«Гъэмахуэ узыншэм» пащэ

«Зыгъэпсэхугъуэр Жылагъуэ советым щIы­гъуу» Iуэхум ипкъ иткIэ, зэIущIэ щхьэпэхэр щрагъэкIуэкI узыншагъэр щрагъэфIакIуэ сабий лагерхэм.

Апхуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэр МВД-м ныбжьыщIэхэм я IуэхухэмкIэ и инспектор, полицэм и капитан Чэрим Дахэнагъуэ, КъБР-м и МВД-м и Жылагъуэ советым и лэжьакIуэ ШкIэжь Ирэнэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ, СпортымкIэ и министерствэхэм я лIыкIуэхэр щыIащ Зеикъуэ къуажэм дэт «ХьэтIохъущыкъуей» сабий лагерым.
КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ икIи документальнэ фильм ирагъэплъащ наркотик лIэужьыгъуэхэмрэ цIыхум и акъылыр зэIызыгъэхьэ щхъухьхэмрэ зэрызэраным, ахэр зезыхьэхэр жэуапым зэрырашалIэм теухуауэ. НыбжьыщIэхэр спортымрэ узыншагъэмрэ драгъэхьэхын папщIэ IуэхущIапIэм щрагъэкIуэкIащ джэгу зэпеуэ.

 

 

 

 

 

КъБР-м и МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ
Поделиться: