Дунейм щыхъыбархэр

Унагъуэ куэд зыщыгуфIыкIыну закон

УФ-м и Къэрал Думэм къыщащтащ урысей унагъуэ куэд зыщыгуфIыкIыну закон. ЦIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм хуэдитI дэтхэнэми лъысу къызыхэмыхъуэ унагъуэхэм я япэ, етIуанэ сабийхэр илъэсищ ирикъухукIэ ахъшэ етынырщ ар зытеухуар.

«Законым лэжьэн щIидзэнущ дызыхуэкIуэ илъэсым и щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ икIи абы хуэдэ зырэ ныкъуэкIэ нэхъыбэ ищIынущ къэрал гулъытэ зылъыс унагъуэхэр», - къыхигъэщащ Къэрал Думэм и УнафэщI Володин Вячеслав.
 Иджыри къэси къэралыр ядэIэпыкъуащ апхуэдэ унагъуэхэм, ауэ сабийм ахъшэр зэрыратыр абы и ныбжьыр илъэсрэ ныкъуэрэ ирикъухукIэщ, хуагъэфащэри мащIэ дыдэщ. КъимыдэкIэ, къэрал дэIэпыкъуныгъэ зыгъуэтхэр зи хэхъуэр цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеинум хуэдэу зырэ ныкъуэрэ зы нэрыбгэм тещIыхьауэ къызыхэмыхъуэ унагъуэхэрт. Иджырей законым ипкъ иткIэ, апхуэдэ мылъку иджы нэхъыбэм яIэрыхьэнущ, сабийм иратыну ахъшэри тумэнитхукъым зэрыхъунур, атIэ куэдкIэ нэхъыбэнущ.
 «Сабий» ахъшэр зрату къэралым иджыпсту исыр щIэблэ къызэрыхъуэ унагъуэхэм я процент 45,7-рщ. ИлъэсыщIэм къыщыщIэдзауэ апхуэдэхэм я бжыгъэр процент 68-м нэблэгъэнущ, «хуэмыщIауэ псэухэм» хабжэхэм зэрызрагъэхъуэжым ипкъ иткIэ. ЗаконыщIэм щыубзыхуахэр икъукIэ щIэгъэкъуэнышхуэ яхуэхъунущ адэ-анэхэм», - жиIащ УФ-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министрым и къуэдзэ Петровэ Светланэ Къэрал Думэм а Iуэхум теухуауэ къыщыщыпсалъэм.
«Сабийм и ныбжьыр илъэсищ ирикъухукIэ абы ахъшэ етыным куэд щIауэ дытопсэлъыхь, а Iуэхум хэкIыпIэ къыхудолъыхъуэ. Мис иджы, къэралым и Президентым къигъэува къалэнхэм япкъ иткIэ, ар къэдгъуэтащ - унагъуэ куэдым я «гум къишхыдыкI» закон къэтщтащ. Къэралым и цIыху бжыгъэм илъэситху хъуауэ хэщIурэ зэрекIуэкIым дегъэгузавэ. А щытыкIэм дыкъикIынымкIэ, сабий нэхъыбэ къащIэхъуэным унагъуэхэр тегъэгушхуэнымкIэ IэмалыфIу къэплъытэ хъунущ а лъэбакъуэр», - жиIащ Къэрал Думэм Унагъуэм, цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Плетнёвэ Тамарэ.

Кхъуей къыщыщIагъэкIыну заводыщIэхэр яухуэ

Москва областым хыхьэ Дмитров къалэ округым яужь щихьащ кхъуей къыщыщIагъэкIыну заводхэм ящыщу плIым я ухуэныгъэм. Ахэр хохьэ «Кхъуей щащI ауз» агропаркым. Къэралыр ерыскъыпхъэкIэ къызэгъэпэщыным хуэунэтIа программэхэм ящыщ зым ипкъ иткIэ зыщIадза ухуэныгъэхэр илъэсрэ ныкъуэ - илъэситIым яухыну я гугъэщ.

Заводхэм щылэжьэну хуейуэ зезыгъэтхахэм ящыщщ кхъуей щIынымкIэ цIэрыIуэ хъуа IуэхущIапIэ нэхъ лъэрызехьэхэу «Экофарминг», «Сыровар», «Куршавальская сыроварня» ООО-хэр, Savencia Fromage & Dairy Russie жыхуаIэхэр. Я лъэщагъ псомкIи лажьэу зэтраухуэмэ, абыхэм цIыху 600-м IэнатIэ щагъуэтынущ. Кластерыр къызэгъэпэщыным инвестицэу сом меларди 2 - 2,5-рэ къыхрагъэлъхьэну я мурадщ. Япэ продукцэр 2020 гъэм къыщIагъэкIыфын хуэдэу Iуэхур зэтраублэну шогугъ.
Мы зэманым заводхэм я лъабжьэхэр ягъэтIылъащ, абыхэм псы ешэлIэным, къагъэсэбэпа псыр зэрыIуашыну бжьамийхэр дэлъхьэным, заводхэм лэжьэн щIадзэмэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр ямыуцIэпIыным пыщIа Iуэхухэр зэтраухуэ, екIуалIэ гъуэгухэр ящI. А лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIащ Москва областым и мылъкукIэ.

Нобэ

Урысейм щагъэлъапIэ парашютистым и махуэр
Эсперантэ бзэм и дунейпсо махуэщ. 1887 гъэм Варшавэ (Польшэ) урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ эсперантэ бзэр зэрырагъэджыну япэ учебникыр.
1770 гъэм, Урыс-Тырку зауэм и зэманым, генерал Репнин Николай зи пашэ дзэм Измаил быдапIэр къащтащ.
1788 гъэм США-м и 11-нэ штат хъуащ Нью-Йорк.
1805 гъэм Везувий вулканыр къибыргъукIри, Неаполь къалэм и зэхуэдитIым нэхърэ нэхъыбэр зэтрикъутащ. А гузэвэгъуэм цIыху мин 26-м нэблагъэ хэкIуэдауэ щытащ.
1946 гъэм Москва къыщызэIуахащ СССР-м ФинансхэмкIэ и министерствэм и Гознак управленэм и типографиер. Иджыпсту ар УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм и Гознакым и типографиерщ, урысей ахъшэхэр щытрадзэрщ.
1953 гъэм Кубэм цIыхухэр къыщызэрыIэтащ, Батистэ Фульхенсио къэралым щызэрихьэ залымыгъэхэр ямыдэу. Лъэпкъ зэщIэхъееныгъэм и пашэр уэчыл щIалэ Кастрэ Фидельт. ТекIуэныгъэр къахьа иужькIэ ар Кубэм и унафэщIу щытащ илъэс 30-м щIигъукIэ.
1957 гъэм СССР-м дунейм щыяпэу гъуэгуанэшхуэ зэпызычыф баллистическэ ракетэр иутIыпщащ.
1963 гъэм Горький дэт автозаводым щызэпкъралъхьащ хьэлъэзешэ автомобиль лIэужьыгъуэщIэр - «ГАЗ-53»-р.
1963 гъэм Югославием и къалэ Скопье щIыр щыхъейри, ухуэныгъэ куэд зэтрикъутащ, цIыху миным щIигъуи хэкIуэдащ.
1993 гъэм Урысейм пщIэ щамыIэж хъуащ СССР-м къыщыдагъэкIа ахъшэхэм. 1961 - 1992 гъэхэм зекIуа совет ахъшэхэм я пIэ къиуващ урысей сомыр.
1856 гъэм къалъхуащ инджылыз тхакIуэ, драматург, Нобель и саугъэтыр зрата Шоу Бернард.
1936 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, тхыдэдж-архивист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Опрышкэ Олег.
1941 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, РАЕН-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик Къумахуэ Мурадин.
1943 гъэм къалъхуащ Тыркум щыщ актёр, сценарист, тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Онер Четин (ГъуэгулI).
1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бицу Анатолэ.
1954 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, КъШР-м и Правительствэм и УнафэщIу щыта Къардэн Алик.
1962 гъэм къалъхуащ урысей къэрал къулыкъущIэ, политик, УФ-м и Президентым и Администрацэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Кириенкэ Сергей.
1964 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актрисэ цIэрыIуэ, «Оскар», «Дыщэ глобус» саугъэтхэр зыхуагъэфэща Буллок Сандрэ.
1970 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Iэщын Руслан.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 23 - 25-рэ, жэщым градус 17 - 19 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Жьым къихьыр псым ехьыж.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ