджэу зэреныкъуэкъу Iуэхут.
ЩIэпхъуэжыныгъэм ипкъ иткIэ, Сулеймэныр лейзехьэт, Мэхъэшокъуэм лей къытехьэрт. ПщIэ зиIэ цIыху цIэрыIуэм зэрыхуэфащэу, пщыр Мэзкуу щрагъэблэгъащ. Урыс пащтыхьым хуэпэжыну тхьэ иIуэри, 1557 гъэм абы Иван цIэр зэрихьэу чыристан диныр къищтащ. Мэхъэшокъуи, абы и гъуса пщы-уэркъхэри урыс пащтыхьым «адыгэ пащтыхьхэмрэ пщыхэмрэ» къыхужаIэу ирагъэцIыхуащ. Уэсмэн сэрейм щиIа пщIэр зригъэгъуэтыжыныр зи мурад Мэхъэшокъуэр псынщIэ дыдэу урыс пащтыхьым и кIуэгъужэгъу, чэнджэщэгъу хъури, Тверь щIыналъэм щыщ щIышхуэхэр тыгъэу къыIэрыхьащ. «Иван-Магашук-князь Черкасский» - арат абы урысхэр къызэреджэр. 1552 - 1560 гъэхэм я зэхуакум ар урыс къулыкъум хуэпэжащ. Абы и къулыкъуращ щхьэусыгъуэ хуэхъуар Шэрджэсейм урысхэм я лъэныкъуэр зыIыгъ гуп къызэрыщыунэхуам. 1552 - 1559 гъэхэм я зэхуакум Шэрджэсейм икIыурэ лIыкIуэ-хэр Мэзкуу хэ зэрыкIуам теухуа хъыбар щыIэщ: 1552 гъэм и щэкIуэгъуэм; 1555 гъэм и шыщхьэуIум; 1557 гъэм и мэкъуауэгъуэм; 1557 гъэм и бадзэуэгъуэм; 1558 гъэм и жэпуэгъуэм; 1559 гъэм и фокIадэм. ЗекIуэхэм хэтахэм тэмакъкIыхьу уакIэлъыплъмэ, гугъукъым гу лъыптэну а ежьэгъуэхэр псори Къанокъуэ Мэхъэшокъуэ къызэрызэригъэпэщам.
Сулеймэн Телъыджэм Мэхъэшокъуэр къепцIыжауэ тырку къалэхэм къызэрытеуэр зэхиха нэужь, ар къригъэубыдын хуейт. СулътIанхэм я хьэлт диным епцIыжахэр увыIэгъуэ имыIэу кърахуэкIыныр. Мэхъэшокъуэ хьэгъэщагъэхэр зэрихьэу, Шэрджэсейм чыристан диныр къригъэщтэну хуейуэ ягъэIуа нэужь, ар муслъымэн диным и бий хъуащ. Къаффэ къалэм щытеуа зауэхэм я зым ар гъэру щаубыдри, тырку сулътIаным и унафэкIэ яукIауэ щытащ. Эрмитажым щIэлъщ 1561 гъэм ятха Синодикым щыщ тхыгъэ: «ИугъащIэ чыристан диным и щIыхькIэ хэкIуэда, тырку джаурхэм яукIа Иван Амашук Черкасскэм». Иван-Мэхъэшокъуэ зэраукIам урыс пащтыхьым и гум удынышхуэ иридзат. ЦIыху куэд зэпцIыжа Грозный Иван, пщым и фэеплъыр ихъумэу, абы и псэм папщIэ мылъку къулъшырыфхэм щыхигъэкIыу щытащ.
Пщы Къанокъуэ Мэхъэшокъуэ
СулътIан Сулеймэн Телъыджэ
Пащтыхь Грозный Иван
СулътIан гуащэ Махидевран