ЩэнхабзэмкIэ унэщIэ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэ» къэрал программэм ипкъ иткIэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дащIыхь цIыху 300-м ятещIыхьа щэнхабзэ унэщIэ.

Метр зэбгъузэнатIэ 500 хуэдиз хъу а IуэхущIапIэм хэтынущ пэIущIэ пэш екIу, концерт гъэлъэгъуапIэ, артистхэм, администрацэм папщIэ пэшхэр. Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, зыгъэпсэхупIэм Iэмал псори къыщызэрагъэпэщащ зи лъэм щIагъуэу зэримыхьэ цIыхухэри къекIуэлIэфын папщIэ.
 УнэщIэм и бетон лъабжьэр ягъэжауэ, иджы блынхэр зэтралъхьэ. IуэхущIапIэр хьэзыр ящIыну я мурадщ дызэрыт илъэсым и щэкIуэгъуэ мазэм къриубыдэу.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: