НэхъыщIэ дыдэхэм папщIэБахъсэн щIыналъэм хыхьэ жылагъуэ зыбжанэм мы зэманым щаухуэ зи ныбжьыр илъэсищым щIимыгъуа сабийхэр зэкIуэлIэну IуэхущIапIэщIэхэр. Къапщтэмэ, Ислъэмей къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м къыгуащIыхь ухуэныгъэр ятещIыхьащ яслъэ ныбжьым ит сабий 60-м. Дэтхэнэми сабий нэхъыщIэ дыдэхэм ящыщу 40 екIуэлIэнущ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт «Прогимназие» муниципальнэ IуэхущIапIэм, Куба къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м къыгуащIыхь пэшхэм. Дэтхэнэ а IуэхущIапIэми цIыкIухэр щыджэгу, зыщагъэпсэху, щышхэ пэшхэр хэтынущ. Ухуэныгъэхэр ирагъэкIуэкI «КъБР-м егъэджэныгъэм зыщегъэужьыныр» къэрал программэм ипкъ иткIэ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
|