«СемытIысэхыу къызолъыхъуэ фIыгъуэ» Гупсысэ жанкIэ гъэнщIа тхыгъэ купщIафIэхэр

КIэщт Мухьэз Хъусин и къуэр 1937 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м Къэрэгъэш къуажэм къыщалъхуащ, абы курыт еджапIэр къыщиухащ. Дзэм илъэситI­кIэ къулыкъу щищIа нэужь, Москва           дэт Литературэ  институтым щеджащ, 1965 гъэм къыщыщIэ­дзауэ «Ленин                  гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым, 1971 - 1977 гъэхэм «Iуащхьэмахуэ» журналым, иужькIэ «Эльбрус» тхылъ те­дза­пIэм щылэжьащ.
Мухьэз и къалэмыпэм къыпыкIащ гуп­сысэ жанкIэ гъэнщIа усыгъэ куп­щIафIэ куэд. Ахэр цIыхухэм гукъинэж ящыхъуащ икIи адыгэ поэзием и фIы­пIэхэм хабжэ.
КIэщтым и япэ усэ тхылъыр - «ЩIыр къы­зоджэ» зыфIищар 1965 гъэм къы­дэкIащ. Абы къыкIэлъыкIуащ Мухьэз и усыгъэхэмрэ и рассказхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ - «Лъагъуныгъэм и уасэр» (1973), «Усыгъэхэр» (1974), «ЩIылъэ пшыналъэ» (1974), «Си лъахэ - си уэрэд» (1977), «Гуращэ» (1981), «ЩIым и ныбжь» (1984), «Анэм и тыгъэ» (1985), «Псэ къабзэ» (1988), «Тхыдэм и гъыбзэ» (1991), «ПшэкIэплъ» (1997), нэ­гъуэщI­хэри. УрысыбзэкIэ зэдзэкIауэ Моск­ва къы­щыдэкIащ «Мелодии земли» (поэ­мэхэр, 1977), «Возраст земли» (усэхэр, 1984) тхылъхэр.
КIэщт Мухьэз 2002 гъэм дунейм ехыжащ.

Къэрэгъэш  щIалэм и щIылъэ пшыналъэр

Ди поэзием и фIыгъуэхэр зыгъэбэ­гъуауэ, лъэпкъым и щэнхабзэм куууэ хэпщIа, лъэхъэнэмрэ щIэблэмрэ зэ­щIэзыIыгъэ гупсысэшхуэ куэдым хуэ­Iэрыхуэ, лъэпкъ усыгъэм и щIыхьыр ­нэхъри Iэтыным екIуу хуэлажьэ уса­кIуэхэм я цIэ къыщриIуэкIэ, критик ­щэджащэ Сокъур Мусэрбий абыхэм сыт щыгъуи яхигъэувэу щытащ КIэщт Мухьэз. Ар зэрытэмэмым и щыхьэтщ КIэщтым ди литературэм хуищIа хэлъ­хьэныгъэхэр.

Мухьэз и Iэдакъэ къыщIэкIащ повестхэр, рассказхэр, очеркхэр, поэмэхэр, усэ­хэр, публицистикэ тхыгъэхэр. Ахэр иту Мухьэз Налшыкрэ Москварэ къыщыдигъэкIащ тхылъипщIым щIигъу. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми теухуа тхыгъэ гуапэхэр къытехуащ ди газетхэмрэ «Iуащхьэмахуэ» журналымрэ.
КIэщтым и тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ ­къатырт радиокIэ, телевиденэкIэ. Ахэр ­теухуат цIыхухэр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэ­хугъуэхэм: ди псэукIэм, ди хабзэхэм, ди бзэм, ди къэкIуэну гъащIэм, ди щIэб-       лэм.
Нобэрей зэман гугъум къыхэхуа, гъащIэм ириудэкI, зэрыпсэуным зэпымыууэ игъэгупсысэ, игъэгузавэ цIыхум уи тхыгъэхэр къищтэу къеджэн, ар дэIэпы­къуэгъу хуэхъун, игу ирихьын папщIэ, тхакIуэм, усакIуэм бгъэдэлъын хуейщ, Iэзагъэм къыдэкIуэу, щIэныгъэ кууи, Iуэху бгъэдыхьэкIэ тэмэми, апхуэдэу иIэн ­хуейщ фIым игъэгуфIэ, Iейм игъэгузавэ гу къабзи. А псор тыншу къохъулIэркъым. Ар фIыуэ къыгурыIуэрт Мухьэз.
Мухьэз сэ куэд щIауэ сцIыхурт, сы­щыуэнкIэ сымышынэу схужыIэнущ абы усакIуэ Iэзагъэ хъарзынэ зэрыбгъэдэ­лъар, ар гъащIэм куууэ пхыплъыфу, лъэ­ныкъуэ куэдкIэ гупсысэфу зэрыщытар. Ар хыболъагъуэ КIэщтым и усыгъэхэми и прозэ тхыгъэхэми.
Мухьэз гу пцIанэу хущытащ и лъэп­къым. Абы и гъащIэрщ КIэщтым и тхыгъэхэм я нэхъыбэм я тегъэщIапIэр. Му­хьэз куэдрэ захуигъазэрт ди хъыба­рыжьхэм, ди тхыдэм, гъащIэр щызу, тэмэ­му зыхищIэн папщIэ. Абы Iэзэу къи­гъэлъагъуэрт къуажэдэсхэм я гъащIэр, я гупсысэхэр, гурыщIэхэр, я псэу­кIэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр.
КIэщтыр нэхъыбэу зытетхыхь темэ­хэм ящыщт дыщалъхуа лъахэр, абы хуиIэ ­гумащIагъэр, лъэпкъыр, анэр, ныбжьэ­гъугъэр, лъагъуныгъэр. Ар наIуэу хыбо­лъагъуэ Мухьэз и тхылъхэми и тхыгъэхэми яхуищIу щыта фIэщыгъэхэм.
Мис абыхэм ящыщхэр: «Си лъахэ - си уэрэд», «Анэм и тыгъэ», «ЩIылъэ пшы­налъэ», «Лъагъуныгъэм и уасэ», «ЩIым и ныбжьыр», нэгъуэщIхэри.
КIэщтыр зэи тетхыхьыртэкъым езым и псэм пэмыгъунэгъу, ар зымыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм, атIэ сыт щыгъуи зытеп­сэ­лъыхьыр фIыуэ зыщыгъуазэ, куууэ зыхищIыкI, фIэгъэщIэгъуэн Iуэхугъуэхэр, гупсысэхэрат. Апхуэдэу тха хъуащ абы и поэмэхэу «Тхыдэм и макъ», «Хурэ нанэ и уэрэдхэр», «ГъащIэ макъамэ», «Зауэм и сурэтхэр», нэгъуэщIхэри. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри Iуэхугъуэ щхьэхуэм теухуа ­пэт­ми, псоми яхэлъщ я зэхуэдэ нагъы­щэхэри: я бзэр къулейщ, шэрыуэщ, гум къинэж художественнэ образхэмкIэ        гъэн­щIащ…
Мыбдежым щыжысIэну къезэгъыу къызолъытэ ди критикхэм а поэмэхэм        гулъытэ нэс зэрыхуамыщIар. КIэщтым и поэмэхэр щыхьэт техъуэрт ди литературэм а жанрыр щыхэмыкIуэдэж дэнэ къэна, атIэ абы гъэщIэгъуэну, щыты­кIэ­щIэхэр къищтэу зэрызиужьым.
УсакIуэм и лъахэм, абы и щIылъэм, и уафэм, и къуршхэм, и псыежэххэм яхуиIэ гурыщIэ къабзэр, лъагъуныгъэр Iэзагъ хэлъу усэ куэдым къыщигъэлъэгъуащ. Абыхэм ящыщщ «Сурэт» зыфIища мы усэри:

Зэуэ гу лъумытэу,
Си пэш тхапIэм щIэтщ
Сэ нэхъыфI дыдэу
Слъагъуу зы сурэт -
Уафэ къащхъуэ кIапэ,
ЩIылъэ щхъуантIэ тIэкIу,
Пшэхэр зылыпщI дыгъэ,
Ди къуршхэм я нэкIу, -
Рамэ яхуэхъуауэ
Си щхьэгъубжэм къилъщ.
Ар си адэ лъахэм
И сурэт фэеплъщ.

Апхуэдэу гуапэу тхащ «Си къуажэ» усэри. ЩыIэу къыщIэкIынкъым цIыхур къыщалъхуа, къыщыхъуа къуажэм е ­къалэм нэхърэ нэхъ фIэлъапIэ, аращ ахэр фIыуэ щIалъагъури. Ауэ щIалъагъу щхьэусыгъуэхэр, дауи, сыт щыгъуи зэ­техуэркъым. Мыращ усэм хэт лирическэ лIыхъужьым и къуажэр фIыуэ щIилъа­гъур.

Сэ сымыхутыкъуэу, сымыкIуэду
Сытезыгъэтыфыр мы дунейм
Дэни ныскIэлъыкIуэ уи гулъытэрщ,
Уи жьэгу пащхьэм берычэт щыхъейрщ.

Абы къыдэкIуэу, я бынхэр къуажэм зэригъасэрщ хабзэ яхэлъу, цIыхугъэ зэ­рахьэу, нэхъыжьым пщIэ хуащIу, я чэнджэщ едаIуэу, мурадыфIхэр яIэрэ ахэр гъэ­зэщIэным хущIэкъуу къызэ­ры­тэ­джырщ.
Бгырыс усакIуэм дежкIэ бгыщхьэр, ­щыгур сыт щыгъуи и нагъыщэщ гъащIэм мурадхэр къыщохъулIэ щIыпIэм. ЦIыху щыIэу къыщIэкIынкъым хъуэпсапIэ гуэр зимыIэ, а хъуэпсапIэхэр зэхуэ­мыдэ Iэджэу игуэш пэтми. ЦIыхур зы­хуэдэр, зыщIэхъуэпсыр къэпщIэну ухуеймэ, абы и мурадхэр зэгъащIэ. Лъа­гъуэщIэ гъащIэм щыпхишыну хуей, хьэмэрэ Iэджэм яуба гъуэгужьым тетмэ нэхъ ­къищтэрэ? Апхуэдэ гупсысэхэр зыщIэлъ усыгъэхэр и мащIэкъым КIэщтым. Ар ­хуейтэкъым хамэ пыIэ зэрихьэну, ищIэрт: щхьэр псэумэ, пыIэ щыщIэнукъым.
Мухьэз къигъуэтыфырт зэгъэпщэныгъэ, образ, жыIэкIэ шэрыуэхэр. Ахэр куэду хэтщ абы и тхыгъэхэм. Къэтщтэнщ «Мэкъузэтелъхьэ» усэр. Абы щыжеIэ мып­хуэдэу:

Си ныбжьэгъу къехри пыпхъуэм,
ЩIэтIысхьащи жьауэм,
ЕгъэпщкIуж и чысэ быхъур,
Тутын ишыхьауэ.
СщIэркъым ар мафIэдз щIэлъыхъуэр,
КъитIэщIу гуфIакIэр:
И Iэгу пхъашэр зэ зэщихъуэм -
Къыдидзынущ хъуаскIэр.

КIыхьу къримыгъэкIуэкIыу, деталь ­жыхуаIэмкIэ усакIуэм Iэзэу ищIащ ­мэ­къу­мэшыщIэ джэгуакIуэшхуэм и образыр, тлъагъум хуэдэу ди нэгу къыщIегъэувэ куэд зыхузэфIэкI абы и Iэхэр. Нэ­гъуэщI усэм дыкъыщоджэ:

МафIэм и нурыр телъэщIауэ,
Сабийхэм чыржын хуабэр яшх.

Мыпхуэдэу хужыIэнкIэ Iэмал иIэкъым усакIуэу щымыт цIыхум. КIэщтыр куэдым гу лъызытэ, нэ жан зиIэ, гурыщIэ-гупсысэ куухэр гъэщIэгъуэну, гум къинэжу къэзыIуатэ усакIуэт.

Къагъырмэс  Борис,
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ.
2012 гъэ

КIэщт  Мухьэз и усэхэр  

ШыкIэпшынэ

СщIэркъым къэхъуари. Хьэлъэу мы си гум
Нобэ пшагъуэбэм зыкъыфIешыхь.
Дытегъэуви, пшынэ, и щыгум
Гуауэ шыугъэр дыгъэщIыт лъэгущIыхь.

Уэ, шыкIэпшынэр, Iэпэгъу усщIащи,
Сэ уэрэд жысIэм къекIуу къежьу.
Мы си гу къуэпсыр быдэу сшэщIащи,
Пшынэм птелъ шыкIэу, ари мэзу.

Абы къодаIуэ лIыжь гуп зэхэсыр,
КъедаIуэу щIалэр, пщащэр зэхэтщ.
Уэ къыптелъ шыкIэм, сэ си гукъуэпсым,
Гуапэу кърашыр ди лъэпкъ уэрэдщ.

ЖыдгъэIэ куэдрэ ар щыдмыгъэту,
Мэхъур нэхъыбэ дэ къыддежьур.
ЖыпIэмэ пэжыр, лъэпкъым къыхидзэ
Уэрэдым уэрэ сэрэ дожьу.

Насып лъыхъуэ

Сэ къызокIухьыр, насып къызолъыхъуэ.
Си анэм гузавэу куэзыр ирегъэдз.
Сэ семызэшу гъуэгущIэ зэблэсхъухэр
Абы и нэкIум зэлъауэ щызэбледз.

Си письмо кIапэр абы хуохъур тыгъэ,
Мазэм зэ стхымэ, хуэсщIрэ гупыж.
Дунейр щыуэгъум - фIощI силыпщIу дыгъэм,
Уэшх къешхыу щытмэ, къыфIощI псыр къыспыж.

Жьыбгъэр етауэ бжьыхьэкIапэм щыгъым,
Си унэр игугъэщ абы щIыIэмыл.
Си анэм абы щыгъуэм игъэв гузэвэгъуэм
И щхьэр ныдотхъур, фIыпещIэ Iумыл.

ИтIани, гуауэр щепIытIри игу хэщIым,
Сэ къызэуэлIэну ищIэмэ насып,
Пхъэ гъэсын имыIэмэ, къысщебзыщIыр,
Къетх и куэду хугур - щимыIэм Iэбжьыб.

Сэ семытIысэхыу къызолъыхъуэ фIыгъуэ, -
ПщIантIэм къыдэзнауэ си анэм игу схуэмыгъуэр.

 

Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ