Олимп чемпионхэми къулыкъущIэшхуэхэр къахокI

Олимп дыщэр щызыIэригъэхьа кIэух зэIущIэм.

 

ЦIыху цIэрыIуэхэмкIэ бейщ Зэрэгъыж къуажэр. Абыхэм ящыщ зыщ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Олимп чемпион (2000 гъэм), Дунейпсо кубокыр щэнейрэ къэзыхьа (1992, 1995, 1997 гъэхэм), Европэм щытекIуа (1998 гъэ), иджы Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат.

Ди адэжьхэм пщIэ лей зыхуащIурэ къэгъуэгурыкIуа бэнэкIэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ 2000 гъэм Австралием и Сидней къалэм щекIуэкIа Олимп джэгухэм пашэныгъэр щызыубыда Къардэн Мурат щытхъу хэха хуэфащэщ. Абы и гъащIэ гъуэгуанэр щапхъэ зытраххэм хуэдэщ. АрщхьэкIэ псори нэгъуэщIу къекIуэкIыфыну къыщIэкIынут ар бэнэным щысабийм димыхьэхатэмэ. Я къуажэ школым физкультурэмкIэ и егъэджакIуэ ГъуэплъащIэ Замир игъасэ гупым хагъэхьэн папщIэ тхьэмахуэ енкIэ Мурат лъэIуэн хуей хъуащ. ЩIалэ цIыкIум и ерыщагъыр тренер Iэзэм къилъытащ икIи къыгурыIуащ спортсмен лъэрызехьэ къызэрыхэкIыфынур. Абы щыгъуэм Мурат дихьэхакIэт осетин бэнакIуэ цIэрыIуэ Андиев Сослъэн икIи 1976, 1980 гъэхэм ар Олимп чемпион щыхъуам зэрихьа гуфIэгъуэр пхуэмыIуэтэжынщ. Дэнэ щищIэнт илъэс тIощI дэкIмэ, езыри апхуэдэу зэраIэтынур?!
Къардэн Мурат сыт щыгъуи фIыкIэ игу къегъэкIыж гъащIэм и гъуэгу захуэм тезыгъэувахэр. Апхуэдэхэм ящыщащ ГъуэплъащIэ Замири. Аращ бэнэным япэ лъэбакъуэхэр щезыгъэчар. АбыкIэ фIыщIэ куэд бгъэдэлъщ и япэ тренерхэм ящыщу щыта Къалмыкъ Юри.
Мурат и ныбжьыр илъэсипщI ирикъуауэ арат я унагъуэр Налшык щыIэпхъуам. Дауи, спортым зыщыхуебгъэсэну абы Iэмалхэр щынэхъыбэт икIи ахэр нэсу къигъэсэбэпащ ныбжьыщIэм. Псом япэу Мурат зыхригъэтхащ бэнэкIэмкIэ секцэм. АрщхьэкIэ зыхэхуар иджыри къэс дэзыхьэха бэнэкIэ хуитыракъым, атIэ алыдж-урым бэнэкIэращ. Зи нэIэ щIэхуа Лобжанидзе Владимир абы а спорт лIэужьыгъуэр фIы дыдэу иригъэлъэгъуащ икIи и гъащIэ псокIэ зэрихъуэжын щымыIэу ищIащ.
- Абы щыгъуэм тренировкэхэр си пщIыхьми хэкIыртэкъым, - игу къегъэкIыж Мурат. - Ар, дауи, зи фIыгъэр Лобжанидзе Владимирщ. Абы бэнэкIэ Iэмалхэр дигъащIэ къудейтэкъым, атIэ гъащIэми дыхуиущийрт. БэнакIуэ цIэрыIуэхэм я псэукIам, текIуэныгъэ инхэм зэрыхуэкIуам дыщигъэгъуазэрти, щапхъэ тхуищIырт, хьэлэмэт куэд къыджиIэрт.
Къардэн Мурат бэнэныр и гъащIэм щыщ зы Iыхьэ хъуащ. И гупсысэхэм я нэхъыбэр зытеухуар арат икIи и къару псори ирихьэлIэрт. Дауи, ар псыхэкIуадэ хъуакъым - Мурат щытекIуэу хуежьащ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ куэдым. Апхуэдэхэм и деж зэрыхабзэщи, гу къылъатэри, спорт интернат щхьэхуэхэм ирагъэблагъэу щIадзащ. АрщхьэкIэ, Лобжанидзе къыжриIащ: «УмыпIащIэ, республикэм уикIын и пэ, уи Iэпкълъэпкъыр зэрыгъэубыд». И егъэджакIуэм и псалъэ Iущхэм Мурат едэIуащ икIи зэи щIегъуэжакъым.
Зи зэфIэкIхэр зэрылъагэр пасэу наIуэ къэхъуа щIалэщIэм и ехъулIэныгъэхэм иригушхуэну хунэсакъым Лобжанидзе Владимир - и гур къыщыхьэри, зэуэзэпсу дунейм ехыжащ. Ар гуауэшхуэт Мурат и дежкIэ.
И тренер гъуэзэджэр щыIэщIэкIым, Къардэн Мурат щIэтIысхьащ Дон Iус Ростов дэт Олимп резервхэр щагъэхьэзыр училищэм. Ар и зыужьыныгъэм и зи чэзу лъэбакъуэ лъэщт. АдэкIэ, спортым и мастер хъуа иужькIэ, къыпэплъэрт Краснодар щыIэ ФизкультурэмкIэ къэрал институтыр. Мурат щIэныгъи зригъэгъуэтырт, спортми щытекIуэрт. АрщхьэкIэ и адэ Наусбий сымаджэ хьэлъэ зэрыхъуам унэм къришэлIэжащ: ар быным я нэхъыжьт икIи унагъуэмкIэ жэуап ихьырт.
Псори IэщIыб ищIу къыкIэлъыплъыну, зэрихьэну къекIуэлIэжа и къуэр зыбгъэдигъэтIысхьэри, адэм къыжриIащ: «Си хущхъуэ нэхъыщхьэр - уи текIуэныгъэхэращ. Сэ абыхэм сапоплъэ. Дунейпсо зэпеуэр мыгувэу къыппэщылъщи, абы, хуэфэщэну зыхуэгъэхьэзыри, кIуэ».
Адэм и жыIэм ебакъуэу Мурат есатэкъым. И псэм къехьэлъэкIми, зыгъэсэныгъэхэм игъэзэжащ икIи нэхъ ерыщыжу зигъэхьэзыру хуежьащ. СССР-м и цIэкIэ дунейпсо зэпеуэм кIуэну щIэхъуэпсыр куэд хъурт, ауэ ар хэтми щызэхэкIынур къэралым и чемпионатрат. Къардэным абы щыхигъэщIащ Мэзкуу къалэм, Белоруссием, Украинэм я лIыкIуэхэр. Финал ныкъуэм къыщыпэщIэхуащ Армением щыщ Мелконян. А тIур куэдрэ зэхуэзат икIи зыр адрейм и бэнэкIэм фIы дыдэу щыгъуазэт. Хуабжьу сакъын хуейт. Мурат бэлэрыгъакъым икIи 7:1-уэ и хьэрхуэрэгъур хигъэщIащ. Финалри гуащIэт. Къардэным къыпэщIэтт Совет Союзым щынэхъ лъэщхэм ящыщ Покалэ Сергей. Абыи къыпикIуэтакъым Мурат икIи, гугъу дехьами, текIуэныгъэр къыIэщIитхъащ. АдэкIэ къызэIухат 1991 гъэм щыIэну щIавлэгъуалэм я дунейпсо зэпеуэм хуэзышэ гъуэгур. АрщхьэкIэ, бетэмал…
Мурат нэхъ зыщышына дыдэр къэхъуащ - и адэр дунейм ехыжащ. А гуауэшхуэм иужькIэ хуабжьу гугъут зэхьэзэхуэр щекIуэкI алэрыбгъум утехьэжыну. АрщхьэкIэ и адэм и иужьрей псалъэхэр абы фIы дыдэу ищIэжырт. «СыкIуэнщ», - мурад быдэ ищIащ Мурат. КъыгурыIуэрт и адэр хуабжьу зэрыщIэхъуэпсар дунейпсо чемпион и къуэр хъуну.
Чехословакием щекIуэкIа зэхьэзэхуэ иныр Къардэн Мурат и дежкIэ зэхэгъэкIыпIэ инт. Япэ дыдэ зэIущIэм абы къыщыпэщIэхуащ хэгъэрейхэм ящыщ бэнакIуэр. Пэшым щIэсхэр зэрогъэкIий, мэфий, я спортсменыр трагъэгушхуэу. Мурати Iэнкун хъуауэ и хьэрхуэрэгъум пэщIэтщ. Абы и ныкъуэкъуэгъуми и Iуэхур хэплъэгъуэщ: къыдэщIхэм ялъагъуу текIуэну щIохъуэпс, ауэ къыхагъэщIэнкIи хуабжьу мэшынэ. Ар Мурат зыхищIэщ, чех щIалэр ипхъуатэри, идзащ. Къардэныр зэрытекIуар пэшым зэрыщагъэIуар хьэлэмэтущ: «ТекIуэныгъэ къабзэр къихьащ Къардэн Мурат, Совет Союзым къикIа шэрджэс щIалэм», - жиIащ, микрофоныр къищтэри, судья-хъыбарегъащIэм.
А псалъэхэр зыхэзыха зы щIалэ зэIэщIэлъ утыкум къилъэдащ, спорт фащэ щыгъыу. Абы Мурат быдэу IэплIэ къыхуищIри, къыжриIащ: «Сэри сышэрджэсщ. Тыркум и командэ къыхэхам сритренерщ, къызэрызэджэр Табур Билалщ. УкъимыкIуэт, шынэхъыщIэ, дэ уэ дыбдэщIынущ!»
Финалым хуэзыша зэIущIэращ Къардэным нэхъ къехьэлъэкIар. Нэмыцэ бэнакIуэр инт, къарут, ерыщт. АрщхьэкIэ ари хигъэщIащ, 6:2-уэ.
АдэкIэ Франджым къикIам ефIэкIын хуейт, дыщэр зыIэригъэхьэн папщIэ. ЗэIущIэм и пэ къихуэ дакъикъэхэм Мурат апхуэдизу и гур сабырт, зэпIэзэрытти, текIуэныгъэр къызэрыпэплъэр псэкIэ зыхищIэрт. Пэж дыдэуи, гугъу емыхьыщэу абы и хьэрхуэрэгъур хигъэщIащ икIи дунейпсо чемпион хъуащ. ЗэкIэ щIалэгъуэлэ зэпеуэм. Илъэс тIощI фIэкIа зи ныбжьыр мыхъуа Къардэн Мурат адэкIэ къыпэплъэрт и пщIэр нэхъ лъагэжу зыIэтыну балигъхэм я зэхьэзэхуэ гуащIэхэр.
КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Дунейпсо кубокыр япэу зыIэригъэхьащ. ИужькIэ тIэунейрэ (1995, 1997 гъэхэм) а ехъулIэныгъэм къытригъэгъэзэжащ. 1998 гъэм Европэм и чемпион хъуащ. А псори Олимп лъагапIэм хуэзышэ лъагъуэ дахэт.
Къардэн Мурат 2000 гъэм Сидней зэрыкIуэнур щызэхэкIар Олимп джэгухэм щIадзэным махуитху иIэжущ. А лъэхъэнэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ килограмм 76-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж щынэхъыфIу къалъытэ Мишиныр хигъэщIа иужькIэщ, Австралием кIуэ гъуэгур абы къыщыхузэIуахар.
ИгъащIэ лъандэрэ Олимпиадэм хэтыну зи хъуэпсапIэ адыгэ щIалэм къыхукъуэкIа Iэмалыр нэсу къигъэсэбэпащ. Сидней и алэрыбгъухэм къыщыпэщIэува и хьэрхуэрэгъу псоми ар ефIэкIащ. Псом хуэмыдэу удэзыхьэхт кIэух зэIущIэр. Абы къыщыпэщIэтащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIа бэнакIуэ лъэщ дыдэ Линдлэнд Мэтт. Ар 3:0-у хигъащIэри, ди лъахэгъур Олимп чемпион хъуащ.
И адэ Наусбий имылъагъуами, Къардэн Мурат и ехъулIэныгъэхэм нобэ ирогуфIэ икIи ирогушхуэ и анэ Динэ, и къуэш нэхъыщIэ Хьэсэн, и щхьэгъусэ Иннэ, и къуэмрэ и пхъумрэ, и Iыхьлы, и благъэ, и ныбжьэгъу, къэзыцIыху куэдыр.
Спортым хэкIыжа иужькIэ Къардэным къулыкъушхуэ зыбжанэ къыхуагъэфэщащ икIи дэтхэнэри фIы дыдэу, и акъылрэ цIыхугъэрэ пэлъэщу зэрехьэ. Ар илъэс зыбжанэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президентым, иужькIэ - Iэтащхьэм, я чэнджэщэгъуу щытащ. ИтIанэ КъБР-м и Парламентым Физкультурэмрэ спортымкIэ и комитетым и Iэтащхьэу, СпортымкIэ министру лэжьащ. Иджыпсту Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэщ. Мурат педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, спортым щIыхь зиIэ и мастерщ, ЩIыхь орденыр зэрехьэ. Ар лъэпкъри Хэкури зэрыгушхуэ, зэрыпагэ адыгэлI нэсщ.

 Олимп чемпион, Дунейпсо кубокыр щэнейрэ къэзыхьа, Европэм щытекIуа Къардэн Мурат.

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Къардэн Мурат.

И анэ Динэ Мурат и дамыгъэхэм иропагэ.


И щхьэгъусэмрэ и пхъумрэ я гъусэу.


И къуэр адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ хуеущий.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: