Уи псэм пэгъунэгъурщ зэлэжьыпхъэр

Мы махуэхэм и ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-­Балъкъэр институтым IуэрыIуатэмкIэ и секторым и лэжьакIуэ нэхъыщхьэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, критик, литератор Iэзэ Гъут Iэдэм. И гукъэкIыж, гупсысэхэмкIэ къыддэгуашэмэ ди гуапэу, дэ абы упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.

- Iэдэм, уи ныбжьыр илъэс 75-рэ ирокъу. А зэманым къриубыдэу уэ IэнатIэ куэдым зыщыбгъэунэхужащ - лъэпкъ IуэрыIуатэр къэзып­щытэхэм япэ уитщ, литературэ щIэныгъэмрэ критикэмри уахуэхейкъым, литературэ тхыгъэ зыбжанэ уиIэщ. Иджы абыхэм ящыщу уэ езым сыт нэхъ япэ ибгъэщрэ?
- Дауэ иджы ар зэрыжысIэнур? ЦIыхур мы дунейм зэ закъуэ фIэкIа къыщытемыхьэкIэ, и гум нэхъ фIэфIыр ищIэу тетын хуейщ. Сэ сыдихьэхыу къыхэсхащ ди адэжьхэм къадекIуэкIа уэрэдыжьхэм, хъыбарыжьхэм елэжьыныр, таурыхъхэм, IуэрыIуатэм яхэлъ дахагъэр къэхутэныр. Ауэ а жыхуэсIэхэмрэ литературэ тхыгъэхэмрэ я зэхуакум хышхуэ дэткъым - тIури ди анэдэлъхубзэм и гъуазджэщ, и дахапIэщ. Мыдрейуэ, тхакIуэхэм захэзмыбжэжми, зэзэмызэ стхы усэхэр, Iуэтэж е хъыбархэр си псэр дэзыхьэхщ. Аращи, языхэзыр хэзгъэфIыкIынукъым.
- АтIэ, апхуэдэу жыпIами, уэ езым IуэрыIуатэр япэ къипIуащи, абыкIэ къедгъэгъажьэ. А IэнатIэм уэ къыщохъулIахэм ящыщу сытым нэхъ уригушхуэрэ, сытыр нэхъ IуэхуфIу зэфIэбгъэкIауэ къыпфIэщIрэ?
- Уи гъащIэм шэмэдж къапщтэу мэкъу уеуа, Мухьэмэд? Абы сыщIыщIэупщIэращи, мэкъупIэм ущыбгъэдыхьэм деж а IэнатIэр къепхьэлIэфыныр лIыгъэшхуэу къыпфIощI.
Махуэ, махуитIкIэ уи мэкъупIэр пыбупщIынщ, лъэныкъуэкIэ ущыту укъеплъыжынщи - ар апхуэдэуи иныщэкъым, уи гуащIэр ихьами, пщIам нэхърэ узэрелIэлIар нэхъыбэщ… Ди лэжьыгъэри апхуэдэщ: зыгуэр длэжьыну щыдубзыхухэм деж ар зы уардэ гуэр хъуну, зэрылъэпкъыу абы и фIыр къытлъысыну, апхуэдэ Iуэху щхьэпэ зылэжьахэми я нэмысыр нэрылъагъуу дэкIуэтеину къытфIощI. Лэжьыгъэм гугъуи дыдохь, ди псэм щыщ зы Iыхьэ хыдолъхьэ, ар дунейми къытохьэри, цIыхухэми къазэрыфIэIуэхушхуэ щыIэкъым, уэр дыдэми япэм хуэдиз мыхьэнэ абы иIэу къыпфIэщIыжыркъым. Си Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр цIыхум игу нэсамэ, сыпщIэншэрылажьэкъым. ИтIанэми, си дежкIэ нэхъ лъапIэу жысIэ хъунущ япэ дыдэу лэжьыгъэшхуэ си гуащIэ зыхэлъар. Аспирантурэр иджыри къэзмыухауэ, Москва сыдэсу, еджагъэшхуэ цIэрыIуэ Алий Аллэ и гукъыдэжкIэ абырэ сэрэ зэдэдгъэхьэзырауэ щытащ тхылъищу зэхэлъу Октябрь революцэм ипэкIэ адыгэ IуэрыIуатэм щыщу ятхыжахэр. ТIур дунейм къытехьащ, ещанэр къэнэжащ, ауэ а тIур си дежкIэ лъапIэ дыдэщ, абыхэмкIэ япэу утыку сыкъихьауэ щытащи. Абы иужькIэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэуи щитIрэ тхущIым нэблагъэ си цIэ-унэцIэ тету дунейм къытехьами, а япэрейр нэхъ гукъинэжщ.
- Мис а дунейм къытехьа жыхуэпIэхэм я гугъу къытхуэщIыт, Iэдэм.
- Япэрауэ, си япэ монографиер, «Адыгэ нарт эпосым и зэхэлъыкIэмрэ типологиемрэ» жыхуэсIэр. Ар си кандидат диссертацэм къытещIыкIыжащ, ауэ диссертацэ текстыр сэ арэзы сызытехъуэжын монографие хъуным щхьэкIэ, си гукъыдэжкIэ илъэс зыбжанэкIэ сIыгъыжащ, «сетхъунщIэуэжу», щIэ гуэрхэр хэслъхьэу, зыгуэрхэр зэсхъуэкIыу. Нало Заур, зи нэхъыщIэгъуэ куэдым ди узэщIакIуэу щытам, зэгуэрым жиIэгъат: «Хэт зыщIар?» - жаIэнущ, ауэ «Куэдрэ ищIа?» - жиIэу зыри щIэупщIэнукъым», жери. Мыбдежым ар пэж дыдэ хъуащ: си япэкIэ ди лэжьэгъухэм ящыщу зыми къемыхъулIауэ, си тхылъыр Москва дэт «Наука» тедзапIэм къыщыдагъэкIыныр къыхуагъэфэщауэ щытащ. Сэ зызгъэнэхъыфIкъым, зи лъэгуажьэ сынэмысахэм садэлэжьащ, итIанэми апхуэдэхэм срогушхуэ. Иджы нэхъ яужьу къыдэкIа си тхылъыщIэри си дежкIэ лъапIэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, си ныбжьым сеплъыжри, си гъащIэ псом зэхуэсхьэса гурыгъу-гурыщIэхэр абы щIэныгъэ хабзэм сытемыкIыурэ къыщыжысIащ. А тхылъыр къэзыщтэнум игу сынэсмэ, сыгушхуэнущ.
- Iэдэм, литературэмкIэ зэ зыкъэдгъэгъазэт, ди лъэпкъ литературэм нобэ и щыIэкIэр дауэ къыпщыхъурэ?
- Дунейпсо щэнхабзэр гъуазэу къапщтэу щытмэ, ди нобэрей литературэм зэфIихын хуейуэ, ауэ иджыри и ужь имыхьэххауэ куэд щыIэщ. Япэрауэ, нобэрей гъащIэмрэ абы къыщыхъухэмрэ, цивилизацэр здынэсар, а цивилизацэм и гуманитар Iыхьэр зэрыт щытыкIэр, а псоми ди лъэпкъ литературэр зэрыдэгъуэгурыкIуэр, нэгъуэщIхэри. Ауэ, итIанэми, уигу зыгъэфIу сыт щыIэ жыпIэмэ, нобэ адыгэ литературэм и пкъыгъуэ дэтхэнэми - прозэми, поэзиеми, драматургиеми - ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр зэраIэр нэрылъагъущ. Псалъэм папщIэ, литературэм и нэхъ тхыгъэшхуэхэм я гугъу пщIымэ, иужь илъэс тIощIым къриубыдэу дунейм къытехьащ КIыщокъуэ Алим, МафIэдз Сэрэбий, Журт Биберд сымэ я романхэр. Ахэр псори ауэ сытми кIыхьу укъуэдия тхыгъэшхуэ къудей мыхъуу, романкIэ зэджэ жанрым изагъэ тхыгъэ зэгъэпэща хъуащ. БзэкIи, композицэкIи, абыхэм хэт персонажхэм я къэгъэлъэгъуэкIэ-бгъэдыхьэкIэкIи. Прозэм и адрей лIэужьыгъуэхэм датепсэлъыхьмэ, адыгэбзэр фIы дыдэу къэзыгъэIурыщIэ, бзэм и IэфIыр зыхэзыщIэ, гъащIэм куууэ кIуэцIрыплъыф тхакIуэхэр диIэщ. Поэзием и гугъу тщIыуэ щытмэ, зыгуэрым и цIэ къыхэзгъэщхьэхукIыну сфIэкъабылкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зи цIэ къиIуапхъэхэр мащIэкъыми.
- КритикэмкIэ дыIэбэмэ, къэбэрдейм и закъуэ мыхъуу, зэрыадыгэ лъэпкъ литературэу къэдгъащти, критикэ жанрым сыт и шыфэлIыфэ иджыпсту?
- Критикэм и Iуэхур литературэ псом и Iуэхум нэхърэ нэхъ хэплъэгъуэу къысфIощI. Абы щхьэусыгъуэ иIэщ. Куэдым къащохъу критикэ псалъэм къикIыр зым и тхыгъэ адрейм къищтэу иубын хуейуэ арауэ. Критикэм и къалэныр аракъым зэрыщытыр. Нэхъыщхьэу абы зыхуигъэувыжын хуейр художественнэ тхыгъэр къищтэу щIипщытыкIынырщ. Мыпхуэдэ фIагъ хэлъщ, мыпхуэдэхэр къехъулIащ, мыбыхэм авторыр пэмылъэщу къэнащ жиIэу псори зэхигъэкIыу. Дэ нобэ литературэ щIэныгъэмкIэ кандидат, доктор пщIы бжыгъэхэр диIэми, абыхэм яхэтыр мащIэ дыдэщ пыухыкIауэ ди тхакIуэхэм я тхыгъэхэм етIысылIэу абыхэм къехъулIа-къемыхъулIахэр къэзыпщытэр. Аращи, литературэм гъуазэ гуэрхэр хуэзыгъэувын критикэ дыхуэныкъуэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, гурыгъуазэ-щхьэрыгъуазэ къудейкIэ литературэм зиужьынукъым. Ар ефIэкIуэнымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ мэхъу жыжьэ плъэф, дунейпсо литературэмрэ щэнхабзэмрэ зи тегъэщIапIэ критикэр. Дунейпсо литературэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэмрэ ди лъэпкъ мащIэм и литературэм щекIуэкIхэмрэ зэзыгъапщэу, а цIыкIур иным и сыт хуэдэ Iыхьэми къэзыгъэлъэгъуэфын критик диIэн хуейщ. Мыри къыхэгъэщыпхъэщ: тхакIуэр зытетхыхь, къиIэт Iуэхугъуэм хищIыкIыу щытын къудейр мащIэщ. Абы и къалэнщ нэхъапэжкIэ ятхауэ щытахэм, дунейпсо литературэм куууэ зыхигъэгъуэзэныр. Уи япэ итахэм ящIар зумыгъащIэу, адэкIэ сыкIуэтэнщ жыпIэу уигу къэбгъэкIыххэ хъунукъым. А псор зэбгъэщIэху, адэкIэ узэрыкIуэтэн къару къыпкъуэмыкIынумэ, абы щыгъуэм умытхэмэ нэхъыфIщ. Сыту жыпIэмэ, уи хадапхэм адэкIэ умыплъэфмэ, уэ птхым зыри хуеинукъым. Художественнэ тхыгъэр ар езыр мыхьэнэ зыбжанэ зэуэ зыгъэзащIэщ. Абы уигури хигъэхъуэн, хигъэщIын, акъыли щIэныгъи къыхэпхын хуейщ. А псори зэщIэмытмэ, ар художественнэ тхыгъэ хъужыркъым.
- Критикэм и къалэнхэм я гугъу щытщIакIэ, мыпхуэдэ Iуэхугъуэ и щхьэфи сиIэбэнут. Зи гугъу сщIынур Нобель и саугъэтыр зратхэрщ. Ахэр зратынухэр къыщыхахкIэ, критикхэм яхузэхэ­мыгъэкIыу ара нэхъыфIымрэ нэхъ Iеймрэ? Языныкъуэхэм деж къыпфIощI а саугъэтыр, политикэ Iуэху халъхьэурэ, зыхуэмыфащэ гуэрхэми ирату.

- Мы дунейм ущытеткIэ, абы зыгуэркIи зыдебгъэкIун хуей мэхъу, ауэ зыдэбгъэш защIэурэ, бжьым ущIэувэжыпэ хъунукъым. Псалъэм папщIэ, къэтщтэнщ Нобель и саугъэтыр зрата Бродский Иосиф. Ар сыт хуэдэу мыIэзэми (зэрыIэзэм шэч хэлъыххэкъым), абы нэхърэ нэхъ усакIуэфIу, урысыбзэкIи тхэуэ а саугъэтым пэгъунэгъу мыхъуа щыIэщ. Солженицын нэхърэ нэхъ Iэзи щыIэнкIи мэхъу. Псалъэм папщIэ, Куприн, Горькэр, Паустовскэр, Булгаковыр - абыхэм ящыщ дэтхэнэми Солженицын и тхьэкIумэр иIыгъыу урыс литературэбзэм хуригъэджэфынут. Ауэ езы литературэри бзэм и IэфIыпIэ къудейм къыщынэркъым. Литературэр гъащIэм щыщ зы Iыхьэщи, абы нобэрей дунейм и щытыкIэр къызэригъэлъагъуэр, цIыхум и психологиер къызэритIэщIыр, напэр, цIыхугъэр, хабзэр зэригъэлъапIэр, политикэр, къэрал, жылагъуэ Iуэхухэр щэнхабзэм и IумэткIэ зэрызэригъэзахуэр, нэгъуэщIхэри къэлъытэн хуей мэхъу. Арауэ къыщIэкIынщ нэфI-ней гуэрхэри халъхьэу къыпфIэзыгъэщIыр, хьэмэрэ, щыхалъхьи къыщIэхъур. Я нэхъ Iэзэр ирагъэкIуэтэкIыу, абы къыкъуэплъ гуэр япэ ирагъэщыныр зыхуэIуа щыIэкъым.
- Ди адыгэ литературэмкIэ къэдгъэзэжынщи, уэ уи псэм нэхъ къыдыхьэу сыт хуэдэ тхыгъэ укъеджа иужь зэманым, lэдэм?
 - АдыгэбзэкIэ тхауэ си гум къинэжыну сызэджар, тIэкIуи хэкIэсауэщ ар къыщысIэрыхьар, КIыщокъуэ Алим и «Лъапсэ» романырщ.
- Кавказ зауэжьым лъэпкъым къыхуихьа тхьэмыщкIагъэр нэхъ куууэ къэгъэлъэгъуа щыхъуахэм ящыщщ абхъаз тхакIуэ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романыр, Къэрмокъуэ Хьэмид адыгэбзэкIэ зэридзэкIар. Абы бгъурыбгъэувэ хъуну КIыщокъуэ Алим и «Лъапсэ» романыр?
 - КъызэрысфIэщIымкIэ, а тIур зэбгъэдэбгъэувэ хъун къудейуэ аращ, сыту жыпIэмэ, я темэкIэ зыкъомкIэ зэтехуэ щхьэкIэ, абыхэм къаIэт Iуэхугъуэр зэщхькъым. Къэтщтэнщ КIыщокъуэм и персонаж нэхъыщхьэу романым хэт Дэфэрэджи, ар зэманитIым щопсэу цIыхуитIу. Ауэ я цIэр зыщ, зы персонажщ. Ахэр тхакIуэм зэман зырызым хригъэубыдами, а зы персонажыр тIууэ зэпигуэшауэ, зэщхьэщихауэ аращ. Ар и анэшхуэм и анэ, е и быным и быным и быныж къудейуэ аракъым, зы геным къыпкърыкIащ. ГъэщIэгъуэныращи, мыбдежым Iуэхум апхуэдэу щыбгъэдыхьами, КIыщокъуэр реализмэм зэи темыкIа тхакIуэхэм, ар зыфIэкъабыл дыдэхэм ящыщащ. Пэжу, жыпIэ хъуну къыщIэкIынукъым мыбдежми ар реализмэм щытекIауэ, реализм къэIуэтэкIэм тхакIуэм къригъэубыдэфащ зыр тIу ищIрэ лIэщIыгъуэкIэрэ зэпигуэшыжу. Ар гъэунэхуныгъэм я нэхъ хьэлэмэтщ, узэрымыгугъэну телъыджэщ.
- Иджы IуэрыIуатэмкIэ зыкъэдгъэзэжмэ, нобэ узэлэжьхэм сыныщIэупщIэнут. ИтIанэ, емыкIу сыкъыумыщI, ди газетыр зыIэрыхьэхэм къабгъэдэкIыу сыноупщI: коммуникацэм и технологиехэм бгыр щакъутэ ди лъэхъэнэм дауэ къезэгърэ ди лъэпкъ цIыкIум и бзэкIэ зекIуэу ятхыжа уэрэдыжьхэр, хъыбарыжьхэр, таурыхъхэр, нэгъуэщIу IуэрыIуатэм и пкъыгъуэхэр?
- Япэрейм и жэуапу: зэрыгупу дыхуолажьэ том куэду гъэпсауэ адыгэ IуэрыIуатэм и антологие зэдгъэпэщыным. Нартхэр томиплIу хьэзырщ - адыгэбзэр адыгэбзэу, урысыбзэкIэ зэдзэкIыжауэ, еIуэлIапхъэхэр щIыгъужу. Абы щыщу япэр тедзауэ къыдэкIащ. ЕтIуанэр электрон лIэужьыгъуэу тщIын хуей хъуащ, адрейхэри апхуэдэ хъуну щылъщ. Абы дыкъыфIэкIри, Андемыркъан деж дыкъэсауэ, долэжь.
Иджы етIуанэ упщIэр. ЦIыху цIыкIум и зэхэщIы кIым зимыужьурэ технологиер куэдкIэ япэ ищмэ, мы дунейм адыги, балъкъэри, урыси, нэмыци тетыжынукъым - псори зы бзэ хъунущ, зы щыпкъэм тету псэунущ, фIагъ-дахагъэ, екIу-емыкIу, цIыхугъэ, гущIэгъу, лъагъуныгъэ, къуэшыныгъэ щыIэжынукъым. А псоми я пIэкIэ сабиищхьэр зыудэгу боевикхэр, компьютерым и къэпщытэныгъэхэр, гупсэ уэху зыхэмызагъэ технологие дэгурэ нэфхэращ къэнэнур. Апхуэдэ дуней ущIэхъуэпсмэ, уи бзэм елъэпауи хыфIэдзэ, уи IуэрыIуатэу илъэс щэ бжыгъэ, мин бжыгъэ зи ныбжьыр, лъэпкъым и псэр зыхэлъыр зыщыгъэгъупщэж. Ауэ мы гъащIэм и хабзэращи, зэмылIэужьыгъуэ щымыIэжмэ, езы гъащIэри щыIэжынукъым. Мы дунеишхуэр, джэдыкIэ щызебгъажэ хъуну джафэ хъумэ, псы ежэхыжынукъым, жьыр зымкIэ къикIыу нэгъуэщIыпIэкIэ епщэнукъым. КIэщIу жысIэнщи, гъащIэ къызыхэкIыр зэмыщхь куэдыр зэрызэзэгъращи, зэзэгъыни, хэмызэгъэни щымыIэжмэ, зэрыхъур аращ.
Мис ар си жэуапщ. Си лъэпкъымрэ си бзэмрэ фIыуэ слъагъункIэ мэхъу, уэ умылъагъункIи мэхъу, ауэ мы дунейр къызэтенэн-къызэтемынэжын щыхъум деж псори зы лъэныкъуэ дызэрыгъэхъун хуейщ. Ар къызыгурыIуэн дэри, лъэпкъым ди гъуазэхэри, къэралымрэ дуней псомрэ и Iуэху зыIэщIэлъхэри Тхьэм дищI.
- Нобэрей ди тхакIуэхэр зыдэплъеин диIакъым, ди литературэр къыщежьар Октябрь революцэм и ужькIэщ жытIэми, адыгэхэм къахэкIа тхакIуэхэр нэхъ пасэIуэуи щыIащ. Зи гугъу сщIыр Къаз-Джэрий СулътIан сымэ хуэдэхэращ. Ахэр адыгэ тхакIуэу къэплъытэ хъуну, хьэмэрэ мыхъуну?
- Мыбдежым зы ныкъусаныгъэ къонахуэ: Къаз-Джэрий къапщтэмэ, ар зэрытхэу щытар урысыбзэщ. Ар урыс литературэм и Iыхьэ мэхъу. Пэжщ, литературэ щIэнгъуазэхэм сакIуэцIрыплъати, абыхэм елэжьахэми пыухыкIауэ яхузэхэгъэкIакъым Iуэхум и тэмэмыпIэр: тхакIуэр къызыхэкIа лъэпкъра хьэмэрэ ар зэрытхэ бзэра япэ игъэщыпхъэр? Къаз-Джэрий СулътIан урыс литературэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэн тхыгъэ итхауэ щытамэ, ар урыс тхакIуэхэм хабжэнкIэ хъунт, ауэ итхатэкъыми, адыгэ тхакIуэу къэнэжащ. НэгъуэщI зы щапхъи къэтхьынщ. Окуджавэ Булат урыс поэзием мыхьэнэ щиIэти, урыс усакIуэу ябж хъуащ. Ауэ иджы мыбы хьэлэмэту хэлъыращ: усакIуэу Алыхьым къигъэщIар сыт хуэдэбзэкIи усэнущ, а бзэр ищIэу щытмэ, арщхьэкIэ абы къыпкърыкIа гупсысэр ар къызыхэкIа лъэпкъым, и гупсысэкIэм ещхь мэхъу. Пэжщ, адыгэм мыщэ малъхуэри дыщэ къелъху, дыщэр малъхуэри мыщэ къелъху, жаIэ. Ауэ куэдрэ къэхъуркъым мыщэм дыщэ къилъхуу. ИпэжыпIэкIэ жыпIэмэ, хамэбзэкIэ тхэхэр зэрытхэ бзэри къызыхэкIа лъэпкъри къэлъытауэ лъэпкъитIми я литературэм хабжэн хуейщ. Апхуэдэхэщ персыбзэкIэ тхэуэ щыта Низами, бзитIкIэ тхэуэ щыта Навои, нэгъуэщI Iэджэри.
- Урысхэм я иджырей литературэр къапщтэмэ, абы мымащIэу ущрохьэлIэ жыпIэну уи жьэм къыпхуемыгъэкIу псалъэхэм. Адыгэ литературэми къэсыну пIэрэ а уз зэрыцIалэр?
- Зэманыр щыIейм, хъушэм и кIуэдыжыгъуэм, бжэн щхьэгуэжьыр пашэ мэхъу, жаIэ. Урыс литературэм и кIуэдыжыгъуэр къэсауэ пхужыIэну къыщIэкIынкъым, ауэ дэтхэнэ Iуэхугъуэми псым и уэрыгъуэрэ и ужьыхыжыгъуэрэ иIэщи, иджыпсту урыс литературэр тIэкIу щIэужьыхауэ аращ. Пэжщ, тхъурымбэр текIыжрэ, псыр жэбзэжмэ, къыщIэщыжынущ хэт и мывэ сыт хуэдэ теплъэ иIэми, а псым сыт хуэдиз и кууагъми. Иджыпсту а псор тхъурымбэ къыдрихьеям дахэ-дахэу уигъэлъагъуркъым.
- Нобэрей къэбэрдей литературэм сыт нэхъ арэзы укъищIу хэлъ е мис мыр щызгъэIэнтэкъым, жыхуэпIэ хэплъагъуэрэ?
- Арэзы сыкъэзыщIу хэлъыр, а зи гугъу тщIа жьэм къыпхуемыгъэкIу псалъэхэм хуэдэхэм адыгэ литературэр зэрыхуэмыкIуарщ. Ди тхакIуэхэр Iэзэми хуэмыхуми, гъащIэм къыкIэрыхуами япэ ищами - зыми емылъытауэ, мыхъумыщIагъэм зыдрагъэхьэхакъым. ЦIыхугъэми хабзэми теухуауэ, бзэм и IэфIагъри къыхэщу тхыгъэ мымащIэ диIэщ, Тхьэм и шыкуркIэ. Нэхъ сигу къеуэм и гугъу пщIымэ, ар нобэрей проблематикэр къэзыIэту цIыхум и гур зыгъэфIын, зыгъэгушхуэн, хэзыгъэплъэн, ди зэманым цIыхур зыхуэныкъуэм пэджэжын тхыгъэ зэкIэ ди тхакIуэхэм зэрамыIэрщ. Дыщыгугъынщ дяпэкIэ апхуэди щыIэну.
- Iэдэм, уи мурадхэр къохъулIэу, лъэпкъым иджыри куэдрэ Тхьэм ухуигъэлажьэ!

И лэжьэгъухэмрэ и ныжьэгъухэмрэ и гъусэу. 2014 гъэ


Iэдэм 4-нэ классым щоджэ. 1956 гъэ


Сирием къикIа студентхэм я гъусэщ Къанщауэ Муниррэ Къущхьэ Фарукърэ. 1969гъэ


Iэдэм илъэс 30 ирокъу.


И пхъур и гъусэу.


Гъут Iэдэмрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ. 2001 гъэ

 

 

Епсэлъар НАФIЭДЗ Мухьэмэдщ.
Поделиться: