Уигу зэзымыгъабгъэ

ГукъэкIыжхэм  щыщщ

ФIылъагъуныгъэмрэ творчествэмрэ зыкъомкIэ зэщхьу къы­щIэкIынщ - а тIум языхэзми уи гумрэ уи псэмрэ зэ ятхьэкъуамэ, къаIэщIэкIыжыгъуейщ. Мыбдеж сыт хуэдэ лъэпощхьэпори, гугъуехьри, зэпэIэщIэныгъэри зэран хъуну уяку къыдыхьэф щыхабзэкъым. Абы щыхьэт тохъуэ КIэщт Мухьэз и творческэ гъуэгуанэр къы­зэрежьауэ щытари.

Школым щIэсу Мухьэз тхэн ­щIидзащ. АрщхьэкIэ зи унагъуэ Iуэхухэр хуэмыщIащэурэ къекIуэкI къуажэ щIалэ цIыкIум епщIанэ  классыр   къыщиухам, и ныбжьыр илъэс пщыкIубгъум нэсати, курыт щIэныгъэ игъуэта къудейуэ, занщIэу  дзэм  ираджащ. ЗэрыжаIэу, Сыбыр пхащIэм къыщыхутащ. Ауэ илъэсищкIэ ирихьэкIа дзэ къулыкъу мытыншри лъэпощ­хьэпо къыхуэхъуфакъым усэ тхы­ным итхьэкъуауэ щыта щIалэщIэм: махуэр сэлэт къулыкъум ­фIихьми, жэщыр усакIуэ щIалэм ­къихьэхужырт. Жылэр щыжейм, ­зыщагъэпсэхум, къоджэм уигъэжейркъым жыхуаIэрати, Мухьэз и гущIэм усэр къыщыхъейрт. КIэщ­тым и гъусэу дзэ къулыкъур къы­дэзыщIэ усэхэри, ахэр гурэ псэкIэ къэзыгъэщI щIалэм ещхьу, ерыщт, къимыкIуэтти, абыхэм гъуэгу ща­гъуэтыр Мухьэз здикIа лъахэм и закъуэтэкъым - ахэр къытехуащ «Красноярская правда», «Заря Востока» газетхэм, Новосибирск, Туркестан дзэ округхэм къыдагъэкI газетхэм.
Къулыкъу ищIэным и пэкIэ къуажэ лэжьыгъэри еджэнри зэдэзыхьу щыта, дзэм щыщыIам и нэгу щы­щIэкIари зи пхъуантэдэлъу къэ­зыгъэзэжа щIалэм итхыни иIэти, а иIэр тэмэму зэригъэзэхуэфын хуэ­дэу, и акъылри тIысат. Школ нэу­жьым дзэм щрихьэкIа илъэсхэм, дауи, абы и щIэныгъэр зыкъомкIэ IэщIигъэхужат. ЕджапIэ нэхъыщхьэ ущIэтIысхьэн щхьэкIэ, абы зыхуэгъэхьэзырыжын хуейт. КIэщ­тыр лэжьапIэ уващ, а зэрылажьэм хуэдэурэ еджащ, тхащ. Хэлъэт, зэ­хэ­щIыкI зиIэ щIалэм къыгурыIуат еджэн, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэгъэгъуэтын зэрыхуейр. Зыщеджэну ­мурад ищIар Мэзкуу дэт Литерату-рэ институтыр арат.
- Ауэ, - жиIэжырт Мухьэз, - а еджапIэм ущIэтIысхьэн щхьэкIэ, тхылъ Iэджэ зэгъэпэщын, зэпеуэм узэ­рыхэтыну тхыгъэхэр «подстрочнэ» жыхуаIэм хуэдэу зэдзэкIауэ, Мэзкуу егъэхьын хуейт. А псор гъэхьэ­зы­рыным, ахэр егъэжьэным, гъуэгу ­зэ­рытетынум зэманышхуэ ихьынут. ­Сэ сытемыгушхуэурэ Iуэхур хэзгъэ­кIэсат. Мо къомыр зэфIэзгъэкIыху, гъэ еджэгъуэм щIидзэнути…. СщIаращ: институтым сыщIагъэтIысхьэн папщIэ, ТхакIуэхэм я ­союзым къызатын хуей лъэIу тхылъхэр къыIызох. Ари си усэхэри къызощтэ. Тызодзэри, Мэзкуу ­сокIуэ. Сызыщыгугъыр а лъэхъэнэм, 1960 гъэм, Мэзкуу щеджэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэмрэ Елгъэр ­Кашифрэт. А тIур мыхъуамэ, а илъэ­сым еджапIэм сыщIэхуэну зэры­щы­мы­там шэч хэлъкъым.
Мухьэз жиIэр пэжт. Iуэхур зэ­ры­щытрат.
Махуэ гуэрым къызоджэри сы­щIашэ институтым щIэтIысхьэнухэм я тхылъхэр къызэкIуалIэ, абыхэм щы­хэплъэ, ахэр щызэрагъэзахуэ Iуэ­хузехьэхэм я деж.
- Адыгэ усакIуэ щIалэ КIэщт Мухьэз пцIыхурэ? - къызоупщI ­приёмнэ комиссэм хэт бзылъхугъэ­хэр.
- Ахьей сцIыхурэ!
- ФIыуэ пцIыхурэ? - трагъэчыныхь мобыхэм.
- ФIы дыдэу соцIыху, - жызоIэри, пцIы тIэкIу соупс.
Iуэхум и пэжыпIэрат: Мэзкуу на­кIуэу ди институтым къегъэщIылIа Литературэ курс нэхъыщхьэхэм 1958 гъэм ныщIэтIысхьа ЩоджэнцIыкIу Iэдэм Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и ТхакIуэхэм я союзым и ­правленэм щитхьэмадэм щыгъуэт сэ Мухьэз япэ дыдэу щыслъэгъуар. А зэм фIэкIаи сыхуэзатэкъым.
- Фэ дэнэ ар щыфцIыхур? - сыщIоупщIэ.
- ЩытцIыхуращ: ди институтым къыщIэтIысхьэн мурад иIэу и тхылъ­хэр къытхуихьащ…
- Хуэфэщэпсщ! Тэмэму ищIащ, - си цIыхугъэ бзылъхугъэхэм я псалъэр яIэпызоуд. - ЩIалэ бэлыхьщ. УсакIуэ хъарзынэ къыхэкIынущ.
- А щIалэ бэлыхьым ищIар пщIэрэ? - къыпогуфIыкI мохэр.
- Сыт? - сыщIоупщIэ.
- И усэхэр адыгэбзэкIэ тхауэ къыдитащ.
- ЩыадыгэкIэ, адыгэбзэкIэ итхынщ-тIэ, - зыри къызгурымыIуафэ зытызогъауэ.
- Уэ уогушыIэ. АдыгэбзэкIэ тхауэ абы къытхуихьа усэхэм дэ хэт къе­дгъэджэнур? ЩIалэ бэлыхьу, уса­кIуэ хъарзынэ къыхэкIыну жыпIэу ущыщытхъукIэ…
- Ар езыр дэнэ щыIэ?
- Адам Огурлиевичрэ уэрэ фи ­гугъу хуэтщIыну, фэ зыкъыфхуигъ­э­зэну жетIэну дыщыхуежьэм: «Мис а тIум сащыгугъырти аращ къытездзэу сыкъыщIэкIуар. Ауэ гъуэгу сытетщ, икIи сопIащIэ, сымыукIытэуи абыхэм захуэзгъэзэфынукъым. Фи напэ, фи Тхьэ фызэреплъщ», - жи­Iэри, макIуэ-мэлъей. - Ди деж Iуэхур зэрыщекIуэкIыр гурыдгъэIуэну ды­хуежьа щхьэкIэ, къыдэмыдаIуэу щIэ­жыжащ. Адам Огурлиевичрэ уэрэ фи хьэтыркIэщ, армыхъу мы Iуэху тIуащIэм дыхэмыхьами, хъунут.
- Тхьэразэ къыфхухъу! Ар езыр щIалэ укIытэх гуэрщ. ЕмыкIу гуэр къы­IэщIэщIауэ къызэрищIэжу, плъы­­жьыбзэу къоуцIыплъ, - щы­жысIэм:
- Пэж  дыдэщ! Плъыжьыбзэ ­хъуауэ щIэкIыжащ, - бзылъхугъэхэми ­къыздаIыгъ Мухьэз зэрыукIэтэхым, плъыжь  зэрыхъум  теухуауэ   жысIар.
КIэщтыр япэ дыдэ щыслъэгъуам згъэщIэгъуат абы и плъыжьагъыр. Iэджэ дэкIыу зэныбжьэгъушхуэ, зэ­лэжьэгъу, ди гушыIэхэри зэтезагъэ дыхъуа нэужь, абы тэтэркIи пцIэ­гъуэплъкIи дыщеджэ щыIэти, ар уэим ищIыртэкъым. Ауэ ар иужь­кIэщ. Мобы щыгъуэ:
- ЛIо-тIэ ди хэкуэгъум хуэтщIэнур? - зыхузогъазэ лэжьакIуэ гупым я ­нэхъыщхьэIуэу бзылъхугъэ къамы­лыфэ дахэм.
- Мы усэхэр едгъэхьыжу, ахэр подст­рочнэу зэрадзэкIыу къытху­рагъэхьыжыху, итIанэ ахэр рецензентхэм етту хэдгъэплъэху, щIалэр конкурсым къыкIэрыхунущ. Адам Огурлиевичрэ уэрэ къыфщыгугъыу жиIащи…
- Дэнэт, Мухьэз, абы щыгъуэ ап­хуэдизу упIащIэу уздэкIуэр? Парижт хьэмэрэ Берлинт? Iэдэм сэрэ зыкъытхуэбгъазэу дыкъыумылъагъуу хьэмэрэ зыхуэдбгъэ­щIэну Iуэхутхьэбзэм утеукIытыхьу узэрып­лъы­жьым нэхърэ нэхъ плъыжь ухъункIэ ушынауэ арат? - жысIэу си ныбжьэгъум сыщыдэгушыIэм деж:
- Уэли, сыщIэпIэщIаратэм. Пэж дыдэу, Iуэхум ущIэукIытэни хэлът. Фыщыпсэури сщIэртэкъым. IэнэщIу сыныфхуэкIуэнуи… ИтIанэ, фы­щIэсу фыкъэзгъуэтыни фыкъэзмыгъуэтыни… Сэ зэрызысIэжьэн ахъши сиIэтэкъым. А псор къы­зы­хэкIар тхьэмыщкIагъэрат. Ауэ, Алы­хьым сыкъиужэгъужатэкъыми, си мурадыр къызэхъулIауэ щытащи, фIыщIэр зейхэм Тхьэр арэзы къыфхухъу, - жиIэрт Мухьэз.
- НтIэ, Iэдэми фепсалъи…
- Хьэуэ. Дэ думыгъэпсалъэ абы. Ар… ар… - бзылъхугъэхэр те­мы­гушхуэу арат апхуэдэ IуэхукIэ зы­хуагъэзэну къэрал псом щыцIэрыIуэ усакIуэ, тхакIуэ ЩоджэнцIы­кIум.
- Хъунщ. Сэ сепсэлъэнщ. Абы хьэуэ зэрыжимыIэнум шэч къытев­мыхьэ. - Я щхьэ мыузым боз къе­зы­шэкIыжа, Тхьэм игъэпсэун бзылъ­хугъэ  хьэлэмэтхэм ягу фIы яхузощI.- ТщIэн хуейр?..
- ФщIэнуращ: усэхэр подстроч­ник фощI. Ди деж апхуэдэ хабзэ щыземыкIуэ пэтми, а лэжьыгъэм пэкIуэ ахъшэр фыдот. ИтIанэ…
- ИтIанэ-щэ?
- Абыхэм хэплъэу рецензэ зыт­хынухэр нэгъуэщI щIыпIэ къыщы­дмылъыхъуэжу… Фэ щIалэри щыф­цIыхукIэ, и тхыгъэхэми фыщыщы­гъуазэкIэ, рецензэхэри фотхыжри…
Iуэхум «хьэуэ» къыхэзгъэкIынкIэ къэгузэва хъунщи:
- Мис а лэжьыгъэр къытхуэзыщIэ псоми ахъшэ ядотри, фэри фи гугъуехьыпщIэр дгъэкIуэдынкъым, - мис иджы си гуапэ къащI цIыхубзхэм.
- Подстрочник Iуэху дыхэмыту, ­рецензэхэр занщIэу хуэттх щхьэ мыхъурэ-тIэ?
- Апхуэдэу хъунукъым. Подстрочникхэр диIэн, ди хъумапIэм щIэлъын хуейщ. Мы къыщIэвгъэ­тIысхьам и тхыгъэхэр жаIэрэ къы­щIэупщIэIа хъужыкъуэмэ… АдыгэбзэкIэ тха усэхэм къытхуеджэнур  хэт?
Арати, ди пщэ къыдалъхьа Iуэхур псынщIэ дыдэу зэфIыдогъэкI. ЗэрыжаIауэ, ди гугъуехьыпщIэри ягъэ­кIуэдакъым.
Нэхъыщхьэр, и Iуэхур зэблэмыууэ, КIэщт Мухьэз а гъэм Литературэ ­институтым щIэтIысхьауэ зэры­щы­таращ.
Языныкъуэхэм хуэдэу, фIыщIэм­ы­­гъэкIуэдти, езы Мухьэзи ибзы­щIыртэкъым и нэ къызыхуикI                 еджапIэм зэрыщIэтIысхьа щIыкIэм Iэ­дэмрэ  сэрэ    ди    фIыщIагъи    зэ­­ры­хэлъар. Дэри зэи ды­хущIе­гъуэжакъым Iуэху щхьэпэ длэжьауэ зэрыщытам. Мис абыкIэ фIыщIэр зейр езы Мухьэзти, и хьэл-щэнкIи, и творчествэкIи укъэзымыгъэукIытэн щIалэ къыхэкIауэ 1965 гъэм ­Налшык къигъэзэжащ.
Щеджэм щыгъуэ зи усэхэр га­зетхэми журналхэми куэдрэ къы­техуа КIэщтым и япэ тхылъыр («ЩIыр къызоджэ») къыдокI абдеж ирихьэлIэу. А тхылъым къыбжиIэрт зи дуней еплъыкIэ зиIэж нэ­гъуэщIхэм сыхамыгъэзэрыхьыну, сэ КIэщт Мухьэзу сызэрыщытыр сы­къращIэн папщIэ, сыт хуэдэ уэрэдрэ уэрэд жыIэкIэрэ къыхэсхын хуей жызыIэу Iуэхум куууэ егупсыс уса­кIуэ адыгэ литературэм къызэ­ры­хыхьэр. Iуэхур апхуэдэу зэ­ры­щытым гу лъамытэу къэнакъым критикхэми, усакIуэ нэхъыжьхэми, тхылъеджэхэми: КIэщтым и япэ тхылъыр гулъытэншэ хъуакъым - хуэфащэ пщIэ хуащIащ. И языны­къуэ усыгъэхэм я къуабэбжьаба­гъ­ри ирагъэлъагъужащ.
Ауэ, псом ящхьэр щIэдзапIэрати, лъагъуэ IупщI хъуа зи япэ тхылъымкIэ гъуэгуанэ дахэ техьа КIэщтыр ешрэ щхьэхрэ зымыщIэти, абы и ­къалэмыпэм къыпокI усэхэр, поэ­мэхэр, рассказхэр, повестхэр. Ахэр тхылъ щхьэхуэурэ къыщыдокI Налшыки Мэзкууи. Республикэм и журналист, публицист жыджэрхэми ящыщ зы КIэщт Мухьэз и тхыгъэ купщIафIэхэр зэпымыууэ къытохуэ газетхэм, журналхэм, езыр щIэх-щIэхыурэ къы­щопсалъэ радиоми телевиденэми. Илъэс тIощIым ­щIигъукIэ журналисту лэжьа КIэщ­тым тэ­мэму зэдихьыфащ и лэжьыгъэ IэнатIэри творчествэри. А зэманым къриубыдэу КIэщт-журналистым          и къалэмыпэ жаным ­къы­­щIэкIа тхыгъэ нэхъыфIхэр (очерк­­хэр, статьяхэр, публицистикэ лэ­жьы­гъэхэр) зы тхылъышхуэми пхуигъэ­хуэнукъым.
Ди усакIуэ, тхакIуэ, журналист ­нэ­хъыфIхэм ящыщ зыуэ, зи хъэтIрэ зи темэрэ, зи Iуэху бгъэ­дыхьэкIэрэ зи усакIуэпсэрэ зи­Iэжу ди щэн­хаб­зэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа КIэщтыр, зэрыжаIэу,  гъащIэм и курыкупсэм хэту дунейм тетащ. Ар уигу зэзымы­гъабгъэ цIыху хьэрэ­мыгъэншэт, вэгъзэгът. Зи творчествэм зиузэщI зэ­пытрэ абы и гуфIэ­гъуэ зылъагъу тхакIуэу щытащ. Арат Мухьэз и тхакIуэгъухэри, критикхэри, тхы­лъеджэхэри  къы­щIы­хуэ­арэ­зыр.

 

 

 

 

 

ТхакIуэ щIалэхэм я зэIущIэр иухащ. 1981 гъэ

Елгъэр Кашиф, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ