Псы уэрым пэлъэщакъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым щыпэ­щIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм и къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым бадзэуэгъуэм и 16-м сыхьэт 20-м хъыбар къыIэрыхьащ Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм щыщ цIыхубзыр зэрыкIуэдамкIэ.

ЩIыпIэм занщIэу кIуащ ПСО-м и плъыр гуп, Мэсей Алим зи пашэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, цIыхубзыр (1947 гъэм къалъхуар) бадзэуэгъуэм и 16-м сыхьэт 19-хэм гу цIыкIу IэрыгъажэкIэ кIэрыху-бжьэрыхур дишри, Бахъсэн псы Iуфэм кIуащ. Ар щыщхьэпридзым, езыр лъэпэрапэри, псы уэрым хэхуащ икIи псынщIэу ирихьэхыу щIидзащ. Бзылъхугъэм и кIий макъыр зэхихащ и гъунэгъухэм я зым, а зэманым а щIыпIэм метр 200-кIэ пэIэщIэу щытам, занщIэуи унагъуэм хъыбар яригъэщIащ.
ЩIыпIэм нэса къегъэлакIуэхэм Зеикъуэ къуажэм хиубыдэ псы Iуфэр щIащыкIащ, ауэ лэжьыгъэр къагъэувыIэн хуей хъуащ жэщ къатехъуэри.
Бдзэуэгъуэм и 17-м сыхьэти 5-рэ дакъикъи 10-м къегъэлакIуэхэм пащащ цIыхубзыр къалъыхъуэным. Сыхьэтийм и ныкъуэм ХьэтIохъущыкъуей къуажэм хуэзэу Бахъсэн псым къыщагъуэтыжащ бзылъхугъэм и хьэдэр.
Къыхэгъэщыпхъэщ цIыхубзыр къэлъыхъуэным жыджэру зэрыхэтар Зеикъуэ, ХьэтIохъущыкъуей къуажэхэм щыпсэухэр, апхуэдэуи участковэ оперуполномоченнэ, полицэм и лейтенант нэхъыщIэ Доткъул Артуррэ Зеикъуэ къуажэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Быхъурэ Азэмэтрэ.
 Къэлъыхъуэныгъэ-къегъэлакIуэ лэжьыгъэм хэтащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым щы­пэщIэт-къегъэлакIуэ къулыкъу» ГКУ-м и лэжьакIуэу хырэ зы техникэрэ.
 МафIэсгъэункIыфIхэм е къегъэлакIуэхэм фыхуейуэ гузэвэгъуэ фыхэхуамэ, фыпсалъэ «01»(стационар телефонымкIэ), «101» е «112» (жып телефонкIэ) номерхэм.
 

Сэбан Арсен, Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым щыпэщIэт-къегъэлакIуэ и IэнатIэм и пресс-IэхущIапIэ.
Поделиться:

Читать также: