Сигу ихуркъым

«Эльбрус тхылъ тедзапIэм и унафэщIу илъэс 12-кIэ, 1977 - 1989 гъэхэм, лэжьа тхакIуэ, ди нэхъыжьыфI Къэр­­мо­къуэ Хьэмид зыхуэдгъэзащ а IуэхущIапIэм щы­щыIа илъэсхэм я гугъу къытхуищIыну.

- Къэрал тхылъ тедзапIэм и унафэщIу ущытыным фIагъыу, псэ тыншыгъуэу хэлъамрэ гугъуехьу пыщIахэмрэ я гугъу уэзгъэщIынут, Хьэмид.
- А зэманыр икIи гухэхъуэт, тхылъ куэду къызэры­дэ­кIым тепщIыхьмэ, икIи гугъусыгъут, Iуэхугъуэ зыбжанэм дыкъызэралъахъэр къэплъытэмэ.
Художественнэ тхыгъэхэр, школхэм зэрыщрагъаджэ учебникхэр, сабий тхылъхэр, къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр, нэгъуэщIхэри уэру къыдэдгъэкIырт. Илъэсым къриу­быдэу тхылъи 150-м щIигъу дуней къытедгъэхьэрт. Абы, шэч хэмылъу, ди лъэр игъэжант, арщхьэкIэ, зэманыр апхуэдэти, дызыхуэныкъуэр Iэджэт. Дэ Москва и «Рос г­лавиздат»-м и унафэм дыщIэтти, ди планым деж щегъэжьауэ ди лэжьыгъэм хухах мылъкум деж щыщIэкIыжу зыубзыхур арат. Мазищым, илъэсым къриубыдэу къыдэдгъэкIыну дызыхуей тхылъхэр къыхэтхыкIауэ абы едгъэхьырти, унафэ тращIыхьырт. Планым къигъэув лист бжыгъэр къыдэмыкIамэ, ахъшэ къуамытыххэнри зы­хуэIуа щыIэтэкъым. ТхылъымпIэри гъуэтыгъуейт абы щыгъуэ, и зэманым къытхуамышамэ, гъунэгъу хэгъэгу­хэм щIыхуэу къыщыщытщтэ къэхъурт, уеблэмэ.
Иджыри зы сигу къокIыж. Илъэсым къриубыдэу тхуэгъэхьэзырынур дубзыхуауэ, абы хуэфэщэн мылъкури ­ху­хахакIэу тхакIуэхэм, усакIуэхэм къахэкIырт я Iэдакъэ­щIэкI­хэр планым зэрыхэмыхуамкIэ мыарэзыуэ нэхъыщ­хьэхэм я деж щытхьэусыхэхэр. Унафэ ящIырт апхуэдэхэм я лэжьыгъэхэр Iэмал имыIэу къахудэдгъэкIыну, ре­золюцэ традзэжырти нытхуагъэкIуэжырт. Сыт хуэдэут а щы­ты­кIэм укъызэрикIынур?
ИкъукIэ лэжьыгъэ гугъут, пэжыр жыпIэмэ. ЩIэгугъур пщIэн хуейуэ уи пщэ къыдэхуэратэкъым, абы дыпэлъэ­щынут, атIэ, зэрыжысIащи, щытыкIэ къызэрымыкIуэ­хэм укъызэрикIын Iэмалхэр къэплъыхъуэ зэпыту улэ­жьэн зэрыхуейрт. Зэману хъуар сIихырти, сэ сысей зыгуэр стхыну Iэмал къызитыххэртэкъым. Абы сыкъыIукIыжа иужь, илъэсым къриубыдэу тхылъиплI къыдэзгъэкIат, тIур сысейуэ, тIур зэздзэкIауэ.
- Узыдэлэжьахэм ящыщу хэт сымэ уигу къина, Хьэмид?
- ЦIыхуфI, IэщIагъэлI Iэзэ куэдым садэлэжьащ. Абыхэм ящыщу КIуантIэ Iэзид, Балъкъэр Къылышбий, Къэжэр Пётр, Опрышкэ Олег, Ацкъан Руслан, Жаным Борис сымэ я Iуэху зехьэкIэмрэ я цIыхугъэмрэ зэи сщыгъупщэну­къым. Тхылъ къыдэгъэкIыным, лъэпкъ Iуэхум абыхэм ­хэ­лъ­­хьэныгъэшхуэ хуащIауэ икIи хуащIу къызолъытэ.
- УнафэщIу ущытыху, фхузэфIэкIам щыщу узэрыгушхуэхэмрэ уи Iэ къызыпемыкIуэкIахэмрэ къытхутепсэлъыхьыт.
- Псори зэдгъэхъулIэфащ жыпIэныр, шэч хэмылъу, щхьэгъэпцIэжщ, Iэджи къэнащ дигу илъауэ зэдмыгъэ­хъулIэфауэ. Илъэсхэр куэду къыпщыхъуми, къалэнхэр нэхъыбэжщи, псоми зэхуэдэу упэлъэщыркъым. Сызэрыгушхуэхэм ящыщщ дунейм къытедгъэхьа тхылъ псори, зыми хуэмыдэжу КIыщокъуэ Алим и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса тхылъиплIыр, Теунэ Хьэчим и томитIыр, Кулиев Къайсын, ЩоджэнцIыкIу Алий, Шинкубэ Бэгърат, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, КIэрашэ Тембот, Шортэн Аскэрбий сымэ я тхыгъэ къыхэхахэр, нэгъуэщIхэри.
- Хьэмид, IуэхущIапIэмрэ абы и лэжьакIуэхэмрэ сыт хуэдэ псалъэхэмкIэ захуэбгъэзэнт?
- ЕхъулIэныгъэ, гуфIэгъуэ, дэрэжэгъуэ… Сыт зэмани цIыхум и гъуэгум тетыр мылъкуращи, абы щымыщIэн IуэхущIапIэ ухъу. ИщхьэкIэ зэрыщыжысIауэ, нэхъапэм гугъуехьу диIащ тхылъымпIэр зэрыгъуэтыгъуейр, иджыпсту тхыгъэхэращ нэхъ мащIэу си гугъэри, ахэри хъушэу ирахьэлIэну си гуапэщ.


Тхылъ тедзапIэм и лэжьакIуэхэр.
Сурэтыр Толгуров Камал трихащ.

Епсэлъар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ