Дэтхэнэ зы лэжьыгъэри цIыхухэм ягу къинэн папщIэ

«Эльбрус»  тхылъ  тедзапIэр  илъэс  90  ирокъу

«Эльбрус» тхылъ тедзапIэр  къы­зэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 ирикъуащ. А зэман кIыхьым ­къриубыдэу абы сыт хуэдэ увы-пIэ щиIыгъа ди республикэм и ­гъащIэм, иджы и Iуэху зытетхэр сыт? Абыхэм тедгъэп­сэлъыхьыну дыIущIащ тхылъ ­тедзапIэм и унафэщI Ацкъан Руслан.
 
ЩХЬЭУСЫГЪУЭ гуэр зимыIэ щыIэкъым. Ди тхылъ тедзапIэри ауэ сытми уафэм къехуэхакъым. Ар къыщыунэхуа зэман жыжьэм ди щIыналъэм щыпсэухэм я нэхъы­бапIэр иджыри щIэныгъэншэу зэ­ры­щытам псори дыщыгъуазэщ. ЩIэ­ныгъэм лъагъуэ хупхызыша гуэрхэри диIэт, ауэ абыхэм я зэ­фIэкIыр цIыхухэм я деж зэрынагъэсын Iэмалыр мащIэт. Абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ игъуэ дыдэу къызэрагъэпэща тхылъ тедзапIэм. Ар къызэрагъэ­пэщри, тхакIуэхэри, усакIуэхэри къэу­нэхуу хуежьащ. Мис абдежщ нобэ дызэрыгушхуэ литературэм и щIэдзапIэр. Дунейм къытехьэу ­хуежьащ лъэпкъ литературэхэм я лъабжьэр зыгъэтIылъа ПащIэ Бэчмырзэ, Мечиев Кязим, Що­джэнцIыкIу Алий сымэ я тхыгъэхэр, дахэу утыку къихьащ иужькIэ литературэм и классик хъуахэу ­КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын. Абыхэм къакIэлъыкIуащ нэгъуэщI тхакIуэ, усакIуэ гъуэзэджэхэри, щIэныгъэлI бэлыхьхэри. А псори тхылъ тедзапIэм къекIуэлIэжырт. Абы къигъэувырт тхылъ тедзапIэм и зэфIэкIым зэпымыууэ хигъэхъуэн хуейуэ. Псори зэпыщIащ.
Лэжьэн щыщIидза гъэм тхылъ ­тедзапIэм цIыкIу-инми адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ тхылъ 36-рэ къыдигъэкIащ. ГъэщIэгъуэнракъэ, дэтхэнэ зы тхылъ­ри минитI нэхърэ нэхъ мащIэ хъуртэкъым. Нобэ дыщIо­хъуэпс апхуэдэ бжыгъэм. Пэжщ, сабийхэр зэреджэ тхылъхэр нэхъыбэу къы­щыдэдгъэкIи щыIэщ, ауэ худо­жественнэ тхыгъэхэр, ди щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэр языны­къуэхэм деж мащIэ дыдэу къыдэд­гъэ­кIын хуей мэхъу. Абы щхьэу­сыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Зэран мэхъу интернетри, абы зи псэр ихьэхуа цIыхухэр тхылъ зэрыхуэ­меижри. Ауэ, сэ сызэреплъымкIэ, мыбы нэгъуэщI зыгуэри хэлъщ: япэм щыгъуэ тхылъыр унэлъащIэм щыщу, ар ямыIэмэ, унагъуэм и пщIэр нэхъ лъахъшэ хъууэ къэ­зы­лъытэ куэд щыIащ, иджы тхылъ къэ­зыщэхур абы еджэнуращ. «Унэм сывгъэхьи севгъаджэ, Iэ еIусауэ умыщIэну пщэдей къы­фхуэс­хьыжынщ», - жаIэу къытхуэкIуэхэри щыIэщ. Ди тхылъхэм я уасэр ма-щIэ дыдэми, ахэр къызы­хуэ­мы­щэхухэр щыIэщ. Абы дегъэпIейтей. КIэщIу жыпIэмэ, нобэ мылъку зиIэм щыщу тхылъ хуейр мащIэщ, тхылъ хуейм ар къызэрищэхун къы­щы­худэмыгъахуэ къохъу. Тхылъ щапIэ ди къуажэхэм зэрыдэ­мы­тыжри хуабжьу зэран мэхъу. ИтIани, тхылъыр зи псэм хэзымыхыр мащIэкъым. Шэч хэлъкъым ди литературэм нобэ зэрызиужьам, къэралпсо утыкум ишэн хуей тха­кIуэ, усакIуэ куэд дызэриIэм, ауэ ­   ди зэфIэкIыр нэхъ мащIэ зэры­хъуар абы зэран хуохъу. Тхыгъэ нэхъыфIхэр урысыбзэкIэ зыхуей хуэзауэ зэдзэкIын, къыдэгъэкIын ­хуейщ, абы текIуэдэну мылъкур ды­щи­мыIэкIэ - IуэхуфIыр лъэхъа ­мэхъу.
Нобэ ди IуэхущIафэхэмкIэ, тху­зэфIэкIхэмкIэ къэдгъэзэжынщ. Ди лэжьыгъэм сыт щыгъуи увыпIэш-хуэ щиубыду щытащ ди сабийхэр зэреджэ тхылъхэр къыдэгъэ­кIы­ным,  иджыри  ар ди къалэн нэ­хъыщ­хьэхэм ящыщ зыуэ къыдолъытэ. Ди лэжьакIуэхэм яхузэфIэкI халъхьэ       а тхылъхэр нэхъри егъэ­фIэ­кIуэным. Ахэр зыхуей хуэзэн щ­хьэкIэ, иджыри лэжьыгъэшхуэ егъэ­кIуэкIын хуейщ, ар зы махуэкIэ зэфIэкIын Iуэхукъым, ауэ Егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэмрэ ди тхылъ тедзапIэмрэ зэгурыIуэу абы иужь итщ. Мыбдежым мыри щыжысIэну сы­хуейт. Адыгэбзэр, балъкъэрыбзэр зымыщIэхэм, ауэ зэзыгъэщIэну ­хуейхэм щхьэкIэ дэ тхылъ щхьэ­хуэ­хэр къыдыдогъэкI, зэрыла­жьэ тетрадхэри я гъусэу. Ди гуапэ зэ­ры­хъущи, урысхэми къахокI а тхылъх­эм­кIэ ди бзэхэр зыджхэр. Тхылъ тедзапIэм и ехъулIэныгъэхэм ­ящы­щу къызолъытэ 1957 гъэ ­лъан­дэрэ къыдэмыкIауэ къыдэ­д­гъэ­кIыжа адыгэ-урыс, урыс-адыгэ псалъалъэхэр. Абыхэм хэлэ­жьы­хьыжащ щIэныгъэлI гуп. Апхуэдэу иджыблагъэ ди деж къыщыдэкIащ «Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ» псалъалъэ гъуэзэджэр, ар ­зэхилъхьащ щIэныгъэлI БищIо ­Борис. Дунейм къытехьащ балъ­къэ­рыбзэр зыджхэм щхьэкIэ балъ­­къэр-урыс, урыс-балъкъэр псалъалъэхэри. А псалъалъэхэм мыхьэ­нэшхуэ яIэщ ди бзэхэр джынымкIэ, абыхэм зегъэужьынымкIэ.
Дэ урысыбзэкIэ къыдыдогъэкI серие зыбжанэ, тхыдэм епхауэ, щIэ­ныгъэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъ­хьэныгъэшхуэ хуэзыщIа ди цIыху щэджащэхэм ятеухуауэ. А тхылъ­хэм щIэупщIэшхуэ яIэщ. ЕджапIэхэм щхьэкIэ къыдэкI «Школ ­библиотекэ» серием хохьэ ди уса­кIуэ пажэхэм я тхыгъэ нэхъыфIхэр, егъэ­джакIуэхэм, еджакIуэхэм нэхъыбэу къагъэсэбэпын хуей хъухэр.
Художественнэ тхыгъэхэр къы­дэгъэкIыным мыпхуэдэ бгъэ­дыхьэкIэ худиIэщ. Япэрауэ, ди тха­кIуэ, усакIуэ нэхъыжьхэм, ди литературэхэр зэфIэзыгъэувахэм, я тхылъхэр щIэх-щIэхыурэ къыдэгъэкIыжын хуейщ. ЕтIуанэрауэ, но­бэ къытхуахь тхыгъэщIэхэм я нэхъыфIхэр дунейм къытегъэхьэн ­хуейщ. Ещанэрауэ, ди литературэхэр япэкIэ зыгъэкIуэтэн щIэблэ къэгъэтэджыным ди зэфIэкI хэтлъхьэн хуейщ. А псоми епIэ­щIэкIыпхъэщ, а тхылъхэр игъуэу къыдэкIыным мыхьэнэуэ иIэр къэплъытэу щытмэ. Япэ зи гугъу тщIа­хэм щхьэкIэ дэ къетхьэжьащ «Адыгэ литературэм и лъагапIэ­хэр», «Балъкъэр литературэм и лъа­гапIэхэр» сериехэр. Апхуэдэ ­ япэ тхылъыр, Шортэн Аскэрбий и романхэр щызэхуэхьэсар, иджы­благъэ дунейм къытехьащ. А Iуэхугъуэр адэкIи дгъэкIуэтэну ди мурадщ. Тхэн щIэзыдзахэм щхьэкIэ къызэIутхащ «КъудамэщIэ» сериер, апхуэдэ тхылъ хъарзынэ зыб­жани дунейм къытехьакIэщ, куэ­дым ягу зэрырихьами дыщыгъуа­зэщ.
Ди сабийхэм хуатха усэхэр, рассказхэр щIэх-щIэхыурэ дунейм къытыдогъэхьэ, сурэткIэ гъэ­щIэ­рэ­щIауэ. А тхылъ цIыкIухэм щIэупщIэ зэраIэм егъэлеяуэ дыщогуфIыкI. Ди сабийхэм анэдэлъхубзэр ящIэу къэгъэтэджыныр ди къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зыуэ ­къыдолъытэж. ЩIэх-щIэхыурэ къы­дыдогъэкIыж адыгэ, балъкъэр тау­рыхъхэр. Дызэрыт гъэм адыгэбзэкIи, балъкъэрыбзэкIи дунейм къы­техьэнущ псалъэжьхэр, къуа­жэхьхэр, нэщэнэхэр, псынщIэ­рып­салъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр. Ахэр еджакIуэхэми къагъэсэбэпын хуэдэу зэхэлъхьащ.
ИтIанэ. Сэ куэдрэ жызоIэ адыгэ, балъкъэр литературэхэр ди къэралым ис адрей лъэпкъхэм я лите­ратурэхэм куэдкIэ ефIэкIыу нобэ зэ­рыщытыр. Ар псалъэ къудейкъым, литературэхэм зэрызау­жьым дызэрыкIэлъыплъым къи­гъэ­щIа гупсысэщ. А Iуэхугъуэм дэ нэхъыбэж ди пщэм къыделъхьэ ­дунейм къытехьэ тхыгъэфIхэр и ­зэманым къыдэгъэкIынымкIэ, ахэр хъума хъунымкIэ. А Iуэхугъуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ ди бзэр къызэтена хъунымкIэ, зиужьынымкIэ. КIэщIу жыпIэмэ, лэжьыгъэ ди куэдщ. Къэралым тIэкIу зыкъыт­щIигъэкъуэжмэ, ди Iуэхур мыIейуэ екIуэкIыну догугъэ. Псори щIэт­щIэжыр тхылъеджэхэращи, абыхэм ягу зэрыдгъэзэгъэным и ужь дитынщ.

 

АЦКЪАН Руслан, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI, КъБР-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ усакIуэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ